ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. cоветыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 щрикъум ирихьэлIэу цIыхухэм зэрызахуигъазэр

2019-02-14

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэу пщIэ зыхуэсщIхэ!
  • Мазаем и 15-м ди къэралым ягу къыщагъэкIыж советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 30 зэрырикъур.

  • А махуэм дэ пщIэшхуэ яхуэтщIу дигу къыдогъэкIыж сэлэтхэр, сержантхэр, офицерхэр ята тхьэрыIуэм тету лIыгъэрэ хахуагъэрэ къэзыгъэлъэгъуа, Хэкум и пащхьэ щаIэ зауэлI, граждан къалэнхэр щIыхь пылъу зыгъэзэщIа псори.
  • А зауэм и гугъуехьхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэу 1800-м къызэранэкIащ икIи абыхэм ящыщу 55-р хэкIуэдащ. Абыхэм я лIыгъэр дэ зэи тщыгъупщэнкъым.
  • ХэкIуэда лIыхъужьхэм дэ ди щхьэр яхудогъэщхъ икIи зауэм хэтахэм ящыщу иджыпсту псэухэм яхэлъа ерыщыгъэм хуэфэщэн пщIэ худощI. Абыхэм къатехуа фэбжьхэмрэ зауэм я гур зэрызыщигъэуамрэ къызэранэкIыфащ, гъащIэм езыхэм яхуэфэщэн увыпIэ щаубыдыжащ икIи иджыпсту IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пэрытщ, жылагъуэ Iуэхухэр жыджэру зэрахьэ, щIалэгъуалэр Хэкум хуэпэжу гъэсэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкI. Дэ ди къалэнщ Афганистаным и гъэунэхуныгъэ хьэлъэм къикIахэм сыт и лъэныкъуэкIи гулъытэ яхуэтщIыну, абыхэм я псэукIэр ящыдгъэпсынщIэну.
  • ЗауэлIхэм-интернационалистхэм узыншагъэ быдэ, насып, ефIэкIуэныгъэ яIэну, дыщалъхуа Къэбэрдей-Балъкъэрыр, зэрыщыту ди Хэкур мамыру, гъагъэу екIуэкIыну сохъуахъуэ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм
  • и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.