ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъБКъУ-м и студентхэм я тхыгъэхэр

2018-07-19

  • Лъэпкъ Iущыгъэ
  • Унэм  зыщыгъаси, хасэм  кIуэ
  • Ижь-ижьыж лъандэрэ зэрихьэ хабзэхэмкIэ ди лъэпкъыр цIэрыIуэу къокIуэкI. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, цIыхум хэлъ дэтхэнэ хьэлри нэмысри къыщежьэр унагъуэрщ. Гуапэу сэлам къозыхым, къыпщIэупщIэм, гулъытэ къыпхуэзыщIым къару къыпхелъхьэ, уегъэгушхуэ, гъащIэм ущегъэгуфIыкI. Аращ гуапагъэмрэ нэщхъыфIагъэмрэ адыгэ хабзэм лъабжьэ быдэ щIыхуэхъури.

  • «Унэм зыщыгъаси, хасэм кIуэ», — жиIащ пасэрейм. ИпэжыпIэкIэ мы псалъэхэр гъащIэм къыхэкIащ, мыхьэнэ кууи яIэщ. Уи лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэ дахэхэр уэ умыгъэлъапIэмэ, хамэр къакIуэу пхуигъэлъэпIэнукъым. Къэзанокъуэ Жэбагъы жиIащ: «Зэманым декIур лIыфIщ». Пэжщ, зэманым зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр егъуэт, ауэ, дауэ мыхъуми, укъызыхэкIа лъэпкъыр пщIэжу, укъэзылъхуа адэ-анэм уахуэфащэу дунейм утетын хуейщ.
  • Ди пщIэмрэ нэмысымрэ дапщэщи тIыгъыжу, ахэр тхъумэу дызэрыпсэун хуейм щыхьэт техъуэ нэгъуэщI псалъэжь куэди диIэщ. Апхуэдэщ, къапщтэмэ, «Нэхъыжь зымыгъэлъапIэр щхьэ лъапIэгъуэ ихуэркъым» адыгэ псалъэжьыр. Нэхъыжьым пщIэ хуэзымыщIым адыгэхэм зэи цIыхуфэ ираплъу щытакъым. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, къыщытхэкI къохъу къэзылъхуа я адэ-анэр къызыфIэмыIуэхухэр, я Iуэху къыщикIым кIуэрэ, мазэ бжыгъэкIэ, уеблэмэ илъэс бжыгъэкIэ «дауэ фыщыт» жамыIэу IэщIыб зыщIхэр, нэгъуэщIхэри. Сыхуейт ди лъэпкъым апхуэдэ къыхэмыкIыххэну.
  • Адэ-анэм зэи Iей ухуагъэзэнукъым, абы яхуэпщI нэмысыращ уэри бгъуэтыжынур. Анэращ гъащIэ къыдэзытари, щIэдзапIэу щыIэм я къежьапIэри. Абы хуэдэу зыми зыхищIэфынукъым быным и гукъеуэри гузэвэгъуэри. Аращ адыгэ псалъэжьым «Анэр нэм хуэдэщ» щIыжиIэр. Нэр къэмыплъэмэ, цIыхур хокIыж, нэсу зыхищIэркъым дунейм и фIыгъуэхэм ящыщ куэдым — апхуэдэщ анэ лъагъуныгъэм, IэфIыгъэм, щабагъэм уахуэныкъуэнри.
  • Нэхъыжьхэм, адэ-анэм пщIэ яхуэтщIыну ди хьэкъщ. Нэхъыжьым пщIэ хуэпщIмэ, пщIэ хубощI адыгагъэм, уи лъэпкъым и къежьапIэмрэ и тхыдэм-рэ.
  • БАКЪ Каринэ.
  • Захуагъэмрэ пэжыгъэмрэ  щыгъэлъэпIэф мы дунейм
  • Адыгэ литературэм ди гъащIэм мыхьэнэшхуэ щиIыгъщ. Тхылъ узэджам хэт лIыхъужьхэм удахьэх, абыхэм я щытыкIэр, гупсысэкIэр ди иджырей гъащIэм ибопх, уеблэмэ уи щхьэ иболъыт.
  • Нобэрей ди зэхэтыкIэм хэлъ ныкъусаныгъэхэр мащIэкъым. Абыхэм ящыщ куэд наIуэ къыщещI МафIэдз Сэрэбий и «Мыхъур» повестым. Абы хузэфIокI, гъуджэм диплъэм хуэдэу, дызригъэплъыжын. ЦIыхухэр нэхъ гущIэгъуншэ щхьэ хъурэ? Щхьэхуещагъэмрэ нэмысыншагъэмрэ зэщIаубыдащ ди щIыгур. Дауэ пэлъэща дыхъуну абыхэм? А упщIэми МафIэдзым жэуап иретыж Маржинэт и образымкIэ. Дахагъэ, къабзагъэ псори бгъэделъхьэ цIыхубз цIыкIум. Зи щхьэгъусэр пасэу зыфIэкIуэда цIыхубзыр гугъуехь куэдым пэщIегъэувэ. И къуэ сымаджэ цIыкIури дунейм йохыж. ГъащIэм гугъапIэуи хъуэпсапIэуи щиIахэр фIокIуэд, дунейр къытоункIыфIэ. Зи щхьэр кIэрахъуэу утыку къина тхьэмыщкIэм и гур куэдым мажэ. Жэщ куэди гъыуэрэ нэху къытощхьэ. Ауэ сыт и Iэмал? Мэпсэу гукъэкIыж IэфIхэм хэту. Ахэращ иджы абы къыхуэнар. Сымаджэщым къыдыщIэлъ пщащэ цIыкIум, зи гур псэууэ зи пкъыр мылажьэм йогупсыс. Къарууэ иIэр зэхуехьэсри, гъащIэм и архъуанэм хохьэж. Мылъку фIэкIа нэкурэ напIэрэ зимыIэ цIыхухэм я пащхьэ къохутэ Маржинэт. Нэмысыншагъэ къыкIэлъызэрихьэну иужь къихьа Хьэжысмелыжьми хуэфащэр ирещIэ. И IэнатIэмрэ мылъку иIэмрэ къигъэсэбэпу цIыхубзыр игъэпудыну иужь итар езыр и мыхъурым токIуэдэж.
  • МафIэдз Сэрэбий Маржинэт хилъхьащ цIыхубзым бгъэдэлъын хуей хьэлыфI псори. Ар щхьэгъусэ пэжщ, анэ гумащIэщ, акъылыфIэщ, гущIэгъу зыхэлъ, пэжыгъэмрэ къабзагъэмрэ зыгъэнэхъапэ адыгэ цIыхубз нэсщ.
  • ЦIыхур дунейм щытеткIэ, гугъуехь Iэджэм хуэзэнкIэ мэхъу. Абы и цIыхугъэр фIэмыкIуэду, и гухэлъыр къабзэу гъащIэм кIуэцIрыкIыфын хуейщ. Аращ цIыху нэс жыхуаIэри!
  • Куэдрэ зэхызох жаIэу: «Нобэрей гъащIэм удекIуэкIыфын щхьэкIэ мылъку уиIэу, хьилагъэ пхэлъу ущытын хуейщ». Сыарэзыкъым абыкIэ! Уэ лIыгъэ пхэлъмэ, цIыхугъэ уиIэу зыкъэплъытэжмэ, абыхэм япэувыф, захуагъэмрэ пэжыгъэмрэ щыгъэлъэпIэф мы дунейм!
  •  ХьэцIыкIу Залинэ.
  •  
  • Дыщалъхуа щIыналъэм
  • Къызбрун Iуащхьэхэр
  • Дыгулыбгъуей къуажэм тхыдэ гъэщIэгъуэн иIэщ. Абы увыпIэ щхьэхуэ щызыубыдхэм ящыщщ Къызбрун Iуащхьэхэр.
  • ЩхъуантIагъэр зэбэкI, къуэ дэтхъуэжакIэ къэухъуреихьа Iуащхьищым я щыгу уихьамэ, абыхэм къару лъэщ гуэр къазэрыпкърыкIыр зыхыбощIэ. Къуажэ бгъэдыхьэпIэр зыхъумэ плъыр тIысыпIэу щытащ ахэр зэгуэр.
  • Iуащхьэхэм нэгузыужь дауэдапщэхэр щрагъэкIуэкIыу, тхьэлъэIухэр щащIу къекIуэкIащ. Арагъэнщ иджыпстуи жылагъуэм Къызбрун Iуащхьэхэм хуащI лъытэныгъэр къызыхэкIыр, щхьэусыгъуэншэуи абы и щыгур щIрамыутыкIыр.
  • 1932 гъэм Iуащхьэхэр зыджа щIэныгъэлI Деген-Ковалевский Борис абыхэм илъэс щитху-щих я ныбжьу къихутауэ щытащ. Ахэр скифхэм я кхъэмащэу къалъытэ языныкъуэ щIэныгъэлIхэм.
  • XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм Iуащхьэхэм я тхыдэр джыным щIэныгъэлIхэр нэхъ щIэгъэхуэбжьауэ иужь ихьащ. Абыхэм къадэкIуэуи, хабзэм къемызэгъыу кхъэмащэхэр зыхэзытIыхьхэри Iуащхьэхэм къебгъэрыкIуэу хуежьащ. Япэхэм Iуащхьэхэр яджыну, тхыдэм и напэкIуэцIхэр зэфIагъэувэжыну хэтамэ, етIуанэхэр зыхущIэкъуар ар мылъку хэхыпIэ ящIынырщ, абыхэм я Iэужьым ди лъэпкъым гулъытэ хэха зыхуищIыпхъэ щIыпIэр зэригъэкIуэдынум емыгупсысу. ЦIыхухэм жаIэж а Iуащхьэхэр къэзытIахэм дыщэ, дыжьынхэкI хьэпшыпхэр къагъуэту зэрыщытар. ЕкIуэкI Iуэхур къащыгурыIуэм, жылагъуэр Iуащхьэхэм «къащхьэщыжащ».
  • Зэманыр пэлъэщакъым Iуащхьэхэм. Ноби щыму Дыгулыбгъуей къуажэр къаухъуреихь, япэм хуэдэуи, жылэр къахъумэу къыпщагъэхъуу.
  • Тенджыз Залинэ.
  • Зэманым декIур  лIыфIщ
  • Си тхыгъэм фIэщыгъэ хуэсщIа псалъэжьым пысщэжынут, «Зэманым декIур лIыфIщ, и напэ фIэмыкIуэду». Мис апхуэдэт иужьрейуэ сызэджа тхылъым, Журт Биберд и «Гъуэжькуий» романым, и лIыхъужь нэхъыщхьэ Къардэн Мурадин.
  • ТхакIуэм и лIыхъужьыр и сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ дегъэцIыху, ар къызыхэкIа унагъуэр, бгъэдэлъ гъэсэныгъэр, зыщIапIыкIа Iуэхугъуэхэр — ахэращ ПIытIыкъкIэ зэджэ Мурадин цIыкIум и хьэл-щэныр зыухуэр, и дуней еплъыкIэр зыузэщIыр. Абы и нэгу щIокI 1917 — 1920 гъэхэм екIуэкIа революцэр, 1930 гъэхэм ирагъэкIуэкIа колхоз ухуэныгъэмрэ кулакхэм иращIылIа бэнэныгъэмрэ, 1941 — 1945 гъэхэм щыIа Хэку зауэшхуэр, лIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм ди къэралым къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэхэр.
  • Мурадин сыт хуэдиз и нэгу щIэмыкIами, Дыкъуэ къыхилъхьа гъэсэныгъэр имыгъэкIуэдын лъокI. Совет властыр яухуэу еджапIэхэр къыщызэIуахым, ди лIыхъужьыр курыт еджапIэ щIагъэтIысхьэ, щIалэщIэм, щIэныгъэр къызэIузыхын щIэзыдзам, совет гупсысэкIэр зыхепщэ. Абы бгырыс псэукIэр кIыфIыгъэ къыщохъу, адыгэ хабзэм щыщ гуэрхэри къемызэгъыжу къелъытэ. И ныбжьыр кIуэтэху, зэманым зихъуэжыху, абы и Iуэху еплъыкIэхэми захъуэж. Аращ цIыхум и щэныр. Абы зеузэщI, гъащIэщIэм и гъусэу зехъуэж, и гупсысэр мэкIуатэ.
  • Хэку зауэшхуэм къикIыжу къэкIуэжыху, совет гупсысэкIэм зыщIишэIуауэ, адыгагъэм и купщIэр фIэкIуэдауэ къысщы-хъуат Мурадин, ауэ тхыгъэм и кIэм си Iуэху еплъыкIэр схъуэжащ. Къыхуагъэфэща къулыкъум пэрыту, ди лIыхъужьыр зэрыхузэфIэкIкIэ цIыхум ядоIэпыкъу. Аращ сыт хуэдэ Iуэху умылэжьми, сыт хуэдэ дуней умылъэгъуами, сыт хуэдэу гъащIэр зэхэмызэрыхьами, цIыхуу укъэнэжын щIыхуейр.
  • ГъащIэм гъуэжькуий куэд щызылъэгъуа ди лIыхъужьыр, ПIытIыкъкIэ къыщеджам къыщыщIэдзауэ, Мурадин хъууэ дадэм хуэкIуэжыху — лIыныбжь дэкIащ. И гъащIэм щриплъэжым, къызгурыIуащ, хамэ щIыпIэ щеджэу, абы зэман куэдкIэ щыIами, игури и псэри адэжь щIыналъэм епхауэ, адыгэ лъэпкъым хуэгумащIэ цIыху нэсу къызэрынар.
  • Сыт-тIэ адыгэ гъащIэм псом нэхърэ нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэу хэтыр? Уадыгэу укъэнэнырщ. Къардэн Мурадин адыгэу къэнащ.
  • ДАУ Iэсият.
  • Хурирэт-нанэ и гъащIэм
  • щыщ зы махуэ
  • «ЩIалэ гуэр къоджэ», — къыщыжраIэм Къалмыкъ Хурирэт куэбжэм къыдэкIащ.

  • — Пщэдей сыхьэт 12-м Бахъсэн фысшэну си пщэ  къралъхьащ. Уэрэ Кэцыбей Амыдэрэ «Зауэм и бынхэр» медалыр къыватынущ, — ар къыжриIэри, IуигъэзыкIыжащ къыIухьар.
  • Хурирэт и пIэм ижыхьащ, и гупсысэхэр куэдым фIокIуэ. «Илъэс 80 сохъури, абы щыщу 72-м къриубыдэу нобэрей махуэм сыпэплъащ», — жеIэ абы щэхуу.
  • Нэху хуэмыгъэщу жэщыр игъэкIуащ. Пщэдджыжьым зигъэхьэзырри, жыхуиIа сыхьэт бжыгъэм щIалэм ахэр Бахъсэн ишащ.
  • Гуапэу къапежьащ абыхэм а зэманым КъБР-м и Парламентым и депутату щыта Къэнэмэт Замиррэ КПРФ-м Бахъсэн къалэм щиIэ и къудамэм и секретарь Къэзэр Равидэрэ. Псалъэ дахэхэр къыжраIэщ, хъуэхъукIи зыкъыхуагъазэри, медалым щIыгъуу саугъэтрэ удз гъэгъарэ къратащ. Нанэр къызэхуэсахэм къахуеджащ и адэм теухуауэ итха усэхэм.     
  • Унэм къэкIуэжа нэужь, Хурирэт и гупсысэхэм ирашащ гукъэкIыжхэм я лъахэм. Абы и нэгу къыщIыхьэжащ и сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ нобэм къэсыху къикIуа гъуэгуанэр. Иужьым, бынми щхьэгъусэми гу ящимыхуэу Хэку зауэшхуэм хэкIуэда и адэм и сурэт блыным фIэлъым зыхуигъазэри жиIащ: «Си адэ тхьэмыщкIэ, нобэ медаль къызэрызатар, фIыкIэ ягу дыкъэкIыу гулъытэ къызэрытхуащIам сызэригъэгушхуар уи псэм ищIауэ пIэрэ? ГуIэ, гуфIэгъуэ нэпсхэр сфIызэхэзэрыхьыжат. СыгуIэрт, а зауэ гущIэгъуншэм адэншэ сызэрищIам щхьэкIэ сыгуфIэрт, зэман гугъум дгъэвар, гува-щIэхами, зэрызэхащIыкIам папщIэ. ГъащIэм фIыри Iейри щызэхэухуэнащ. Пщэдейм къытпигъаплъэр тщIэркъым. Ауэ ди Тхьэшхуэм сызэрелъэIур зыщ: сэ схуэдэ куэдым я адэхэр яIэщIэзыха, си гъащIэм ныбжь фIыцIэ къытрезыгъэдза зауэжьым хуэдэ ди щIэблэм къахуумыхь».
  • Къалмыкъ Маретэ.
  • ГушыIэр зи Iэпэгъуу къекIуэкIа
  • Пасэ зэманым джэгуакIуэхэм мыхьэнэшхуэ ирату щытащ. Абыхэм цIыхум и пщIэр яIэтыфынут, апхуэдэ дыдэу ягъэлъэхъшэфынут. Арат джэгуакIуэхэм пщыхэр щIафIэлIыкIыр.
  • Зеикъуэ къуажэм джэгуакIуэшхуэ куэд дэсащ. Апхуэдэхэт Сыжажэ Къылъшыкъуэ, Къазий Мамышэ, Щоджэн Iэсхьэд, Куп Ефэнды, Тез Чэлимэт сымэ. Абыхэм я лъагъуэм ирикIуат IуэрыIуэдз Iэзэу щыта Жэмыхъуэ СулътIан. Ар псэужамэ, мы гъэм и ныбжьыр илъэс 88-рэ ирикъунут. И гушыIэ дахэхэр дунейм къытенащи, ахэр цIыхухэм яIурылъыху, абы и цIэри ящыгъупщэнукъым.
  • «Гуп зыгъэгупыр гуп и уасэщ», — зыхужаIэхэм хуэдэт СулътIан. Ар гупым хэсмэ, псори и жьэм еплъырт, сыту пIэрэ мыбы гъэщIэгъуэну къыджиIэнур жыхуаIэу.
  • ГушыIэ дахэ куэд къызэринэкIащ Жэмыхъуэм. Абыхэм ящыщ зы мы си тхыгъэ кIэщIым къыщысхьыну сыхуейт:
  • СулътIан Налшык и санаторэхэм ящыщ зым зыгъэпсэхуакIуэ кIуат. А лъэхъэнэм ар курыт еджапIэм и завхозу лажьэрт, ауэ езыр зыхэхуа гупым школ унафэщIу захигъэIуащ.
  • Махуэ гуэрым ар къалэм зыплъыхьакIуэ къыдэкIауэ, школым и директор Шэфий абы и деж лъагъунлъагъу къэкIуащ. «Уи директорыр къэкIуат, схужеф-
  • Iэж», — жиIащ абы къыщыIукIыжым.
  • СулътIан ар щыхуаIуэтэжым, куэдрэ мыгупсысэу: «Мис ар нэхъ Iуэхути, махуэ тIощIкIэ си пIэкIэ къэзгъэнар директор хъуауэ», — жиIэри уэим ищIакъым.
  • Жэмыхъуэ СулътIан и гъащIэм къыпащэ и гушыIэхэм. Нэхъыжьхэм щIэх-щIэхыурэ абыхэм щыгъуазэ ящI щIэблэр.
  • Къарэмызэ  Индирэ.
  •  
  •  ГушыIэ хъыбар
  •  Уэркъ хашэркъым!
  •  Бадзэуэгъуэ мазэр и гуащIэгъуэу екIуэкIырт. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр сэ анэшым щызгъакIуэрт. Еджэным сыкъыдэхуами, Iуэху щIэныр зыми сщхьэщихатэкъым. Пэжщ, сыхагъэзыхьу сагъэлажьэртэкъым, ауэ «ЦIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ» псалъэжьым тету псэу анэш дадэхэ зыри умыщIэуи ущыIэфынутэкъым. Iэщышхуэ, джэд, тхьэкIумэкIыхь, мэл, тхьэджэд бэуэ зиIэ унагъуэм зэи Iуэхуншэ ущыхъунтэкъым. ЗызгъэщIалэшхуэу, дадэрэ нанэрэ зыгуэр ящхьэщысхын жысIэу, абыхэм махуэкIэрэ якIэлъыплъыныр къалэн зыщысщIыжат.
  • Апхуэдэу, махуэ гуэрым шэджагъуэм нэблэгъэху Iуэм ситауэ, си псэр пыхуу, си кIуэцIым тхьэусыхафэ макъамэр къигъэIуу, Iуэхур нэзгъэсри, сызэсэбауэурэ шыгъуэгумкIэ щыIэ псы къижыпIэмкIэ сунэтIащ. Псыр къызоутIыпщри, къижыр псынэпс щIыIэтыIэ къабзащэщ. Махуэ жьэражьэм игъэмэха си пкъыр жан къэзыщIыжыфыну хуримыкъури а псым щыщ IубыгъуитI-щыт. АрщхьэкIэ, нэщI сIыгът… Сытми, си шырыкъуитIыр къэзгъэщIэрэщIэжауэ, псынэпс къабзэм си нэр теплъызэри, си гупсысэхэм срахьэжьащ. Ахэр здынэмыс щыIэтэкъым: ярэби, мыбы и псынащхьэр къыщежьэр дэнэу пIэрэ? Iуащхьэмахуэ хьэмэрэ нэхъ жыжьэж къикIрэ? Апхуэдэу щIыIэмылу щIыщытым и щхьэусыгъуэр сыт? А псор си щхьэм щызэзгъэзахуэу сыщытыхукIэ, псым семыIубынкIэ Iэмал имыIэу сохъу. «Уэ мыбы уехъуапсэу, узэныкъуэкъужу ущыткIэ уи нэщIри къабыл хъун?! Псалъэ птынщи, иужькIэ мы зы махуэ нэщIыгъуэр упшыныжынщ», — си щхьэм жызоIэжри, сызэхищIыкIыну Тхьэшхуэм лъэIукIэ зыхузогъазэ. Хы Iуфэм заулкIэ къытридзэу псы щIагъыр зыгъуэтыжа бдзэжьейм срещхьт…
  • Сыхьэт ныкъуэ хуэдиз дэкIауэ унэм сыщIохьэж. ПщэфIапIэмкIэ сыщыблэкIым, дэлэным и мэ гурыхьыр къысIурыуащ. Нанэ и псэ IэфIагъыр зыхилъхьэу ищIа дэлэным блэкIыгъуафIэтэкъым. Си нэщIри къутагъэххэт. Ауэ а псом щымыгъуазэ дадэ дэлэн сшхыуэ сыкъиубыдынуи сыхуейтэкъым. Дадэ сыхукъуэплъмэ, пщэфIапIэм щIэт тахътэм илът, жей IэфIым хэтуи къысщыхъуащ. ПщэфIапIэм сыщIыхьэри, дэлэн бзыгъэ къэсщтам седзэкъащ, етIуанэу си жьэм щыхуэсхьым: «Уошхэри-тIэ», — жиIэу ауаныщIу дадэ и макъыр си щIыбкIэ къыщыIуащ. Шэ фиям хуэдэу сыхьэкIэурэ сыкъыщIэжащ пщэфIапIэм. СщIамкIэ сыукIытэжати, дадэ и нэгум сиплъэфынутэкъым.
  • ПщыхьэщхьэхуегъэзэкI хъуауэ, щIэщхъу къысщыщIам сегупсысу пэшым сыщIэсу, дадэрэ нанэрэ я уэршэр макъ зэхызох:
  • — Уей, нобэ дыгъу къэзубыдамэ, — жеIэ дадэ.
  • — Сыт хуэдэ дыгъу? — щIоупщIэ игъэщIагъуэу нанэ.
  • — Уэлэхьи, ди Мышэ къэдыгъуауэ дэлэн ишхыу къэзубыдамэ. Абы и пэкIэ зымахуи щIакхъуэ бзыгъитIи бзэхащ, — жеIэри, си Iуэху зыхэмылъри сэ къыстохуэ.
  • «СаIуэтэжащ» жызоIэри сщIам нэхъ Iеижу сроукIытэж. Иджы си щэхур тIум наIуэ ящыхъуат икIи дадэрэ нанэрэ си абы и IункIыбзэр яIыгъщ. Дауи, сэ нэхъ къэсщтэнт нэхъ мащIэм сыкъащIэну. «Уэркъ хашэркъым» жыхуиIэ псэлъафэр къызогубзыгъыжри, ар дадэ зэрыжесIа хъунур зыхуэзгъакIуэу сыздэщысым, езыр къызоджэ. И пэшым сыщIыхьэри, щхьэгъубжэ Iухар хуэсщIыжыну къызжиIащ. И псалъэ тIэужыIэ сщIакъым, згъэбыдэжауэ сыкъыщыщIэкIыжым:
  • — Уэркъ хашэркъым, — жысIэри щэхуу ездзащ.
  • Си щIагъыбзэр дадэ къыгурыIуат, дызэплъыжри, тIури дызэщыгуфIыкIащ.
  • Хэщхьэжыгъуэр къыщысым, дадэ и пащIэкIэ щIэгуфIыкIыу зыкъысхуегъазэ:
  • — Уэркъ щылъхур, накIуэ, дыхэщхьэжынщ, — жеIэри.
  • ДЫМ Аслъэнджэрий.