Куэцэ Пщымахуэ Урысей шыхъуэхэм я япэ съездым 1910 гъэм къыщипсэлъар
2018-11-07
- Бгырыс Республикэм и премьер-министру, иужькIэ и президенту щыта Куэцэ Пщымахуэ и адэ ТIэмашэ Къэбэрдейм шы гъэхъункIэ щыпашэхэм язт. 1910 гъэм, юрист IэщIагъэмкIэ еджапIэр къиухагъащIэу, Екатеринодар (Бжьэдыгъукъалэ) хейщIапIэм лэжьэн щыщIидза къудейуэ, Пщымахуэ Урысей шыхъуэхэм я япэ съездым къэбэрдей лIыкIуэу ягъэкIуауэ щытащ. Адыгэ щIалэм къэрал утыкум щыжиIахэр нобэми зи къарур щIэмыкIа псалъэщ. Ди лъэпкъыцIэр зезыхьэ адыгэшыр ямыгъэкIуэдыжын папщIэ, дяпэ итахэр зыхэта гугъуехьхэр къызыхэщ тхыгъэ закъуэтIакъуэхэм язщ Куэцэ-ныбжьыщIэм урысейпсо съездым и утыкум щыжиIахэр.
- Къэбэрдей шы гъэхъукIэмрэ IэнатIэм
- зыщIэгъэкъуэн, егъэфIэкIуэн зэрыхуеймрэ
- Налшык округымрэ Тэрч областымрэ нэхъ зыщызыубгъуа къэбэрдей шы гъэхъукIэр кIуэ пэт-ми нэхъ гужьеигъуэу дохуэх.
- Зауэ IэнатIэм зи пщIэр щызыIэтыжа адыгэшыр пкъыфIэщ, тхыкъупщхьэшхуэщ, и бгъэгур щызщ, езыр пхэщIыбгъуэщ, и лъэгур захуэщ икIи егъэлеяуэ быдэщ, и со-кур Iувщ. И хьэлым и гугъу пщIы- мэ, а лъэныкъуэмкIэ абы нэхъы- бэж бгъэдэлъщ: щэныфIэщ, хуу-мыгъэфэщэну бэшэчщ, мащIэ дыдэкIэ пхурогъэкъу. Иджы ди нэгум щIокI апхуэдизу гъэлъэпIа шы лъэпкъ телъыджэм илъэс къэс и бжыгъэми, и шыгъэми зэрыкIэрыхур.
- Симоновым, Мердерым, Дубенскэм, нэгъуэщIхэми зэрыжаIэмкIэ, адыгэшыр Кавказым щызэрахуэ шы лъэпкъхэм я нэхъыфIщ. И шыгъэ-лIыгъэр Кавказ щIыбми щагъэунэхуауэ, ар уеблэмэ Азие гу-пэм нэгъунэ щыцIэрыIуэщ. Тэн къэзакъыдзэм илъэс 18-кIэ Iэщ дохутыру щылэжьа зиусхьэн Костанянц тригъэчыныхьу жеIэ: а шы лъэпкъ телъыджэм зэрызыщIагъэкъуэн Iэмал икIэщIыпIэкIэ къамыгъуэтмэ, адыгэшыр кIуэдыжынущ.
- Дзэлыкъуэ хъупIэ щIэращIэмрэ Къущхьэхъурэ щыхъуакIуэу щыта табын абрагъуэхэр иджы уи нэгу къыщIэбгъэхьэжыну фIэкIа, плъагъужыркъым. Зэгуэр пцIэгъуэплъ минхэр хуиту щызекIуэу щыта щIыпIэхэм иджы гуартэ цIыкIу зыбжанэ щыхъуакIуэми аращ. Ауэ щыхъукIэ «шпанкэ» жыхуаIэ мэлыщхъуэхэмрэ бгырыс мэл къарэхэмрэ гуартэ-гуартэу щызэблокI. Илъэси 10-15 и пэкIэ шы мин тIу-рытI-щырыщ щагъэхъуу щыта къэбэрдей къуажэхэм иджы шы 300 — 400 яIэжми аращ.
- Тэрч областым и къэзыбж IуэхущIапIэм къызэритымкIэ, 1903 гъэм Джылахъстэней къуажибгъум шыуэ 10.941-рэ итащ. Иджы, илъэсибл фIэкIа дэмыкIауэ, а бжыгъэр 1 миным нэсыж къудейщ. А илъэс зэхуаку дыдэм шыхъуэхэм я щыхьэру ялъытэ Къэбэрдеишхуэм шы бжыгъэр 33.307-м къыщежьэри мин 26-м хуэкIуащ. А щапхъэхэм IупщIу къагъэлъагъуэ шым я бжыгъэм псынщIэу зэрыхэщIыр. Абдежми къыщымынэу, адыгэшым хэгъэщхьэхукIауэ бгъэдэлъ нэщэ-нэхэр фIокIуэд, и щытыкIэм зехъуэж.
- Нэхъ уасафIэ хъун папщIэ, шыр нэхъ пIащэ дощI жаIэри, шыхъуэ-хэм я гуартэхэм зыхуей хуэмыза хакIуэхэр хагъэхьэурэ лъэпкъы-лъыр зэIагъэхьэ. Нэхъ пIащэ хъу щхьэкIэ, къагъэщхьэпэр шы лъэпкъ мыхьэнэншэмэ, абы и зэранкIэ, езы адыгэшым и фIагъым кIэроху. ШыщIэхэр зыхуей хуэзэркъым, фIыуэ ягъасэркъым, ирагъэшхынри яхурикъуркъыми, зэрыхъупхъэм нэмысу, гугъуе- хьым хэту къыдокIуэтей.
- Апхуэдэу адыгэшым и бжыгъэри и шыгъэри Къэбэрдейм щIыщыкIэрыхум щхьэусыгъуэ куэд иIэщ. Ауэ нэхъыщхьэр — щIыналъэм цIыхур Iуву зэрисымрэ губгъуэхэр мэлымрэ мэкъумэшымрэ зэрызэщIиубыдамрэщ. Абы кърикIуэу щIым и уасэр дэуеящ. Шы зезыхуэхэр хэхъуэшхуэ зиIэ мэкъумэшыщIэхэмрэ мэлыхъуэхэмрэ япеуэфыркъым, аращи, яшхэм гъэм и кIыхьагъкIэ яхъуэкIу удзымкIэ зрырагъэкъун хуей мэхъу. Мэкъу щратыр закъуэтIакъуэххэрэщ: нэхъы-бэу уэсышхуэ къыщесымрэ щтырыгъуу щыщыт зэманхэмрэщ. Яшхыныр зэрахуримыкъум шы зехуэн Iуэхум зэраныгъэшхуэ къыхуехь: хэмыхъуэ щIыкIэ куэд малIэ, шыщIэхэм яхурикъун шэ я анэхэм къащIэхъуэркъым.
- Шыхъуэхэр зыщыгугъыр псоми зэдай къэбэрдей губгъуэхэращ. Ауэ, япэрауэ, иджыпсту зекIуэ Iуэху зехьэкIэм Iэмал къыуитыркъым ахэр узэрыхуейм хуэдэу къэбгъэщхьэпэну. ЕтIуанэу — Дзэлыкъуэрэ Къущхьэхъурэ щагъэхъуэкIуэну щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм къраху табынхэр куэд мэхъу. Ещанэу — хъупIэ нэхъыфIхэр «шпанкэ» мэл лъэпкъыфI зыгъэхъухэм уасэшхуэкIэ ират. Абы хэгъэхьэж иужьрей илъэси 7-8-м дишхэм ящыщ куэд зытекIуэда Iэщ узхэр. А узхэри, Iэщ дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, Къэбэрдейм къэзыхьар зи гугъу тщIа «шпанкэ» мэл лъэпкъращ. Адыгэшым фIыуэ хэзыщIыкI зиусхьэн Костанянц и еплъыкIэмкIэ, «пщIэ нэгъэса зыхуэфащэ мы шы лъэпкъым зыщIэгъэкъуэн щыхуей зэманыр адэкIэ бгъэIэпхъуэж щымыхъун пIалъэм нэсащ».
- Адыгэшым зегъэужьыным, ар егъэфIэкIуэным армэм и фейдэ хэлъщ, къэбэрдей лъэпкъым и псэукIэри абы елъытащ. Зауэ IэнатIэм укъыщызыгъэпэж, мафIэ зэщIэгъэнам хуэдэ а шы хахуэхэр пасэрей зэман лъандэрэ IуэрыIуатэм игъэфIа ныбжьэгъуфIхэщ. Ахэр зэрыбэшэчри, армэм къигъэув хабзэ ткIийхэр зэрахуэхьри зэрыхьзэрий куэдым, Урыс-Япон зауэри яхэту, къыщагъэлъэгъуащ. Псом хуэмыдэу а хьэлыр абыхэм ящыдыболъагъу езыхэр зыпэгъунэгъу Тэрч, Кубань къэзакъыдзэхэмрэ къэрал гъунапкъэ хъумапIэхэмрэ.
- Адыгэшым хуэдэ гъуэтыгъуейщ тIасхъэщIэх дзэхэм я дежкIи: ахэр псынщIэщ, бэшэчщ, икъукIэ сакъхэщ, адрей шыхэр зримыкIуэф къуршыщхьэ лъагъуэхэм щызокIуэф. АпхуэдизкIэ набдзэгубдзаплъэхэщи, шум хуит ищIмэ, жэщым я нэхъ кIыфIым гъуэгур яфIэкIуэдыркъым. Симоновымрэ Мердеррэ «Шыхэр» зыфIаща я тхылъым абы щытопсэлъыхь.
- Дызэрыт зэманым Кавказ Ищхъэрэм щылажьэ Комиссэм адыгэшхэр къигъэщхьэпэурэ гъунапкъэр зыхъумэ шыхэм закърегъэужьыж, илъэс къэс шы 300-м нэс ищэхуурэ. Адыгэшхэр хагъэ- хьэ бгырыс артиллериеми, я нэхъ инхэр — шуудзэм ягъакIуэ. Кубань къэзакъыдзэм и полк 11, Тэрч къэзакъыдзэм и полки 4, батарееу 7 дишхэмкIэ къызэгъэпэщащ. Зи щIыхьыр ин пащтыхьым и зауэлI- хэу Тэрч, Кубань сотнэхэм хэт зауэлIхэр зэрыщыту, е я нэхъыбэр зытесыр адыгэшщ.
- Адыгэшым щIэупщIэшхуэ зэри-Iэр нэрылъагъу дыдэщ. Илъэсищ фIэкIа мыхъуа шыщIэхэр щхьэзэрыфIэтхъыу ящэху, езы шы лъэпкъыр илъэситху-хым нэсыху балигъыпIэ зэримыувэм хуэдэу.
- Зи гугъу тщIы Iуэхугъуэхэр щы-хьэт наIуэу хуоув зыгуэрхэм жаIэм уедаIуэу а шы лъэпкъыр бгъэкIуэдыж зэрымыхъунуми, ар урыс армэм дежкIэ зэрыщхьэпэми, адыгэшым и гъэхъукIэм гулъытэу хуэщIын хуейр зыхуэдизри къыбгурагъаIуэ.
- ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, шы гъэхъуным зыщIэбгъэкъуэныр цIыху гъащIэм дежкIи мыхьэнэ зиIэ Iуэхущ. Адыгэр щыпсэу щIыпIэмрэ зыхэпсэукI Iэмалхэмрэ ирахулIащ шыр фIыуэ илъагъуным, шы гъэхъукIэ Iэзагъыр и лъым хэпща хъуащ, абы къыхэкIыу станицэхэм щыIэ зэгухьэныгъэхэми, урыс къуажэхэми, нэмыцэ колониехэми я шы табынхэр адыгэхэм IэщIалъхьэмэ ягу нэхъ мэзагъэ. Яубыд щIыналъэми, зэрыпсэу щIыкIэми бгы- лъэ Къэбэрдейм и Iыхьэ нэхъы- бэм шы гъэхъуныр псэукIэ Iэмал нэхъыщхьэу къаригъэщтащ, мэкъумэш лэжьыгъэхэм нэхърэ ар нэхъ яфIэфейдэуэ.
- ЩIэуэ къежьа щIы гъэпшэрыкIэхэм хуэмыIэзэ Къэбэрдейр, щэн-къэщэхуным хуэщIа хьэлрэ хэлъэтрэ зэримыIэм къыхэкIыу, шы гъэхъуныр IэщIэхумэ, зыхэпсэу-кIын лэжьыгъэ имыгъуэтыжу къэнэнущ. Ауэ щыхъукIэ, армэми езы къэбэрдей цIыхубэми я фейдэш- хуэ зыхэлъ шыхэр хокIуэдэж. Уней шы гъэхъукIэмрэ ар ефIэкIуэн папщIэ къэзакъ станицэхэм къыщызэIуах заводхэмрэ шэщхэмрэ нобэр къыздэсым Тэрч, Кубань къэзакъыдзэхэр шыкIэ яузэды- жын Iуэхум къызэрыхуэсэбэпа щыIэкъым. А Iэмалыр икIи асыхьэтым зэпхъуа хэкIыпIэ къудейт: абдежым зыхэхуа лъэпощхьэпор ящхьэщихыпэми, къэзакъхэм фейдэ къахуэзымыхь шы гъэхъуным нэхърэ мылъку къызыпэ-кIуэ мэкъумэш Iуэхум дзыхь нэхъ хуащI. Шы лъэпкъыфI зэрамыгъуэтым къыхэкIыу, нэхъ шы лъэпкъ мыхьэнэншэхэр, нэхъыбэу — нэгъуеиш цIынэхэр, шы хьэлъэхэр къащтэ. Ауэ щыхъукIэ, Къэбэрдейм шы гъэхъукIэм зэрызебгъэужьыфынури, адыгэшыр ебгъэфIэкIуэным мыхьэнэ зэриIэри, а Iуэ- хур къэбгъанэ зэрымыхъунури уи нэкIэ уолъагъу.
- Адыгэшым зыкъиужьыжын папщIэ, табынхэм шы лъэпкъыфIым щымыщ, япэ къэс хакIуэ мыхьэнэншэ хэбгъэхьэ хъунукъым. Ап-хуэдэхэр къыщекIуэкI шы гъэхъу-пIэхэм ахэр япэIэщIэ щIауэ, адыгэш къабзэу щыт хакIуэхэр яхэутIыпщхьапхъэщ. Шы табынхэм ярикъун шхын яIэрыгъэхьэн, гъэмахуэм хъупIэ нэхъыфIхэр ялъыгъэсын, сыт щыгъуи гугъуехь пы-лъу хъупIэр яхъуэжын хьэзабым хэгъэкIын, зыщIэтын шэщ яхуэу-хуэн, щIымахуэм зрикъуну мэкъу яIэрыгъэхьэн хуейщ.
- ХьэтIохъущокъуэхэ, Наурызхэ, Абыкъухэ, Куэцэхэ, Шалбархэ, Лафыщхэ, ТэукIэщхэ, нэгъуэщIхэми я шэщхэр щапхъэу къапщтэмэ, зыхуей хуэзэу пхъумэ адыгэшым къызытехъукIахэм ябгъэдэлъа щытыкIэр къабгъэдэнэу жыпIэ хъунущ. Абыхэм, уеблэмэ, дзэм и мардэ ткIийхэри яхьыф, арщынитIрэ плIалэрэ я лъагагъщ.
- А шыхъуэхэм я шыщIэ илъэс фIэкIа мыхъуахэр Налшыкрэ Псыхуабэрэ илъэс къэс щекIуэкI шы гъэлъэгъуэныгъэхэм хэтщ, я лъагагъкIэ арщынитIым нос. Ахэр инджылыз шыщIэхэм къахэпцIыхукIыну гугъущ, яхуэфащэуи саугъэтышхуэхэр къахь. Зи гугъу тщIахэм яшхэр пасэу икIи уасэшхуэкIэ ящэху зэпытщ, абы и щхьэусыгъуэр хакIуэхэр хэплъыхьауэ къызэрыхахырщ, фIыуэ зэрагъаш-хэрщ, зэракIэлъыплъырщ.
- А зи гугъу тщIыхэм щхьэкIи къэмынэу, а шыхъуэхэм я табынхэри кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу: мэкъу щеуэн, шыхэр щагъэхъун хъупIэ яIэкъым, щIыр хьэхуу къэпщтэну лъапIэ хъуащ, Iэщышхуэрэ мэлрэ зепхуэныр нэхъ фейдэщи. Къэбэрдей хъупIэхэр зыхуей хуэ- зауэ гуэша хъуакъым, къызэрагъэсэбэп хабзэхэр зэтеухуакъыми, псэущхьэр зыхуей хуэбгъэзэным зэраныгъэшхуэ къыхуехь, псом хуэмыдэу къэбэрдей шы зехуэ- кIэм.
- «Унафэшхуэм» («Высочайший акт») ипкъ иткIэ, Дзэлыкъуэрэ Къущхьэхъурэ «Iэщ гъэхъуным, псом хуэмыдэу шы гъэхъуным хухэгъэщхьэхукIащ». Ауэ щыхъукIэ, ахэр къуажэ зыбжанэм унэ-лъап-сэу дэт бжыгъэм елъытауэщ зэрагуэшар, а унагъуэхэм шы ягъэхъу-ямыгъэхъум емылъытауэ. Апхуэдэ гуэшыкIэм и зэранкIэ, щIы нэхъыфI къызылъыса, тафэм тес къуажэдэсхэм шы зэрахуэ нэхърэ мэкъумэш ящIэ-мэ нэхъ къащтэ, Iэщуи шыуи ябгъэдэлъышхуэ щыIэкъым. Адрей къуажэу шы гъэхъуным нэхъ пыщIахэм ягъэхъу шы бжыгъэм тепщIыхьмэ, абыхэм хъупIэ ямыIэ пэлъытэщи, шы щызэрамыхуэ къуажэхэм щIы хьэху къыщащтэн хуей мэхъу. Апхуэдэм дежи къаIэрыхьэр нэхъ хъупIэ Iейхэращ, нэхъыфIхэр мэлхэм лъагъэс, мэлыхъуэхэм нэхъ уасэшхуэ зэратыфым къыхэ-кIыу.
- Шыхъуэхэм къаIэрыхьэ хъупIэ-хэм мэкъу щеуэнуи, шэщ щаухуэнуи, мэкъумылэ щIалъхьэнуи хуиткъым. А щIыхэр къызэрагъэсэ- бэп хабзэм итщ: «Къущхьэхъу, Дзэлыкъуэ хъупIэхэм яубыд щIыналъэм и кIыхьагъкIэ псэупIэ щаухуэныр яхуэмыдэн».
- Табынхэм гъатхэми, гъэмахуэми, бжьыхьэми, шыщIэ къэхъугъуэми, абыхэм я хэхъуэгъуэми — сыт щыгъуи хъупIэхэр яхъуэж зэпытщ, верстищэм щIигъу якIуу. Апхуэ- дэу зэрыщытым къыхэкIкIэ, шы-шыщIэ куэд мэкIуэд, къащIэхъуэр нэхъ мащIэщ, я пкъым зиужьыркъым. Ауэ щыхъукIэ, абыхэм щIымахуэр Дзэлыкъуэрэ Къущхьэхъу-рэ щрахыфу щытамэ, абы щыIэ мэкъу дыгъэлыр яIэрэ гъатхэ па-сэм занщIэу губгъуэм ихьэфу, я бжыгъэми хэхъуэнут, езыхэри ефIэкIуэнут.
- Зэкъым, тIэукъым шыхъуэ щхьэхуэхэр Iуэхур зи IэмыщIэ илъ унафэщIхэм зэрелъэIуар Дзэлыкъуэ-рэ Къущхьэхъурэ зы шым дестыни 10 е 15 хуэзэу, дестынэ къэс кIэпIейкIипщIкIэ щIы къыщыхупачыну, ауэ Къэбэрдей лIыкIуэхэм я зэхуэсым а лъэIур къабыл ищIакъым. А хъупIэхэр ахъшэ хэхъуапIэ нэхъ ину зыбж Къэбэрдейр арэзы техъуэфынукъым цIыху зыбжанэм къыхалъхьэ жэрдэмым.
- ИтIани, шы гъэхъун Iуэхур иджыпсту щIыр къызэрагъэщхьэпэ хабзэхэм текIуадэми, шыхъуэхэм я жэрдэмхэри лъэпкъым и мылъку къэлэжьыкIэм темыхуэми, а Iуэхум хэкIыпIэ иIэщ. А хэкIыпIэр мызэ-мытIэу Къэбэрдей лIыкIуэхэм я зэхуэсым лъэпкъым къыщхьэщыж нэрыбгэ щхьэхуэхэу шы гъэхъунымрэ Iэщ зехуэнымрэ зыщIэгъэкъуэн хуейуэ къэзылъытэхэм къыщапсэлъащ:
- Дзэлыкъуэрэ Къущхьэхъурэ яубыд щIыр къэбэрдейпсо мылъку щIауэ, абы хуэныкъуэ цIыху щхьэхуэхэмрэ зэгухьэныгъэхэмрэ бэджэнд уасэкIэ етын (уасэр зэхуэсым егъэув, Дзэлыкъуэ — сомитIкIэ, Къущхьэхъу — кIэпIейкIэ 30-м фIэмыкIыу).
- Дзэлыкъуэ зы шым дестыни 8 нэхърэ нэхъ мащIэ щыхуэзэ хъунукъым, Къущхьэхъу — дестынэ 14.
- Бэджэндым и пIалъэр зи гугъу тщIы хъупIэхэм илъэс 12-м щынэгъэсын хуейщ. ЩIыр къэзыщтэхэр хуит ящIыпхъэщ абы цIыхухэмрэ шыхэмрэ щыпсэун ухуэныгъэ иращIыхьыну.
- А хъупIэхэм шы щагъэхъу къудей мыхъуу, мэкъу щеуэнуи хуит щIын хуейщ.
- Дэри а жэрдэмхэр ядыдоIыгъ, мылъку и лъэныкъуэкIэ ар Къэбэрдейм дежкIи, шыхъуэхэм я дежкIи, Iэхъуэхэм я дежкIи фей-дэуэ къэтлъытэу.
- «Апхуэдэ щIыкIэу щIыр къэбгъэщхьэпэмэ, — къыдыщIагъу а жэрдэмыр къыхэзылъхьахэм, — Къэбэрдейм Iэщ гъэхъупIэу итыр, шэч хэмылъу, ефIэкIуэнущ, сыту жыпIэмэ, Iуэхур зи пщэ дэлъынур ар зыфIэфIхэращ. Абы и фIыгъэкIэ, гъэ къэс нэхъ дэхуэх шы гъэхъун Iуэхуми зыкъиужьыжынут, нобэ сом мин 50-м нэс къэбэр- дейпсо мылъкури мини 120-м нэсынут».
- Ауэ аркъудеймкIи зыкъыпхуегъэужьыжынукъым адыгэшым. Зауэ Iуэхум хуэщхьэпэн папщIэ, адыгэшыр увыIэгъуэ имыIэу лъы къабзэ зыщIэт шы лъэпкъхэмкIэ егъэфIэкIуэн хуейщ: инджылызышымрэ хьэрыпышымкIэ. Апхуэдэу инджылыз-хьэрып-адыгэшым зебгъэужьмэ, къэзакъыдзэхэри гъунапкъэ хъумакIуэхэри зыхуэныкъуэм хуэдиз бжыгъэ къыпхуэгъэхъуным къыщымынэу, шуудзэми ухуэщхьэпэфынущ. Адыгэшыр егъэфIэкIуэн Iуэхур иджы дыдэ ублэн хуейщ, экономикэм и щытыкIэмрэ псэукIэмрэ зэрызахъуэжам и щхьэусыгъуэкIэ табын гъэхъукIэр гуартэ гъэхъукIэм щыхуэкIуэ зэманым къриубыдэу, пIалъэ гуэр дэкIмэ, ари къутырхэм щагъэхъуу хуежьэнущ.
- Апхуэдэ щIыкIэу шым убгъэдыхьэныр щхьэпэ зэрыхъунуми, абы мыхьэнэ зэриIэнуми, дызэрыхущIемыгъуэжынуми, адыгэшхэм ар зэрахэзэгъэнуми и щыхьэту къоув пщы СулътIан-Джэрий, граф Строганов, Пеховский, Монгер сы-мэ я шы заводхэр. А зи гугъу тщIа псоми лъабжьэ яхуэхъуар адыгэшхэм хьэрыпышымрэ ин-джылызышымрэ зэрыбгъэдагъэхьаращ. Ахэр икIи шуудзэр иризэбгъэпэщыжынкIэ икъукIэ къощхьэ-пэ.
- А мурадыр яIэу къызэрагъэпэ- ща Тэрч заводым и шэщыр зэрыщыIэ лъандэрэ гур къыщIэзыубыдэн лъагапIэ лъэIэсакъым. Апхуэдэу щIэхъур а заводхэм щыIэ хакIуэхэр лIэужьыгъуэрэ лъыкIэ зэрымыхьэнэншэр, хьэмэ шыхъуэхэр зэрыхуэмыхуракъым. Щхьэусыгъуэр шы заводхэр лэжьэну зэрыхуит хабзэхэмрэ адыгэ табынхэр зэрыт щытыкIэмрэ зэрызэхуэмыкIуэращ.
- Япэрауэ, ар икIи мыхьэнэ нэхъ ин дыдэ зиIэращ — заводым щыIэ хакIуэхэр хьэзыр щыхъум деж, шыбзхэр хьэзыр хъуркъым: ахэр е шыщIэ къащIэхъуэнум поплъэ, е шхынкIэ зыхуей хуэмызэу ирахьэ-кIа щIымахуэ нэужьым зыкъаужьыжакъыми, къарууншэхэщ. Ахэр хьэзыр щыхъум деж, хьэуар хуабэIуэ мэхъу, шы бадзэхэр къожьэ-ри, хакIуэхэми я жыджэрыгъуэр йокI.
- ЕтIуанэ Iуэхур, шыхэр IэкIэ зэбгъэдашэу адыгэхэр зэремысарщ. ВерстипщIкIэ шыр кърашу ар ма-хуэ бжыгъэкIэ шэщым щIагъэтыныр, е я мурадым лъэмыIэсых-хэу ягъэзэжыныр абыхэм я дежкIэ къызэрымыкIуэу хьэлъэщ. Адыгэ шыхъуэр завод шэщым къепша-лIэу а Iуэхум ебгъэсэн папщIэ, а шэщым хъупIэ пэгъунэгъун хуейщ, зи гугъу тщIы ши 7-8-р зиIэ шы- хъуэм махуэ бжыгъэ щрихыфын хуэдэу. Тэрч шэщым къылъыс дестынэ 300-м хасэ мэкъумылэр езы шэщым ирикъуж къудейщ, шы гъэхъупIэу зы щIы кIапэ щыIэкъым.
- Къэбэрдейм хуэлэжьэну зи къалэн заводым и шэщыр иджыпсту здэщыIэм къыщынэми, Дон шуу-дзэм и Iэщ дохутыр зиусхьэн Костанянц зэрыжиIэм ещхьу, Налшык яхьми, ар адыгэшыр псынщIэу езыгъэфIэкIуэн Iуэхукъым. Дэ дызэрегупсысымкIэ, апхуэдэ шы зэхэгъэхьэпIэхэр бгым пэгъунэгъу, шы нэхъ щызэрахуэ Къэбэрдей къуа- жэ къэс къыщызэIухын хуейщ, зым хакIуэ тIурытI хуэзэу, Iуэхум хэзыщIыкI кIэлъыплъакIуэ Iэзэм, Тэрч шэщым и унафэщIым, IэщIагъэм хэзыщIыкI абы и лэжьакIуэхэм я нэIэ щIэту.
- Дэ шэч къытетхьэркъым — абы щыхьэт куэди иIэщ — апхуэдэ щIыкIэкIэ къэбэрдей шы гъэхъукIэр ебгъэфIакIуэмэ, зэман кIэщIым къриубыдэу къэралыгъуэмрэ цIы- хубэмрэ деж мыхьэнэшхуэ щызиIэ а Iуэхум зыкъызэрыригъэужьыжынум.
- Иужьрей илъэсым Кавказ Ищхъэрэм и КъызэгъэпэщакIуэ комиссэм къэралым папщIэ шы зыгъэхьэзыр къэбэрдей адыгэ зыбжанэм дон шы лъэпкъым щыщ хакIуэ зырыз иратащ, езы Къэбэрдейми а шы лъэпкъым щыщу хакIуих къищэхуну ахъшэ къыхуиутIыпщащ. Щапхъэрэ Iэзагърэ зэрыдимыIэм къыхэкIыу, дэ зэкIэ дыщыгъуазэкъым дон шы лъэпкъымкIэ адыгэшыр ебгъэфIэкIуэну ухуежьэным щхьэпа- гъыу хэлъыр зыхуэдизым. Ауэ тщIэр зыщ: иджыпсту зекIуэ шы зехуэкIэмкIэ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, ахэр табынрэ гуартэу зетхуэу къанэмэ, шы гъэхъукIэ Iэмал нэхъыфIхэм зедгъэсэху, а лъэныкъуэмкIэ къэбгъэсэбэпыну нэхъыфIыр табыным хэту яIыгъ губгъуэш лъэпкъхэращ. Абы къыхэкIыу, дон шы лъэпкъхэм адыгэшыр ирагъэфIэкIуэнумэ, шы лIэужьыгъуэр зэIимыгъэхьэу нэхъ ин ищIыфынумэ, и фIагъми и бжыгъэми хигъэхъуэну къыщIэкIмэ, ар жэрдэм Iейкъым.
- Iуэхур зыIутращи, адыгэшым и бжыгъэм хощI. Кавказышхэм я нэхъыфI дыдэр кIуэдыжыпэнкIэ шынагъуэ щыIэщ. Нэхъ шууеифI дыдэхэм, шы гъэхъуныр ялми ялъми хэту дунейм къытехьэ къэбэр-дей адыгэхэм, къыдалъхуауэ фIыуэ ялъагъу я IэщIагъэр хыфIадзэн хуей мэхъу.
- Дон шы лъэпкъым къэрал мылъку хухэзыгъэкI IуэхущIапIэм и къалэнщ адыгэшми дэIэпыкъуну, ар хъума хъун, ирагъэфIэкIуэн папщIэ, къэзакъыдзэмрэ гъунапкъэр зыхъумэхэмрэ къахуэщхьэпэн хуэдэу. Дэ дыщогугъ Шыхъуэхэм я урысейпсо съездыр зауэ IэнатIэм зи пщIэр щызыIэтыжа мы шы лъэпкъ махуэм къыщхьэщыжыну.
- Шыхъуэхэм я япэ урысейпсо съездым и лэжьыгъэхэр,
- ЕтIуанэ том, Мэзкуу, 1910 гъэ.