ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Адыгэм  и  хъугъуэфIыгъуэр  Тыркум  щагъэлъагъуэ

2018-08-11

  • Тыркум ис адыгэхэм я лъэпкъ зэхэщIыкIымрэ адыгагъэмрэ зэрахъумэжым и зы Iэмалщ щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм гъэ къэс щэнхабзэ фестивалхэр къызэрыщызэрагъэпэщыр, бзэм, хабзэм, къуэшым хуэзэша зэлъэпкъэгъухэр зэхыхьэурэ пшыналъэр зэбэкI пшыхьхэм зэрыхэтыр.

  • Мызыгъуэгум Адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я дунейпсо фестиваль щызэхашат джылахъстэнейхэр нэхъыбэу зэрыс Мараш вилайетым. Вилайетым и къалащхьэр лIыхъужьыцIэ зезыхьэ Кахраманмараш къалэращ. Абы адыгэ унагъуэ 1500-рэ хуэдиз дэсщ. Адыгэхэм я лъахэу къалъытэ Гёксун къалэм къуажэ 50-м щIигъу хуэдиз къедзащ. Абы щыщу 23-р адыгэ жылэщ, адыгэцIэ зезыхьэхэри яхэту — Къаншууей, Инарыкъуей, Индрей, Астэмрей, Мэргъущей, ХьэпцIей, Ботэщей, Хьэзиз и къуажэ, КъуажэкIэ, Къарэахьмэд, Анзорей Ипщэ, Анзорей Ищхъэрэ. А бжыгъэм хохьэ абэзэх къуажиплIрэ зы убых жылэрэ. КъищынэмыщIауэ, дагъыстэн къуажитIрэ зы шэшэн къуажэрэ гъунэгъущи, зэкъуэш хуэдэу зэбгъэдэтщ, я бзэр зырызми, я щэнхабзэр зыщ, зы Хасэ йокIуалIэ.
  • Иджыпсту зи ныбжь хэкIуэтахэращ а щIыпIэм нэхъ исыр, зи щIалэгъуэхэр къалэшхуэхэм Iэпхъуауэ Iуэху щащIэ, гъэмахуэм къызэхуосыжри, я жылэжь зэманыр щагъакIуэ. Ди лъэпкъэгъухэр апхуэдэу зэрызэбгрыкIар зыкIи сэбэп хъуащ, адыгэр зи щIысыр нэгъуэщI лъэпкъхэм кърагъэцIыхуащ, ядэлажьэми ядэгъуэгурыкIуэми. Пэжщ, ди жагъуэ зэрыхъущи, а илъэс 30-м къриубыдэу, адыгэхэм я бзэр нэхъ яIэщIэхуащ, лъэпкъ хабзэм нэхъ пэIэщIэ хъуурэ макIуэ. Мис апхуэдэ щыщIэныгъэхэр ягъэзэкIуэжын мурадкIэ, гъэмахуэм, цIыхухэм я зыгъэпсэхугъуэм, фестивалхэр зэхашэ.
  • Тыркум щыпсэу джылахъстэней адыгэхэм иджы 13-нэу къызэрагъэпэща мы фестивалым ирагъэблэгъащ «Иорданием и щхьэхуитыныгъэ», «Иорданием и вагъуэ» орденхэм я япэ нагъыщэхэр, «Адыгейм и щIыхь» дыщэ медалыр, «Адыгэ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ» цIэ лъапIэр зезыхьэ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр. Мы гъэм зи илъэс 85-р зыгъэлъапIэ къэфакIуэ гупыр япэу хыхьэтэкъым хэхэс адыгэхэм, и зэфIэкIрэ гуащIэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр ди хэкум и мызакъуэу, къэрал куэдым щызыIэта ансамблым Тыркум исхэр къыпэплъэрт, утыкушхуэм иту ялъагъуным я нэр къыхуикIыу.
  • Хэкужьым икIа лIыкIуэ гупым я пашэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, «Къэбэрдей-Балъкъэр» ГТРК-м и унафэщI Битокъу Владимир, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и художественнэ унафэщI Атэбий Игорь, балетмейстер нэхъыщхьэ Битокъу Аслъэнбэч, къэфакIуэхэм, уэрэджыIакIуэхэм, актёрхэм гуапэу къапежьащ джылахъстэнейхэр икIи япэ махуэм хьэщIэ-хэр Мараш къалэм и унафэщI нэхъыщхьэ Еркоч Фатихь Мехмет иригъэблэгъащ. Министрымрэ къалэ тхьэмадэмрэ зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Мараш вилайетымрэ я щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр ирагъэфIэкIуэн, хэхэс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэкъуэшыныгъэм зегъэужьын зэрыхуейм.
  • — Тыркухэмрэ шэрджэсхэмрэ я хабзэхэмрэ щэнхабзэмрэ зэтехуэркъым, ауэ лъэныкъуитIыр зэрыцIыхумэ, фIы фIэкIа къыпэкIуэнукъым. Ди гуапэщ мыпхуэдэ гуп дахэ къафшэу ди лъахэ фыкъызэрихьар, фи къуэшхэр вгъэгушхуэну мурад зэрыфщIар, — жиIащ Фатихь Мехмет.
  • Фестивалым и къызэгъэпэщакIуэхэмрэ къалэ унафэщIымрэ я жэрдэмкIэ, а махуэ дыдэм Мараш и къалэкум концерт щитащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым. Ди щIалэ уардэхэм, пщащэ зэкIужхэм, адыгэ фащэм, лъэпкъ пшыналъэм къеплъыну хуей къалэдэсхэр куэду къыщызэхуэсат утыку нэхъыщхьэм. Мараш хьэщIэ зэриIэр, Адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я дунейпсо фестивалым хэтыну адыгэхэм я шыфэлIыфэр, къэфэкIэр, уэрэд жыIэкIэр ягъэлъэгъуэн хуейуэ арати, кхъухьлъатэм къикIа къудей къэфакIуэхэр къимыкIуэту къалэ утыкур ягъэбжьыфIащ. Абы къэкIуащ езы Еркоч Фатихь Мехмети икIи псалъэ гуапэкIэ хьэщIэхэм захуигъэзащ, и лъэпкъэгъухэми ди хъыбар яжриIащ.
  • Дыгъэм и тIысыжыгъуэмрэ пщыхьэщхьэм къыкъуэуа акъужьымрэ я фIыгъуэ дыдэт концертыр зытехуари, къалэ утыкумрэ уэрамымрэ яуфэбгъуауэ тыркухэмрэ марашдэс адыгэхэмрэ ди къэфакIуэхэм гукIэ къадэфэрт, Iэгуауэ ин хуаIэтырт. Пшапэ зэхэуэгъуэм иуха концертыр мащIэрэ IэфIу жыхуиIэм хуэдэ хъуат, хъыбар жыжьэу зэхэзыха цIыхухэр иджыри къекIуалIэрт, телефонхэр зэIэпахыу сурэт трахырт.
  • ЕтIуанэ махуэм Гёксун щIыналъэм ис джылахъстэнейхэм дахыхьащ, абы я унафэщIхэр зэдгъэцIыхуащ. Къыхэгъэщыпхъэщ тыркухэр хьэщIэхуэфIу зэрыщытыр, я лъахэ къихьахэм фIэхъускIэ Iэмал имыIэу зэрыпежьэр. Апхуэдэу ди гупыр иригъэблэгъащ Гёксун къалэм и тхьэмадэ Айдын Хъусеин Джошкун. Абы къыхигъэщащ тыркухэмрэ шэрджэсхэмрэ куэд щIауэ зэгурыIуэу зэрызэдэпсэур, ди лъэпкъэгъухэм пщIэшхуэ къызэрыхуащIыр.

  • — Фестивалым, шэч хэмылъу, зи хэкужь пэIэщIэу псэу фи лъэпкъэгъухэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, — жиIащ Хъусеин Джошкун. — Абы къыщинэмыщIауэ, мыр лъахэ зыхуэхъуа шэрджэсхэмрэ дэрэ ди щэнхабзэхэр зэгъусэу къыщызэдэгъуэгурыкIуэкIэ, абы фIы къыпэкIуэн хуейщ. Лъэпкъым дежкIэ щэнхаб-зэм иIэ мыхьэнэр фIыуэ къыдгурыIуэу адыгэхэм зэрызащIэдгъэкъуэным иужь дитщ, мыпхуэдэ фестивалхэр къыщрахьэжьам деж зэрытхузэфIэкIкIэ дадоIэпыкъу.
  • Хъусеин Джошкун ди пашэу адэкIэ деблэгъащ Тырку Республикэм и Правительствэм и лIыкIуэу Гёксун щIыналъэм щыIэ Айдын Хъусеин деж. ЩIалэщIэми жиIащ Кавказым къикIа лъэпкъхэмрэ тыркухэмрэ ныбжьэгъугъэкIи благъагъэкIи зэпыщIауэ къызэрекIуэкIыр, сыт хуэдэ Iуэху къаIэтми, я гуапэу зэрыдаIыгъыр. «Сэ адыгэ ныбжьэгъу куэд сиIэщ, сызэрыцIыкIури сакъыдэхъуащ, абы папщIэ пщIэ лей яхузощI фи къуэшхэм», — жиIащ Хъусеин.
  • Къумахуэ Мухьэдин и псалъэм къыхигъэщащ къызэрагъэпэща Iуэхум дахагърэ гуапагърэ халъхьэ-ну я мураду тырку щIыналъэм къызэреблэгъар, зэкъуэшхэм я зэпыщIэныгъэр нэхъри ягъэбыдэну зэрафIэигъуэр.
  • А махуэм «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым концерт мыин щитащ Гёксун къэрал университетым и пэшышхуэм. Абы къеблэгъат джылахъстэней къуажэхэм гъэмахуэм къэкIуэжауэ дэсхэри, нэгъуэщI къалэхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэри. Пшыхьым хэтахэм ящыщщ хэкуми фIыуэ щацIыху, адвокат цIэрыIуэу Истамбыл дэс нэхъыжьыфI Тумэ Рэхьми.
  • — Сэ сыкъыщалъхуари сыкъыщыхъуари мы щIыналъэращ. Истамбыл япэ дыдэу Хасэ щаухуэри, иужькIэ дэнэ адыгэ дэсми а лъагъуэм ирикIуащ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуащ езыхэм захъумэжыныр, къащIэхъуэ щIэблэм адыгэбзэр ирагъэщIэныр. КъищынэмыщIауэ, зэрызэхыхьэн, зэрызэрыцIыхун Iэмалу мис мыпхуэдэ фестивалхэр къагупсысащ. Мы Джылахъстэнейм Хасэ зэрыщаухуэрэ блэкIа илъэсхэм фестивалхэр ирагъэкIуэкIащ, иджырейр 13-нэщ. Мыр къафэ, джэгу къудейкъым, атIэ хэт сыт хуэдэ щIэныгъэ бгъэдэлъми, IуэхущIэ гуэр иригъэжьами утыку къыщрахьэу хабзэщ.
  • Сэ Истамбыл сыдэсщ, гъэмахуэм сыкъэкIуэжауэ Къаншууей сыщыIэти, слъэгъуащ мы зэхыхьэшхуэм цIыхухэр зэрыщыгуфIыкIар, зэригъэгушхуар. Апхуэдэурэ дызэрыIыгъмэ, дызэкIэлъыкIуэмэ, Тхьэм жиIэмэ, къытщIэхъуэ щIэблэр хамэм яхэшыпсыхьыжынкъым, — жиIащ Тумэ Рэхьми.
  • Фестивалыр къызэгъэпэщыным зи гуащIэ хэзылъхьахэм ящыщщ Емуз Баязит, езыр Мараш щопсэу, джылахъстэнейхэм ящыщщ.
  • — Гёксун Адыгэ Хасэм, ар зэпхыжа КАФФЕД-м къызэригъэпэща фестивалыр махуэ бжыгъэкIэ екIуэкIыну дгъэпсащ, — жеIэ Баязит. — Адыгэ щэнхабзэр, хабзэр зэрытхъумэн Iэмалу зэрыщытым къыдэкIуэу, адрей лъэпкъхэми закъызэредгъэцIыху Iуэху дахэщ мыр. Джылахъстэнейхэм нэмыщI, Тыркум и нэгъуэщI къалэхэм къикIа ди лъэпкъэгъухэри къокIуалIэ, апхуэдэуи тыркухэм яфIэгъэщIэгъуэну къытхохьэ, зэи гулъытэншэу дыкъагъанэркъым вилайет, къалэ унафэщIхэми. Ди хэкужьым и цIэр фIыкIэ игъэIуу илъэс куэд щIауэ къэгъуэгурыкIуэ, ди нэр къызыхуикI «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къызэрыкIуам ди пщIэр къеIэт, дегъэгушхуэ, ди щхьэр лъагэу дегъэлъагъуж. Фестивалым къекIуалIэ дэтхэнэ зыми и нэгу зэрызиужьым къыдэкIуэу, зригъэгупсысыжу къысщохъу сэ. И бзэм, и хабзэм, и пшыналъэм я дахагъыр иджыри зэ елъагъури, хуей-хуэмейми, а псори бгъэкIуэд зэрымыхъу-нур, абыхэмкIэ укъызэрацIыхур, ар уи Iэпэгъуу щытмэ, хамэхэм уазэрыхэмыгъуэщэнур къыгуроIуэж. Псом хуэмыдэу апхуэдэ гукъэкI ящIыну дыхуейщ еджэну, лэжьэну къалэхэм Iэпхъуа ди щIалэгъуалэм.
  • Пшыхьым кърихьэлIахэм фIэхъус гуапэкIэ зыхуагъэзащ Гёксун Хасэм и тхьэмадэ Щоджэнщауэ Фатихь, Къэбэрей-Балъкъэр Республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, нэхъыжьыфI Тумэ Рэхьми сымэ.
  • Фестивалым хыхьэу къызэрагъэпэща а пщыхьэщхьэри гукъинэжу екIуэкIащ. Хэкурысхэми хэхэсхэми зэхуэдэу фIыуэ ялъагъу Хьэкъул Оксанэ игъэзащIэ уэрэдхэмкIэ пщыхьэщхьэр игъэдэхащ, гушыIэ теплъэгъуэхэмрэ спектакль пычыгъуэхэмрэ ягъэлъэгъуащ Къэбэрдей къэрал драмтеатрым и актёрхэу Бейтыгъуэн Жамболэтрэ ХьэхъупащIэ ФатIимэрэ. ШыкIэпшынэм дахэу дежьууэ уэрэдыжь жызыIа, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ХьэхъупащIэ Амырхъани Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ, уэрэд дахэ къызэхуэсахэр иригъэдэIуащ КъШР-м щыщ Мамхэгъ Инни.
  • ЖыпIэнуракъэ, джылахъстэнейдэсхэм зэи ящымыгъупщэжын гурыфIыгъуэкIэ яхуэупсащ а пщыхьэщхьэм къэфакIуэхэри уэрэджыIакIуэхэри, бэрэбанауэхэри. Зи лъэпкъым, хэкум хуэзэш хэхэсхэм я дежкIэ махуэшхуэ пэлъытэт ар, щIалэгъуалэм я дежкIэ телъыджэт.
  • — Сэ куэдрэ зэхэсхат «Кабардинка» ансамблым и цIэр, ауэ иджыщ япэу щыслъэгъуар, — жеIэ Жылэхьыж Эрдогъани къуэ Джанберк (илъэс 14 и ныбжьщ). — Си адэм и гъусэу щIэх-щIэхыурэ адыгэ зэхуэсхэм сокIуэ, ауэ нобэ слъэгъуар зэи сщыгъупщэжынукъым.
  • — Дэ унагъуэкIэ Истамбыл дыщопсэу, ауэ лъэпкъкIэ джылахъстэнейм дащыщщ, мы щIыпIэращ сэ сыкъыщыхъуар, — жеIэ Жылэхьыж Эрдогъан. — Дунейм зауэмрэ банэмрэ игъэувыIэфыну зы Iэмал щыIэщ, ар къафэщ, джэгущ, фестивалщ. ЦIыхум и гум фIылъагъуныгъэ къыщыдгъэушын щхьэкIэ дызыхуэныкъуэри аращ, мис мыпхуэдэ зэхэтыкIэ екIущ. Сыт нэхъыфI щыIэ зэкъуэшитI зэкIэлъыкIуэм нэхърэ? Дэ хуабжьу дигъэгушхуащ «Кабардинка»-р къызэрытхыхьам. Пэжыр жыпIэмэ, абы и цIэр куэдым идопх дэ, ар ди дежкIэ лъыщ, хэкущ, лъэпкъщ.
  • Пщыхъуэж зэадэзэкъуэу Мутлурэ Дженаррэ жаIащ Адана къызэрикIар, дэнэ мыпхуэдэ фестивалхэр щыIэми, бламыгъэкIыу зэрыкIуэр.
  • Ещанэ махуэм и пщыхьэщхьэрат щIыпIэ зэIухам, зэщIэблэрэ зэщIэпщIыпщIэу ягъэува сценэм «Кабардинка»-р къыщытехьэнур. Ар къахуэмыгъэсу пэплъэ цIыхухэр шэджагъуэм къызэхуэсын щIадзащ. Концертым ипэ къихуэу узэплъын гъунэжт а махуэм. Зы утыкушхуэм щеувэкIат адыгэ хьэпшыпхэмрэ шхыныгъуэхэмрэ зыщэ хьэрычэтыщIэхэр. Илъэси 150-м щIигъуауэ хамэ хэку ис пэтми, адыгэ IэпщIэлъапщIагъэмрэ IэпэIэсагъэмрэ зэрызыщамыгъэгъупщам и щыхьэтт абдеж щегъэувэкIа шэтырхэр. Абыхэм щащэрт адыгэ кхъуей, щIакхъуэ Iэрыпщ, бзылъхугъэхэм зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэр, щIалэ-хэм къагъэсэбэп цIыкIуфэкIухэр, лъэпкъ тхыпхъэщIыпхъэхэр зытет щыгъынхэр, ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэр.
  • «Адыгэ шхыныгъуэхэр» зэрыт тхылъ екIур гулъытэншэу къэнакъым. КъыдэзыгъэкIам дыщыщIэупщIэм, ари концертым еплъыну къэкIуауэ къыщIэкIащ. Щанэ Айчэ къыджиIащ мыр адыгэ ерыскъым и мызакъуэу, адыгэ тхыдэми зэрытеухуар.
  • — Тыркум щыхэхэс адыгэхэм адэжь щIэину къыздахьа ерыскъыхэм я пщэфIыкIэмрэ халъхьэхэмрэ зэхуэсхьэсыжын щIэздзэри, гъэщIэгъуэн куэд къэсщIащ. Ар Адыгэхэм я щыгъуэ махуэм хуэзгъэпсауэ жыпIэ хъунущ. Адыгэхэми нэгъуэщI лъэпкъ къыхэкIахэми хуабжьу ягу ирихьащ тхылъыр, щIэупщIэ иIэу къыщIэкIри, щэ къыдэзгъэкIын хуей хъуащ. Уеблэмэ тырку телевиденэм срагъэблагъэурэ сытрагъэпсэлъыхь, и пщэфIыкIэр къызогъэлъагъуэ. Мыбы итхэр адыгэ къуажэхэм, хасэхэм щызэхуэсхьэсащ, Иорданием сыщеджати, абы къисхаи яхэтщ. Шхыным и закъуэкъым цIыхухэм я пащхьэ къисхьэну си мурадар, дэ езым ди хабзэ, ди бзэ, ди тхыдэ, ди щэнхабзэ, ди хэку дызэриIэжыр къезгъэщIэну яужь ситащ. А псори хэкум дыкъызэрырахуам, хамэ къэралхэм си лъэпкъыр зэрыщызэбгрыдзам еспхыжри, сыкъызыхэкIам и къекIуэкIыкIар къэсIуэтащ, — жиIащ Айчэ.
  • Концертым къеблэгъахэм ящыщщ КАФФЕД-м и тхьэмадэ Хьэгъундокъуэ Яшар:
  • — Япэрауэ, хэхэс адыгэхэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт щэнхабзэмкIэ министрыр я пашэу хэкум къикIа ди къуэшхэм, — жиIащ Яшар. — Мыпхуэдэ зэхыхьэ-хэм лъэныкъуитIым щыпсэу зэкъуэшхэр зэхегъэплъэж, зэкIэлъегъакIуэ, нэхъ гъунэгъу зэхуещI. Дэ нэхъыбэу дызытелажьэр ди бзэр, ди хабзэр тхъумэжыныр аращ. А тIур зэбгъэдэпхынкIэ Iэмал иIэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, бзэр хабзэм и макъщ. А бзэр тхуэзыгъэIу уэрэдхэр, хабзэр къызыхэщ къафэхэр утыку къыщитхьэкIэ, адыгэм и зэхэщIыкIыр къегъэуш, и адыгагъэр хъумэжын зэрыхуейм къыхуреджэ. Абы ипкъ иткIэ, фестивалхэм ди дежкIэ мыхьэнэшхуэ яIэщ, ар тIуащIэу зыгъэбейр щэнхабзэм и лэжьакIуэ хэкужьым къикIхэрщ.
  • Адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я дунейпсо фестивалым и пшыхь нэхъыщхьэр зыми хуэмыдэжу дахэу екIуэкIащ, цIыху мини 5-м нэблагъэ кърихьэлIауэ. Абы хэтащ тырку къулыкъущIэ куэди. Ахэр къыщыпсалъэм къыхагъэщащ лIэщIыгъуэкIэрэ зэфIэува щэнхабзэ дахэ адыгэхэм зэраIэр, ар фащэ зэкIужкIэ хуэпа къэфакIуэхэм дахэу къызэрагъэлъагъуэр, бгъэкIуэд мыхъун хъугъуэфIыгъуэр я къуэшу къалъытэ хэхэс адыгэхэм яхъумэн зэрыхуейр.
  • А пщыхьэщхьэм щIалэ къуданхэмрэ псы хуэм ес къазу узыIуплъэ пщащэ щIыкIафIэхэмрэ я утыку итыкIэм адыгэ дадэхэм я нэпс къафIыщIигъэкIырт, сабий къэзымыкIухьыф нэгъунэ я лъэр игъэджэгурт! Адыгэпсэр игъэгумащIэу уэрэдхэр жаIащ Хьэкъул Оксанэ, ХьэхъупащIэ Амырхъан, ХьэхъупащIэ ФатIимэ, Мамхэгъ Иннэ сымэ, усэ къеджащ Бейтыгъуэн Жамболэт. Концертыр иуха нэужьи, цIыхухэр зэбгрыкIыжыну хуейтэкъым, къэфакIуэхэри я гъусэу гуп зэрыгъэхъуауэ джэгухэр ящIырт, хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуахэм я гурыщIэхэр къафэкIэ къаIуатэрт.
  • Гёксун щекIуэкIа зэхыхьэшхуэм «Кабардинка» ансамблым щигъэлъэгъуар адыгэ къафэмрэ пшыналъэмрэ я закъуэкъым. Тыркум ис адыгэхэм я пащхьэ къихьа ди къэфакIуэхэм лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр яIэтащ, зи адэжь лъахэр зрагъэбгына нэхъыжьхэм къатепщIыкIыжахэм я зэхэщIыкIыр къигъэушыжу.
  • НэщIэпыджэ Замирэ.
  • Налшык — Мараш–Гёксун