Балъкъэр Тамарэ: Уи гукъеуэр зытебгъакIуэ хъунукъым
2018-11-07
- Нобэ ди псэлъэгъущ КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, доцент, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и институтым актёрскэ IэзагъымкIэ и кафедрэм и унафэщI, СТД-м и правленэм хэт, псоми фIыуэ тлъагъу Балъкъэр Тамарэ.
- Мы махуэхэм зи ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъуа Тамарэ гукъинэжу щыджэгуащ «Женитьба» (Гоголь Н., Агафье Тихоновнэ и ролыр), «Iэдииху» (Акъсырэ З., Iэдииху и ролыр), «Тихий Дон» (Шолохов М., Аксинье и ролыр), «Двенадцатая ночь» (Шекспир У., Виолэ и ролыр), «Как управлять женщиной» (Флетчер Д., Кларэ и ролыр), «Тартюф» (Мольер Ж-Б., Эльмирэ и ролыр) спектаклхэм. Иужьрей зэманым Тамарэ театреплъхэм я пащхьэ къихьащ «Унэ лъапIэ», «ХьэжьэIужьэ», «Нагъуэ и унагъуэ» спектаклхэм, нэгъуэщI зыбжанэми щигъэзэщIа ролхэмкIэ.
- Тамарэ артистыфI къудейкъым, атIэ гъащIэм и пщэ къыщыдэхуэ къалэнхэри нэсу зыгъэзэщIэф цIыхущ. Ар театрым щытепсэлъыхькIэ, абы хуиIэ лъагъуныгъэр шэч къызытумыхьэжынщ, утыкум иту щыплъагъукIи, а IэщIагъэм къызэрыхуигъэщIар хьэкъщ. Ди гуапэу фыщыдогъэгъуазэ абы и дунейм, и ролхэм ятеухуауэ къыджиIахэм щыщ.
- Ролищэм щIигъу
- Артист IэщIагъэм къищынэмыщIа, сызэрыцIыкIурэ дохутыр е юрист сыхъуну сыщIэхъуэпсырт, ауэ сыактрисэу си нэгу къызэрыщIэзгъэхьэу, адрей псори екIуэтэкIырт. СыщыцIыкIум си закъуэ унэм сыкъыщIанэмэ, ди анэм и бостейхэр щыстIагъэрт, гъуджэм сыбгъэдэувэрти, зыгуэрхэм запысщIыжу сыбгъэдэтт. Школым сыкIуа иужь, гуащэ театрымкIэ гупжьейм сыхыхьащ. Етхуанэ классым сыщIэсу «си артистыным» къыпэкIуэу гонорар къызатати (мащIэ дыдэт зэрыхъури), сэ сызэрыгушхуауэ щытар зэи сщыгъупщэжынкъым. А IэщIагъэм сыщIэхъуэпс къудейтэкъым, лъэбакъуэ цIыкIуурэ абы сыхуэкIуэрт, зыхэзгъэгъуазэрт. Уеблэмэ артист цIэрыIуэхэм письмохэр яхуэстхырт, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Быстрицкая Элинэ къысхуитхыжауэ щытат. Абы къызжиIат артист IэщIагъэм Киев зэрыщыхуеджар, сэри абы сыщIэтIысхьэну тезухуат. Ди анэм дохутыру сригъэджэну щIэхъуэпсырт, зэрыфщIэщи, а зэманым артист IэщIагъэм пщIэшхуэ хуащIыртэкъым, абы адыгэ хъыджэбз хуезыгъэджэну зыутIыпщыфынури зырызт. Си анэмрэ анэшхуэмрэ си мурадыр ягъэдахэртэкъым, ауэ абы сигури си псэри зэрыхэлъыр щалъагъум, икIуэтыжащ. Арати, Щукиным и цIэр зезыхьэ училищэм си документхэр естыну Москва докIуэ си анэмрэ сэрэ. Экзаменхэр стыхукIэ, си анэр абы щилъагъухэм ягъэгужьейри, си документхэр къыIихыжат. Хуабжьу си жагъуэ хъуат ар. «НтIэ, ди театрым сыкIуэнущ», — жесIащ, си нэщхъыр зэхэлъу. Игугъа къыщIэкIынт сыкъамыщтэну.
- Театрым сыщыкIуа махуэр зэи сигу ихужынукъым. Нэхъыжь гупыр къетIысэкIауэ пщIантIэм щызэхэст (ТIыхъужь Алий, ДыщэкI КIунэ, Балъкъэр Кэлисэ, Сонэ Мухьэрбий, Сибэч Быхуэ сымэ). Абыхэм пщIэшхуэ яхуэсщIырт, сащыукIытэрти, сышынэурэ ерагъыу саблэкIыу театрым сыщыщIыхьам, псыр къыспыжырт. Роль гуэрхэр сагъэгъэзэщIа иужь, театрым сыкъащтауэ щытащ. Ауэ зэфIэкI пхэлъ къудейкIэ зэрызэфIэмыкIыр сэ фIыуэ къызгурыIуэрти, седжэну сыщIэхъуэпсырт. Щукиным и цIэр зезыхьэ училищэм къикIауэ артист къызыхэкIыну зыхуигъэфащэхэр къыхэзых егъэджакIуэм махуэ гуэрым сыбгъэдыхьэри седжэну сызэрыщIэхъуэпсыр жесIати, тхыгъэ гуэрхэм щыщ пычыгъуэ зыбжанэ сыкъригъэджа иужькIэ, игу срихьри, къалащхьэм еджапIэ сыкIуэну сригъэблэгъат. Насыпышхуэт ар си дежкIэ. Ар къэзухри, илъэс зыбжанэ фIэкIа ди театрым сыщымылэжьауэ, си щхьэгъусэр Молдавием щыщти, абы дымыкIуэжу хъуакъым. Абы илъэс 11-кIэ дыщыпсэуащ. Чехов Антон и цIэр зэрихьэу Кишинёв дэт урыс драмэ театрым, «Молдова-фильм» киностудием, ГъуазджэхэмкIэ институтым артист IэщIагъэм хуезгъаджэу сыщылэжьащ. Сэ езгъэджахэм ящыщ куэд а IэнатIэм щыпэрытщ, дуней псом къыщацIыху артистхэри къахэкIащ.
- «Данэм сыхэсми, сыхэхэсщ», — жыхуиIэращи, театр-
- ми институтми си Iуэхур хьэлэмэту щызэтеублами, хэкум хузиIэ лъагъуныгъэр къыстекIуэ зэпытти, сыкъэ-
- кIуэжащ. КъищынэмыщIауэ, си анэмрэ анэшхуэмрэ я ныбжьыр хэкIуэтати, абыхэми сакIэлъыплъыжын хуейт. Ди театрым щылэжьэн щIэздзэжри, гъащIэр и пIэ иувэжащ. ГъуазджэхэмкIэ институтым актёр, режиссёр IэщIагъэмкIэ кафедрэхэм сраунафэщIу сылэжьащ. Артистым дежкIэ псом нэхърэ нэхъ лъапIэр цIыхухэм фIыуэ къалъагъунырщ, абы игъэзащIэ ролхэм дерс, гупсэхугъуэ къыхахынырщ. Быным хуэдэущ сэ си ролхэм сазэрыхущытыр, зэхэгъэж сиIэкъым, зэхуэдэу фIыуэ солъагъу, роль цIыкIуми инми арэзы сыхъуху соныкъуэкъу. Ролищэм щIигъу щызгъэзэщIащ утыкум, нобэ абыхэм сахэплъэжмэ, «мы ролыр сымыгъэзэщIами хъунут» жысIэу сызытеукIытыхь е сызыхущIегъуэж яхэткъым, си беягъэщ псори. ЗгъэзэщIахэр къызыхуэтыншэу къызэхъулIауэ схужыIэнукъым, ауэ хьэкъыр зыщ, си щхьэхынагъэкIэ зыри къэзгъэнакъым. Ди псалъэмакъым и пэщIэдзэм дохутыр, юрист сыхъуну сыхуейуэ жысIатэкъэ, иджы согупсысри, сэ къыхэсхари зыкIэ нэхъ мыхьэнэншэтэкъым абыхэм нэхърэ. Дохутырым цIыхум и Iэпкълъэпкъыр узыншэ ещIыж, юристым ныкъусаныгъэм кърегъэл, артистым цIыхупсэр ехъумэ.
- IэщIагъэгъэщIэгъуэн
- Артист IэщIагъэм хэлъ гугъуагъращ гъэщIэгъуэн зыщIыжыр. Артистыр набдзэгубдзаплъэу, абы цIыхухэр фIэгъэщIэгъуэну, дэтхэнэми хэлъ хьэлыр къиубыдыфрэ ар и образхэм къыщигъэсэбэпыфу щытыпхъэщ. Армыхъумэ, и фащэр ихъуэжрэ жиIэнур зригъащIэкIэ артистым ролыр къыхуэщтэнукъым. ПхъащIэм пхъэ тыкъырым лейуэ кIэрылъыр кIэриупсыкIыурэ зыхуейр къызэрыхихым хуэдэу, артистри золэжьыж. Артистхэм ди гъащIэр плъыфэбэщ, куэдрэ зытхъуэжын хуей мэхъу. Ауэ мыри згъэунэхуащ: ролхэм гъащIэм ухуагъэхьэзырыркъым, гъащIэращ ролхэм уахуэзыгъэхьэзырыр. Аращ ныбжь зиIэ артистхэр нэхъыфIу щIэджэгур. КъищынэмыщIауэ, куэдрэ къыщытхуихуэ щыIэщ гуауэ диIэу гушыIэ спектаклхэм дыщыщыджэгун хуейуэ. Гугъущ, шэч хэмылъу, ауэ цIыхухэр театрым къыщIэкIуэр гушыIэ дахэ еплъыну, загъэпсэхунуращи, уи гуауи, уи гукъеуи зытебгъакIуэ хъунукъым. Си дуней тетыкIэм зыкIи къытемыхуэ роль гугъу къызатауэ куэдрэ къысхуихуащ сыщызэныкъуэкъуж, зыми сримыщIысу жысIэу си щхьэм мыгъуагъэ щыхуэсхьыж. Ауэ, сценэм мэгъу къару ин иIэщи, абы сыщимытым цIыху ныкъуэу зыкъысщохъуж. Сэ къызгуроIуэ утыку ихьэкIи икIыжыкIи пщIэн зэрыхуейр, зэгуэр сэри театрым «хамэ» сызэрыщыхъунур. Си акъыл ситу, си лъэм сызэрихьэу, цIыхум я деж гупсысэ нэсхьэсыфу сыщытыху сылэжьэнущ, итIанэ театреплъхэм сакъыхэтIысхьэнущ.
- Театр утыкуращ
- сыщыартистыр
- Куэдрэ къысхуихуэрт, гуп сыхыхьамэ, «уэ уартистщ, еуэт дыгъэдыхьэшхыт» — щыжаIэ. «Сэ сыажэгъафэкъым, сыартистщ!» — естыжырт жэуап. СфIэфIкъым гулъытэ лей къыщысхуащI гуп. Сэ театр утыкуращ сыщыартистыр. Сэ схуэдэ щымыIэу жаIэу щызэхэсхкIи, соукIытэ. КъыздэгъуэгурыкIуэхэм ягъэщIагъуэ си нэщхъ зэхэлъу зэи сыкъызэрамылъагъур. ЦIыху къэс гъащIэ зырыз щIыдиIэр гугъуехьхэм дапэлъэщу, фIыр дгъэбагъуэу дыпсэун папщIэщ, армыхъумэ, мыхъумыщIагъэу ди гъащIэм хэлъыр ди хъуреягъым ятедгуэшэн щхьэкIэкъым. Сытым хуэдэу сфIэфI си студентхэр къызбгъэдыхьэу «IэплIэ пхуэтщI хъуну, сыту уцIыху гуапэ» — щыжаIэкIэ. Апхуэдэу жысIэ щхьэкIэ, студентхэм сеубзэ защIэу сабгъэдэткъым, уемышхыдауэ жепIэр къызыгурымыIуи яхэтщ абыхэм. Паркым сошэ, садоуэршэр, си унагъуэ нохьэ, сымаджэ хъуамэ, зэгъусэу дащIоупщIэ, мэжалIэ слъагъумэ, сом хузоший. ЦIыхугъэм и къарур инщ, аращ цIыхур цIыху нэс хъуну езыгъэхъуапсэр.
- Си щIыбагъыр
- Си анэ тхьэмыщкIэм иIэр сэ зырати, егъэлеяуэ фIыуэ сыкъилъагъурт. Къыхэсха IэщIагъэр фIэмыфIыщэми, си хъуэпсапIэр япэ иригъэщри, нобэ сызытет гъуэгум абы и фIыгъэкIэ сытехьа хъуащ. Москва сыщеджэху, тхьэмахуэм тIэу хъуржынышхуэм из шхын нысхуригъашэрти, ди общежитым щIэсхэр дгъэтхъэжырт. И хьэдрыхэ фIы ухъу!
- ИджыкIэ си дунейр схуагъэдахэ си щIалэм и унагъуэмрэ, «нанэ»-кIэ къызэджэ пщащэ тхьэIухудхэмрэ.
- ГъащIэм
- сыхуэарэзыщ
- Сэ сащыщщ гъащIэм хуэарэзыхэм. Ауэ иджыри сызыхунэмысар куэдщи, мис абыхэм сагъэгумэщI. Иджыри согугъэ зыгуэрхэри схузэфIэкIыну.
- Щомахуэ Залинэ.