ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

2019-04-11

  • Тыркум щызэхэт Кавказ жылагъуэ
  • зэгухьэныгъэхэм я федерацэм деж
  • ПщIэ зыхуэтщI ди хэкуэгъу лъапIэхэ!
  • ПщIэ зыхуэтщI Шекерджи   Илдыз!
  • Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи гуапэу сынохъуэхъу Тыркум щызэхэт Кавказ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я федерацэм и тхьэмадэу узэрыхахам папщIэ!

  • Кавказ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я федерацэр Тырку Республикэм илъэс куэд хъуауэ щолажьэ. А зэманым Хасэм хузэфIэкIар мащIэкъым, адыгэ лъэпкъым и щIыхьыр зыIэт Iуэху дахэ куэд иригъэкIуэкIащ. Уэри, Илдыз, абы уи гуащIэ ин хэплъхьащ.
  • ДяпэкIи дыпщогугъ Хасэм и гуащэ дахэу, ди зэпыщІэныгъэр нэхъ быдэ хъун папщIэ, лъэпкъ щэнхабзэр Тырку Республикэм щыхъумэным, адыгэбзэр, адыгэ хабзэр, нэмысыр щефІэкІуэным нэхъ лъэщу, тхузэфIэкI псори къэдгъэсэбэпу дызэгъусэу дытелэжьыхьыну.
  • Тхьэм жиIэ фыщыпсэу къэралым и пщIэр фIыгъыну, хэкурысхэмрэ хэхэсхэмрэ зэпыщIэным хэфлъхьэ гуащIэдэкIыр нэхъ ин хъуну, ехъулIэныгъэшхуэхэр фиIэну, фи лэжьыгъэм и хъер флъагъуну.
  • ДигукIи ди псэкIи дывохъуэхъу узыншагъэ быдэ, насып, ехъулIэныгъэ, гъуэгуанэ дахэ Тыркум щыпсэу адыгэ псоми фиIэну.
  • ПщIэ къыфхуэзыщI, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым
  • къыбгъэдэкIыу  СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий.