КАФФЕД-м и гуащэ Шекерджи (Мамхэгъ) Илдыз
2019-04-11
- Тыркум щылажьэ Кавказ Хасэхэм я федерацэм и зимычэзу зэхыхьэшхуэр мэлыжьыхьым и 7-м екIуэкIащ. Илъэс зыбжанэкIэ КАФФЕД-м и тхьэмадэу щыта Хьэгъундокъуэ Яшар политикэм епха къэрал лэжьыгъэ зэрыпэрыхьам къыхэкIыу, жылагъуэ Iуэхур къигъэнэн хуей хъуати, абы и пIэкIэ унафэщIу хахащ бзылъхугъэ гуащIафIэ Шекерджи (Мамхэгъ) Илдыз.
- Мамхэгъ Илдыз куэд щIауэ хэтщ КАФФЕД-м и лэжьыгъэм, ар Хьэгъундокъуэм и къуэдзэу лэжьащ. Лъэпкъ Iуэхум хуэмыщхьэхыу, адыгэбзэр фIы дыдэу игъэшэрыуэу, хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэпыщIэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ япэ иригъэщу, ди къуэш, шыпхъухэр адыгэу къызэтенэным гурэ псэкIэ хуэпабгъэу апхуэдэщ. Езыр хуабжьу цIыхубз жы-джэрщ, и Iуэху зехьэкIэкIи, и гупсысэкIэкIи къэтцIыхуну дыхунэсащи, сыт хуэдэ къалэнми зэрыпэлъэщынур ди фIэщ мэхъу.
- Илдыз унагъуэщ, и щхьэгъусэ Мамхэгъ Джумхьуррэ абырэ зыпхъурэ зы къуэрэ яIэщ.
- Мамхэгъ Илдыз дохъуэхъу къыхуагъэфэща IэнатIэм хъер куэд къыпэкIуэу щылэжьэну, зыпэрыхьа IуэхумкIэ иIэ мурад псори къехъулIэну.
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэ.