КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Ю. А. Iуащхьэмахуэ лъапэ хиубыдэ Азау хуейм щахуэзащ «Зэныбжьэгъугъэм и гъуазэхэр» Урысейм зэкъуегъэувэ-2018» федеральнэ проектым хэтхэм
2018-08-09
- Мы проектым хиубыдэ Iуэхухэр мы зэманым щокIуэкI Центральнэ, Приволжскэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округхэм. Абы хэтщ Урысейм и щIыналъэхэм, ди гъунэгъу къэралхэм ящыщу 20-м къикIа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ.
- Проектыр зытеухуар лъэпкъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэнырщ, щэнхабзэ-тхыдэ хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнырщ, экологием шынагъуэ къытемыгъэхьэнырщ. «Зэныбжьэгъугъэм и гъуазэхэр» отряд зэгуэтым хохьэ Урысейм и щIыналъэхэм, апхуэдэу къэралым и ВУЗ нэхъ инхэм я волонтёру 120-рэ.
- КIуэкIуэ Юрий лъэпкъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэным телажьэ «Зэныбжьэгъугъэм и гъуазэ» щIыналъэ зэхуаку жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и тхьэмадэ, УФ-м и Центросоюзым и проектхэм я унафэщI, Москва дэт Кавказ клубым и советым, Телевиденэмрэ радиомрэ я дунейпсо академием и правленэм хэт Гусаров Руслан фIыщIэ хуищIащ волонтёрхэм я лэжьыгъэм зегъэубгъуным куэд зэрыхищIыхьам, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъхэм я хабзэхэм хуэфащэ гулъытэ зэрыхуищIам папщIэ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.