ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Си еджапIэ — си къежьапIэ

2019-05-23

  • Иужьрей уэзджынэ
  • Узыншэу, школ!
  • Нобэ, накъыгъэм и 23-м, ди республикэм и курыт еджапIэ псоми иужьрей уэзджынэр къыщоуэ. Дэтхэнэ школакIуэм и дежкIи мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэр псом хуэмыдэжу псэкIэ зыхащIэ курыт школыр къэзыуххэм. Ди республикэр къапщтэмэ, 11-нэ классыр мы гъэм къаух ныбжьыщIэ 4473-м, 9-нэ классыр — 8453-м. Нобэрей иужьрей уэзджынэм и зу макъ жьгъырум ахэр IуэхущIэхэмрэ мурадыщIэхэмрэ къыхуреджэ, я сабиигъуэмрэ балигъ гъащIэмрэ я зэпылъыпIи мэхъу.

  • Сыт щыгъуи хуэдэу, ныбжьыщIэхэм я гуфIэгъуэр даIэт адэ-анэхэм, егъэджакIуэхэм, КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэхэм, къалэ, къуажэ администрацэхэм я IэщIагъэлIхэм. Школ линейкэхэм апхуэдэу кърагъэблэгъащ зауэмрэ лэжьыгъэмрэ я ветеранхэр, жылагъуэм пщIэ щызиIэ нэхъыжьыфIхэр. Ахэр псори щызэхуос ягъэщIэрэщIа, макъамэ дахэхэр къыщыIу школ пщIантIэ хуитхэм. 11-нэ классыр къэзыуххэм нобэрей махуэр гукъинэж ящыхъун папщIэ, школакIуэ нэхъыщIэхэми ялъэкI къагъэнакъым. Абыхэм школ щIыхьэпIэхэр, гуфIэгъуэ зэIущIэр щекIуэкI утыкухэр удз гъэгъахэмрэ шар зэмыфэгъу гъэпщахэмкIэ ягъэдэхащ, гуфIэгъуэр нэхъыбэу зытеухуахэм папщIэ концерт цIыкIухэр, теплъэгъуэ кIэщIхэр ягъэхьэзыращ.
  • А псори я гуапэ хъуарэ фIыщIи ящIу утыкухэм къохьэ школыр къэзыуххэр, я класс унафэщIхэр я пашэу. Ахэр адрейхэм къахощ я зыхуэпэкIэкIи, я плIэм зэпрыууэ едзэкIа дарий лентI щхъуэкIэплъыкIэхэмкIи, я нэгум къищ нэжэгужагъэмкIи. А ныбжьыщIэхэрщ гуфIэгъуэм зыкърезыгъэхьэлIа псоми — егъэджакIуэхэми, адэ-анэхэми, школакIуэ цIыкIухэми, хьэщIэ лъапIэхэми — нобэкIэ я плъапIэр. Махуэл дэкIмэ, ахэр хъунущ ди республикэм, къэралым и нэгъуэщI щIыпIэхэм щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студент, ауэ мы зэманыр абыхэм я дежкIэ хуабжьу ткIийщ: школыр къэзыуххэм къэрал экзаменхэр щат лъэхъэнэр къэсащ. НыбжьыщIэхэр хущIокъу ахэр ехъулIэныгъэкIэ ятыну, хуопабгъэ я хъуэпсапIэхэм лъэIэсыну, гугъапIэщIэхэр зрагъэхъулIэну. Шэч къытетхьэркъым къапэщылъ къэрал экзаменхэм ныбжьыщIэхэр зэрыпэлъэщынум. Дэтхэнэми наIуэ къищIынущ илъэс 11 е 9 зи кIыхьагъ школ гъуэгуанэр сыт хуэдэу къикIуами, а зэманыр дауэ къигъэсэбэпами.
  • Ахэр иужькIэщ. Нобэ, Иужьрей уэзджынэм и махуэшхуэм, ар зэхьэлIа псоми я гум щызщ гуфIэгъуэмрэ дэрэжэгъуэмрэ. Абыхэм папщIэ мэIу хъуэхъу дахэхэр. ГъащIэ гъуэгуанэм щыщ Iыхьэ узыншэу, курыт щIэныгъэ зрагъэгъуэтауэ я бынхэм къызэракIуам и щIыхькIэ адэ-анэхэм гуфIэгъуэм щыпащэнущ унагъуэхэм. Балигъ дунейм хэбакъуэ, къэкIуэнур зей, ар зыухуэну ныбжьыщIэхэм дохъуэхъу Иужьрей уэзджынэр угъурлы яхуэхъуну, жылагъуэм я увыпIэ щагъуэту, гупсысэ Iущхэр зи лъабжьэ Iуэху екIу куэд зэфIахыну, насып мыкIуэщIрэ ехъулIэныгъэкIэ гъэнщIа гъащIэ ирахьэкIыну. Дохъуэхъу илъэсыр узыншэу къезыхьэлIа егъэджакIуэхэми, бын гуфIэгъуэм зи псэр дэнэху адэ-анэхэми, къащIэхъуэ щIэблэм я ехъулIэныгъэхэм дэрэжэгъуэ къезыт нэхъыжьыфIхэми. КъэкIуэну дахэ зиIэн лъэпкъ узыншэ Тхьэм дищI.
  • ЖЫЛАСЭ Маритэ,
  • «Адыгэ псалъэ» газетым егъэджэныгъэмрэ
  • щIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI.
  • Ди псэлъэгъухэр
  • Къарэжь Тамарэ: Дэ Тхьэр фIыгъуэ куэдкIэ къытхуэупсащ
  • Анэдэлъхубзэм, лъэпкъ хабзэмрэ нэмысымрэ ятеухуауэ ди республикэм щекIуэкI зэхыхьэ дахэхэм я утыку щIэх-щIэхыурэ къохьэ Налшык къалэ дэт сабий гъэсапIэ №40-м екIуалIэ цIыкIухэр. Куэдым ягъэщIагъуэ къалэдэс сабийхэм яIурылъ адыгэбзэм и шэрыуагъыр, апхуэдэуи ди хабзэм, лъэпкъ джэгукIэхэм ятеухуа щIэныгъэрэ зэфIэкIрэ зэрабгъэдэлъыр. «Сабийхэм апхуэдэ лъэпкъ гъэсэныгъэ яхэзылъхьэр хэт?» — жыпIэрэ ущIэупщIэмэ, ар Къарэжь Тамарэщ, фIыуэ илъагъу IэнатIэм илъэс 50-м щIигъуауэ хьэлэлу пэрыт, «Си бзэ — си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэм мызэ-мытIэу щытекIуа, абы и къэпщытакIуэ гупым куэдрэ хэта лэжьакIуэ емызэшщ.
  • Къарэжьыр Тэрч щIыналъэм хыхьэ Къаншыуей къуажэм къыщалъхуащ. ХъыджэбзиплIымрэ щIалищымрэ я адэ Къэралбий жылэм дэт курыт школым и унафэщIу лэжьащ, я анэ Думэзир егъэджакIуэт. Къарэжьхэ я унагъуэшхуэр лъэпкъ гъэсэныгъэмрэ щIэныгъэм и нэхумрэ пщIэ щыхуащIырти, а фIыгъуэхэм хуэпабгъэу, ахэр я гъащIэ джэлэсу къэхъуащ я бынхэр. Абыхэм къахэкIащ IуэхущIапIэ иным и унафэщIи, егъэджакIуэ Iэзи, технолог цIэрыIуи. Адэ-анэ щыпкъэм ирагъэлъэгъуа щапхъэращ Тамарэ и дуней тетыкIэ дахэми и лъабжьэр.
  • Мы махуэхэм Тамарэ и ныбжьыр илъэс бжыгъэ екIу ирокъу. Къыщалъхуа махуэм и пэ къихуэу зыхуэдгъэзащ гъэсакIуэ, егъэджакIуэ пашэм икIи и гъащIэ гъуэгуанэм, и Iуэху зехьэкIэм тедгъэпсэлъыхьащ.
  •  
  • — Тамарэ, псом япэрауэ, си гуапэу сынохъуэхъу укъыщалъхуа махуэмкIэ. Къалащхьэми ди республикэми гъэсакIуэ куэд ису къыщIэкIынкъым уэ уи цIэр фIыкIэ зэхэзымыха, щапхъэ узыхуэмыхъуа. ДяпэкIи узыншэу Тхьэм уигъэлажьэ. Сэ сызэрыщыгъуазэмкIэ, егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм ущыпэрыхьа IуэхущIапIэм, Налшык дэт 52-нэ сабий садым, и ухуэныгъэм уэри ухэтащ. ФIыуэ плъагъу уи IэщIагъэм хэпча япэ лъэбакъуэхэр сыт хуэдэу уигу къина?
  • — Пэжу, гъэсакIуэ, егъэджакIуэ IэщIагъэхэм сызэрысабийрэ си гур хузэIухауэ, сыщIэхъуэпсу сыкъэхъуащ. Курыт школыр къызэрызухыуи Налшык дэт педучилищэм (иджы колледжщ) школ кIуэгъуэ ныбжьым нэмысахэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыр и къудамэм сыщIэтIысхьащ. Студент илъэсхэр купщIафIэу есхьэкIащ, щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным къыдэкIуэу, еджапIэм щекIуэкI жылагъуэ Iуэхухэми жыджэру сыхэтащ, щэнхабзэрэ гъуазджэрэ я лъэныкъуэкIэ щыIэ гупжьейхэм сфIэфIу сыкIуащ.
  • Педучилищэр къыщыдуха 1969 гъэр, сабийхэм япэ дыдэу сащыхыхьар, сщыгъупщэркъым. IэфIыкIэ щащI фабрикэм и лэжьакIуэхэм я сабийхэм папщIэ гъэсапIэ иухуэн щIидза къудейт абы щыгъуэ. IэщIагъэ зэзыгъэгъуэтагъащIэ зэныбжьэгъу хъыджэбз 12 дыхъуу абы дагъэкIуауэ щытащ, ухуэныгъэми дыхэтыну, иужькIэ лэжьакIуэуи дыкъэнэжыну. ЖыпIэнурамэ, ди унэ дыдэм хуэдэу дегугъуу, тлъэкI къэдмыгъанэу, дыхэтащ садым и ухуэныгъэм. Апхуэдэ дыдэуи дигурэ ди псэрэ зэIухауэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэми дыпэрыхьащ. IэщIагъэм хэтча япэ лъэбакъуэхэр нэхъ быдэ хъунымкIэ куэд къытхуищIащ гъэсапIэщIэм и унафэщI Герасименкэ Варварэ. Чэнджэщ щхьэпэ куэд къыдитащ абы, гъэсэныгъэ Iуэхум дытригъэгушхуэу, ди лъэр абы жан хуищIу. Ар си лэжьыгъэм и япэ лъэбакъуэти, Тхьэр къысхуэупсащ щапхъэ зытепх хъун цIыхуфIкIэ. Апхуэдэ фIыгъуэ куэдкIэ иджыри сигъэгуфIащ сэ къытщхьэщытым.
  • Къэфэным, уэрэд жыIэным дапщэщи сыдахьэхырти, сэ сыхыхьауэ щытащ «Ашэмэз» къэфакIуэ цIыхубэ ансамблым. Абы и унафэщIыр зи зэфIэкIхэмкIэ республикэм фIыуэ къыщацIыху Шэшэн Владимирт, ди пшынауэхэр Сэхъу Хьэсэнрэ Ало Светланэрэт. «Ашэмэзыр» къызэзыгъэпэщари зи нэIэм щIэтри «Къэббалъкъавтотранс»-м и унафэщI, хэкупсэ нэс Хъурей Феликст. Абы тхуригъэда лъэпкъ фащэ екIухэр тщыгъыу дэ куэдрэ зыкъыщыдгъэлъэгъуащ ди республикэм и махуэшхуэ утыкухэм, абыхэм къеблагъэ хьэщIэ лъапIэхэм я пащхьэм. Москва дэт «Россия» къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм Автомобилистым и махуэм и саулыкъукIэ къыщызэрагъэпэща концертышхуэми дыхэтауэ щытащ. Абы дыкъыщалъагъури, драгъэблэгъат «Шире круг» телевиденэ зэпеуэми. Дунейпсо фестивалхэм я лауреат мызэ-мытIэу хъуа ди ансамблыр апхуэдэу хамэ къэрал куэдым щыIащ: Польшэ, Болгарие, Испание, Италие, Германие, Японие, нэгъуэщI щIыпIэхэми.
  • Сабий садым сызэрыщылажьэм къыдэкIуэу, илъэс 12-кIэ сыхэтащ «Ашэмэзым». Адыгэ щэнхабзэр, гъуазджэр, лъэпкъ хабзэр си пкъынэлъеуэм «хэухуэнати», абыхэм хуэзущийрт си гъэсэн цIыкIухэри. КъэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гуп цIыкIухэр къызэзгъэпэщауэ щытащ. Ноби а лэжьыгъэм пызощэ, ди лъэпкъ уардэм лIэщIыгъуэкIэрэ къигъэщIа щэнхабзэри гъуазджэри хъумэн, егъэфIэкIуэн зэрыхуейр си гум илъу.
  • IэфIыкIэ фабрикэм и гъэсапIэм илъэс зыбжанэкIэ сыщыIа нэужь, 65-нэ гъэсапIэм методисту срагъэблэгъащ икIи 90 гъэхэм я пэщIэдзэ пщIондэ абы къекIуалIэ цIыкIухэм садэлэжьащ. Абыи лэжьыгъэ хьэлэмэт куэд щызэфIэтхащ, дэтхэнэри гукъинэ тщыхъуу. Си гъэсэнхэр си гъусэу ситащ къалэпсо, республикэпсо, къэралпсо утыкушхуэхэм.
  • 1992 гъэ лъандэрэ сабий сад №40-м сыщыIэщ. Ди сабий гъэсапIэр ящыщщ анэдэлъхубзэм гулъытэ хэха щыхуащI, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр я гъуазэу щIэблэр къыщагъэтэдж къалэ IуэхущIапIэхэм. А Iуэхугъуэхэм дапщэщи хуэнабдзэгубдзаплъэу къокIуэкI ди гъэсапIэм иджыпсту и пашэ Анаевэ Дини абы ипэкIэ лэжьа унафэщIхэри.
  • — Къалэм анэдэлъхубзэр щыпхъумэныр нэхъ гугъущ, дауи. Абы теухуауэ уи гъэсэн цIыкIухэр сыт хуэдэ IэмалхэмкIэ къыдэпхьэхрэ, Тамарэ?
  • — Зи бзэр зыджым, абы и къарур фIыуэ зыхэзыщIэм, ар щытхэми щыпсалъэми зыгъэшэрыуэфым, зи гупсысэр нэгъэсауэ абыкIэ къэзыIуэтэфым и зэхэщIыкIри нэхъ куущ, белджылыщ, и гупсысэкIэри нэхъ жанщ, зэIубзщ, и дуней тетыкIэри нэхъ дахэщ, зэпэщщ, и гъащIэри нэхъ къулейщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, насыпыфIэщ и лъэпкъ хабзэмрэ анэдэлъхубзэмрэ къыщIэтаджэ щIэблэр. Абы къыхэкIыу дэ зыхуэдгъэувыж къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ ди садым къекIуалIэ цIыкIухэм адыгэбзэр фIыуэ ягъэшэрыуэу, макъхэр къабзэу къапсэлъу есауэ курыт школым хуэгъэхьэзыныр. ЦIыкIу щIыкIэ бзэр къащтэмэ, ар иужькIэ яIурылъынущ. Бзэм тхуихъумэ лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэ псори сабийхэм я ныбжьым зэрыхуэкIуэм хуэдэу ябгъэдыдолъхьэ, ар хабзэ, нэмыс, цIыху зэхущытыкIэ, джэгукIэ, гъащIэр зэрызэхэлъ нэгъуэщI лъэныкъуэ ирехъу.
  • Ди IуэхущIапIэм и унафэщIхэм Iэмал куэд къызэрагъэпэщ анэдэлъхубзэр сабийхэм егъэджынымкIэ. ЦIыкIухэм дащыдолажьэ «хьэщIэщкIэ» дызэджэ пэш щхьэхуэм. Хабзэ хъуащи, абы къызэрыщIыхьэу адыгэбзэкIэ фIэкIа псэлъэнукъым сабийхэр, ящыгъупщэжIамэ, езы цIыкIухэр зэупщIыжурэ къызэращIэжыным яужь итщ. Ар сабийхэм псынщIэу зыхалъхьэ хьэлыфIхэм ящыщщ, гуапэ дыди сщохъу.
  • ЦIыкIухэр абы къызогъэблагъэри, бзэмкIэ дерс щазот, адыгэ хабзэм щыщу абыхэм я ныбжь итхэм зыхалъхьапхъэхэр езгъэщIэным иужь ситщ. Лъэпкъым, хабзэм, IуэрыIуатэм нэхъ ехьэлIауэ садолажьэ. Усэ зрагъэщIэн, гъэхуауэ жаIэн папщIэ, псалъэ къэс и мыхьэнэр къагурызогъаIуэри, итIанэ а Iуэхур нэхъ тынш ящохъу. Апхуэдэу лъэпкъ джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ тызогъэу, таурыхъ сакъыхуоджэри, езыхэм жызогъэIэж, ди хэкум и щIыналъэхэм, абы щежэх псыхэм я цIэхэр, бгыхэр, мэзхэр картэмкIэ язогъэлъагъу.
  • Адыгэ унагъуэ къыщыхъуа щIэблэр зыщIэпIыкIын хуейуэ, ящIапхъэу къэслъытэ псори щызэхуэсхьэсащ зи гугъу сщIы хьэщIэщым. ЦIыкIухэм ящIэ Урысейми Къэбэрдей-Балъкъэрми я бэракъхэм я плъыфэхэр, ди Налшык къалэм теухуауи куэдым щыгъуазэщ. Апхуэдэу ди гъэсэнхэм яфIэхьэлэмэтщ адыгэхэм ипэкIэ яIауэ щыта псэукIэр. Абы теухуа хъыбархэр яжыдоIэ, ахэр нэрылъагъу къэзыщIу ди хьэщIэщым щIэлъ сурэтхэр, пасэрей хьэпшыпхэр ядогъэлъагъу.
  • Ди дерсхэр сытым щы-гъуи адыгэ къафэкIэ доух. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, лъэпкъ къафэмрэ макъамэмрэ Iэмал гъуэзэджэщ ди сабийр адыгэгурэ адыгэпсэрэ яIэу къэгъэтэджынымкIэ.
  • — Тамарэ, уи гъэсэнхэр уи гъусэу зэпеуэ, зыкъэгъэлъэгъуэныгъэ куэдым фыхэтащ, къалэм, республикэм я щIыхьыр фIэту. Ноби аращ. Абыхэм ящыщу гукъинэ пщыхъуа- хэм къытхутепсэлъыхьы- жыт.
  • — Уи лэжьыгъэм и хъерыр, Iуэхум хэплъхьэ къарум къыпэкIуэр щыплъагъужыр апхуэдэ зэхыхьэхэм дежщ. Зи зэфIэкIыр зылъагъуж егъэджакIуэри сабийри иужькIэ нэхъри тогушхуэ къыпэщылъ къалэнхэм, я лъэри нэхъ щIокI. Тхьэр къысхуэупсэм хуэдэу, къысIэрыхьэ сабийхэри зэчии-фIэ защIэщ, зы илъэсым нэхърэ адрейм я зэфIэкIым хагъахъуэу, я зэхэщIыкIымрэ дуней еплъыкIэмрэ хэпщIыкIыу заузэщIу макIуэ.
  • Нэхъ пасэIуэу дызыхэта зэхыхьэхэм ящыщу гукъинэ сщыхъуащ 1984 гъэм Москва щекIуэкIауэ щыта «Весёлые нотки» зэпеуэр. Абы щыгъуэ сабий сад №65-м сыщыIэт. СССР-м и къалащхьэм къикIа кIэлъыплъакIуэхэм къакIухьурэ къыхахат абы кIуэну зыхуагъэфащэхэр. КъэфакIуэ гуп хэтын хуейти, Кавказ Ищхъэрэр зэрыщыту къакIухьауэ, къэпщытакIуэхэр ди гъэсапIэм къэсащ. Абы щыгъуэ Соттаев Къанщауэрэ сэрэ дадэлажьэрт цIыкIухэм. Макъамэ къызэредгъэуэн диIэтэкъыми, радиом къит концертым зредгъэхьэлIэурэ къэфэкIэ едгъэщIауэ арат. Апхуэдэ щIыкIэкIэ зэфIэдгъэува ди лэжьыгъэм кIэлъыплъа нэужь, къэралым и щыхьэрым къикIахэм абы драгъэблэгъауэ щытащ.
  • Илъэси 4-5 зи ныбжь сабий 20-м нэблагъэ тшат зэпеуэм, я адэ-анэхэри я гъусэу. Къэралпсо зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэ лъагэ къызэрыщытхьам щыгуфIыкIар ди хэкум ис адыгэхэм я закъуэтэкъым, атIэ хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэ куэдми тхыгъэкIэ зыкъыдагъэщIат. Абыхэм къытхуатх письмохэм итт ди къэфакIуэ ныбжьыщIэхэр хуабжьу ягу зэрырихьар икIи апхуэдэ щIэблэ адэжь щIыналъэм къызэрихъуэм хуабжьу зэрыригушхуэр. Иджы ахэр балигъ хъуащ, дэтхэнэми гъащIэм увыпIэ зырыз къыщигъуэтащ. Къысщохъу я гъащIэм хэта а махуэхэр абыхэм ящыщ дэтхэнэми гукъинэж щыхъуауэ.
  • Иужьрей илъэсхэм я гугъу тщIымэ, зы гъи къанэркъым си гъэсэнхэр сщIыгъуу зы Iуэхугъуэшхуэ гуэрым сыхэмыту, ар къалэпсо зэхыхьэ е республикэ мыхьэнэ зиIэу ирехъу. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, анэдэлъхубзэр хъумэным хуэгъэпсауэ илъэс къэс екIуэкI «Си бзэ — си псэ, си дуней» фестивалым, «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ», «Акъыл жан» зэпеуэхэм, нэгъуэщIхэми я утыкухэм си сабийхэр екIуу зэритыр, бзэмкIэ, хабзэмкIэ, тхыдэмкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэр къагъэлъагъуэу.
  • КъытщIэхъуэ щIэблэм ящIэн хуейщ щалъхуа щIыпIэм къикIуа тхыдэ гъуэгуанэр. Ди республикэм, къалэм я цIыху цIэрыIуэхэр я щапхъэу, абыхэмкIэ гушхуэу къэгъэтэджыпхъэщ ди сабийхэр.
  • — Уи мурад псори къохъулIэу, жылагъуэм ущиIэ пщIэм, уи гъэсэнхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ я гулъытэм хэхъуэ зэпыту куэдрэ иджыри Тхьэм уигъэлажьэ. Бзылъхугъэм насыпу къилъытэ псомкIи Тхьэр къыпхуэупсэуну ди гуапэщ.
  • Епсэлъар Къардэн Ритэщ.
  •  
  •  
  • ЗэIущIэхэр
  • Гъуэгу махуэ, «Парадайз»!
  •  Аруан щIыналъэм хыхьэ Къэхъун къуажэм дэт курыт школ №1-м иджыблагъэ зэхуэс ин щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ Урысей географие зэгухьэныгъэм (РГО) и «Парадайз» щIалэгъуалэ клубыр еджапIэм къызэрыщызэIуахым. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ школым и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Езий Оксанэ.
  • Мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэм хэтыну IуэхущIапIэм и актовэ пэшым щызэхуэсат цIыху куэд. Абыхэм яхэтт Урысей географие зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Къуэжьокъуэ Мухьэмэд, РГО-м хэтхэу физико-математикэ щIэныгъэхэм я кандидат, ТворчествэмкIэ дунейпсо академием и член-корреспондент Бисчокъуэ Русланрэ спортымкIэ мастерым и кандидат Шыбзыхъуэ Казбекрэ, Къэхъун щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Къандэхъу Леонид, жылэм дэт курыт школхэм я унафэщIхэу ХьэхъупащIэ Iэминрэ Джатокъуэ Хьэуелэрэ, Аруан щIыналъэм щылажьэ курыт школхэм географиер щезыгъэджхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и пашэ Мэкъуауэ Ольгэ, егъэджэныгъэмкIэ щIыпIэ IэнатIэм и лIыкIуэхэр, методистхэр, РГО-м ди республикэм щиIэ «Альтаир», «ЮнЭк» клубхэм я унафэщIхэу Мокаев Тенджыз, Гузиев Хъусен сымэ, егъэджакIуэхэмрэ еджакIуэ нэхъыжьхэмрэ.
  • ЗэIущIэр къызэIуихащ курыт школым и унафэщI ХьэхъупащIэ Iэмин. Абы жиIащ РГО-м и щIалэгъуалэ клуб зи пашэ еджапIэм къызэрыщызэIуахым мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
  • Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ «Парадайз» клубым и унафэщI, школым географиер щезыгъэдж Хьэсанэ Залинэ. Абы фIыщIэ яхуищIащ IуэхугъуэщIэр къыдэзыIыгъа дэтхэнэми икIи жиIащ клубым хэтхэм зэфIахыну Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр ди щIыналъэм и щIыуэпсыр джыным, къэхутэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр егъэкIуэкIыным зэрехьэлIар.
  • Къуэжьокъуэ Мухьэмэд псалъэ щратым, и гуапэу ехъуэхъуащ гъуэгуанэщIэ теувэ клубым. Абы къыхигъэщащ Къэхъун курыт школ №1-м къыщызэIуах щIалэгъуалэ клубыр ди республикэм щылажьэ апхуэдэ IэнатIэхэм я еплIанэу зэрыщытыр.
  • — Урысей географие зэгухьэныгъэм къепха щIалэгъуалэ клубхэр къызэIухыныр къыхалъхьауэ щытащ 2016 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм. Нобэ ди къэралым хыхьэ субъект 70-м щолажьэ РГО-м и щIалэгъуалэ клуби 120-рэ. Ди щIыналъэм абыхэм лэжьэн зэрыщыщIадзэрэ илъэситI мэхъури, зэфIах лэжьыгъэхэмкIэ, зыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэмкIэ дагъэгуфIэ, — жиIащ Къуэжьокъуэм. — Нобэ япэ лъэбакъуэр фи школым щызыч «Парадайз» щIалэгъуалэ клубми зэфIэкI лъагэхэр къыкъуэкIыну дыщогугъ. Дэ дыкъапщтэмэ, сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъуи чэнджэщэгъуи дыфхуэхъуну дыхьэзырщ. Гъуэгу махуэ, «Парадайз»!
  • Апхуэдэ псалъэ дахэхэм иужькIэ, ныбжьыщIэхэм Iэгуауэшхуэм щIэту иратащ РГО-м и щIалэгъуалэ клубым зэрыхэтым щыхьэт техъуэ бгъэхэIу цIыкIухэр. Апхуэдэ пщIэр лъагъэсат «Альтаир», «ЮнЭк» щIалэгъуалэ клубхэм я унафэщIхэм.
  • ГуфIэгъуэ зэхуэсыр игъэдэхащ школым и артист ныбжьыщIэхэм къызэрагъэпэща нэгузыужь концертым. Iуэхум и кIэухыу абы кърихьэлIа псоми фэеплъ сурэт зытрагъэхащ.
  •  КЪАРДЭН Маритэ.
  •  
  •  «Шэрджэс дунейм» и гъэсэнхэр
  •  Псэм и уэрэд
  •  Дэтхэнэ зы цIыхуми иIэщ зыщыгуфIыкI, зэрыпагэ гуэр. Апхуэдэщ си дежкIэ сызыщалъхуа си Къэбэрдей-Балъкъэр дахэмрэ си анэбзэу си адыгэбзэ гуапэмрэ. Сэ къысщохъу ди щIыпIэм нэхърэ нэхъ дахэ щымыIэу. Сыт и уасэ ди бгы лъагэ хужьышхуэхэр, псы уэр лъэщхэр, мэз Iувхэр, губгъуэ щхъуэкIэплъыкIэхэр. Ди Iуащхьэмахуэ къудейм фIэкIа уимыIэми урикъунщ урипэгэну. Урыс тхакIуэ Толстой Лев зэрыжиIащи: «ЦIыхум щалъхуа щIыпIэм хуиIэ лъагъуныгъэр къыщежьэр и анэбзэм хуиIэ лъагъуныгъэрщ». Сыту пэж дыдэ а псалъэхэр!
  • Ди щIыналъэм и дахагъым ущытепсэлъыхькIэ мащIэщ псалъэ къудейр — ар усэу, уэрэду щытын хуейщ. ПсыIэрышэ цIыкIум хуэдэу Iущащэу, дыгъэ бзийм щIыгъуу дигъэхуабэу, анэм и Iэ щабэм хуэдэу къыттелъэщIыхьу диIэ ди адыгэбзэм дэрэжэгъуэ къызет ди лъахэм усэ хуэстхыну. Абыхэм ящыщщ фи пащхьэм ислъхьэхэр.
  • Си анэбзэ, си адыгэбзэ
  •  Солъагъу сэ фIыуэ си бзэр, адыгэбзэр.
  • Тхьэм къызитам нэхъ лъапIэ яхэмыт.
  • Мэбауэ ар ди бгыжьхэм я хьэуамкIэ,
  • Сигу пхъэрым щIыгъуу уэгум зыщеIэт.
  • Си япэ псалъэр зэрыжысIа си бзэм
  • ПэсщIыну зы бзэ мы дунейм темыт.
  • Бжэндэхъу макъ бзэрабзэу, дэни щоIур,
  • Ар псоми яфIэдахэу къыщIодэIу.
  • Хамэ къэрал жыжьэхэм ноIусыр,
  • Абы щыпсэу адыгэхэм я гунэсщ.
  • Си адыгэбзэу мы си гум щызгъафIэрщ
  • Анэм и япэ псалъэр зэрызэхэсхар.
  • Гущэкъу уэрэд дахэр, таурыхъхэр
  • Си анэм япэ къызэрызжиIар.
  • Бахъсэныпсыр уи бзэмкIэ Iущащэу
  • ШкIурэшкIуэжу сыт щыгъуи йожэх.
  • Жыги удзи абы къыдежьууэ,
  • Адыгэбзэ дахэр зэIэпах.
  • УзимыIэм сытIоулIэ къабзэщ,
  • УзиIэу нэгъуэщI фIыгъуэ сыхуэмей.
  • Сыпсэууэ мы дунейм сытетыхукIэ,
  • Къыптезгъэхьэнкъым, си бзэ, зэи лей.
  • Сэ сыщопсэу Кыщпэк къуажэм. Ар Iутщ Бахъсэныжь Iуфэм. Ди къуажэр зэриухыу къыщIедзэ мэз цIыкIум. Ар апхуэдизу дахэщ, апхуэдизу щхъуэкIэплъыкIэщи, къыпфIощI таурыхъым къыхэкIауэ. Псом хуэмыдэу сэ сыдехьэх ди мэзым щIэс къуалэбзу цIыкIухэм я уэрэд дахэхэм. Мы си усэри абы теу-  хуащ.
  • Мэзым и уэрэд
  •  Сыту дахэ бзу уэрэдхэр —
  • Зэрылъэлъыу, уагъэпIащIэу.
  • ЩIылъэр, уафэр ягъэгуфIэу,
  • Дыгъэ бзийуэ, къодэхащIэу.
  • Ди мэз цIыкIум щIэлъэтыкIыу
  • КъыщIоIукIыр жьгъыру макъыр.
  • Къуалэбзухэр зэрылъэлъу
  • ЩогуфIыкIыр махуэ къакIуэм.
  • Сыдехьэх сэ мэз уэрэдым,
  • Си псэм гуапэу къедэхащIэм,
  • Дуней псори къыпщегъэхъур
  • Нэхъ телъыджэу къэщIэращIэу.
  • Дэтхэнэ зы цIыхуми иIэщ езым нэхъыфIу илъагъу, нэхъ зыIэпызышэ дунейм и чэзу. Сэ псом нэхърэ нэхъыфIу слъагъур бжьыхьэрщ. Апхуэдэу си псэр ехьэху вагъуэбэ жэщым. Абыхэм яхузогъэфащэ мы сатырхэр.
  • Бжьыхьэ пасэ
  •  
  • Зегъэсысыр хуэму тхьэмпэ цIыкIум,
  • ЗыщетIагъэ бостей гъуэжьыр къекIуу,
  • ЩхъуэкIэплъыкIэу, дыгъэм хуигъэщIагъуэу,
  • Пожьэр гуапэу, бжьыхьэ пасэр къешэ.
  • Къыстолъалъэ тхьэмпэр зэщIэлыдэу
  • Сэ сыхешэ бжьыхьэм и таурыхъым.
  • Мы телъыджэм уи псэр зыIэпешэ,
  • Сэ къысщохъур бжьыхьэр зым хуэмыдэу.
  • Вагъуэбэ жэщ
  •  Жэщ…Сыту дуней дахащэ!
  • Уафэгум изщ дыжьын цIыкIу.
  • Мэлыдыр, абы йоIущащэ
  • Си псэр, дожьу уэрэд цIыкIу.
  • Зыри хуэдэнкъым мы уафэм,
  • Гъатхэр вагъуэбэ чэзущ,
  • Зыри хуэдэнкъым мы уафэм,
  • УзыIэпешэ жьгъырум.
  • Нобэ сэ дамэ стемытми,
  • Сылъэтэфынущ уафэгу,
  • Вагъуэбэ жэщу дахащэм
  • Сэ хуэзусынущ уэрэд.
  • Нобэ фи пащхьэ нислъхьа усэхэр си япэ тхыгъэхэщ. Псэм и уэрэду къэслъытэ а усэхэмкIэ къэзгъэлъэгъуэну сыхущIэкъуащ ди щIыналъэ дахэмрэ ди анэбзэ IэфIымрэ яхузиIэ лъагъуныгъэ иныр.
  • ЖЭНЭТЕЙ Дианэ,
  • Кыщпэк къуажэм дэт курыт
  • школым и 6-нэ классым щеджэ,
  • «Шэрджэс дуней» республикэ
  • зэпеуэм и адыгэбзэ къудамэм хэт.