ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ЗэкIэлъыкIуэу хэнейрэ

2019-04-11

  • Сыт  Сталиныр  куэдым  ягу  фIыкIэ  къыщIагъэкIыжыр?
  • «Уасэхэм хэхъуащ!» псалъэхэм дэ десэжащ, нэху дыкъекIамэ, ди напэр зэрыттхьэщIым хуэдэу. Хэбгъэзыхьмэ, дыпоплъэ. Ар фIэкIыпIэншэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, щIыдагъэр — «дыщэ фIыцIэр» — зыIэрыхьахэм ар нэгъуэщI къэралхэм нэхъ лъапIэу щащэмэ нэхъ къащтэнущ, ди деж пуду щрагъэкI нэхърэ. Уасэхэр къехуэхами, дыхилъэфэнущ — олигарххэм яфIэкIуэд ахъшэр ди деж щрагъэкъужын хуейщ. Сыт хуэдэу щымытми, фэ фрихьэлIа уасэхэр къыщехуэха? Псом хуэмыдэу ахэр хъийм щикIыр гъатхэмрэ бжьыхьэмрэщ. АрщхьэкIэ щыIащ нэгъуэщI зэмани.

  • 1949 гъэм гъатхэпэм и 1-м, «Правда» газетыр къыдэкIащ и пэрыт тхыгъэм мыпхуэдэ псалъэхэр хэту: «Большевик партымрэ совет правительствэмрэ мы IуэхумкIэ къагъэлъэгъуащ гуащIэрыпсэухэм, абыхэм я псэукIэмрэ щэнхабзэмрэ ефIэкIуэным я нэIэ зэрытрагъэтыр».
  • Зи гугъу ищIыр къэралым уасэхэр зэрыщрагъэхуэхырт. Ар икIи япэутэкъым — япэр 1947 гъэм и дыгъэгъазэм ахъшэр зэрызэрахъуэкIам къыдэкIуат. Пэжщ, абы щыгъуэм заукъуэдиищакъым: щIакхъуэмрэ хьэжыгъэмрэ процент 12-кIэ, макаронхэр, крупахэр, пивэр (мыр абыхэм къащIыхэхутар зыми ищIэркъым) проценти 10-кIэ нэхъ пуд хъуат. Лым, бдзэжьейм, дагъэм, фошыгъум, шыгъум, аркъэм, шагъырым, мафIэдзым, щэкI зэмылIэужьыгъуэхэм я уасэхэр зауэ зэманым зэрыщытам хуэдэу къагъэнат.
  • ЕтIуанэу уасэхэр щрагъэхам, жыпIэнурамэ, ахэр ещэтэхырт — ику иту процент 20-кIэ! Пэжщ, ар зи чэзу къудейт: Хэку зауэшхуэм иужькIэ СССР-м зэкIэлъыкIуэу уасэхэр хэнейрэ (!) щраудыхащ, 1953 гъэр къэсыхукIэ. Апхуэдэ нэхъыбэу къыщыхъури гъатхэпэрт е мэлыжьыхьырт. 1953 гъэм мэлыжьыхьым и 1-м ахэр псом хуэмыдэу къехащ, арщхьэкIэ Сталиныр мыпсэужами, абы и унафэхэм тету псори ящIат. СССР-м и Iэтащхьэм и мурадт къэкIуэну зэман мыжыжьэм цIыхухэр псэун папщIэ нэхъ зыхуей ерыскъыхэр, хьэпшыпхэр (псалъэм и хьэтыркIэ, щIакхъуэр) пщIэншэ ищIыну.
  • АрщхьэкIэ Сталиным и ныбжьыр илъэс 70 щрикъу гъэм апхуэдизу куэдым я уасэхэр ирагъэщэтэхати, цIыхухэр, уеблэмэ, щхьэуназэ ящIат. ЯзыныкъуэхэмкIи арэзытэкъым. Къапщтэмэ, ЦК-м пропагандэмкIэ и къудамэм и унафэщI Шепилов Дмитрий Сталин Иосиф и гъусэу унафэм зи Iэ щIэлъ Маленков Георгий хуитхауэ щытащ, «Розницэ уасэхэр зэрагъэмэщIам гуащIэрыпсэухэр къызэрыпэджэжам теухуауэ»: «ЦIыхубзхэм яхэтщ аркъэр апхуэдизу зэрагъэпудамкIэ мыарэзыхэр». Ар икIи гъэщIэгъуэнтэкъым: аркъэм и уасэр процент 28-кIэ ехуэхат. АрщхьэкIэ нэхъыщхьэр цIыхухэр зэрыгуфIэрт, фIыщIэ зэращIырт.
  • Абы къигъэлъагъуэрт партым совет цIыхум и псэукIэр ефIэкIуэным, псалъэ къудейкIэ мыхъуу, IуэхукIэ и нэIэ зэрытригъэтыр. КъыщыщIидзари зауэ нэужьыркъым. Псори дызэрагъэшынэ 1937 гъэм СССР-м и ЦIыхубэ комиссархэм я Советым жиIакIэт хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэм я уасэхэм зэрыкIэригъэхур. Лъэпэдхэр, щIагъщIэлъхэр, щэкIхэр, кIэлошхэр, сабий щыгъынхэр, тутынхэр проценти 5 — 10-кIэ, патефонхэр, сабийхэр зэрыджэгу хьэпшып цIыкIухэр, щхьэгъубжэхэм халъхьэ абджхэр процент 15-кIэ кърагъэхат. АрщхьэкIэ языныкъуэ уасэхэр ираудыхырт Iэуэлъауэшхуи къамыIэту. Iуэху къызэрыгуэкIхэм хуэдэу ирагъэкIуэкIырт.
  • ЦIыхухэм псэукIэфI, гъащIэ тынш къахузэгъэпэщыным зэрыхущIэкъуар псом хуэмыдэу халъагъуэ ВКП(Б)-м и ЦК-м 1931 гъэм мэкъуауэгъуэм и 25-м къыдигъэкIа унафэм. Фегупсысыт: большевикхэр ягъэпIейтей цIыхубэм яхуримыкъум: «ЦК-м къелъытэ хадэхэкI пасэхэм я уасэхэр зэрыиныр къемызэгъыу. Псом хуэмыдэу абыхэм зэрыщIагъур. Ар абы къелъытэ зыгъэхьэзыр, сату зыщI IуэхущIапIэхэм щылажьэ коммунистхэм парт политикэр зэрызэрахьэкI Iэмалу».
  • ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а зэманым «зэпхьэкIыным» укъикIыу «цIыхубэм я бийм» псынщIэу икIи тыншу ухуэкIуэфынут. Арати, нащэ пасэхэм я уасэхэр хуэдитIкIэ ехуэхащ. КIэпIейкIэ 30 и уасэ балыджэр кIэпIейкIэ 12-кIэ ящэ хъуащ, помидор килограммым щIату щыта сомрэ кIэпIейкIэ 20-м къыхэнэжар сом ныкъуэт (кIэпIейкIэ 50). Партым и унафэм мыпхуэдэуи къигъэувырт: «КъэкIыгъэ пасэхэр зымыгъэхьэзырхэр хуит мыщIын уасэхэр сыт хуэдэ IэмалкIи къаIэтыну».
  • Мис апхуэдэ «жьгъейхэмкIэ» зэрахьащ совет экономикэр. Абы гу къыщылъатащ нэгъуэщI лъэныкъуэкIи. Американ социолог цIэрыIуэ Барингтон Мур 1954 гъэм итхыгъащ: «Совет экономикэ ухуэкIэр апхуэдэу гущIэгъуншакъым СССР-р индустрие къэрал зэпэщ щищIам щыгъуэ. Псори зэфIэзыгъэкIар коммунистхэм я пашэхэрщ. Ахэращ зи нэIэ щIэтар хьэрычэтыщIэ лэжьыгъэр. Ахэр къаруушхуэщ, ауэ кIуэдыжмэ, зэзыхъуэкIын ягъуэтынукъым».
  • СССР-м а зэманым лъэщу зиужьырт уасэхэр зэрырагъэхым и фIыгъэкIи. 1949 гъэм къыдэкIа унафэм къыщыгъэлъэгъуащ: «Уасэхэр едгъэхуэхыу зэрыщIэддзэу белджылы хъуащ сомым къыщIэкIыр зэрыдэкIуеяр, ар хамэ къэрал ахъшэхэм нэхъ зэрапэщIэувэфар».
  • АтIэ зауэ нэужьым яхузэфIэкIыу щытам хуэдэ щхьэ яхузэфIэмыкIрэ Урысейм и иджырей властхэм?
  • Абы и щхьэусыгъуэр къыдгуригъэIуащ Москва и Къэрал университетым и экономикэ факультетым и доцент Ломкин Александр:
  • — Сталиным и зэманым дэтхэнэ IуэхущIапIэми хуагъэувырт продукцэм и щIыпщIэр ягъэмэщIэну. Зэрыщыту къапщтэмэ, аращ Хэку зауэшхуэм экономикэ и лъэныкъуэкIэ дызэрыщытекIуар зи фIыгъэр. Къэрал план ухуэкIэм зэи къигъэхъунутэкъым IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм зэщхь продукцэ ягъэхьэзырыну. Псори зэпэшэчат. Абы къыхэкIыу тыкуэнышхуэхэм хьэпшыпхэр иджы хуэдэу щызэтрихьэртэкъым. Къэралымрэ щэхуакIуэхэмрэ я зэхуаку дэлэл гуэрхэр дэттэкъым.
  • Илъэс 70 ипэкIэ экономикэр зыхуэлэжьар къэралырт, цIыхухэрт. Иджы хьэрычэтыщIэхэр зыхуэлажьэр хэхъуэрщ. Ахэр нэхъыбэхукIэ я Iуэху къокI. Хэбгъэзыхьмэ, мылъкур къэзылэжь цIыхухэр ялъагъужыркъым.