ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Къандур Мухьэдин аргуэру дегъэгуфIэ

2018-04-19

  • «Генералхэм я жэщ» — аращ зэреджэр Къандур Мухьэдин и романыщIэ иджыблагъэ дунейм къы- техьам. Ар теухуащ 2016 гъэм Тырку къэралыгъуэм Гюлен Фейтуллах къыщигъэхъуну зыхэта къэрал къаугъэм.
  •  
  • ТХЫЛЪЫМ гъэкIэщIауэ тепсэлъыхь хъыбарым къызэрыдигъащIэмкIэ, ар тхыдэ роман къудей мыхъуу, дунейпсо политикэр къызыпхыщ лэжьыгъэу къэплъытэ хъунущ. Саддам Хъусейн, Каддафи Муаммар, Асад Башар сымэ хуэдэ тепщэхэм еныкъуэкъуурэ, абыхэм яхуэмыарэзы зэгухьэныгъэхэр къызэрагъэпэщурэ, Америкэмрэ абы и дамэгъу европей къэралхэмрэ муслъымэн хэгъэгухэр зэрызэпкърагъэху щIыкIэращ рома- ным лъабжьэ хуэхъуар. Ауэ мы тхылъым Къандурым щапхъэу къыщищтар абыхэм къаймыхъулIа Iуэхущ. «Тыркум 2016 гъэм щыIэуэлъэуа, къызэрыкIуэ къэрал кIуэцI Iуэхуу фэ зытета къэхъукъащIэм и щIыбым ЦРУ-р зэрыдэтыр мыгувэу наIуэ къэхъуащ», — жеIэ Къандурым.
  • ТхакIуэм ибзыщIыркъым къаугъэшыхэр зыпэщIэувауэ щыта, Тыркум и президент Эрдоган Тайип къэрал унафэщI лъэрызехьэу къызэрилъытэр. «Эрдоган унафэщI хъун ипэ, Тыркур Сирием ещхьу щытащ, абы и ужькIэ — Испанием ещхьщ хъуащ, — жеIэ Мухьэдин. — Нобэ хуэдэу хъыбар нэпцIхэр зыхуэщ дунейм тырку цIыхубэмрэ абы и лIыщхьэхэмрэ лIыхъужь щэн къагъэлъэгъуэфащ а зэманым: зылI и быну зэкъуэувэхэри, я хабзэм къыпэщIэувахэр ирагъэкIуэтыну лIыгъэ яхурикъуащ, къэралым къебгъэрыкIуэхэм жыIэщIэ яхуэхъуакъым. Езы Эрдоган и унафэ зехьэкIэми муслъымэн дунейм и гур иIэтащ».
  • ЦIыхубэ хъыбарегъащIэ Iэмалхэм жаIэ «Генералхэм я жэщым» тыркубзэкIэ фильм къытращIыкIыну загъэхьэзыр хуэдэу. ИнджылызыбзэкIэ къыдэкIа романыр зэман кIэщIым хьэрыпыбзэрэ тыркубзэкIэ зэрадзэкIыну хунэсащ.
  • Ди щIэджыкIакIуэхэр нэхъ пасэу щыгъуазэ тщIауэ щытащ Къандур Мухьэдин адыгэшым теухуауэ къыдигъэкIа «Кабардин» тхылъыр инджылызыбзэкIэ дунейм къызэрытехьам. Иджыблагъэ редакцэм щыхьэщIа тхакIуэм зэрыжиIэмкIэ, адыгэшым теухуа тхылъыр куэд дэмы-кIыу урысыбзэкIэ къыдэкIынущ.
  •  
  • ЧЭРИМ Марианнэ.