Гузэвэгъуэм псори зэкъуегъэувэ
2018-03-30
- Кемеровэ къыщыхъуа гузэвэгъуэм хэкIуэдахэм папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр мэщыгъуэ. Урысейм и Президентым къыдигъэкIа УказымкIэ 2018 гъэм гъатхэпэм и 28-р щыгъуэ махуэу ягъэуващ.
- Кемеровэ и сату центрым къыщыхъуа гузэвэгъуэм цIыхуипщI бжыгъэхэр зэрыхэкIуэдам папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр мэщыгъуэ. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыдигъэкIа УказымкIэ 2018 гъэм гъатхэпэм и 28-р щыгъуэ махуэу ягъэуващ.
- Урысей Федерацэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ я къэрал ныпхэр лъахъшэу кърахьэхащ. ЦIыху куэд зыхэт нэгузыужь Iуэхухэр а махуэм ирагъэкIуэкIакъым. Балъкъэр лъэпкъым и къэщIэрэщIэжыныгъэ и махуэр нэхъ иужькIэ ягъэлъэпIэну траухуащ. Кузбассым щыпсэухэм яхуэгузэващ республикэм и къэрал властым законхэр къыдэзыгъэкI, гъэзэщIакIуэ и органхэм, профсоюз зэгухьэныгъэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэр, школакIуэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал универси-тетым «Кемеровэ, уэ пщIыгъуу дощыгъуэ» фIэщыгъэр иIэу къыщызэрагъэпэща мемориалым удз гъэгъахэр тралъхьащ икIи абы хэтахэр гузэвэгъуэ зылъысахэм яхуэщыгъуащ. Мэжджытхэмрэ православнэ члисэхэмрэ хэкIуэдахэм тхьэ щахуелъэIуащ.
- Гъатхэпэм и 27-м республикэм исхэм я цIэкIэ КIуэкIуэ Юрий хэкIуэдахэм я благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ яхуэгузэващ икIи фэбжь зыгъуэтахэм я узыншагъэр зэфIэгъэувэжынымкIэ ядэIэпыкъуну ди щIыналъэр зэрыхьэзырыр яжриIащ.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.