Зи бзэм хуэлажьэр лъэпкъ уахътыншэщ
2019-02-21
- Мазаем и 21-р Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэщ
- Дэтхэнэ цIыхуми и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэ
- Дунейм и къэхъугъэ нэхъыщ- хьэ дыдэщ бзэр. ЩIы хъурейм лъэпкъыу тетым я тхыдэр, зэра-хьэ хабзэхэр, адрейхэм къазэрыщхьэщыкI я лъэпкъ нэщэнэхэр, гупсысэкIэмрэ псэукIэмрэ къозыгъащIэу щыIэр абыхэм я бзэращ. Анэдэлъхубзэр бзэ къудейкъым — ар лъэпкъым и гущIэм узэрынэсыфщ, и гупсысэхэм уазэрылъэIэсыф Iэмал гъуэзэджэщ, зей лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэщ.
- Зи анэдэлъхубзэр нэсу къэзымыгъэсэбэп лъэпкъым и къарур хуэмурэ зэрыщIэкIуэсыкIыр, ар нэгъуэщI лъэпкъхэм зэрахэшыпсыхьыжыр нэрылъагъу дыдэщ. Аращ 1999 гъэм ЮНЕСКО-м анэдэлъхубзэхэр хъумэным хуэунэтIа унафэ щхьэхуэ къыщIищтар. Ар траухуауэ щытащ мазаем и 21-м. 1962 гъэм и апхуэдэ махуэм зи анэдэлъхубзэр зыхъумэжыну къэува цIыху гупышхуэ Бангладешым щызэтраукIауэ щытащ. А махуэр дунейпсо тхыдэм къыхэнащ къарурэ бжыгъэкIэ нэхъыбэ лъэпкъым зи гуащIэр мащIэ, зи хуитыныгъэкIэ дэкъуза лъэпкъыр зыхидзэфынкIэ хъуну бэлыхьым и щапхъэ фIыцIэу. Апхуэдэ афIэкIа къэбгъэхъу зэрымыхъунум, сыт хуэдэ лъэпкъри и бзэм хуэсакъын зэрыхуейм я дамыгъэщ а махуэр.
- 2000 гъэ лъандэрэ Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэр къэрал куэдым щагъэлъапIэ, лъэпкъхэр хъума хъунымкIэ бзэхэм яIэ мыхьэнэшхуэм псори иджыри зэ иригъэгуп-сысыжу, ди анэдэлъхубзэр мыкIуэдыжын, абы зиужьын папщIэ, ди къэралымрэ дуней псомрэ щызекIуэ хабзэхэр ди тегъэщIапIэу, дэтхэнэми ди къалэн дгъэзэщIэным дыкъыхуриджэу.
- Лъэпкъхэм я бзэр хъумэным къэрал гулъытэ щигъуэт мы лъэхъэнэм нэрылъагъущ абы щхьэкIэ ялэжь Iуэхугъуэхэри. Къапщтэмэ, 2018 гъэм и шыщхьэуIум и 3-м къащта «Урысей Федерацэм щекIуэкI егъэджэныгъэм теухуауэ» Федеральнэ хабзэм и статьяхэу 11-нэмрэ 14-нэмрэ зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэным теухуауэ» Федеральнэ хабзэ №317-ФЗ-м игъэуващ гъэсапIэхэм, пэщIэдзэ, курыт еджапIэхэм цIыхухэм щIэныгъэ щегъэгъуэтынымкIэ щыIэ федеральнэ къэрал стандартхэм Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм ящыщу уи анэдэлъхубзэмкIэ щIэныгъэ зэбгъэгъуэтыну, Урысей Федерацэм и къэралыбзэхэр, анэдэлъхубзэхэр (урысыбзэри яхэту) бджыну Iэмал къызэритыр. Егъэджэныгъэм лъабжьэ хуэпщIыну бзэр, яджыну анэдэлъхубзэр (урысыбзэри яхэту) яубзыху адэ-анэхэм я лъэIу тхылъхэм тещIыхьауэ. Ди республикэм ехьэлIауэ жыпIэмэ, а Iуэхум теухуауэ щыIэщ хабзэ щхьэхуэ: «КъБР-м щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм ятеухуауэ».
- Ди къэралыр къапщтэмэ, анэдэлъхубзэхэм яIэ щытыкIэм щыкIэлъоплъ Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ къэрал советыр, УФ-м и Президентым и нэIэм щIэту лажьэр. Абы къищта унафэм тету, УФ-м Егъэджэныгъэ IэнатIэм кIэлъыплъынымкIэ и федеральнэ къулыкъущIапIэм лъэпкъ щIыналъэхэм нэгъабэ къыщихутащ анэдэлъхуб-зэхэр курыт школхэм щегъэджынымкIэ цIыхухэм яIэ хуитыныгъэхэр гъэзэщIа зэрыщыхъу щIыкIэр. А IэнатIэм и IэщIагъэлIхэр ди республикэм къыщыкIуам къапщытащ КъБР-м абы и лъэныкъуэкIэ щызекIуэ хуитыныгъэ актхэр, зэреджэ щIыналъэ базиснэ планхэр, анэдэлъхубзэхэр егъэджыным епха методикэ чэнджэщхэр, адыгэбзэмрэ литературэмрэ, балъкъэрыбзэмрэ литературэмрэ зэрырагъэдж программэхэр (бзэр зыIурылъхэмрэ ар хамэбзэу зыджхэмрэ ехьэлIауэ зэщхьэщыхауэ), еджапIэ IэнатIэхэм яIэ хуитыныгъэмрэ къалэнхэмрэ щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр. Министерствэм лъэпкъ егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм мы зэманым щолэжь анэдэлъхубзэхэр зэрырагъэдж тхылъхэр федеральнэ спискэм игъэхуэным, щIыналъэм и нэщэнэ щхьэхуэхэр къызыхэщ зэреджэ пособиехэри гъэхьэзырыным.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым анэдэлъхубзэхэр щегъэджынымкIэ хабзэхэр къыщызэпаудыркъым. Республикэм и еджапIэ псоми щагъэзащIэ анэдэлъхубзэр джынымкIэ цIыхухэм яIэ хуитыныгъэхэр. АтIэми, еджакIуэхэм я анэдэлъхубзэр нэсу щамыджыж, мыадыгэ (мыбалъкъэр) сабийхэр зыщIэс гупхэм щахэхуи къохъу, адэ-анэхэм къабгъэдэкI лъэIу тхылъхэм япкъ иткIэ. Ар, къызэрытлъытэмкIэ, сабийм бзэр къыIурычыным, абы и IэфIагъымрэ дахагъымрэ нэсу зыхемыгъэщIэным хуэгъэпса лъэбакъуэщ. УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм и реестрым къыщыгъэлъэгъуа мардэхэм анэдэлъхубзэр джыным хухаха сыхьэт бжыгъэхэр (ахэр мащIэми) щыхуагъэкIуакIэ, лъэпкъыбзэхэр Iэмал имыIэу яджыпхъэ предметхэм щыхагъэхьакIэ, дэ ди IэкIэ нэхъри «ткъузыжын» щхьэ хуей-тIэ а хуитыныгъэр? Зи анэбзэр зымыщIэ, ар зыIурымылъ сабийр хокIыж зей лъэпкъым къыдэгъуэгурыкIуэ фIыгъуэ куэдым. Ар хьэкъщ.
- Ди гуапэ зэрыхъущи, анэдэлъхубзэм зегъэужьыным, ар хъумэным апхуэдэу иропIейтей лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр, щIалэгъуалэми яхэтщ а Iуэхушхуэм иригузавэ. Ди бзэм лей къытехьэу къыщалъытэкIэ, ахэр утыкухэм къохьэ, анэбзэм и къыщхьэщыжакIуэ нэсхэу, лъэпкъыбзэхэр курыт школым щегъэджыным, анэдэлъхубзэхэр хъумэным епхахэр мы зэманым гулъытэ ин зыгъуэт Iуэхугъуэхэм зэращыщыр ткIийуэ къыхагъэщу.
- А Iуэхум хуэгъэпса зэхыхьэхэр, пшыхьхэр, зэпеуэхэр ди щIыналъэм щIэх-щIэхыурэ щокIуэкI. Абыхэм я къалэн нэхъыщхьэр ди республикэм щыпсэу дэтхэнэ лъэпкъми и анэдэлъхубзэм и дахагъыр, къабзагъыр, абы и зэфIэкIыр ягъэлъэгъуэнырщ, бзэ псори мамырыгъэмрэ зыужьыныгъэмрэ хуэгъэлэжьэнырщ. Ди къэралым и Президент Путин Владимир а Iуэхугъуэм теу-хуа псалъэмакъым мызэ-мытIэу иджыблагъэ къытригъэзэжащ икIи жиIащ Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр хъумэным теухуауэ ипэкIэ щыIауэ щыта программэхэр аргуэру къэгъэщIэрэщIэжын зэрыхуейр. Анэдэлъхубзэхэри лъэпкъ литературэри хъумэным мыхьэнэшхуэ зэриIэм тепсэлъыхьу къыхигъэщащ а фIыгъуэхэм яхуэсакъыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр, «сыту жыпIэмэ зы илъэс къэмынэу дунейм токIуэдыкIыж бзэ куэд. МэкIуэд лъэпкъ литературэри… Мы зэманым, дауи, а псори къэгъэщIэрэщIэжын хуейщ, иджырей мардэщIэхэр и лъабжьэу».
- Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр абыхэм зэрахьэ щэнхабзэхэм я Iыхьэшхуэу зэрыщытыр, анэлъхубзэхэр джыныр Конституцэм щыгъэбыда хуитыныгъэу цIыхухэм зэраIэр зи щхьэм, къэзылъхуа анэм, къызыхэкIа лъэпкъым пщIэ хуэзыщI дэтхэнэми зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым.
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.
- Дерс зэIухахэр
- Бзэр зи тыгъэр къыткIэлъоплъ
- Анэдэлъхубзэм и дунейпсо махуэм ирихьэлIэ дерс зэIухахэр мы махуэхэм щокIуэкI Налшык дэт гимназие №14-м. Адыгэбзэм и мазэу еджапIэм щаубзы-хуа лэжьыгъэхэм къызэщIиубыдэхэм ящыщщ гимназием адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Къудей Фаридэ къызэригъэпэща дерс купщIафIэри. ЕджапIэм и 6 — 9-нэ классхэм щIэс ныбжьыщIэхэр жыджэру зыхэта литературэ зэхуэсыр Фаридэ и гъусэу ягъэхьэзырат анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэхэу Батыр Марьят, Табыщ Динарэ, Елбэрд Иринэ сымэ.
- Адыгэбзэр фIыуэ зылъагъу, абы и нобэрей щытыкIэм ирипIейтей, къэкIуэну дахэкIэ хуэупсэ хэкупсэ куэд кърихьэлIат зэхуэс хьэлэмэтым. Апхуэдэхэт, къапщтэмэ, гимназием и унафэщI Жамборэ Риммэ, адыгэбзэр езыгъэджхэм я школ методикэ зэгухьэныгъэм и пашэ Батыр Марьят, гимназием и библиотекэм и лэжьакIуэхэу Балъкъэр Людмилэрэ Жыласэ Масирэтрэ, адэ-анэхэр, егъэджакIуэхэр.
- Дерсыр къызэIуиха нэужь, Къудейм жиIащ ар зытеухуар ТхакIуэхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэхэм хэт, филологие щIэныгъэхэм я доктор, адыгэ усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, журналист, продюсер, ЩIДАА-м и академик Бэлагъы Любэ и гъащIэмрэ и литературэ лэжьыгъэрауэ зэрыщытыр. АдэкIэ Фаридэ утыкур хуит яхуищIащ дерсыр екIуу, къызыхуэтыншэу езыгъэкIуэкIа ныбжьыщIэхэу Багъ Хьэмэдэрэ Бэрэгъун Аделинэрэ. Абыхэм къызэхуэсахэр кIэщIу щыгъуазэ хуащIащ Бэлагъым и творческэ гъуэгуанэ купщIафIэм.
- — Бэлагъым и къалэмыпэм къыпыкIа усэхэр гупсысэ куу зыщIэлъщ икIи абы- хэм цIыху куэд дахьэх, — къыхащащ а еджакIуэ цIыкIухэм. — Литературэмрэ щэнхабзэмкIэ дунейпсо саугъэтхэм я лауреат зыбжанэрэ хъуа Бэлагъым и тхыгъэхэм адыгэ тхыдэм увыпIэфI щаубыд. Ар езыр икIи егъэджакIуэщ: Инджылызым и къалащхьэм ди анэдэлъхубзэр щрегъэдж. Бзэр хъумэным, абы зегъэужьы-ным ехьэлIауэ IуэхугъуэфIхэр зэфIех, а унэтIыныгъэм теухуа дунейпсо зэхуэсхэм дапщэщи жыджэру хэтщ.
- Апхуэдэ пэублэ псалъэхэм къакIэлъыкIуэу 6 — 9-нэ классхэм щIэс еджакIуэ-хэр удихьэхыу, адыгэбзэр зэрышэрыуэмрэ зэрыкъулеймрэ зыхыуагъащIэу къеджащ Любэ и тхыгъэхэм ящыщ пычыгъуэхэм, и усэ щхьэхуэхэм. НыбжьыщIэхэм зэпкърахащ Бэлагъым и тхыгъэхэр щызэхуэхьэса «Гуащэнэ», «Дыгъэм и гъуэгу. Сэтэней», «Мывэ сэрей», «ГъэунэхупIэ» тхылъ купщIафIэхэр. Къызэхуэсахэм псом хуэмыдэжу яфIэхьэлэмэтащ къэблэгъа махуэшхуэм, адыгэбзэм и иджырей щытыкIэм пэджэжу къыпщыхъу «Адыгэбзэр къыхыдох» усэр.
- … Си бзэ щабэ бампIэдэх,
- Уэ сэ си бгъэм укъыщикIкIэ,
- Сэ зым нэхъ сымынэхъ икIэ,
- Къалэ миным уздызохь.
- Си бгъэм уилъу сыкъэхъуат,
- Си гъуэгу гъащIэр щызублэнум,
- ТхьэлъэIуалъэу уэ си анэм,
- Хьэкъыу укъыспщIэхилъхьат.
- … Бзэри тыгъэ щэхущ — мэзэш,
- КъикIыр ди бзэм зи къэдмыщIэ!…
- … Бзэ зимыIэр къыдофыгъуэ…
- Бзэр зи тыгъэр къыткIэлъоплъ.
- Псэмрэ гумрэ апхуэдэу ехуэбылIэ усэ куэд щыIуащ дерсым. ЕджакIуэ цIыкIухэм зэпадзыжу къаIурылъэлъырт бзэ къабзэкIэ, шэрыуэкIэ икIи къулейкIэ тха сатырхэр. ГурыIуэгъуэт абыхэм ящыщ дэтхэнэри ныбжьыщIэхэм я пкъынэлъынэм хэту къызэрапсэлъыр. Апхуэдэуи нэрылъагъут дерс зэIухам и мурад нэхъыщ-хьэр, и лъабжьэр зы махуэ Iуэхуу мыхъуу, еджапIэм дапщэщи щекIуэкI хэкупсэ гъэсэныгъэм и зы Iыхьэ ину зэрыщытыр.
- Дерсыр и кIэм нэса нэужь, абы кърикIуа псори къызэщIикъуэжащ егъэджакIуэм. ИужькIэ къэпсэлъащ Жамборэ Риммэ. Абы егъэджакIуэхэми абыхэм я гъээсн цIыкIухэми фIыщIэ яхуищIащ, дерс купщIафIэ зэрырагъэкIуэкIам папщIэ. Анэдэлъхубзэм цIыхум и дежкIэ иIэ мыхьэнэм, ар дэтхэнэ зы лъэпкъми и къежьа-пIэу зэрыщытым тепсэлъыхьу, Риммэ жиIащ еджапIэм анэдэлъхубзэкIэ газет цIыкIу къызэрыщыдэкIынур, абы тхэну, я усэ, рассказ цIыкIухэр традзэну дэтхэнэ еджакIуэри зэрыхуитыр.
- — ТхакIуэ цIэрыIуэ Паустовский Константин зэрыжиIауэ, «уи Хэкур фIыуэ пхуэлъагъунукъым, уи анэдэлъхубзэр фIыуэ умылъагъуу», — къыхигъэщащ абы. — Нобэрей дерсым фызыщытепсэлъыхьа Бэлагъы Люби нэхъыбэу зытеусыхьари апхуэдэ хэкупсэ гурыщIэхэращ. Хуабжьу си гуапэщ апхуэдэу екIуу, къабзэу ди адыгэбзэр зэрывгъэшэрыуэр. Фэ фхуэдэ щIэблэ узыншэ къызыщIэувэ ди лъэпкъым и къэкIуэнур дахэ ирехъу.
- Школ унафэщIым и псалъэхэм пызыщэ усэкIэ зэхуащIыжащ дерсыр.
- … Зыдужьыжынущ адыгэм
- Лъэпкъышхуэ дунейр зыгъахъэу!
- Ди Тхьэшхуэ, ди жьэгур тхуэхъумэ!
- ТIэтынущ адыгэ хабзэр,
- Адыгэу дунейм тетыххэм,
- Зетхьэнущ ди адыгэбзэр,
- Аращи дыщIэадыгэр.
- КЪАРДЭН Ритэ.
- Адыгэбзэм хэт хуейр?
- «Тхылъ Плъыжьым» иратхэхэм хуэдэщ
- Америкэм и щIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, бзэхэр нэхъ щIэх мэкIуэдыж, куэдрэ узримыхьэлIэ къэкIыгъэхэм, псэущхьэхэм нэхърэ. А къэкIыгъэхэр хъумэным гулъытэ хэха хурагъэщIын папщIэ, ахэр иратхэ Тхылъ Плъыжьым. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, иджыри илъэсищэ бжыгъэхэр къыпащэф куэдрэ узримыхьэлIэ а къэкIыгъэхэ-ми псэущхьэхэми я гъащIэм. АтIэми, ди анэдэлъхубзэр хъума хъуным дэ тщыщ дэтхэнэри делIалIэу пIэрэ?
- Ди жагъуэ мэхъу уссурийскэ къаплъэнхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуауэ щызэхэтхым деж, ауэ щыхъукIи, дрипIейтеищэркъым анэдэлъхубзэм шынагъуэ къыщхьэщыхьауэ щыжаIэкIэ. ГурыIуэгъуэщ, дауи, бзэр щымыIэжмэ, абы ирипсалъэ, ар зейуэ къэзылъытэ цIыхуи щымыIэжу зэрыарар. Апхуэдэ гузэвэгъуэм адыгэ лъэпкъыр дыхуэмыкIуэн щхьэкIэ, дэ тщыщ дэтхэнэми хузэфIэкIыр ищIэн хуейщ анэбзэр хъумэным ехьэлIауэ. Псом япэрауэ, бзэр гъэлэжьэн хуейщ. Мыхьэнэшхуэ иIэщ мыбдежым унагъуэм ар къыщыгъэсэбэпыным. Сабийм Iурылъын хуейщ къыдалъхуа анэбзэр. Абы мыхьэнэшхуэ ириту щытащ еджагъэшхуэ Ушинский Константин, анэдэлъхубзэм игъэзащIэ къалэнхэм щытепсэлъыхькIэ. «Сабийм и анэбзэмкIэ ущепсалъэкIэ, абы зэхи- хыр макъхэм я зэщIэжьыуэ къудейркъым, атIэ цIыкIум псэкIэ зыхещIэ а бзэм и дахагъыр, IэфIагъыр. Анэбзэращ сабийм къызэрыгурыбгъэIуэфынур щалъхуа щIыналъэм и дахагъри, къыдэпсэу цIыхухэм я хьэл-щэнри, лъэпкъым и блэкIамрэ нобэмрэ щыгъуазэ зэрыхуэпщIыфынури. Анэдэлъхубзэм а лэжьыгъэхэр зэригъэзащIэм хуэдэу гумрэ псэмрэ дыхьэу ар яхулъэкIынукъым нэхъ щIэныгъэлI щыпкъэ дыдэми. Къыддалъхуа бзэм нэхърэ нэхъ егъэджакIуэ, гъэса-кIуэ бэлыхьи зэи дгъуэтынукъым», — жиIэрт Ушинскэм.
- Шынагъуэ къызыщхьэщыхьэ, тхьэмыщкIагъэ ихуэ дэтхэнэ бзэм щхьэкIи дыгузэвэн хуейщ. Ар пэжщ. Къапщтэмэ, си жагъуэ хъунущ ди лъахэгъу балъкъэрхэм я анэдэлъхубзэм лей къытехьэу гу лъыстэмэ. АтIэми, а бзэм зыкъиужьыжыфынущ тыркубзэр зи анэбзэм и лъабжьэу дунейм тет лъэпкъ куэдым я фIыгъэкIэ. А бзэ гупым хыхьэхэм ящыщщ тэтэрыбзэр, къумыкъубзэр, нэгъуеибзэр, тыркубзэр, нэгъуэщI куэди. Абыхэм я фIыгъэкIэ балъкъэрыбзэр зэи хэшыпсыхьыжыфынукъым нэгъуэщI бзэ лъэрызехьэ гуэрым. Дэ ди анэдэлъхубзэм и Iуэхур нэгъуэщIщ. Кавказым щызекIуэ бзэхэм ящыщу ди анэдэлъхубзэр зыхыхьэ абхъаз-адыгэ бзэ гу-пым хуэдэ нэгъуэщI щIыпIэ гуэрми ущрихьэлIэнукъым. Абы къикIыркъым дэ, адыгэхэр, адрей лъэпкъ псоми нэхърэ дынэхъыфIу, арщхьэкIэ тIурылъ анэбзэм и псалъэхэм я гъэпсыкIэ, макъхэм я зэщIэжьыуэкIэ я лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, адыгэбзэм и фэгъу мы дуней псом щыбгъуэтынукъым. А Iуэхугъуэм дэрэжэгъуэ гуэр къыдитми, дызэрыгузэвэнрэ дызэрыпIейтеину хэлъыр нэхъыбэщ, сыту жыпIэмэ ди бзэм ипэжыпIэкIэ шынагъуэ къыщхьэщыхьэрэ тфIэкIуэдыж хъумэ (ар Тхьэм имыухкIэ къэхъуну), тегъэщIапIэ тщIыуэ дыкъэзыгъэхъужын, «псэщIэ» къытхэзыгъэхьэжыфын зи бзи щыIэкъым. Абы и щапхъэщ ди бзэ гупым хыхьэу щыта убыхыбзэм къыщыщIар. Нобэ а бзэр щыIэжкъым, бзэр щыщымыIэжкIэ, убых лъэпкъми кIуэдыр къыхуэкIуащ. Псэущ абыхэм ящыщхэр, дунейм тетщ ахэр, ауэ сыт — я анэдэлъхубзэр яIурылъыж-къыми, бзэр щымыIэмэ, лъэпкъри кIуэдащ.
- Апхуэдэ гузэвэгъуэм убыххэм изыгъэувауэ щытар илъэсищэкIэ екIуэкIа зауэжьырщ, убыххэм я лъахэр ябгынэу хамэщIхэм залымыгъэкIэ Iэпхъуэн хуей зэрыхъуарщ. Дэ, ди адэжь щIыналъэм хуиту щыпсэуж адыгэхэм, нобэ, мамыр лъэхъэнэм, ди анэдэлъхубзэр догъэкIуэд, хуэфэщэн гулъытэрэ пщIэрэ хуэдмыщIу. Ар къэкIуэну щIэблэхэм къытхуамыгъэгъуну щIэпхъаджагъэ инщ.
- Ди анэдэлъхубзэр иджыпсту зэрыт щытыкIэр зэрыхьэлъэм щыхьэт техъуэ щапхъэ куэд махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу срохьэлIэ сэ. Къапщтэмэ, адыгэ адэ-анэхэм ящыщхэр школым къокIуэри я быныр адыгэбзэ емыджэмэ нэхъ къызэращтэнур къыджаIэ. Ахэр хуейщ я сабийр мыадыгэ еджакIуэхэр зыхэт гупым хэдгъэхьэну. Абыхэм щхьэусыгъуэу къытхуахь псори лъабжьэшхуэ зимыIэщ. Хэти езым адыгэбзэ иджакъыми, и быным унэ лэ-жьыгъэр дищIыжыфыркъыми ар лъэпощхьэпо щохъу, адрейм я анэшхуэр е я адэшхуэм я адэжыр зыщыщар нэгъуэщI лъэпкъ гуэрти, сабийр арыншами адыгэныкъуэщ. Ещанэми зэрыжиIэмкIэ, къэралым щызекIуэ хабзэхэм анэдэлъхубзэр умыджыну хуит ущащIкIэ, ЕГЭ-рэ ОГЭ-рэ зэратыну предметхэм гулъытэ нэхъыбэ хуищIмэ нэхъ къещтэ.
- Нэхъыжьхэм, балигъхэм анэдэлъхубзэм хуаIэ апхуэдэ щытыкIэр изогъэщхь дэIэпыкъуэгъурэ гулъытэрэ хуэныкъуэ, ахэр къэзылъхуа икIи зыпIа я адэ-анэм бынхэм хуаIэ гущIыIагъым. Зи анэдэлъхубзэр Iумпэм зыщIым къэзылъхуа анэри зыщыщ лъэпкъри игъэпуду аращ. Бзэр зей лъэпкъыр абы апхуэдэу фIэкIа хущымытыжмэ, пщIэрэ гулъытэ хуимыщIыжмэ, зыкIи бгъэщIагъуэ икIи гущIыхьэ зыщыбгъэхъу хъунукъым анэдэлъхубзэм теухуауэ ищхьэкIэ къыщащтэ унафэхэр. БалигъыпIэ иджыри имыува, дунейм и зэхэ- лъыкIэхэм, абы и хабзэ псоми щымыгъуазэ сабийм, ныбжьыщIэм я Iуэху хэмылъыххэу, анэбзэр къыIурач, абы пэIэщIэ ящI адэ-анэхэм. Анэдэлъхубзэр зыIурымылъу къагъэтэдж а щIэблэр зыщыщ лъэпкъым бгъэдэлъ хъугъуэфIыгъуэ куэдым зэрыхагъэныжыр, псэкIэ нэхъ къулейсыз зэращIыр къызыгурымыIуэ адыгэ адэ-анэхэр зэрыщыIэр си жагъуэ мэхъу. Анэбзэм и пIэ къиувэфын нэгъуэщI бзэ гуэри дунейм зэрытемытыр хьэкъщ. АдыгэбзэкIэ тха ди нарт эпо-сым, ди лъэпкъ псэукIэм и лъабжьэ адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ пщIэшхуэ щаIэщ дуней псом — дэ тщыщ куэдым а хъугъуэфIыгъуэхэр IэщIыб ящIыф. Зи анэм, зи бзэм, зи хабзэм пщIэ хуэзымыщIыжым нэгъуэщIхэми яхуищIынукъым. Зи щхьэр, къызыхэкIар зыгъэпудым сыткIэ ущыгугъ хъуну пIэрэ?
- Адыгэбзэр езыгъэджхэм я пщэ къалэнышхуэ къыдохуэ анэдэлъхубзэр щIэблэм яIурылъынымрэ абы и IэфIагъыр сабийм гурэ псэкIэ зыхегъэщIэнымрэ я лъэныкъуэкIэ. Дерсхэр егъэкIуэкIын хуейщ щIэщыгъуэу, хьэлэмэтагъ гуэрхэр хэлъу, абы екIуалIэ ныбжьыщIэхэм ар тезыр ехьэкIыпIэу къащымыхъуу, лъэпкъ фIыгъуэхэм уезышалIэ Iэмалу къалъытэу. ЕджакIуэм зыIэригъэхьэ дэтхэнэ ехъулIэныгъэри гулъытэншэ пщIы хъунукъым. Унагъуэм, жылагъуэм, къэралым гулъытэншэ щыхъуу хуежьа анэдэлъхубзэр едгъэдж къудей мыхъуу, фIыуэ едгъэлъагъуфыни хуейщ ныбжьыщIэм. Ди школым адыгэбзэр щезыгъэджхэм абыкIэ ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэ дапщэщи. НэхъыфIыжкIи дащогугъ, сыту жыпIэмэ ди бзэр, лъэпкъ хабзэр къытщIэхъуэ щIэблэм нэхъыбэу щахэплъхьэфыну дерсхэм ахэращ я къызэгъэпэщакIуэр.
- Адыгэхэр адыгэбзэ дыщыхуэмеижын зэман зэи къремыхъу!
- ШЫБЗЫХЪУЭ Иннэ,
- Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м и унафэщI.
- Псалъэ Iущхэр
- Хущхъуэ пэлъытэ
- Анэдэлъхубзэр анэ гумащIэм хуэдэщ.
- Анэдэлъхубзэр хущхъуэ пэлъытэщ.
- Бзэр гурылъыр къызэраIуатэ Iэмалщ.
- Дэтхэнэ зы лъэпкъми и тхыдэм нэхъыфIу щыгъуазэ зэрызыхуэпщIыфынур абы и анэдэлъхубзэмкIэщ.
- Бзэр лъэпкъым и гупсысэхэр къызэрыщ гъуджэщ.
- Бзэр зей лъэпкъым и тхыдэщ.
- Бзэр зыужьыныгъэм ухуэзышэ гъуэгущ.
- Зи бзэм елъэпауэр уи псэми елъэпэуэфынущ. tБзэмрэ псэмрэ зэто-хуэ.
- Акъыл закъуэкIэ бзэр къыпхуэгъэщIынукъым, ар лъэпкъпсо хъугъуэфIыгъуэщ.
- ЦIыхум узэрыщыгугъ хъунур кърипщIэфынущ ар и анэдэлъхубзэм зэрыхущытым.
- ГъущIо Зариф
- Уи тхыдэр ятхыж
- ГъущI кIапсэ банэр бгъэм
- джэбыну къешэкIарэ,
- УIэгъэ миным хужьыр плъыжь
- ящIауэ,
- Си адыгэбзэ, узэхэфыщIарэ
- Удынхэм уагъэуфIыцIауэ,
- КъысфIощI ухэлъу ноби ятIэм,
- Дохутырхэм укъаухъуреихьауэ…
- Лъы къыпщIэжар мыупщIыIужауэ
- Абыхэм щэхуу щIым ущIатIэ…
- Сабийр хамэбзэм дихьэхауэ
- Уэ пщыщу ищIэр мыхъумыщIэбзэщ.
- И Хэку къинари хэхэс хъуауэ
- Къыхуагъэувхэри и хабзэщ.
- Уэ уи къабзагъэрщ хаутар, —
- Ятхыж хамэбзэкIэ уи тхыдэр,
- Мэжджыт бжэIупэм лIыжь
- щышхыдэм
- И закъуэ диныр зыхъумар?
- Инджылыз, нэмыцэ, франджы щIалэ, —
- Уи гъащIэр яджыр дихьэхауэ.
- Уэ къыпщIэхъуахэм уарихамэу
- Лыхьым уи псалъэ псори далъхьэ…
- Бицу Анатолэ
- ХьэфIыцIэ Мухьэмэд хузотх
- Анэдэлъхубзэ
- Си анэдэлъхубзэу си псэ,
- Си анэдэлъхубзэу си нэ,
- Щхьэ ущымыIужрэ къабзэу
- Нобэ уэ адыгэ унэ?
- Си анэдэлъхубзэу дахэ,
- Си анэдэлъхубзэу пагэ,
- Зэгуэр ди адэжьхэр уэрти
- Дуней псом язэрыхэтыр!
- Си анэдэлъхубзэу гуапэ,
- Си анэдэлъхубзэу гуащIэ,
- Уи бын пэжхэр щIым гуп-гупу
- Щызэбгридзакъэ гъащIэм.
- МащIэр хъурэ гуащIэмащIэ?
- МащIэр хэкIуэдэжрэ занщIэу?
- Си анэдэлъхубзэу щыпкъэ,
- Уэ ущхьэщыхьакъым нэпкъым!
- Си анэдэлъхубзэу нахуэ,
- Си анэдэлъхубзэу хахуэ,
- Зы шу закъуэу щытми, нартыр
- Пэувыфти и дзэм чынтым!
- Си анэдэлъхубзэу уардэ,
- Си анэдэлъхубзэу быдэ,
- КIуэщIыр пэжмэ уэ уи лIыгъэр,
- Ар дэращ зи хуэмыхугъэр.
- Си анэдэлъхубзэу си псэ,
- Си анэдэлъхубзэу си нэ,
- Щхьэ ущымыIужрэ къабзэу
- Нобэ уэ адыгэ унэ?
- И тхылъ тIэкIухэр пхуэхъуу мащэ,
- Уехыжауэ дунейм къищIэм, —
- Си анэдэлъхубзэу хъыжьэ,
- ТхакIуэр уэ уи сын мывэжькъэ!
- Ямыпсыхьу къэна куэпкъырщ
- Сосрыкъуэ иIар лIапIэу.
- Си анэдэлъхубзэу лъапIэ,
- Уэ улIэжмэ —
- ЛIэжащ лъэпкъыр.