Андроповыр жыжьэ плъэ цIыхут
2019-02-21
- Совет лъэхъэнэм егъэщIылIа псори хэутэн щащI мы зэманым абы щыгъуэ лэжьа политикхэу зи цIэр фIыкIэ тхыдэм къыхэнахэри щыIэщ. Абыхэм, шэч хэмылъу, ящыщщ пIалъэ кIэщIкIэ ди къэралым и Iэтащхьэу щыта Андропов Юрий. Абы тхылъ триухуащ илъэс 93-рэ зи ныбжь тхыдэдж цIэрыIуэ Медведев Рой.
- — Ар егъэлеяуэ политик Iущт. Псом япэу пщIэ зыхуищIыр и дэIэпыкъуэгъухэм я къэухьыр зыхуэдэрт. НэхъыфI дыдэхэри къахихырт. НаIуэу зэрыщытщи, адрей къулыкъущIэшхуэхэм лэжьэгъухэр къыщыхахкIэ япэ ирагъэщыр жыIэдаIуэхэрт, — жеIэ Медведев Рой.
- — Уэ жыбоIэ Андроповыр «Горбачёв нэхърэ нэхъ сакъыу икIи куэдкIэ нэхъ губзыгъэу щытауэ». Сыт а псалъэхэр зытепщIыхьыр?
- — Лениным и ужькIэ совет унафэщIхэм яхэтакъым абы нэхърэ нэхъ щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъа. Егъэлеяуэ гурыхуэт. Тхылъ куэдыкIей щIиджыкIырт. Хрущёв, къапщтэмэ, тхылъ еджэххакъым икIи щытхэкIэ щыуагъэ куэд IэщIэкIырт.
- — АтIэ сытыт Андроповыр жыжьэ плъэуэ щIабжар?
- — Ар марксистт, арщхьэкIэ, ар зи пIэм ижыхьа Iуэху еплъыкIэу къилъытэртэкъым. ТIэунейрэ Андроповым хуагъэувауэ щытащ сэ сигъэтIысыну. АрщхьэкIэ КГБ-м и унафэщIу щыщытами къэралым и Iэтащхьэу щылэжьами арэзы хъуакъым.
- — Горбачёвым Андроповым теухуауэ жиIэрт идеологием ехьэлIа Iуэхухэр япэ иригъэщрэ экономикэр яужь къригъанэу щытауэ.
- — Андроповыр зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр иригъэкIуэкIыну хунэсакъым. Абы къалэн зыбжанэ къыпэщытт, арщхьэкIэ властыр щыIэрыхьам сымаджэ хьэлъэт. Кремль сымаджэщым дохутыр щызригъэIэзакъым абы, зыкIэлъигъэплъыр КГБ-м и дохутырхэрщ. Абы къеузхэр зыщIэр КГБ-м и лэжьакIуэхэрт. Брежневым еIэзэу щыта академик Чазовым Андроповыр Секретарь нэхъыщхьэу хаха нэужь къэрал унафэщIым жриIэгъат езыр абы и дохутыру щытыну. «Сыт щхьэкIэ?» — щIэупщIащ Андроповыр. АрщхьэкIэ и узыр хэтIэсати, Андроповыр ЦКБ-м щIэгъуэлъхьэн хуей хъуауэ щытащ.
- — Андроповым ищIэрэт къыхуэнэжа зэманыр зэрымащIэр?
- — Абы зыхищIэрт куэдрэ зэрымыпсэужынур. И гур къеузырт, и жьэжьейхэр щIагъуэтэкъым. Афганистаным щыкIуам абы щызекIуэ пыхусыху лIэужьыгъуэри къыщиубыдат. Властыр щыIэщIыхьам абы къыгурыIуэрт куэд зэримыхьыжынур.
- — ИлъэситI-щы хуэдиз. Ара?
- — Ар щыгугъащ тIэкIукIэ нэхъыбэрэ псэуну. АрщхьэкIэ коррупцэм ирищIылIа бэнэныгъэм и гуащIэгъуэу щыта 1983 гъэм и бжьыхьэм хьэлъэу сымаджэ хъуащ. Диализым къигъэувырт махуитIкIэ дохутырхэр зригъэIэзэурэ махуитхукIэ лэжьэн хуейуэ. Андроповыр дохутырхэм еупщIащ сыт хуэдизкIэ псэужынуми. Дохутырхэм абы пэжыр щабзыщIащ — илъэситхукIэ псэуну къыжраIащ. АрщхьэкIэ зы илъэси ихьыжынутэкъым…
- — А пIалъэ кIэщIым Горбачёвым игъэхьэзырыфыну и гугъэт езым и пIэм иригъэувэнур?
- — Хьэуэ. Андроповым зэи и мурадакъым Горбачёвыр езым и пIэм иригъэувэну. 1983 гъэм и дыгъэгъазэм екIуэкIа пленумым доклад нэхъыщхьэр щищIыну и пщэ дилъхьауэ аркъудейщ. Абы теухуауэ псалъэмакъ зэмыщхь куэд йокIуэкI. Андроповым уэсят къигъэнакъым. КГБ-м и унафэщIу щылэжьам абы коррупцэ Iуэху куэд утыку кърилъхьауэ щытащ.
- — АтIэ сыт хуэдэ мурадхэрат ар зыхущIэкъур?
- — Дисциплинэр къэIэтынырт, коррупцэр еудыхынырт, къэралыр зэхъуэкIыныгъэщIэхэм хуэзышэну къулыкъущIэхэр къыхихынырт.
- — Ауэ совет ухуэкIэр икъутэну хуеякъым…
- — Абы ар и къарум дэхуэжынутэкъым. Абы жиIэр нэгъуэщIт: дэ тщIэркъым дызыщыпсэу къэралыр зыхуэдэр.
- — Лигачёв Егор жиIэу щытащ Горбачёвым и перестройкэр Андроповым и деж къыщежьауэ.
- — Андроповым и Iуэху абы хэлъакъым. Хэбгъэзыхьмэ, Горбачёви а зэхъуэкIыныгъэр иригъэжьакъым. Властыр а цIыхум Iэрыхьа нэужь къэралым залымыгъэ куэд щызэрахьэ хъуащ. Тезырхэр ткIийт. Фадэм и бий хабзэ бзаджэм къэралми цIыхухэми хэщIыныгъэшхуэ яритащ, властым и пщIэр игъэлъэхъшащ. Абы къыдэкIуэу ирахьэжьащ я пщIэнтIэпскIэ къамылэжьа мылъкур сэтей къэщIыным и Iуэхур. Хадэхэм ихьэрти, теплицэхэр ягъэщащэрт. А псори щекIуэкIар 1985 гъэрщ.
- — АрщхьэкIэ Андроповырщ зэхъуэкIыныгъэхэм я программэр ягъэхьэзырын папщIэ экономист-IэщIагъэлIхэр зыхэт гуп къызэзыгъэпэщауэ щытар.
- — Андроповыр зыхущIэкъур зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъ цIыхухэр зришэлIэнырт. Хэбгъэзыхьмэ, Ельцинри Москва ишэну хущIэкъуащ, арщхьэкIэ хунэсакъым. Ауэ Горбачёвым Андроповыр къигъэпцIащ.
- — НэгъуэщIу жыпIэмэ, Андроповым зэхишэфатэкъым зэхъуэкIыныгъэхэр езыгъэкIуэкIыфыну гуп.
- — Андроповым къыгурыIуэрт къэралыр зэрехуэхыр. Обкомым и секретару цIыху зэфIэкIыншэхэр ягъэув хъуат. Брежневым и зэманым властыр зыIэрыхьэр жыIэдаIуэхэм я закъуэт. Кириленкэ ещхь гуэрхэрт. Властыр зыIэщIэлъыр лIыжь сымаджэхэрт. АрщхьэкIэ Андроповым а хабзэхэр зэрихъуэкIыфынутэкъым. Секретарь нэхъыщхьэу щыхахам щыгъуэ хузэфIэкIыр илэжьащ.
- — Лъэпкъ зэпэщIэтыныгъэхэр-щэ?
- — Ахэр абы нэхъ щабэ ищIащ. Андроповым и зэманым къызэIуахыжащ ЦК-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къудамэр — ар Сталиным игъэкIуэдыжат. Азие Курытым Таджикистаныр, Узбекистаныр, Къыргъызыр щызэщыIеят. АрщхьэкIэ Андроповым хузэфIэкIат къаугъэ къимыгъэхъун.
- — АтIэ сыт Афганистаным ди дзэхэр ягъэкIуэным Андроповым тригъэчыныхьу щIыщытар?
- — ЯпэщIыкIэ ар абы хуеякъым. ИужькIэ щытыкIэм зихъуэжащ. АрщхьэкIэ дзэхэр а къэралым къишыжын зэрыхуейм Андроповыр тепсэлъыхьын щIидзащ 1982 гъэм и щэкIуэгъуэм.
- — Андроповыр, дохутырхэм зэрыжаIам хуэдэу, илъэситхукIэ псэужамэ дэ дызыхуэкIуэнур сытыт?
- — СССР-р лъэлъэжынутэкъым, къэралыр нэхъ лъэщ хъунут. Дэри нэхъыфIу дыпсэунут.