ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ТхакIуэ, журналист Iэзэ, цIыхубз Iэдэб Котляровэ Марие

2019-02-14

  • Гъуэгу бгъуфIэ хэзыша
  • Журналист, тхакIуэ, тхылъ къыдэгъэкIын IэнатIэм жыджэру щылажьэ Котляровэ Марие зымыцIыху ди республикэми абы и гъунэгъу щIыналъэхэми ису къыщIэкIынкъым. Зыпэрыт IэнатIэхэмрэ ищIэ лэжьыгъэхэмрэ гъащIэ псо къызэщIаубыдэ, и къэхутэныгъэхэмкIэ, и хэкум хуиIэ лъагъуныгъэмкIэ гъэнщIауэ. Аращ абы и лэжьыгъэ псоми лъабжьэ яхуэхъужыр.

  • Марие 1949 гъэм КъБАССР-м хыхьэ Белая Речка къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым тхыдэмрэ филологиемкIэ и къудамэр 1973 гъэм къиухащ. Абы щегъэжьауэ илъэсищкIэ 23-нэ, 17-нэ курыт школхэм егъэджакIуэу щылэжьащ, иужькIэ ВЛКСМ-м и Налшык къалэ комитетым и инструктору щытащ, илъэситIкIэ КъБАССР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм щыIащ. ИужькIэ илъэс зыбжанэкIэ редактору щылэжьащ «Версия», «Советская молодежь», «Кабардино-Балкарская правда» газетхэм. 1993 — 1999 гъэхэм «Эль-Фа» тхылъ тедзапIэм редактору, 1999 гъэм щегъэжьауэ «Полиграфсервис и Т» тхылъ тедзапIэм и унафэщIу лэжьащ.
  • Котляровэ Марие дежкIэ псом япэр гъэ къэс нэхъыбэ хъууэрэ кIуэ и щIэджыкIакIуэхэращ, и гъащIэ псор зрита, и псэр зыхилъхьа и лэжьыгъэращ. ГъэщIэгъуэныр редактору, тхылъыр къыдэгъэкIыным пыщIауэ махуэ къэс лажьэ Марие тхэну зэман къыздрихырщ. Абы тхылъ 60 и Iэдакъэ къыщIэкIащ, языныкъуэхэри зыбжанэрэ къыдигъэкIыжащ. Абыхэм яхэтщ художественно-документальнэ лэжьыгъэхэри, къэхутэныгъэхэри, цIыхубэм ягу ирихь ретротхылъхэри, сурэт альбомхэри, зыплъыхьакIуэхэм къагъэсэбэп къыдэкIыгъуэхэри.
  • Котляровэм и гугъуехьхэр псыхэкIуадэ зэрымыхъуам и нэщэнэщ абы къыхуагъэфэща дамыгъэхэр: 1984 гъэм — КъБР-м и комсомолым и саугъэтым и лауреат; 2003 гъэм — ГъуазджэхэмкIэ европей академием (Брюссель) и дамыгъэ нэхъыщхьэр; 2007 гъэм — «Журналист сообществэм и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» дамыгъэр; 2010 гъэм «Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр. Апхуэдэуи Марие Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, КъБР-м и ТхакIуэхэм я союзым и правленэм хэтщ, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и зэхыхьэгъуиплIми щылэжьащ.
  • ЛэжьыгъэкIэ, IуэхукIэ, цIыхугъэкIэ Марие ирихьэлIа псоми фIыкIэщ ягу къызэрыкIыр, и зэфIэкIымрэ акъылымрэ ялъытэу, и IэдакъэщIэкIхэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр къыхагъэщу апхуэдэщ. Шэч къытетхьэркъым цIыхухэр къызэрыдихьэхын къэхутэныгъэщIэхэмкIэ, и щIэджыкIакIуэхэр зыщыгуфIыкIын IэдакъэщIэкIхэмкIэ ар иджыри къызэрытхуэупсэнум.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.
  • ГукъэкIыжхэр
  • БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэхэр
  • Къыздэлажьэ щIалэм и стIолыщхьэм телът Котляровкэ Викторрэ Мариерэ къыдагъэкIа «Неповторимый Нальчик» тхылъыр. ТхьэмахуитI хуэдэ дэкIауэ, тхылъыр зэрытелъти, сыблэкI пэтрэ сыщIоупщIэ:
  • — Ухунэмысу арагъэнщ уеджэну?
  • — Тхылъым зэи, тIэуи седжащ, къытезгъэзэжурэ щIызопщытыкI, седжэхуи си нэр къысхутехыркъым.
  • Апхуэдэ жэуапым и ужь-кIэ, си лэжьэгъу щIалэщIэм «Северный Кавказ» газетым и къыдэкIыгъуэщIэр къысхуеший. Абы тетщ Котляров зэщхьэгъусэхэм яхуэгъэза «СыпсэухукIэ Тхьэ сыфхуелъэIунущ» тхыгъэр. Мис абы щыщ псалъэуха зыбжанэ: «ЩэкIуэгъуэм инсульт къызэуащ. КъэскIухьыныр къэгъэнауэ, зызгъэхъеи, сыпсалъи хъуртэкъым икIи седжэфыртэкъым. Абы хэту си Iыхьлы щIалэ цIыкIум фи тхылъыр къысхуихьащ. АпхуэдизкIэ абы сыдихьэхауэ седжати, си узри сщыгъупщэжат. Си сабиигъуэм сыхэфшэжащ, си щIалэгъуэр сигу къэвгъэкIыжащ. Сыту куэди къэсщIа! Фи тхылъыр сэ сщыщ Iыхьэщ, сыту куэдыщэкIэ къызэпха сэ ар! Сыту лъагъуныгъэшхуэ хэлъу фтха мы тхылъыр. Ар дэтхэнэ псалъэухами, сурэтми хыболъагъуэ. Сэ си нэгу къыщIэзгъэхьэжащ зауэ нэужь уэрамхэр, а лъэхъэнэм епха куэд. Ар егъэлеящ! Сэ си гъащIэм куэд щыслъэгъуащ, ауэ Налшык хуэдэ срихьэлIакъым, пэжу, абы хуэдэ щыIэкъым!».
  • Тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIыр Кузьмина Нинэт. Ар 1941 гъэм Налшык къыщалъхуат, 5-нэ курыт школыр къиухат, 1960 гъэм комсомол путевкэкIэ Ангарск кIуэри, иужькIэ Москва областым Iэпхъуат.
  • Пэжыр жысIэнщи, тхыгъэм сыщеджэм си гур къигуфIыкIат, апхуэдэ щIэджыкIакIуэ набдзэгубдзаплъэхэр зэрыщыIэжым щхьэ- кIэ, етIуанэрауэ, сэ хуабжьу пщIэ зыхуэсщI цIыхухэм ди къалэм хуэфэщэн тхылъ я Iэдакъэ къыщIэкIат.
  • Марие щызэзгъэцIыхуар 1994 гъэращ, «Эль-Фа» тхылъ тедзапIэм «Вдали от Родины» тхылъыр къыщыщыдэдгъэкIам редактору щытар Мариещ. Мис абы щегъэжьауэ сыщыгъуазэщ зэщхьэгъусэхэм я лэжьыгъэм.
  • Котляровхэращ «Кавказский литературно-исторический Олимп» тхылъ сериер къыдэгъэкIын щIэзыдзар. Абы фIаща цIэ дахэм и мызакъуэу, жанр зэмылIэужьыгъуэхэм ит тхыгъэхэм, цIыхубэм ямыщIэ, нэхъ куууэ хэзыщIыкIхэри зыщымыгъуазэ, республикэм ис лъэпкъхэм я тхыдэм, литературэм щыщ хъугъуэфIыгъуэ куэд къызэIуах.
  • 1999 гъэм Котляровхэ Мариерэ Викторрэ «Полиграфсервис и Т» тхылъ тедзапIэщIэр къызэрагъэпэщ, 2005 гъэм «Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм» и бжэхэр къызэIуех. Абыхэм зыхуагъэувыжа къалэныр къызэрыгуэкIтэкъым — монографиехэмрэ щIыналъэм щыцIэрыIуэ щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэмрэ къыдагъэкIкIэрэ Кавказ Ищхъэрэм зы щэнхабзэ утыкушхуэ къыщызэрагъэпэщыну арат.
  • Уней тхылъ тедзапIэм хузэфIэкIащ ар. УнафэщI, редактор, художник, верстальщик, корректор фIэкIа щымылажьэу тхылъ къыдэгъэкIыным пыщIа гугъуехь псори я пщэ далъхьэжри, я щхьэ ягъэпсэужын къудейракъым яхузэфIэкIар, атIэ тхылъ Iуэхум пыщIахэм я деж увыпIэ щхьэхуэ щызрагъэгъуэтащ, уеблэмэ, пашэ щыхъуащ. Монографие, генеалогие лэжьыгъэхэр, историко-этнографие къэхутэныгъэхэр, архив тхыгъэхэр, сериеу зэхэт къыдэкIыгъуэ бжыгъэншэхэр — «Города и селения КБР: исто-рия малой родины», «Кабарда: страницы прошлого», «Балкария: страницы прошлого», «Возвращение», «Кавказ».
  • Нэхъ пасэу, совет лъэхъэнэм, республикэм и Правительствэм щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым унафэ хуищIауэ щытат Къэбэр-дей-Балъкъэрым и жы-лэжьхэм я тхыдэр зэфIигъэувэжыну. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ тхылъ къыдэкIатэкъым. А щы-щIэныгъэр Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм егъэзэкIуэж. «Страницы прошлого» сериери КъБР-м ис лъэпкъхэм ятеухуа тхыгъэхэмкIэ гъэнщIащ, ари ящыщщ тхылъ тедзапIэм лъэпкъхэм я тхыдэр зэфIэгъэувэжынымкIэ зэфIиха лэжьыгъэшхуэм.
  • Мы къедбжэкIа къудейхэр щыхьэт тохъуэ тхылъ къыдэзыгъэкI зэщхьэгъусэхэм я цIэр республикэ тхыдэм къызэрыхэнэнум. Абы и мызакъуэу, Мариерэ Викторрэ езыхэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэмкIи цIэрыIуэ хъуат блэкIа лIэщIыгъуэм и пщIей гъэхэм. ЩIалэхэмрэ пщащэхэмрэ ятеухуа очеркхэр, щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и тхыдэр зэрыхуа «Юности горячие сердца», «Строим страну — строим себя», «Сигнал вечности», «На молодости — главные дела» тхылъхэм я деж къыщожьэ иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым цIэрыIуэ щыхъуа цIыхушхуэхэм я IуэхущIафэхэри.
  • 2004 гъэм щегъэжьауэ Котляров зэщхьэгъусэхэм къыдагъэкIын щIадзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпс телъыджэм теухуа художественно-документальнэ сурэтылъэхэр. Абыхэм ущеплъкIэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым, сурэтхэмкIэ тхыдэ, этнографие щхьэхуэныгъэхэр, адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ я хабзэхэр къызэрагъэлъэгъуэфар, уеблэмэ лъэпкъыпсэр нэхъ куууэ зыхэпщIэнымкIэ а лэжьыгъэхэр сэбэпышхуэ зэрыхъур.
  • Котляровэ Мариерэ и щхьэгъусэ Викторрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъхуащ, щIэныгъэ щызрагъэгъуэтащ, щопсэу. Абыхэм ди лъахэм хуаIэ лъагъуныгъэмрэ Кавказ лъэпкъхэм хуащIа лэжьыгъэхэмрэ я уасэр зэхэпщIыкIыу, фIыщIэ хэха яхуэщIыпхъэщ. Абыхэм я IэдакъэщIэкI куэд ди лъэпкъ щэнхабзэм и Iыхьэ лъапIэ хъуащ.
  • Думэн Хьэсэн,
  • профессор.
  • 2009 гъэ
  •  
  •  Адыгэм гуапэу къахущытщ
  • БлэкIар ягу къыщагъэкIыжкIэ, языныкъуэхэми ягъэикIэ, языныкъуэхэми щытхъу зыхужаIэ пионер-комсомол коллективизмэм творческэ купкъ нэс къыхэзыха цIыху куэд нобэм къытхэткъым дэ.
  • Ар иджырей зэхэтыкIэм, псэукIэм гъуазэ хуищI пэлъытэу хэлъщ Котляровэ Марие. Абырэ и псэр зэрызэIухамрэ къахэкIыу, зы сыхьэт закъуэ фIэкIа убгъэдэмысами, игъащIэ лъандэрэ къыбдэгъуэгурыкIуа хуэдэу гъунэгъу узыхуещIыф абы. Апхуэдэ зэчийм емыхъуапсэ журналист щыIэу къыщIэкIынкъым.
  • И IэдакъэщIэкIхэм ущеджэкIэ-щэ?! Ар зэхуэдэ дыдэу Iэзэу тотхыхьыф гъащIэм къыщыхъу Iуэху цIыкIуфэкIухэми, гъуазджэм и лъагапIэхэми, философиемрэ политикэмри, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэм деж къыбгуроIуэ ар бзылъхугъэ къызэрыгуэкIыу зэрыщымытыр. Къэзыухъуреихьхэм и гумрэ и псэмрэ апхуэдизкIэ яхуэкъабзэщи, и адэцIэри памыгъэувэу Мариещ къызэреджэр. Сэ къыхэзгъэщыну сызыхуейращи цIыхур фIыуэ умылъагъумэ, гъэсэныгъэ пхэмылъмэ, щэнхабзэр уимыIэпэгъумэ, интеллигенту ущымытмэ, абы хузэфIэкIар пхузэфIэкIынутэкъым.
  • Демократие жыпхъэм изагъэ прессэм и лъабжьэр республикэм щызыгъэтIылъахэм яхэтащ Марие. Аращ цIыхухэм я пщIэр ириудыхыу, я блэкIахэм хэтIэщIыхьу щIэзыдза газетым япэ дыдэу къыIукIари. Псэлъэгъу хуэхъуа цIыхур къыгурыIуэу, и фIагъ псори щIэджыкIакIуэм и деж нихьэсыну хэту, республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэр пэжым тету къигъэлъагъуэу зэрыщытар аращ ар лъэныкъуитIым я дежкIэ пщIэ зиIэ журналисту а зэманым къыщIызэтенар. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм Марие и Iэдакъэ къыщIэкIа газет тхыгъэхэр удэзыхьэхт, захуагъэм тетт.
  • ЦIыхум набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ-рэ куууэ къицIыхуфу зэрыщытым ипкъ иткIэ, абы и лIыхъужьхэм я зы лъэбакъуэри зригъащIэм зэпкърихыурэ, литературэ портрет куэд къигъэщIащ Марие. Апхуэдэщ ЩоджэнцIыкIу Алий, Мечиев Кязим, Лъостэн Владимир, КIыщ Мухьэдин сымэ ятеухуахэр.
  • СымыбзыщIу жысIэнщи, хуабжьу си гуапэщ игъащIэ лъандэрэ ди республи-кэм щыпсэуами, нэгъуэщI лъэпкъ къыхэ-кIа бзылъхугъэм си лъахэгъухэм я щыIэ-кIэ-псэукIэм куууэ зэрызыщигъэгъуэзам къыщымынэу, лъагэу зэриIэтар. Ар къагъэлъагъуэ «Ты создал мир. И он велик», «Я тот, кто будет…», «Ладони протяни к огню души моей…», «Адыги: сердца и судьбы» къыдэкIыгъуэхэм. Мы тхылъхэр зытеухуа, зи лъэужьыр тхыдэм къыхэна ди лIыхъужьхэм яхуэфащэщ.
  • Гъут Iэдэм,
  • филологие щIэныгъэхэм
  • я доктор.
  •  

    Котляров зэщхьэгъусэхэм «Жылагъуэм и пащхьэ щаIэ фIыщIэм папщIэ» медалыр къыхуагъэфэщащ. 2014 гъэ

  •  
  • Си гур хагъахъуэ
  • Дызэпэмыжыжьэу дыпсэу пэтми, гъунэгъу дызэхуэмыхъу къыщыхъу куэдрэщ. Котляровхэ Мариерэ Викторрэ апхуэдэу жыжьэу пцIыхухэм яхыубжэ хъунукъым, сыт щхьэкIэ жыпIэ, ахэр зэчий ин зыбгъэдэлъ, зыпэрыт IэнатIэм хуэIэзэ лэжьакIуэшхуэхэщ.
  • Котляровхэ я тхылъ тедзапIэм тхылъ минищым щIигъу къыдигъэкIащ. Фегупсысыт абы. Ар сыт хуэдиз лэжьыгъэ, ар сыт гуащIэдэкI?! Абыхэм къыдагъэкIа «Черкесы: воины и мастера» тхылъыр щысIэщIэлъ къудейкIэ сигу хохъуэ. А зым щхьэкIэ куэд яхуэфащэщ абыхэм я тхылъ тедзапIэм, а тхылъыр къыдэгъэкIыным елэжьа дэтхэнэми. СурэтыщI цIэрыIуэм и IэдакъэщIэкI нэхъ лъапIэ дыдэм хуэдэщ ар.
  • «Родной ландшафт» тхылъ серием сызэрыщыгуфIыкIар-щэ! Ар сурэт альбомий мэхъу, Налшыки, Iуащхьэмахуэ лъапи, Шэджэм, Шэрэдж, Хуламо-Безенги, Бахъсэн аузхэр иту. ФIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ Котляров зэщхьэгъусэхэм, сурэтхэр тезых Щоджэн Жаннэ. ЛэжьакIуэшхуэр куэдщ, ауэ апхуэдэ зэчий зиIэу Iуэхум бгъэдыхьэр мащIэщ. Котляровхэ Мариерэ Викторрэ яхуэдэ къэгъуэтыгъуейщ. А тIум я Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъ куэд сиIэщ сэ. ЖыпIэнуракъэ, ахэр тхылътелъхьэпIэм телъ къудейкъым, атIэ щIэх-щIэхыурэ хуей сохъу, си лэжьыгъэмкIэ къысхуэщхьэпэн куэд къызох. Уеблэмэ, языныкъуэхэм деж напэкIуэцIхэр къызэбгъэдзэкIыурэ уеплъынри сэбэпщ, уигу хегъахъуэ.
  • Виктор и адэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал телевиденэм сыщыдэлэжьащ сэ. Зэчий зыбгъэдэлъ журналистт, еш зымыщIэ цIыхут. Абы и псэр зэрыщыгуфIыкIым шэч хэлъкъым нобэ и къуэмрэ и нысэмрэ Iуэхуу зэфIахым. Арагъэнщ Викторрэ Мариерэ я насып зыхэлъри.
  •  Вэрокъуэ Владимир,
  • кинорежиссер.
  •  
  •  Фи псалъэр пэжщ
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым и псэкупсэ щэнхабзэм и зэхуэхьэсакIуэ Марие и щIэджыкIакIуэхэмрэ бгъэдэлъ зэчийм пщIэ хуэзыщI цIыхухэмрэ пса- лъэ дахэ куэдкIэ зыкъыхуагъэзэнущ нобэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Котляровхэ Мариерэ Викторрэ къыдагъэкIа тхылъхэр ди гъащIэм и гъуджэщ, ди адэжьхэм къытхуагъэна хъугъуэфIыгъуэм и джэлэсщ.
  • Фи псалъэр куущ, Iущщ, пэжщ, ар зэрыгъэщIэрэщIа фи псэ къабзагъымрэ гу хьэлэлымрэ щызыхащIэ Къэбэрдейм и тафэхэмрэ Балъкъэрым и къуршхэмрэ.
  • Куэдрэ Тхьэм уигъэпсэу, Марие.
  • Зумакулов Борис,
  • тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор.
  •  
  • Адыгэм гуапэу къахущытщ
  • БлэкIар ягу къыщагъэкIыжкIэ, языныкъуэхэми ягъэикIэ, языныкъуэхэми щытхъу зыхужаIэ пионер-комсомол коллективизмэм творческэ купкъ нэс къыхэзыха цIыху куэд нобэм къытхэткъым дэ.
  • Ар иджырей зэхэтыкIэм, псэукIэм гъуазэ хуищI пэлъытэу хэлъщ Котляровэ Марие. Абырэ и псэр зэрызэIухамрэ къахэкIыу, зы сыхьэт закъуэ фIэкIа убгъэдэмысами, игъащIэ лъандэрэ къыбдэгъуэгурыкIуа хуэдэу гъунэгъу узыхуещIыф абы. Апхуэдэ зэчийм емыхъуапсэ журналист щыIэу къыщIэкIынкъым.
  • И IэдакъэщIэкIхэм ущеджэкIэ-щэ?! Ар зэхуэдэ дыдэу Iэзэу тотхыхьыф гъащIэм къыщыхъу Iуэху цIыкIуфэкIухэми, гъуазджэм и лъагапIэхэми, философиемрэ политикэмри, нэгъуэщIхэми. Апхуэдэм деж къыбгуроIуэ ар бзылъхугъэ къызэрыгуэкIыу зэрыщымытыр. Къэзыухъуреихьхэм и гумрэ и псэмрэ апхуэдизкIэ яхуэкъабзэщи, и адэцIэри памыгъэувэу Мариещ къызэреджэр. Сэ къыхэзгъэщыну сызыхуейращи цIыхур фIыуэ умылъагъумэ, гъэсэныгъэ пхэмылъмэ, щэнхабзэр уимыIэпэгъумэ, интеллигенту ущымытмэ, абы хузэфIэкIар пхузэфIэкIынутэкъым.
  • Демократие жыпхъэм изагъэ прессэм и лъабжьэр республикэм щызыгъэтIылъахэм яхэтащ Марие. Аращ цIыхухэм я пщIэр ириудыхыу, я блэкIахэм хэтIэщIыхьу щIэзыдза газетым япэ дыдэу къыIукIари. Псэлъэгъу хуэхъуа цIыхур къыгурыIуэу, и фIагъ псори щIэджыкIакIуэм и деж нихьэсыну хэту, республикэм щекIуэкI Iуэхугъуэхэр пэжым тету къигъэлъагъуэу зэрыщытар аращ ар лъэныкъуитIым я дежкIэ пщIэ зиIэ журналисту а зэманым къыщIызэтенар. БлэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм Марие и Iэдакъэ къыщIэкIа газет тхыгъэхэр удэзыхьэхт, захуагъэм тетт.
  • ЦIыхум набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ-рэ куууэ къицIыхуфу зэрыщытым ипкъ иткIэ, абы и лIыхъужьхэм я зы лъэбакъуэри зригъащIэм зэпкърихыурэ, литературэ портрет куэд къигъэщIащ Марие. Апхуэдэщ ЩоджэнцIыкIу Алий, Мечиев Кязим, Лъостэн Владимир, КIыщ Мухьэдин сымэ ятеухуахэр.
  • СымыбзыщIу жысIэнщи, хуабжьу си гуапэщ игъащIэ лъандэрэ ди республи-кэм щыпсэуами, нэгъуэщI лъэпкъ къыхэ-кIа бзылъхугъэм си лъахэгъухэм я щыIэ-кIэ-псэукIэм куууэ зэрызыщигъэгъуэзам къыщымынэу, лъагэу зэриIэтар. Ар къагъэлъагъуэ «Ты создал мир. И он велик», «Я тот, кто будет…», «Ладони протяни к огню души моей…», «Адыги: сердца и судьбы» къыдэкIыгъуэхэм. Мы тхылъхэр зытеухуа, зи лъэужьыр тхыдэм къыхэна ди лIыхъужьхэм яхуэфащэщ.
  • Гъут Iэдэм,
  • филологие щIэныгъэхэм
  • я доктор.
  •  
  • Тхыдэм къыхэщыж образым езгъэщхьу
  • Котляровэ Марие япэу къызэрысцIыхуар 80 гъэхэм газетым къытрыригъэдза тхыгъэхэмкIэщ. Абыхэм я авторыр и нэр зытеплъэм тетхыхьыну хьэзыр бзылъхугъэ лъагэу, зыIэщIэлъу къысщыхъурт. ИужькIэ сымаджэ сыхъуауэ Марие къысщIэупщIэну икIи сызригъэцIыхуну къэкIуат. Хуабжьу згъэщIэгъуат абы щыгъуэм Марие зэрыIэмащIэлъэмащIэмрэ и нэхэр къилыдыкIыу зэрыщытымрэ. Сыхьэтищ хуэдизкIэ дызэбгъэдэсагъэнщ.
  • Сэ сыкъыхэщэтыкIын сышынэу седаIуэрт абы Мечиев Кязим теухуауэ жиIэ хъыбарым. ЛъэпкъкIэ Кязим срищIэблэу зэрыщытым щхьэкIэ сыукIытат, урыс бзылъхугъэр абы и кхъащхьэм зыбжанэрэ щыIауэ къыщызжиIам. Сэ сыкъызэрыхута а щытыкIэм ди лъахэм щыщ куэд иригъэуващ Марие, ди классикхэм я гъащIэмрэ творчествэмрэ теухуауэ апхуэдизкIэ куэд къытхузэIуихащи.
  • Сэ ар тхыдэм къыхэщыж образым изогъэщхь. Зэгуэрым Машэ сыхигъэзыхьри, си адэмрэ си адэшхуэмрэ ятеухуа тхыгъэ сигъэтхащ. Сыту хуабжьу сыхуэарэзы абы щхьэкIэ. ТIум щыгъуэми си нэпсыр къысфIыщIэкIыущ зэрыстхар, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, а тIум я хъыбар цIыкIумкIэ цIыхуцIэ зезыхьэм и тхыдэр згъэунэхуауэ къысщохъу, гуфIэгъуэкIэ, гузэвэгъуэкIэ, псэр хэзыгъахъуэ пкъыгъуэхэу зэхэлъ гъащIэр и гъусэжу. СызэреплъымкIэ, Машэ и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъхэр къэзыщтэ дэтхэнэ зыри егупсысу къысщохъу апхуэдэ гурыщIэ куухэр.
  • Абы и тхыгъэхэм я куп-щIэр къэплъытэмэ, куэд щIащ ар журналистикэ жыпхъэм къызэрикIрэ. Си дежкIэ ар культурологщ, философщ, литературоведщ, тхыдэджщ, психологщ. КъБКъУ-м и ректору щыта Лъостэн Владимир теухуа тхылъыр къапщтэмэ, сыт хуэдиз Iэзагъ епхьэлIэн хуейт ар зэхэгъэувэным, парт дэфтэрхэм нэгъунэ детективым хуэдэу удихьэхауэ укъеджэфын папщIэ. Мис апхуэдэ мыхъур тегъэуащ абы и Iэдакъэ къыщIэкI дэтхэнэ тхыгъэми тхылъми.
  • Кучуковэ Зухра,
  • филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор.
  •  
  •  
  • Лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр егъэбыдэ
  •  Котляров зэщхьэгъусэхэм иужьрей илъэсипщI зыбжанэм журналистикэм, литературэм, тхылъ къыдэгъэкIын IэнатIэм хуащIа хэлъхьэныгъэм уасэ хуэпщIыну гугъущ. Дэ ди насыпщ апхуэдэ зэчийрэ зэфIэкIрэ къызыкъуэкIа зэщхьэгъусэхэр дызэриIэмкIэ, зыхуэбгъэдэн щымыIэ я IэдакъэщIэкIхэм лъэпкъым, лъахэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ.
  • Иужьрей илъэсхэм абыхэм къыдагъэкIа дэтхэнэ зы тхылъми и фIагъ, щхьэпагъ псоми емылъытауэ, иджыри зы лъапIэныгъэ иIэщ — ар Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я щэнхабзэм и фIыпIэхэр нахуэу къыхэщу зэрыщытырщ. КъищынэмыщIауэ, къыхэгъэщыпхъэщ ахэр я Iуэхум гуапэу, Iэзэу, шэрыуэу зэрыпэрытым ди лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр зэригъэбыдэр, республикэм зэгурыIуэныгъэ къызэрырилъхьэр.
  • Шэч хэмылъу, щхьэпэщ адрей лэжьыгъэхэри, псом хуэмыдэу тхыдэ, археологие, архитектурэ, IуэрыIуатэ щхьэхуэныгъэхэр зыхэплъагъуэ, Щоджэн Жаннэ и сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ гъэнщIа сурэтылъэхэр.
  • ЩIэуэ къыдэкI я лэжьыгъэм ущеплъкIэ, я Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ тхылъ къэс я псэм щыщ Iыхьэ зэрыхалъхьэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Апхуэ-дэ зэчийрэ жанагърэ яIэу иджыри куэдрэ Тхьэм игъэпсэу.
  •  Дохъущокъуэ Мусэ.
  • 2009 гъэ
  •   
  • И псалъэр къызэрыгуэкIми…
  • Зи щIалэгъуэм и псэ къабзагъыр дыболъагъу, и макъым и щабагъымрэ и Iэдэбагъымрэ узыIэпашэ. ЦIыхум яхуищI гулъытэмрэ ахэр къызэрыдихьэхыфымрэ гъунэ иIэкъым. И зыIыгъыкIэм, хэлъ гуапагъэм узыIэпашэ. Апхуэдэу уIуоплъэ Котляровэ Марие щызэбгъэцIыхукIэ. Абы и Iэдакъэ къыщIэкIа къомыр а бзылъхугъэ зэщIэкъуа цIыкIум зэрыхузэфIэкIар бгъэщIагъуэу апхуэдэщ. Ауэ езым щытхъуи щIыхьи фIэфIкъым, ар къызэрыгуэкI лэжьакIуэшхуэу аращ.
  • Щэнхабзэр щыIэнтэкъым, ар къэзыгъэщIхэр щымыIамэ, абы зиужьынтэкъым щэнхабзэм ирипсэухэр, ар зи гум, зи псэм хэлъхэр, ар зи Iэпэгъухэр къытхэмытамэ, уеблэмэ ар зи гъащIэу къэзылъытэхэр мыхъуамэ. Щэнхабзэр гъащIэ гъусэ зыхуэхъухэм нэгъуэщIхэм ящIахэри яхъумэф. Котляровэ Машэ мис апхуэдэ хъумакIуэхэм ящыщщ.
  • Машэ хьэл гъэщIэгъуэн хэлъщ. Ар дызыхэпсэукI лъэхъэнэми докIуэкIыфри, блэкIа илъэсхэми, уеблэмэ, лIэщIыгъуэхэми къыщохутэф. Абы и гъа-щIэр гупсысэ куу куэдкIэ гъэнщIащ, ауэ щыхъукIи и псалъэр къызэрыгуэкIщ.
  • Журналист, очеркист, тхакIуэ-публицист. 1970 гъэхэм щегъэжьауэ газет, журнал тхыгъэхэр, 80 гъэхэм — публицистикэ тхылъхэр, очеркхэр, нэгъуэщI тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм яхуитх пэублэ псалъэхэр, езым и тхылъхэр, усакIуэхэм ятеухуа къэхутэныгъэхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа къыдэкIыгъуэхэр — Марие и дэтхэнэ лэжьыгъэми и купщIэр зыхэпщIэным ухуэпабгъэрэ лъагъуныгъэкIэ узыIэпашэу апхуэдэщ.
  • Смирновэ Наталье,
  • филологие щIэныгъэхэм я доктор.
  •  
  •  ЛэжьакIуэшхуэ
  • Марие… И цIэ къудейм узыIэпешэ. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым радиомкIэ зэхэсхат Марие фIыуэ зэрилъагъумкIэ щIалэм зыкъиумысыжу. Абы зыкIэ дахэу жиIэрт а цIэри, гъэщIэгъуэныщэ сщыхъуат. ИтIанэ «Марие» ариер къеуащ. Си гур итхьэкъуат ар Котляров Виктор къызэрыбгъэдэ-кIым, Каплунат Машэ зэрыхуигъэфащэр къыщысщIами згъэщIэгъуат.
  • Иджыпсту а цIыхуитIым я цIэхэр зэпэщхьэхуэу къраIуэркъым, зэпыту фIэкIа. Ауэ а зэман жыжьэм, блыщI гъэхэм, си нэгу къысхущIэгъэхьэртэкъым си классэгъуу, си курсэгъуу щыта Витя вагъуэу къытщыхъу Машэ къыдихьэхыфыну. Тхыдэ-филологие факультетым фIы дыдэу щеджэ, егъэджакIуэхэм хэхауэ фIыуэ ялъагъу, гуащэ теплъэ зиIэ пщащэ дахэут Машэ курсым щIэсхэм зэрытцIыхур. Ар езыр зыдеджэхэм я деж пашэ щыхъуат дызригъэцIыхуну ди деж къыщыщIыхьам. СощIэж абы и гулъытэр дэркIэ лъапIэу зэрыщытар. Арат радиомкIэ зэхэсхар щIэзгъэщIэгъуар — ди курсэгъу Викторрэ Машэрэ.
  • Виктор хузэфIэкIащ абы игури и псэри къихьэхун, дэри дыщыгуфIыкIащ а цIыхуитIым я гъащIэр зы зэращIам. Виктор журналист Iэзэу щыт пэтми, Машэ имыгъусамэ, апхуэдиз хузэфIэкIыну хъунтэкъым. Си гуапэу къыхызогъэщ илъэс плIыщI ипэкIэ Машэ дэслъэгъуа гуапагъэр, дахагъэр, Iэдэбагъыр, гущIэгъур ноби зэрыфIэмыкIуэдар. Марие лэжьакIуэшхуэщ. Зэрыхабзэщи, нэхъыбэ зыщIэр нэхъ гулъытэншэ мэхъу, зызыгъэпIийуэ утыкум итым нэхърэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы зигъэлъэгъуэну хущIыхьэркъым, мэлажьэ. Апхуэдэхэм яхузэфIэкIар къэзыгъэлъагъуэр я IэдакъэщIэкIхэрщ. Ар Машэ ехьэлIамэ, тхылъ том пщIы бжыгъэхэм къыбжаIэ абы и гъащIэ псор зыхуигъэпсар. Марие фIыщIэ хуэсщIу сехъуэхъуну сыхуейщ и мурад псори къехъулIэну, и Iуэхухэр ефIэкIуэну.
  •  ЩоджэнцIыкIу Нинэ,
  • филологие щIэныгъэхэм
  • я доктор, профессор.