2019-02-14
- 2014 гъэм мазаем и 7 — 23-хэм Сочэ щекIуэкIащ ХХII ЩIымахуэ Олимпиадэр. Дахагъэрэ, къару-рэ, зэфIэкIрэ щагъэлъэгъуа зэпеуэр зэрекIуэкIрэ илъэситху зэрырикъуар Краснодар крайм зэхыхьэ, концерт, зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэмкIэ щагъэлъапIэ.
- Фигу къэзгъэкIыжынщ къэрал 88-м къикIа спортсмен 2800-рэ абы зэрыхэтар. Урысей Федерацэм и спортсменхэращ медаль бжыгъэкIэ псоми ятекIуауэ щытар: дыщэу — 13, дыжьыну — 11, домбеякъыу — 9.
- Сочэрэ Къуэбыдэрэ (Красная поляна) лэжьыгъэу Олимпиадэм щхьэкIэ щагъэхъеяр фIэщщIыгъуейщ жыхуаIэм хуэдэщ. Уеблэмэ апхуэдиз зэрахузэфIэкIамкIэ рекордхэр зратхэ Гин-несс и тхылъым ихуэну ди къэралым хуэфащэт. Транспорт лIэужьыгъуэ псоми щхьэкIэ ящIа гъуэгухэр, зыхуей хуагъэза аэропортыр, гъущI гъуэгу вокзалыр, хьэщIэщхэр, шхапIэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр, стадионхэр, щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм папщIэ яухуахэр, Къуэбыдэ псыхъуэр европей къалэ цIыкIуу, хьэблэ къэс зэмыщхьу, зэрагъэпсыфар, бгым удэкIмэ укъыщыхутэ къалэ цIыкIухэр — а псори гъэщIэгъуэныщэщ, дахэщ, зэIузэпэщщ, цIыхум хузэфIэкIынур хьэкъ пщызыщIщ. Нэхъыщхьэращи, гъэмахуи щIымахуи ахэр къагъэсэбэп, Олимпиадэм зыри дэмыужьыха дэнэ къэна, нобэми нэхъри зрагъэужь, зыплъыхьакIуэхэмрэ спортым дихьэххэмрэ я тыншыгъуэм тращIыхьу.
- ЩIыпIэ куэд щыIэкъым бгым удэкIмэ (километритI хуэдиз) щIымахуэу, укъехыжмэ гъэмахуэу (Къуэбыдэрэ Сочэрэ я зэхуаку сыхьэт ныкъуэ гъуэгуанэ дэлъу аращ).
- Сочэ и Адлер районым щаухуа Олимп паркым итщ «Большой» зыфIаща мыл уардэунэр. Ар и теплъэкIэ налкъут хьэдзэ зрищIэ блэтхьэкIумэм ещхьщ, махуэм дыжьыныфэщ, жэщым — щхъуэкIэплъыкIэу зэщIоблэ. ЦIыху мин 12 щIохуэ мыбы, спорт, щэнхабзэ Iуэхухэр щрагъэкIуэкI.
- Мыри дыщIызгъунут: ди нэр зыгъэгуфIэ, ди псэр зыгъэтынш щIыуэпсым хуэфэщэн лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIащ Къуэбыдэ. Ди лъэпкъым и тхыдэ, и псэ Iыхьэ здэщыIэ лъахэм гулъытэ зэригъуэтам уегъэгуфIэ, езыхэр абы зэримысыжым мы псом жьауэ гуэр тридзэми, ауэ ар нэгъуэщIIуэхущ.