Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2018-08-11
- Зы уэрэдым и хъыбар
- „Адэхэр мэжей“
- Хэку зауэшхуэм теухуа уэрэдхэм ди гъащIэм увыпIэшхуэ щаубыд, сыту жыпIэмэ абы ижь зыщIимыхуа, ар зылъэмыIэса унагъуэ щыIэкъым. Илъэс дапщэ дэкIами, нобэр къыздэсым цIыхубэм ар ящыгъупщакъым. Зауэ гущIэгъуншэм теухуа тхыгъи усэ куэди ятхащ, уэрэдхэри яусащ. Зи гугъу тщIы уэрэдыр и IэдакъэщIэкIщ уэрэдус, макъамэтх Щомахуэ Хьэсэнбий.
- — Си гъащIэм къыщымыхъуарэ си нэгу щIэмыкIарэ сэ зэи стхыкъым, — жеIэ Хьэсэнбий. — Мы уэрэдми лъабжьэ хуэхъуар си гъащIэм и зы Iыхьэ нэхъ гугъу дыдэхэм ящыщщ. Сэ зэи си адэр слъэгъуакъым — ныбэм силъу ар зауэм кIуэри къигъэзэжакъым. МащIэ гугъуехьрэ бэлыхьрэ ди нэгу щIэкIакъым. Фызабэу къэнахэм я бынхэр япIын папщIэ ятелъа хьэзабыр уэрэдкIи усэкIи къыпхуэмыIуэтэжынщ. Зэи сымылъэгъуа си адэм, сэ схуэдэу къэна псоми я фэеплъу стхащ мы уэрэдыр.
- КIУНТIЫЩ — ХЬЭПЦIЭ Аннэ,
- КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист.
- * * *
- Адэхэр мэжейхэр, щымхэщ ахэр,
- Адэхэр сурэткIэ фIэкI тлъэгъуакъым,
- Адэхэм я гъащIэр щытщIатам,
- Фэеплъ зэ Iуплъэгъуи къытхуэнакъым.
- Ежьу:
- Дапщэ дыхъурэ адэм Iумыплъэххэу
- Хъыбарыншэу зауэм зыфIихьар?
- Зэ Iуплъэгъуэ закъуи зи нэджыджхэм
- Темылъыххэр нобэр къыздэсам.
- Адэхэр мэжей,
- Адэхэр мэжей.
- Удз гъэгъа нэхъ мыхъуми, фэ фи кхъащхьэр
- ЗдэщыIэр тщIатэм, нытетлъхьэнт,
- Дэнэ щIыпIэ фэ щыфтами фи псэр
- ТщIатэм, гум фэеплъу щызетхьэнт.
- Ежьу
- Фэ фи напэр яхъумащ щхьэгъусэу
- Нобэм къэскIэ фэ къыфпэплъэу щысхэм.
- Фэ фи лъагъуныгъэрщ тхуащIыр гъусэу
- Фэ фи ужькIэ къалъхужа фи бынхэм.
- Ежьу
- Фи гугъапIэхэр щопсэур дигу лъащIэм,
- Фи фэеплъщ ди нобэм тепсэ дыгъэр,
- Адэхэ, фыщIыгъухэщ фэ ди гъащIэм,
- Къуэдгъэхьэнкъым фэеплъ тхуэфщIа дыгъэр.
- Ежьу
- Хъыбар
- Агънокъуэ Лашэрэ шу мыцIыхумрэ
- Еуэри, бжьыхьэ махуэ гуэру Агънокъуэ Лашэ зекIуэ ежьэну мурад ещI, щIымахуэ гъуэмыли зэзгъэпэщынщ, си лIыгъэри здынэсыр згъэунэхужынщ жеIэри. Къущхьэхъу щIыпIэхэм нэсауэ мэлыхъуэ пщыIэ щрихьэлIэм, мэл къидыгъуну игу ирелъхьэ. АрщхьэкIэ, сыт хуэдэ Iэмал хуекIуа- ми, мэлыхъуэхьэхэм уэтэрым гъунэгъуу бгъэдагъэхьакъым.
- Къежьэжауэ къыздэкIуэжым, зы шу ирихьэлIэри зэпэщIэуващ. Агънокъуэр къригъэкIуэтащ икIи жэщ кIыфIым губгъуэжьым щищIэр жиIэну къыпиубыдащ.
- — Си унагъуэм езгъэшхын щIымахуэ ерыскъы зэзгъэпэщыну сыкъежьати, ар къызэмыхъулIауэ сокIуэж, — жиIащ Лашэ.
- ДжэгуакIуэр зыхуэза шуми апхуэдэ мурадт иIэу къежьати, Агънокъуэр гъусэ ещIри мэлыхъуэ пщыIэмкIэ яунэтI.
- — Иджы къызэдаIуэ, — жиIащ шум, Лашэ зыхуигъазэри. — Уэ уэтэрым гъунэгъу зыхуумыщIыщэу зы лъэныкъуэ убыди абыкIэ екIуэкI. Мэлыхъуэхьэхэр уи ужь ниувэнущ. АпщIондэхукIэ сэ тIуми дрикъун мэл хъушэм къыпысхунщи, нетIэ дыщызэхуэза щIыпIэм дыщызрихьэлIэжынщ.
- ЗэрызэгурыIуам хуэдэу я Iуэхур къехъулIащ. Лашэ мэл хъушэм япэ иту, шу мыцIыхур яужь иту нэху къатемыщхьэу жылэм къэсыжащ.
- — Фи унэм ныIухьэ, — жиIащ шум. — Щхьэж къылъысыр абы щыдгуэшыжынщ.
- ЗэхуэдитI ящIри, шум и Iыхьэр къыдихури къежьэжащ.
- «Апхуэдэ лIыгъэ къызыкъуэкIар хэтхэ ейми къэзмыщIауэ сымыгъуэлъыжын», — жиIэщ Агънокъуэми абы и ужь иуващ. КъуэжэкIэм нэсри, шум мэлыр дихуэри пщIантIэм дыхьэжащ. Агънокъуэр зэщIэувыIыкIащ: а унагъуэм цIыхухъу истэкъым. ПщIантIэм дыхьэрэ унэ щхьэгъубжэм дэплъмэ, илъагъур гъэщIэгъуэнт: мэлыр къэзыхуар зыщIыхьэжа пэшым и уэздыгъэр пигъанэри и пыIэр щхьэрихащ… Абы и лъабжьэм щхьэц кIыхьышхуэ къыщIэхуащ. Лашэ куэбжэм уври, джащ. ЗанщIэуи къамэр иIыгъыу цIыхубзыр унэм къыщIэувыкIащ:
- — ЦIыхухъу зыдэмыс пщIантIэм кърикуу къыдыхьэфар хэт? — жиIэри.
- Агънокъуэр къыщицIыхужым, ар губжьащ икIи къамэр игъэдалъэу къыбгъэдыхьащ:
- — Си напэ техын уи пщэм дэплъхьэжауэ ара?! Тхьэр си бийщ уи кIэтIийр плъэфу уэрамым удэзмыутIыпщхьэжмэ, — жиIэу.
- — Апхуэдэ мурад сиIакъым, — жиIащ Лашэ, къызэрыщтар и нэгум къищу. — Уи лIыгъэр згъэщIэгъуат, уи Iуэху зехьэкIэр сигу дыхьати, ар хэтхэ ейми зэзгъэщIэнщ жысIэри уи ужь сыкъиувауэ аращ.
- — Абы щыгъуэм плъэгъуар псори зыщыгъэгъупщэ. Ныщхьэбэ къэхъуам теухуауэ дунейм зы псалъэ къытебгъэхьэнщи, зэгъащIэ, узгъэпсэункъым, — жиIащ цIыхубзым.
- Бзылъхугъэр псэуху Агънокъуэм хъыбарыр ибзыщIащ. Ар дунейм ехыжауэ, и дыуэщIыр зэхэту цIыхухэм къахэувэри абы хэлъа лIыгъэмрэ гуащIэм-рэ и нэгу щIэкIауэ зэрыщытар иIуэтэжащ.
- ЦIыхубзыр хэтхэ ей жыфIэрэ фыщIэупщIэмэ, ар ЖынжьакIэхэ я нысэт.
- Зытхыжар Бесчокъуэ Далымщ.
- Лэскэн щIыналъэ,
- Хьэтуей къуажэ
- Темыркъан Юрий и илъэс
- Бжьамий
- Темыркъан Юрий деж
- Зэхигъэщкъыщкъэу
- лIэщIыгъуэжьхэр
- Мо бгыжьхэм щоIур ежьу гуэр…
- Гурымрэ гызу, мэз и щхъуэжьу,
- Къантэлоужьу хъуэпскIыу псэр.
- Зэгуэр ежьум бжьамий макъамэ
- КъамэхукIэ пыджэу къизэуар,
- Щыгузэвэгъуэм хъужти къамэ,
- Макъамэу гызт езыр зэуар.
- Утыку ихьамэ, зэIэпахыу
- Дыжьын бгырыпхыр щылыдыкIт.
- Дэнлъэч и дахэр къэзыуахэм,
- Я уагъэм гъыбзи къыхадыкIт…
- Дыдж пэтми, гъыбзэм иIэж хабзэр
- Бзэщхъуауэ зэи къэмыхъуа!
- Гъуащ бжьамий Iупэ зыхурабзэр…
- Ежьум сыт бзыпхъэт къилъыхъуар?
- Йожьэж ежьур, и ныбжьыр гызу,
- Мэзыщхьэ бгыжьхэр ныщIащыкI.
- КъыщыпкI я нэпсым къыхиху
- гъуэзым
- Мазэм пшэкIухь къыхухащIыкI.
- Бжьамий макъамэр къру дамэм,
- Дауи, мо къуршым щхьэпрахт,
- Ежьум щIаха бжьамий макъамэм
- Щаха и фащэр зэIэпах.
- ХЬЭIУПЭ ДжэбрэIил.
- Псалъэжьхэр
- Псым и жапIэр езым къегъуэтыж
- Насып зиIэм шыIэ иIэщ.
- Нащэр мыхъунумэ, кIэрэф мэхъу.
- Ныбгъуэр бгъасэми, хьэсэр и плъапIэщ.
- Ныбжьэгъуншэр зеиншэ пэлъытэщ.
- Нэгур гум и гъуджэщ.
- ПIалъэ мыщIыр жыжьэщи, пIалъэ щIар къос.
- ПащIэм къимыхьар жьакIэм къихьынкъым.
- Псалъэ бутIыпщам аркъэн кIэлъумыдзыж.
- Псым и жапIэр езым къе-гъуэтыж.
- Псым хэлъ пхъэр мэфри, фэм дэлъ гур мэбампIэ.
- Псым хэхуа гъущэу къыхэкIыжыркъым.
- Псэ зыпыт къупщхьэм лы къытокIэж.
- Псэ зыпыту мышынэ щыIэкъым.
- ПцIыр Iуданэ хужькIэ дытащ.
- Пэжыр къыумыщIэу унафэ тумыщIыхь.
- Пэжыр хущхъуэщ, пцIыр щхъухьщ.
- ГушыIэхэр
- АдэкIэ зыри щыIэжкъым
- Мусэ зэрыцIыкIурэ дрийпсырийт, къуейщIейт. Зы махуэ гуэрым абы и къуейщIеягъым къигъэтэмэкъа и анэм хуэмышэчыжу жеIэ:
- — ИкIэщIыпIэкIэ си натIэм урашу армэм уашэну Тхьэм жиIэ. Уашэми, щIым и гъунэ дыдэу адэкIэ зыри здэщымыIэжым уашэну. Сэри илъэс зытIукIэ узмылъагъуу зызгъэпсэхунт!
- Куэд дэмыкIыу Мусэ дзэм къулыкъу ищIэну яшэри, Чукоткэрэ Аляскэрэ щызэ-пылъ щIыпIэм и деж къэрал гъунапкъэр ихъумэну ягъэуващ. Мазэ зы-тIу дэкIауэ, Мусэ и анэм письмо къыIэрохьэ сурэти дэлъу.
- Къыдихрэ еплъмэ, си Мусэу плъагъум и Iэпэр хы лъэныкъуэмкIэ егъэлъагъуэ: «Уигу гъэзагъэ, си анэ, адэкIэ зыри щыIэжкъым», — кIэщIэтхат сурэтым.
- Ахъшэм сытетщ
- Япэ урокыр щIидзэнум къэнэжар дакъикъитхут, завхоз Исмэхьил школым и директор Iэубэчыр и дежкIэ телефонкIэ щыпсэлъам.
- — Iэубэчыр, уэлэхьэ, нобэ школым сынэкIуэфыну къыщIэмыкIын.
- — Сыт къэхъуар, Исмэхьил? Сыт укъыщIэмыкIуэфы-нур?
- — Плъагъуркъэ, Iэубэчыр, ди унагъуэм ахъшэ яфIэкIуэдауэ мэлъыхъуэ.
- — А зиунагъуэрэ, фи унагъуэм ахъшэ яфIэкIуэдауэ лъыхъуэмэ, уэ сыт абы хэпщIыхьыр?
- — А ахъшэм сэ сытетщ, Iэубэчыр!
- Думэн Мурадин.
- ЖыIэгъуэхэр
- Насыпым уелъэпауэмэ…
- Ахъшэ куэд зэхуэпхьэс нэхърэ, псапэ нэхъыбэ зэхуэпхьэсмэ нэхъыфIщ.
- Бзэгузехьэм и бзэгум пцIы куэд зрехьэфри, мэгуфIэ.
- ЗызыфIэIеижрэ зызыфIэделэжрэ иджыри къэс щыIакъым.
- Гъэхэр блэкIыурэ уэ укъанэ уи гугъэ щхьэкIэ, уэри уздашэ.
- Насыпым уелъэпауэмэ, и щIыб къыпхуегъазэ.
- ЦIыху Iейм и лъэужьыр гъэкIуэдыжыгъуейщ.
- Уи псалъэр кIэщIрэ купщIэ иIэу упсэлъэфмэ, акъыл тэмэм уиIэщ.
- «Уи анэм жиIэм уемыдэIуэну Iей дыдэщ, сэ абы сыхущIегъуэжащи, сыIэбэкIэ сылъэIэсыжыркъым», — жиIэрт быным.
- Лъагъуныгъэр фом нэхърэ нэхъ IэфIу жаIэ куэдым.
- ЦIыхум яхэмызагъэр щхьэ бжыгъэм хыумыбжэми хъунущ.
- Ямылейуэ дахащэхэм бзаджащэ къащыхэкIи къохъу.
- КIурашын Алий.
- Бахъсэн щIыналъэ,
- ХьэтIохъущыкъуей къуажэ
- Лъэпкъ шхыныгъуэхэръ
- ТебэкIэ гъэжьа бжэныл гъэгъупцIа, кIэртIоф, бжьын щIэлъу
- Бжэныл гъэгъупцIар зэпауд е зэпаупщI г 40-50 хъу тыкъыр цIыкIуурэ, псы хуабэкIэ ятхьэщI, тебэм иралъхьэ, псы щIыIэ щIакIэри, тебащхьэр трапIэ. Хьэзыр хъуху, псыр щIэвэщIэху, зэзэмызэ зэIащIэурэ мафIэ щабэм тету ягъавэ. Псыр щIэвэщIа нэужь къыщIидза дагъэмкIэ дакъикъи 5-8-кIэ, тхъуэплъ хъуху, зэIащIэурэ ягъажьэ.
- КIэртIофыр IупщIэурэ яупщIатэ, шыгъу трагъэщащэ, тIэкIу ягъэжэпхъыжри лы жьэм зэIащIэурэ халъхьэ. Тебащхьэр трапIэри дакъикъи 10-12-кIэ ягъажьэ, зэзэмызэ зэIащIэурэ. ИтIанэ бжьыныщхьэ упщIэта халъхьэ, псори зэIащIэри, хьэзыр, тхъуэплъ дахэ хъуху ягъажьэ. Жьэным зы дакъикъэ е тIу фIэкIа имыIэжу шыбжий сыр хьэжа траудэ.
- Хьэзыр хъуа лыр пэшхьэкум къытрах, джэдгын траудэри тебащхьэр тепIауэ дакъикъи 4-5-кIэ щагъэт. Пщтыру яшх. Дашх пIастэ хуабэ, мырамысэ.
- Халъхьэхэр (цIыхуитI Iыхьэ): бжэныл гъэгъупцIауэ — г 400, кIэртIоф укъэбзауэ — г 100, бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 80, псы щIыIэу — г 150, шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- Яжьэ пщтыркIэ гъэжьа джэдыкIэ
- Япэм джэдыкIэр яжьэ пщтыркIэ ягъажьэу щытащ. Абы и кIапитIыр сапэкIэ е мастэкIэ пхауд, щыжьэкIэ къэмычэн щхьэкIэ. Апхуэдэу ягъэхьэзыра джэды-кIэр хъыдан псыфым кIуэцIашыхь, яжьэ пщтырым щIахъумэри жьэху, дакъикъи 10-11-кIэ, щIагъэлъ. Яукъэбзри, пIастэ, щIакхъуэ, мэжаджэ и гъусэу пщтыру яшх, шыгъу траудэурэ.
- «Адыгэ шхыныгъуэхэр» тхылъым къитхыжащ.
- Къуажэхьхэр
- ХадэхэкIхэм я нэхъ хьэлъэ,
- ХадэхэкIхэм я нэхъ ин.
- Зи лъабжьэр шхыныгъуэ,
- ЩIы щIагъым щыбагъуэ.
- Гъуэжьыбзэу къэгъагъэ,
- Хужьыбзэу лъэтэж.
- Къуалэбзухэм я хэщIапIэ,
- ХьэкIэкхъуэкIэм я псэупIэ.
- Зи жылэр ерыскъыпхъэ,
- Зи жэпкъыр Iусыпхъэ.
- ЩхьэкIэ удзыфэ,
- Лъабжьэ дыщафэ.
- Зэхэзылъхьар Щоджэн Леонидщ.
- ЖЭУАПХЭР: Къэб. КIэртIоф. Къэрабэ. Мэз. Нартыху. Пхъы.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:4. Хэтхэ я унэ … тес? 6. Ахъшэ: тхылъымпIэуи гъущIхэкIыуи щыIэщ. 9. АпхуэдизкIэ хьэкIэпычщи, гу кIуэм … къыкIэриудыфынущ. 11. КIыщокъуэ Алим и поэмэ. 12. Хьэуар пхуримыкъуу, дунейм щихуабэгъуэ зэман. 13. Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет Нэхъыщхьэм и унафэщIу, иужькIэ Урысей Федерацэм и Къэзыбж палатэм и Iэтащхьэу щыта. 15. Лъахъстэн вакъэ пIащIэ. 17. Зи мылъкум егъэлеяуэ щысхь цIыху. 20. ЦIыхубз щыгъын. 21. Къамэ, джатэ, … 22. Уэд, лы щIагъуэ зытемылъ. 25. Шыр IумпIафIэ къызэращI кIапсэшхуэ. 26. Языныкъуэ псэущхьэхэм я щIыфэм хищIэ хьэпIацIэ. 30. Бдзэжьей зэрещэ. 32. Бгы е псы нэпкъ лъагэ, щыхупIэ. 34. Уафэм къех мыл тыкъыр цIыкIу. 35. … имытмэ, лъакъуэм и мыгъуагъэщ. 36. Ди гъунэгъур шы … уанэщ. 37. ПычыгъуитIу зэхэлъ псалъэ: япэр — Iэщ цIыкIу, етIуанэр — адыгэ генерал. ТIури зэхэплъхьэжмэ, къуалэбзу. 39. Бгырыпхыщхьэ. 41. Пкъо, щIэгъэкъуэн. 42. ПтулъкIэм нэгъуэщIу зэреджэ. 44. Щыхь ин лъэпкъ. Е цIыху къарууфIэ. 45. Япэ адыгэ узэщIакIуэхэм ящыщ. Абы и цIэр зэрехьэ Налшык къалэкум и уэрам нэхъыфIхэм ящыщ зым.
- Къехыу: 1. УимыIыхьлы, уимыблагъэ. 2. Адыгэ пшынауэ цIэрыIуэ, гъэсакIуэ, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артист» цIэр мы гъэм зыфIаща. 3. Бразилием щекIуэкIа Дунейпсо олимп зэхьэзэхуэхэм дыжьын медаль къыщызыхьа адыгэ пелуан. 5. Нартыхур бгъэлъалъэмэ, къанэр. 7. Лъэпщ и Iэмэпсымэхэм щыщщ. 8. ПIалъэ-пIалъэкIэрэ зэхыхьэ бэзэр. Налшык Абхъазым и цIэр зэрихьэу щыIэ утыкушхуэм щэбэт, тхьэмахуэ махуэхэм къыщызэрагъэпэщ хабзэщ. 10. … пэт зэрыхьэм зыгуэр къренэ. 14. ЩIыпIэ хуабэхэм хьэлъэзехьэу къыщагъэсэбэп псэущхьэ пIащэ. 16. Адыгэ уэрэджыIакIуэ Iэзэ, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист. 17. Анэкъилъху. 18. Аруан районым щыщ къуажэ. 19. Адыгэ псалъэжьым зэрыжиIэмкIэ, а IэщIагъэм ирилажьэ цIыхум ущытхъумэ, бзыхьэхуэм джанэ къыпхухищIыкIынущ. 23. Зэпымыууэ уэс зытелъ бгы абрагъуэхэр. 24. ПхъащIэ Iэмэпсымэ. 27. А жыгым и пхъэм тхылъымпIэ къыхах, мафIэдзи къыхащIыкI. 28. Совет Союзым и ЛIыхъужь Иуан … 29. Ахърэтым нэгъуэщIу зэреджэ. 31. … тесу псым йопыдж. 33. Жьэражьэу хьэкум илъщ. 37. Пасэм адыгэм я унащхьэр абыкIэ ягъэбыдэрт. 38. ЩIыпIэ хуабэхэм къраш пхъэщхьэмыщхьэ. 40. Гъэмахуэ … е щIымахуэ … . Е … джанэ. 41. Лъагэу зэтекIута гуэр. 43. Езыр мылъэтэфми, Iэзэу бадзэ къеубыд.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- ШыщхьэуIум и 4-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:2. Жумэрэн. 4. Удын. 5. Бру. 6. Дыгъужь. 8. Кхъужь. 11. Егъу. 12. Урыху. 13. ПщылI. 18. Ныш. 20. Уэрэзей. 21. КIыр. 22. Хугу. 23. Вы. 24. Гъудэ. 25. Бемырзэ. 28. Щиху. 32. Епэр. 33. Шухьэ. 35. Мы. 37. Фо. 38. Кърым. 40. Лъей. 41. IупщIэ. 42. ЛэпIанкIэ.
- Къехыу:1. Хьэкъурт. 2. Жин. 3. Нэд. 4. Ужьэ. 7. Жьей. 9. Шыхъуэ. 10. Пщае. 12. Ущ. 14. ЛIы. 15. Унагъуэ. 16. Хьэщыкъ. 17. Гурыхуэ. 19. Шхуэ. 21. КIыщ. 26. Ерэн. 27. Зауэ. 29. Яе. 30. Хьэ. 31. Къыкъ. 34. Афэ. 36. Медан. 39. Мел. 41. Iугъуэ.