Шотландием и щыхьэр Эдинбург мывэхэм къыхэщIыкIа псэуалъэхэм, пасэрей уардэунэхэм, чэщанэхэм я къалэщ. Мыбы цIыху мин 430-рэ щопсэу, ауэ а бжыгъэм куэдкIэ хохъуэ зыплъыхьакIуэхэм я хьэкъкIэ. Гъуазджэхэм я Эдинбург фестивалыр Европэм къыщрахьэжьэ апхуэдэ Iуэху псоми йофIэкI и къызэгъэпэщыкIэ дахэмкIэ. Ар икIи Шотландиер зыхыхьэ Инджылызым и банк ин дыдэхэр щылажьэ щIыпIэщ. Ауэ абы нэгъуэщI къэралхэм щыщ цIыхухэр нэхъыбэу къезышалIэр и унэхэм я дахагъэрщ.