ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Бэчыжь Лейлэ – Кавказым ипхъу гъэфIэн

2019-09-28

  • Биологие щIэныгъэхэм я доктор, РАН-м и академик, Урысей Федерацэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щоджэн Iэсхьэд и IэдакъэщIэкIыу, Мейкъуапэ дэт «Полиграф-Юг» тхылъ тедзапIэм Бэчыжь Лейлэ илъэс 90 зэрырикъум ирихьэлIэу тхылъыщIэ къыщыдэкIащ.

  • «БЭЧЫЖЬ Лейлэ «лъэхъэнэм и цIыху» зыхужаIэхэм хуэдэщ. Абы и зэманыгъуэр совет литературэм и зыузэщIыгъуэм ирихьэлIащ. И пхыплъыкIэкIэ, псалъэм къару щIилъхьэфымкIэ, къэхъун-къэщIэным гукъэкI зэрыхуиIэмкIэ дунейм теткъым ар пхузэгъэщхьын нарт эпосым къыхэлыдыкI Сэтэней-гуащэм фIэкIа», — етх Щоджэным. Бзылъхугъэ щIэныгъэрылажьэм и гъащIэ гъуэгум ириплъэжурэ, абы Лейлэ теухуауэ езым нэхъ игу къинэжа напэкIуэцIхэр сэтей къещI. ЩIэныгъэлIыр плъыфэхэм щысхьыркъым, шыпхъуу илъытэ бзылъхугъэр игъэлъэпIэн папщIэ: «Лъэныкъуэ куэдкIэ зызыузэщIа Бэчыжьым и Iэзагъым лъабжьэ хуэхъур лэжьыгъэм щымышынэу зэрыщытырщ. Абы хэ-тыжщ къикIуэт зымыщIэ и хьэл зэтеухуари, езыр акъылэгъу зыдэмыхъу гупсысэм щыхьэт техъуэнкIэ Iэмал зэримыIэри».
  • Бэчыжь Лейлэ теухуа усэхэр, Кавказми Урысейми литературэм пщIэ щызиIэ цIыхухэм абы хужаIахэр, бзылъхугъэ гуащIафIэм и гъащIэ гъуэгум щыщ напэкIуэцI гъэщIэгъуэнхэр къэзылъыхъуэм Щоджэн Iэсхьэд и тхылъыр къыхуэсэбэпынущ.
  • ЧЭРИМ Марианнэ.