Урыс Кристинэ къыхах
2018-04-19
- Хабзэ хъуауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым гъэ къэс ирегъэкIуэкI «Илъэсым и студент нэхъыфI» зэпеуэ. А цIэр къэхьыным мы гъэм щIэбэнащ студентитху: Урыс Кристинэ (экономикэмкIэ институт), Чочаевэ Марьям (управленэмкIэ инсти-тут), Соблыр Ахьмэд (агрономиемкIэ факультет), Атэбий Жамбулэт (щIыуэпсымрэ псыежэххэмрэ хъумэнымкIэ факультет), Хьэкъул Ибрэхьим (механизацэмкIэ факультет), Хьэжмэт Бэллэ (сату-технологие факультет), Чекмарёвэ Антонинэ (биотехнологиемрэ ветеринариемкIэ факультет).
- КъэпщытакIуэхэу кърагъэблэгъат КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и комитетым и пашэ Азычэ Светланэ, КъБКъМУ-м творчествэмкIэ иIэ центрым и унафэщI Къуэшокъуэ Регинэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Хьэрэдурэ Аллэ, пшынауэ ныбжьыщIэ Жыгун Едыдж сымэ.
- Зэпеуэм хэтын и пэ къихуэу, ныбжьыщIэхэр езыхэр щеджэ факультетхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэхэм щытекIуати, Iэдэбу утыкум итт, я гупысэхэр нэсу къаIуатэрт, зэхэщIыкIыгъуэу, гъэхуауэ псалъэрт, дахэу зыкъагъэлъагъуэрт. Iыхьищу гуэшауэ щыта а зэхыхьэм студентхэм езыхэм я гъащIэм теухуауэ хъыбар кIэщI щыжаIащ, творческэ лэжьыгъэхэр щагъэзэщIащ. «Унэ лэжьыгъэ» Iыхьэм ныбжьыщIэхэм къызэхуэсахэр хэти и лъэгу щыщIигъэплъащ, хэти уэрэд яжриIащ, хэти гъэлъэгъуэныгъэ кIэщI игъэхьэзырам иригъэплъащ. Джэгу-зэпеуэ Iыхьэм студентхэм гъащIэм епха упщIэ-хэр иратурэ къэпщытакIуэхэм наIуэ къащIащ дахэу къызэрыфэм, уэрэд зэрыжаIэм, усэ къызэреджэм нэмыщI, ныбжьыщIэхэр зэрыгубзыгъэ дыдэхэр, зыхуеджэ IэщIагъэм зэрыдихьэхыр.
- И пащхьэ ита къалэн псори нэсу, дахэу, зэгъэкIуауэ зэригъэзэщIам папщIэ къэпщытакIуэ гупым «2018 гъэм и студент нэхъыфI» цIэр Урыс Кристинэ фIащащ. Зэпеуэм хэта псоми щIыхь тхылъхэр хуагъэфэщащ.
- КУРПЫГЪУ Синэ.