ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Я кхъуэщыныр къутэрэ?

2019-05-23

  • Киев и закъуэу утыкум къинэнкIэ хъунущ
  • Накъыгъэ мазэр политикэ и лъэныкъуэкIэ купщIафIэщ. Япэрауэ, пIалъэ кIыхь дэкIа иужькIэ, Урысеймрэ Америкэм и Штат Зэгуэтхэмрэ я зэпыщIэныгъэхэр зэфIэувэж хуэдэщ. Путин Владимир епсэлъэну Сочэ лъэтащ США-м и къэрал секретарь Помпео Майк. Лъэныкъуэхэм къаIэтащ Сирием, КНДР-м, Афганистаным, Ливием, Ираным, Венесуэлэм егъэщIылIа Iуэхухэр. Украинэм и гугъу ящIыхха хуэдэкъым. Ауэ ар телъыджэщ. Дэ дощIэж Керчь псыдэжыпIэм гъэру щаубыда украин матросхэр Урысейм хуит къызэримыщIыжыр и фIэгъэнапIэу, США-м и президет Трамп Дональд УФ-м и Iэтащхьэм къыхуэзэн зэримыдар.

  • АрщхьэкIэ Украинэри зыщагъэгъупщауэ къыщIэкIынукъым. Иужьрей зэманым Вашингтон Киев къыхуэщIыIэ хъуащ хэпщIыкIыу. Иджы США-м и мурадыр нэхъыщхьэу зыхуэгъэзар езым и «шындэбзий» Венесуэлэр экономикэкIэ икъузынырщ — къарукIэ тегушхуэркъым: а къэралым и дзэр Латин Америкэм щынэхъ лъэщщ. Ауэ ипэрейри къехъулIэркъым, Урысейр Венесуэлэм зэрыдэIэпыкъум къыхэкIыу. АтIэ зэхъуажэ щхьэ мыхъурэ: Венесуэлэм Урысейр дэIэпыкъуркъым, США-ми Украинэм и Iуэху зэрихуэжыркъым, Iэщи къригъэшэнукъым, зауэлIи къигъэкIуэнукъым. Ауэ апхуэдэ хъуажэ хуей Урысейр?
  • Вашингтон и щIыб Киев къыщIыхуигъэзам нэгъуэщI щхьэусыгъуи иIэщ. Ар белджылы къэхъуащ Штатхэм я вице-президенту щыта Байден Джо 2020 гъэм екIуэкIыну хэхыныгъэхэм хэтыну зэримурадыр хэIущIыIу ищIа иужькIэ. Мис аращ Трамп Дональд Украинэм хуэгъэза и политикэм и тэмэмагъым хэзыгъэплъэжар. Псори зэрыщыгъуазэщи, Байден илъэс зыбжанэкIэ и IэмыщIэ илъащ Украинэр икIи ипэжыпIэкIэ ящыщщ а къэралыр зэрызэхэщэщар зи ягъэхэм. Абы и зэманым украин политик куэд Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щекIуэкI къэрал кIуэцI Iуэхухэм куууэ хыхьащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Трамп и ныкъуэкъуэгъухэм ядэIэпыкъуу. Иджы ахэр Дональд, уеблэмэ зэрыщыту США-м я бий кIэрыуфIыцI хъуащ.
  •  Нью-Йорк и Iэтащхьэу щыта, иджы Трамп и уэчыл Джулиани Рудольф идакъым Украинэм и президенту хаха Зеленский Владимир къыхуэзэн. ТегъэщIапIэ ищIари Зеленскэр «президентым и бийхэм къызэраухъуреихьырщ». Щапхъэу къихьащ 2016 гъэм Трамп зыгъэпуд хъыбархэр зэхуэхьэсынымкIэ демократхэм ядэIэпыкъуа цIыхур.
  • Зи гугъу ищIар Порошенкэ Пётр и партым и цIэкIэ Радэм хэта журналист Лещенкэ Сергейщ — иджы ар Зеленскэм и гупым яхыхьащ. Ардыдэращ 2014 гъэм ЩIыналъэхэм я партым и унафэщI Янукович Виктор и кассэ фIыцIэм къыхахыу абы и чэнджэщэгъуу щыта Манафорт Пол щэхуу доллар мелуан 12,7-рэ зэрыратар хэIущIыIу зыщIар. Бэлыхьышхуэ хуэдэтэкъым, мис а Манафорт США-м и президент хэхыныгъэхэм япэкIэ Трамп и штабым и унафэщIу щымытамэ.
  • Лещенкэ и деж а тхылъ фIыцIэр зэрынэсар къэщIэгъуейщ. АрщхьэкIэ щIиуфэртэкъым США-м щекIуэкIыну президент хэхыныгъэхэм езыр «зэрыхэлIыфIыхьыр»: «Янукович и ахъшэу Манафорт Iэрыхьам теухуа хъыбарыр СВС телеканалым къитащ. Си гугъэщ ар Манафорт и бэным хаукIа иужьрей гъущI Iунэу. Сыщогугъ Трамп и бэнри апхуэдэу хъуну», «Манафортрэ Януковичрэ мылъку зэлъэфэлIэнымкIэ зэрызэпыщIам газетхэр топсэлъыхь. Сэ сызыщытхъужыну сыхуейкъым, ауэ иджыри къэс Украинэм апхуэдэ щащIакъым. Газетхэм къызэрыхагъэщымкIэ, Трамп текIуэнкIэ зэрыхъунум дэ дрихулIащ нэхъапэм зэи дымыщIам — занщIэу тхузэфIэмыкIми, США-м щекIуэкI президент хэхыныгъэхэм зыгуэркIэ дахэIэбэну».
  • Абы жиIэхэр зэрыделагъэр белджылыщ, ауэ, США-м Iэрыхьэу щытмэ, Лещенкэ илъэс куэд лъэхъуэщым щигъэкIуэн хуей хъунущ.
  • А псом къадэкIуэу, Украинэм и прокурор нэхъыщхьэ Луценкэ Юрий Трамп и уэчылыр куууэ щыгъуазэ ищIащ Байден Джорэ къэрал секретарь Керри Джонрэ Украинэм щызэхащIыхьахэм. Абы зэрыжиIамкIэ, ахэр украин властхэм Iулъхьэ-кIэ яубыдауэ щытащ 2014 гъэм. Зи гугъу тщIыр мыгъуэр зи мыгъуа «Бурисма» газ компаниерщ, пIалъэ кIыхькIэ Байден и къуэмрэ Керри къуэ ищIам и ныбжьэгъу дыдэмрэ ахъшэшхуэ езытарщ.
  • США-м и вице-президентыр хуейт Украинэм и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ къыщыщIаш сланц газыр къанэ щымыIэу зыIэщIилъхьэну, газыр зэрыкIуэ бжьамийхэмкIи еплъэкIырт.
  • Мыбы щэхушхуэ хэлъкъым. Арыншамэ, сыт Байден зэпымыууэ Украинэм къыщIэлъэтар, абырэ Порошенкэрэ я зэIущIэхэр щIэуфауэ щIыщытар? 2017 гъэм и щIышылэм Трамп хэхыныгъэхэм щытекIуа иужькIэ, Байден епIэщIэкIыу Киев лъэтащ икIи «кIэнфет пащтыхьым» (Порошенкэ) хуигъэуващ «Бурисма»-м ехьэлIауэ зэхащIыхьахэр зэхагъэкIыу имыдэну. АрщхьэкIэ езы Порошенки и къулыкъур фIэкIуэдащ.
  • Иджыри зы хъыбар. ИлъэситIкIэ къэта иужь, Украинэм игъэзэжащ Зеленскэм дэIэпыкъуа олигарх Коломойскэр. Ар президентыщIэм и инаугурацэм хэтащ. Аращи, мелардырыбжэр аргуэру утыку къихьэж хуэдэщ. Ауэ къэдгъэлъэгъуа щхьэусыгъуэхэм я зэранкIэ езы Украинэр утыку къимынэну пIэрэ? СлIожь, зэманым къигъэлъэгъуэнщ.