Афэ Къантемыр къэралпсо зэпеуэм къыщыхожаныкI
2019-02-14
- Иджыблагъэ Москва щекIуэкIащ ментальнэ есэпымкIэ IV Урысейпсо зэпеуэр — UCMAS жыхуиIэр.
- А зэхьэзэхуэм Урысейм и къалэ щэщIым щыщ ныбжьыщIэ зэчииифIэ 500-м щIигъу хэтащ. Къыхэбгъэщ зэрыхъунумкIи, сабийхэм я нэхъыбэр пэлъэщащ есэпымкIэ къыхуагъэува дерсхэмрэ упщIэхэмрэ (абыхэм я бжыгъэр, нэхъ гугъуи нэхъ тынши, псори зэхэту, 200-м нэблагъэрт) гукIэ дакъикъикъи 8-м къриубыдэу жэуап иратын, абы щыгъуэми зэрызэхалъхьэ калькуляторхэр къамыгъэсэбэпу. Ар, дауи, и щыхьэтщ а цIыкIухэм я гужанагъым, гурыхуагъэм хуабжьу зэрызиужьам, абыхэм зи яужь ихьэ дерсым зэрыпэлъэщын акъыли гупсысэкIи зэраIэм. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу а зэхьэзэхуэм хэтащ сабий 52-рэ.
- Езыр ныбжькIэ зыхиубыдэхэм я деж щрагъэкIуэкIа зэпеуэм 3-нэ увыпIэр къыщихьащ Налшык дэт лицей № 2-м и 1-нэ классым щеджэ Афэ Къантемыр. Мы щIалэ цIыкIум хузэфIэкIащ есэпымкIэ къыхуагъэува дерс 200-м я жэуапхэр дакъикъи 7-м къриубыдэу къигъуэтын.
- Афэ Къантемыр ментальнэ математикэмкIэ зэчий зэрыбгъэдэлъым дэри дыщыгъуазэщ, абы и анэшхуэ, ди газетым илъэс куэд хъуауэ корректору щылажьэ Афэ Тамарэ къыджиIауэ. Абы и къуэрылъхур къэралпсо зэпеуэшхуэм зэрыкIуам, абы къызэрыщыхэжаныкIам я унагъуэм и гъусэу дэри дыщыгуфIыкIащ икIи дигъэгушхуащ. Ди гуапэщ Къантемыр и зэфIэ-кIым адэкIи хэхъуэ зэпыту, и нэхъыжьхэр игъэгуфIэу псэуну.
- — «UCMAS» цIэр зэрехьэ зи ныбжьыр илъэси 5-рэ ныкъуэм къыщегъэжьауэ и илъэс 14-м нэса ныбжьыщIэхэм я акъылым зегъэужьыным хуэнэтIауэ зэхагъэува программэ щхьэхуэм. Абы хуагъэса сабийм езыр зэлэжь дерсым щымыщу къэунэхухэмрэ къэзыухъуреихь дунейм къыщыIу макъ лейхэмрэ тыншу зэхецIыхукI икIи, апхуэдэхэр зэран зыхуимыгъэхъуу, зыпэрыхьэ еджэныгъэ, есэп Iуэхухэм тегъэчыныхьарэ гъэхуауэ яужь йотыф, — къыхегъэщхьэхукI ди республикэм менталь- нэ есэпымкIэ и егъэджакIуэ нэхъыфIхэм хабжа, Афэ Къантемыр и гъэсакIуэ Багъэтыр Залинэ. — Псалъэм папщIэ, кърата усэхэр гукIэ зэгъэщIэным, нэгъуэщI предметхэмкIи дэгъуэу зыгъэхьэзырыным, экзаменхэр тыным, нэгъуэщI абы хуэдэхэми гугъу емыхьу пэлъэщынущ,
- Мыри къыхэгъэщыпхъэщ. UCMAS-Налшык академием и унафэщI Амщокъуэ Маринэ, и лэжьэгъухэр и гъусэу, ящыщщ егъэджэныгъэ Iуэхухэр тэмэму егъэкIуэкIыным гулъытэ хэха хуэзыщIхэм, ныбжьыщIэхэм сыт и лъэныкъуэкIи гъэсэныгъэ тэмэм ябгъэдэлъхьэным хущIэкъухэм, ахэр урысейпсо, щIыналъэ зэпеуэхэм зыкъыщагъэлъэгъуэфын хуэдэу зыгъэхьэзырхэм.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.