Зыгъэпсэхугъуэ махуэм
2018-03-31
- Адыгэ шхыныгъуэхэр
- ШатэкIэ щIа лыцIыкIулыбжьэ
- Мыр былымылми мэлылми къыхащIыкI. Лыр псы щIыIэкIэ ятхьэщI, нэхъ тыншу яупщIэтэн щхьэкIэ щIагъэгъущхьэ, г 10-12 хъууэ зэпаупщI, шыуаным иралъхьэ, псы щIыIэ щIакIэ, шыгъу хадзэри и щхьэр тепIауэ, мафIэ гуащIэм тету зэ къытрагъэкъуалъэ. Тхъурымбэр къытрах, мафIэр цIыкIу ящI, и щхьэр трапIэри ныкъуэвэфI хъуху, псыр щIэвэщIэху, ягъавэ. Лым тхъу халъхьэри къагъэплъ и пщтырагъыр градуси 160-170-рэ хъухуи, зэIащIэурэ ягъажьэ. Зы лъэныкъуэм вэгъу дахэ зэрытрищIэу зэрагъэдзэкI, бжьын упщIэта, шыбжий сыр хьэжа халъхьэри, зэIащIэурэ ягъажьэ. Бжьыным дыщафэ къытеуэу щIидзэмэ, гуэдз хьэжьыгъэ ухуэнщIа хакIутэри, зэIащIэурэ дакъикъи 5-6-кIэ ягъажьэ, итIанэ лыр щIигъанэу шатэ щIакIэ, зэ къытрагъэкъуалъэри, мафIэ цIыкIум тету чымчыркIэ зэIащIэурэ хьэзыр хъуху трагъэт. Абы щыгъуэ шыуаныщхьэр ныкъуэтепIэу къэбгъанэмэ, тхъур нэхъ щIэхыу къытредзэ. Лыбжьэр чымчыркIэ зэIащIэ, шыуан джабэри, и лъащIэри зэлъагъэIэсурэ. Шыуаныр пэшхьэкум къытрах, джэдгын трагъэщащэри, шыуаныщхьэр тепIауэ дакъикъи 5-6-кIэ щагъэт. Тепщэч мычэнж дыдэкIэ Iэнэм трагъэувэ. ПIастэ, мырамысэ, чыржын, мэжаджэ, щIакхъуэ дашх.
- Халъхьэхэр (зы цIыху Iыхьэ):
- лыпцIэу — г 120-рэ
- псыуэ — г 100
- бжьыныщхьэ укъэбзауэ — г 10
- тхъууэ — г 20
- гуэдз хьэжыгъэу — г 10
- шатэу — г 250-рэ
- шыгъуу, шыбжийуэ, джэдгыну — узыхуейм хуэдиз.
- Къубатий Борис.
- ЦIыхушхуэхэм я гупсысэхэр
- ГъэсакIуэр зыхуэдэращ нэхъыщхьэр
- ГъащIэм насыпу хэлъыр ипэкIэ укIуэтэнырщ.
- Золя Эмиль, франджы тхакIуэ.
- ЩIэ гуэр плъагъунри пщIэнри гур хэзыгъахъуэ Iуэхущ.
- Вольтер Франсуа, франджы узэщIакIуэ.
- ИпэкIэ мыкIуатэр къикIуэту аращ: зы пIэм ит щытыкIэ щыIэкъым.
- Белинский Виссарион, урыс философ.
- Пэжым хущIэкъунращ лIыхъужь нэсыр сыт щыгъуи зи ужь ит Iуэхур.
- Бруно Джордано, итальян философ, усакIуэ.
- Библиотекэр цIыхупсэм и къулеягъ псори щахъумэ дыщэ пхъуантэщ.
- Лейбниц Готфрид, нэмыцэ философ.
- ЦIыхур губзыгъэу, къызэрыгуэкIыу, пэжагъ хэлъу, хахуэу, гуапэу щытын хуейщ. Мис итIанэщ абы ЦIыхукIэ уеджэну къыщилэжьыр.
- Паустовский Константин, урыс тхакIуэ.
- Гъэсэныгъэм нэхъыщхьэу хэлъыр гъэсакIуэр зыхуэдэращ.
- ПисаревДмитрий, урыс публицист, критик.
- Теплъэгъуэхэр
-
- Хъарбыз
- КъаншыуейкIэ зэджэ къуажэшхуэм ику дыдэм хуэзэу дыщыпсэурт. Зэкъуэш цIыкIуитIыр — сэрэ Вовэрэ — зыр илъэсиплI, адрейр тху дыхъуу арат. Пщэдджыжьым иджыри дыжейуэ, ди адэ-анэр лэжьакIуэ дэкIырт.
- Дыкъызэщыумэ, десагъэххэу езыр-езыру гъуэлъыпIэм дыпIащIэу дыкъеп-кIэрт, зы пщэрылъ ин гуэр дгъэзэщIэн хуейм хуэдэу. Къапщтэмэ, унагъуэ Iуэхур зи пщэ дэлъри дэрат. Джэдкъазыр гъэшхэныр, унэр зэлъыIухыныр, ди пщIантIэшхуэр пхъэнкIыныр, нэгъуэщI куэди щIэн хуейти, пщыхьэщхьэ хъухукIэ абыхэм яужь диту къэджыхьырт.
- Зы дакъикъэ лей диIэтэкъым. Ди унэ гупэм къыщыт щхьэл инышхуэм деж къыщыщIэддзэрти, уэрамри пщIантIэри зэщIэткъуэрт: гъуэгубгъум Iут къуацэ-чыцэхэр къитчырт, уэрамым жыг щIагъхэм щрапха, гъуахъуэу тет шыд тхьэмыщкIэхэр къыкIэрыттIэтыкIыжырт…
- А зэманым ди щхьэлым гъунэгъу къуажэхэми, уеблэмэ нэхъ жыжьэхэми къикIыурэ цIыхухэр щыхьэжэрт. Чэзур къалъымысу, жэщ къызытехъуи, нэху абдеж щызыгъэщи къахэкIырт. Арати, шэджагъуэм, дыгъэр щыкъэракъэм ирихьэлIэу, къыщытхуэмыIэтым деж тлъэфу, чэзум хэтурэ езэша, я адэхэм «дыкIуэжыну дыхуейщ» жраIэурэ гъыным нэса сабийхэм хъарбыз къуэлэнышхуэхэр яхуэдгъажэрти, зэтесабырэжырт.
- АпщIондэху щхьэхуит хъужа шыдхэм щхьэл гупэм зэрыхьзэрий къыщагъэхъурт. Дэ а Iуэхум зыкIи дыхэмылIыфIыхьа хуэдэ, зэкъуэшитIыр Курп псы ежэхым дыдэлъэдэжырти, дыгъэм къигъэплъыну хунэса псы утхъуа цIыкIум дызэрызехьэу зыхэддзэрт. ИужькIэ псы Iуфэм IуищIыхьа сэбсэтI щIыIэтыIэм зыщыдгъэупщIыIужырт.
- Дрикъуху дыджэгуа нэужь, дыкъызэрымэжэлIар зыхэтщIэ щыхъум, унэм декIуэлIэжырт. КъыщыдгъэзэжкIэ мащIэри дыкъуейщIейрэт дэ?! Гъунэгъухэм я пхъэ куэбжэхэр IудгъэузэщIыкIырти, танэхэр, хывышкIэ цIыкIухэр, абыхэм хьэхэр банэу яужь иту, къызэрыдэхырт, псыхъуэм зэрыхьырт.
- Унэм дыкъызэрысыжу джэдэщыбжэхэр Iутхырти, джэджьеймрэ гуэгушымрэ пщIантIэм къыдэдутIыпщхьэрт, «хуит дыхъуа закъуэ!» жыхуаIэу, хэт хадэм илъэдэнт, языныкъуэхэми, дыгъэ гуащIэмрэ гъудэбадзэмрэ зыщахъумэу, жьауапIэ здэщыIэ къуацэ-чыцэхэм, кIарц жыг лъабжьэхэм зыщIадзэнт.
- … Дызэрызехьэурэ а махуэм гу лъыттатэкъым ди ныбжьэгъу ПIытIатIэрэ ди къуэш цIыкIуитI Сэлэдинрэ Зауррэ псыхъуэм нызэрымыкIуам. Iуэхур зытетыр зэхэдгъэкIыну дыщыжэм, ахэр зэрыкъуейщIеям къыхэкIыу я адэ-анэхэм унэм щIаубыдауэ зэрыщIэсыр къэтщIащ. ПIытIатIэрэ и анэмрэ щыпсэур ятIэ чырбышкIэ ящIауэ щыта зы унэ кхъахэ цIыкIут. Абы IункIыбзэ къэби хэлътэкъыми, и анэр лэжьакIуэ щыкIуэм унэбжэм баш пэщIигъэкъуауэ арат. Куэдрэ дыпэрытакъым: щэхуу пщIантIэм дыдыхьэри, ПIытIатIэ щхьэхуит къэтщIыжащ. Нэхъ гугъур къытпэщылът. Сэлэдинрэ Зауррэ щыпсэу унэщIэр инышхуэт икIи пут и хьэлъагъынщ жыпIэну IункIыбзэ къэбышхуэ фIэдзэжат. IункIыбзэIухыр уимыIэмэ, укъэсыжат.
- АрщхьэкIэ дэ дынэхъ бзаджэжти, пхъэ пкIэлъейр зэпэтIыгъыу къэтлъэфри, унэм кIэрыдупсеящ, кIэлындор кIыхьым хуэзэ щхьэгъубжэм и гъунэгъуу. СыдэкIуейри щхьэгъубжэ плIимэ нэхъ цIыкIур IузгъэузэщIыкIри сыщIэпщхьащ, апхуэдэ дыдэу ди ныбжьэгъухэр абыкIэ къыщIэтшри, щхьэгъубжэр здыхуэтщIыжащ.
- Ди гупыр ирикъужат иджы. ЩIалитхум тщIэн дгъуэтынтэкъэ?! Зэрыхабзэу, джэдкъазымрэ Iэщымрэ уэрамым дэдутIыпщхьэрт, гъунэгъухэм я хадэхэм къыхэжа къудей я пхъыр, къэбыстэр, бжьын цIынэхэр Iисраф ящIу.
- ПщыхьэщхьэхуэкIуэ хъуауэ мурад тщIащ къуажэм зы километркIэ пэжыжьэ хъарбыз хьэсэм дыкIуэну. Жэщ къыттехъуэнкIэ зэрыхъунум зыри егупсысакъым. Къаз шырхэмрэ шкIащIэхэмрэ удз цIынэ къазэрыхуэтшэ гу цIыкIур здетшэжьащ.
- Хъарбыз хьэсэм дынэсыху жэщ къыттехъуащ. Дунейр къигъэнэхуу уафэм мазэ хъуреишхуэ къитIысхьат, вагъуэ цIыкIу минхэр зэщIэпщIыпщIэрт. Сабэ гъуэгур абыхэм къытхуагъэнэхуу дыкIуэцIрокI. Ди хъуреягъкIэ цIыр-цIырхэмрэ шэдым хэс хьэндыркъуакъуэхэмрэ я макъхэм фIэкIа, псэ зыIут нэгъуэщI зыри щыIэтэкъым. АдэкIэ-мыдэкIэ жыгхэм жьындухэр къыхоплъ, укъагъэшынэжу. ПщIэнтIэпсыр еткъуэкIыу, жэщ ныкъуэм дынэсащ хьэсэм.
- Хуиту ди закъуэу губгъуэм дызэритым щхьэкIэ, дызыщIэмыгупсысыжу Iэуэлъауэшхуэ къэдгъэхъурт. Хъарбыз хьэсэм дыщыхыхьэм, хъумакIуэ лIыжьым бийр къэблагъэ къыфIэщIщ, гужьейри, фочыр игъауэурэ Iуащхьэм дэжри, къуакIэбгыкIэм зыкъуигъэпщкIуащ. Абы фIэкIа хэмылъу, бгым кърилъэсэхыу лъакъуэ гъэувыпIэ имыIэжу губгъуэм щрикъухьа фIэкIа умыщIэну, ди пащхьэм илъ хъарбыз къуэлэнышхуэхэм щыщ тыншу ди гу цIыкIум къихуэр идгъэзагъэри, дыкъызэрыкIуа гъуэгум дытеувэжащ.
- Нэхулъэр къызэкIэщIитхъырт. ИхъуреягъкIэ даущыншэщ, жэщым зыри къэмыхъуа хуэдэт. Къару лъэпкъ тхэмылъыжу, псоми ди щхьэр къыфIэхуауэ зыр адрейм иужь диту лъагъуэ псыгъуэм дрикIуэрт. Пщэдджыжьыпэм къызэщIэуша уэгунэбзум я уэрэдыр къызэрытхурашми нэхъ лейуэ дыкъигъэнэжэгужэртэкъым. КъуэкIыпIэмкIэ цIыплъу дыгъэр къыкъуэплъыну хунэсащ. ЦIыхухэм я Iэщыр хъупIэм къыщыдахум ирихьэлIэуи къуажэм дыкъэсыжащ.
- Унэм дыдэмыхьэж щIыкIэ ди хъыбарыр япэ иту къэкIуат. КъызэрыщIэкIамкIэ, хъумакIуэ лIыжьыр апхуэдизкIэ дгъэшынати, дэ хъарбызыр къетлъэфэкIыхукIэ езыр къэсыжри, нэмыцэхэр жэщыбгым къытеуэу хъарбызыр ягъэукхъуэжауэ жиIэу къуажэм дэлъэдат. АрщхьэкIэ псоми къагурыIуат Iуэхур зытетыр.
- Ди адэ-анэм зэи унэм дыщIаубыдэну иужь ихьэртэкъым, сыту жыпIэмэ ящIэрт, дауэ дымыщIами дыкъызэрыщIэкIуэсыкIыжынур. Ауэ абы ямыщIэр зыт: IункIыбзэIух лейр абыхэм зэращыдгъэпщкIурт. Апхуэдэ Iэмалыр щытхэмызагъэм, дахэкIэ дагъэIущмэ яфIэкъабылу къыдэпсэлъащ, нэхъыжьхэм дедэIуэн зэрыхуейм, дызэрымыкъуейщIеиным дыщIагъэдэIуащ. Я унафэ хэмылъу дяпэкIэ зыщIыпIи дызэрамыутIыпщынур хьэкъыу тпхагъэкIат.
- Махуэ псом дыкъэпIэтIэуакъым, ди жейр иридгъэкъужыху. Нэхъыжьхэр куэдрэ дгъэдыхьэшхыжащ сабийхэм защызыгъэпщкIуа хъумакIуэ лIыжьым къыщыщIар жытIэжыхункIэ. Ауэ гъунэгъу щIалэ цIыкIухэм я кIэн къикIатэкъым: ахэр унэхэм щIаубыдэри, ар я тезыру махуэ зыбжанэкIэ щIагъэсат.
- Илъэс куэд дэкIакъэ абы лъандэрэ?! Сабиигъуэ дахэ диIащ. Иджы дэ езыр дадэ дыхъужащи, дызэхуэзэхукIэ хъарбызыхьэ дызэрыкIуар Iэмал имыIэу ди гум къокIыж.
- КIЭРАШЭ Михаил.
- ГушыIэхэр
- ПщIэжрэ?
- Зэкъуажэгъу щIалитIым зым адрейм щIыхуэ иритауэ зыкъом лъандэрэ къритыжыртэкъым. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым зэхуэзауэ уэрамым здрикIуэм, и щIыхуэ зэрытелъыр аргуэру игу къигъэкIыжыну укIытэрти, жыжьэу къыщригъэжьащ:
- — Хьэбалэ, дауэ къыпщыхъурэ дунейм и щытыкIэр? ТIэкIу щIыIэтыIэщ, пэжкъэ?
- — Уэлэхьи, пэжмэ, щыIэтыIэ сщIэркъыми, уаещ.
- — ПщIэжрэ, а щIыхуэ щостам щыгъуэ хуабэ лыгъейуэ зэрыщытар?
- Пхъумрэ нысэмрэ
- Зэныбжьэгъу цIыхубзитI зэхуэзауэ зэщIоупщIэ:
- — Уи хъыджэбзым дауэ къыщыхъурэ унагъуэщIэр? Яхэзагъэрэ?
- — ФIы дыдэу яхозагъэ, псори игу ирохь. Хуеймэ шубэ къыхуащэху, хуеймэ зыгъэпсэхуакIуэ ягъакIуэ…
- — Уэ уи нысэ цIыкIур сыт хуэдэ?
- — Си нысэр щIэщыгъуэщIщи, гугъу дрегъэхь. Зэм шубэ къыхуэтщэхун хуейуэ къытхуегъэув, зэм зыплъыхьакIуэ хамэ къэралхэм къыщикIухьыну къытохьэ…
- Леонардо да Винчи
- Щиху
- Щихур адрей жыгхэм нэхърэ нэхъ псынщIэу къызэрыкIыр псоми ящIэ. Абы къыдэжахэр, ихъуреягъкIэ щыIэ къэкIыгъэ псоми ящхьэщыкIыу, гу лъыптэу дожей. Зэгуэр щиху жыгыщIэм гъащIэ гъусэ ищIыну игу къихьэри, арыххэуи жызум къуэпсым нэ ирищащ.
- — Сыт телъыджэлажьэ уи щхьэ къихьар?! — къагъэдэIуэну хэтхэт и къуэшхэм. — Мы жызум къуэпсым уригъусэмэ, бэлыхь Iэджэм ухэхуэнущ. СыткIэ ухуей абы? Дэ ди Iуэхур — дыдэкIеину аращ. Ауэ щиху ерыщыр езым иукъуэдиям текIакъым. ФIылъагъуныгъэ гуащIэм игъэщэнауэр хьэщыкъ зыхуэхъуа жызум къуэпс ныбжьыщIэм зыпищIэри, егъэлеяуэ щыгуфIыкIыжу хуит ищIащ нэхъ быдэу зыкъришэкIыну. ЩIэгъэкъуэн быдэ къыщыIэрыхьэм, жызум къуэпсым псынщIэ дыдэу зэбгрыкIыкIыу щIидзащ, жызум Iэрамэшхуэхэри къыпыкIэ хъуащ.
- Жызум къуэпсым, жыг лъэдийм быдэу зришэкIауэ, фIыуэ зыщиужьым, абы гу лъызыта мэкъумэшыщIэм, ар жыгым лъагэу дримыгъэжеин, хъуа нэужь жызумыр нэхъ тыншу къыпихыжыфын щхьэкIэ, гъатхэкIэрэ щихум и къудамэхэр, къыдэж къуэпсхэр пиупщIу щIидзащ. Арати, — куэдрэт? — щихум иIа теплъэ зэкIужыр щыIаи-щымыIаи? Зэпэхъурей хъуащ, и гуащIэр фIэкIуэдащ. Арыххэуи Iэсэ хъуащ. И къудамэхэр пыгъэщарэ кIагуэу щытщ ар, жызум куэд къызыпыкIэ и гъащIэ гъусэм и лIыщIэ-щIэгъэкъуэну. Щихум и къуэшхэр-щэ? Абыхэм, я къудамэ Iувхэр лъагэу дэкIеяуэ, я тхьэмпэхэр ягъэджэгуу, зыри къафIэмыIуэхурэ тхъэжыгъуэр яIэу уафэм хосыхь.
- ЗэзыдзэкIар Хьэту Пётрщ.
- Псалъэ шэрыуэхэм къарыкIыр
- Къаплъэ нэхърэ – къиплъ
- Бгъэплъыщэмэ, мывэри зэгуоуд.
- Гугъуехь зэпытым, гуауэм, н. къ. и пIэ кърашыфынущ, къагъэгубжьыфынущ я нэхъ Iэдэб, зэтет, тэмакъкIыхь дыдэ цIыхури. Зыгуэрым шыIэныгъэу иIэр иухауэ афIэкIа хуэмыхьыжу къыщыщиудым деж къапсэлъ хабзэщ.
- Къуийм и щIыIу гуэрэф.
- Зы лажьэм нэгъуэщI лажьэ къытехъуащ.
- Мэзыр жыг зырызурэ зэхэтщ.
- Зэкъуэтыныгъэр къаруушхуэу зэрыщытым теухуащ.
- Мэкъумылэр мащIэмэ, шкIащIэр шхэрей мэхъу.
- Шхыныр щымащIэм деж цIыхур мэгужьей, нэхъ шхэныгу хъу хабзэщ.
- Къаплъэ нэхърэ — къиплъ.
- Зыми укъимылъагъу ущигугъэжми, зыгуэрым и нэ укъыфIонэ.
- Пщыхьэщхьэ акъылым нэхърэ — пщэдджыжь акъыл.
- Пщэдджыжьым псори нэхъ гъэбелджыла, убзыхуа хъункIэ гугъэу Iуэхум и унафэр пщэдджыжь пщIондэ щагъэтIылъым деж къапсэлъ хабзэщ.
- ЦIыхуфI и тхьэкIумэ дэгущ.
- ЗэмыдэIуэн едаIуэркъым, зэхимыхын зэхихыркъым.
- Щауэ Къэлидар.
- Псалъэзэблэдз
- ЕкIуэкIыу:3. Кхъухьлъатэзехуэу щыта адыгэ зауэлI, Совет Союзым и ЛIыхъужь. 5. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и джэгуакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ артисткэ. 7. Бжьэхэм я фо зэхуэхьэсыпIэ. 8. «Уи цIэр … хьэмэ Маринэ?» — Тхьэбысым Умаррэ Гъубжокъуэ Лиуанрэ яуса уэрэд цIэрыIуэ. 9. … Iэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ. 10. Шыуанышхуэ. 12. Тхьэвым къыхэщIыкIа шхыныгъуэ, кIэртIоф, кхъуей е лы дэлъу. 14. Ефэндыхэм я нэхъыщхьэ, хеящIэ. 15. Псы зыщIэмытыж, гъущэ. 16. ЦIыху псэлъэгъуей. 18. Уафэм къех мыл тыкъыр цIыкIу. 23. … и губжьыр кхъуэм щехьэ. 24. Псэхэлъхьэж. 25. Вагъэм къыщхьэщих бахъэ. 28. Пхъэщхьэмыщхьэ гуащIэ цIыкIу. 30. Къэбэрдей тхакIуэ, усакIуэхэу Къагъырмэсым, IутIыжым, Мэзыхьэм, Джэдгъэфым, Гъэунэм фIаща цIэ. 33. Пасэрей адыгэ хъыбарегъащIэ. 34. Нэчыхьытх Iэнэм щысхэм я къэтэджыжыгъуэм ар къытрагъэувэ хабзэщ. 35. Унэ, къалэ псэупIэ. 37. ЩIыпIэ хуабэхэм къраш пхъэщхьэмыщхьэ. 40. Дыгъэм идз къуэпс кIыхь. 41. Лэскэн районым щыщ къуажэ, цIыхуу дэсым я нэхъыбапIэр лъэпкъкIэ къущхьэу (осетину). 42. Уэшх къемышхыу зэман кIыхь щыдих лъэ-
- хъэнэ. 43. Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ Балъкъэр Фоусэт и къуажэ. 44. Жызум гъэгъуа.
- Къехыу:1. ЗэрышагъащIэхэм я пэш. 2. Зи суд ящIэм къыщхьэщыж цIыху. 3. Дзэлыкъуэ районым щыщ къуажэ. 4. Адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ КIуащ … 6. … Iэнэ. Е удз тхьэмпэшхуэ. 11. Къуацэчыцэм къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэ ткIыбжь цIыкIу, хъуа нэужь фIыцIэ-къащхъуафэщ. 12. Фэ гъэтэджа. Е … бгырыпх. 13. ЦIыхубз зэщыхьаитIым я зым адрейм иредз: «Уи … къысщыхуэ!» 14. … псы кIэрыпщIэрэ? 17. Египетым адыгэхэр зэреджэу щытар. 19. Зи Iуэ ит нэхърэ — зи … ит. 20. Пхъэ уадэшхуэ. 21. … вауэ зи щыпавэ. 22. Пщэдейрей ныбгъуэ нэхърэ нобэрей … 26. Ди хэкум и Къалэ-ЛIыхъужь. 27. Акъыл зиIэр акъылыншэми … 29. Уафэм къех псыIагъэ. 30. Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщIу щыта, Къэрал Думэм и депутат. 31. Уи бзэгур къэзыс шхын гуэр. 32. Жэмтхьэлэ къыщалъхуа адыгэ генерал. 36. Уи … еплъи, уи лъэ укъуэдий. 38. Адыгэ театрым и джэгуакIуэ Iэзэу щыта, РСФСР-м щIыхь зиIэ и артисткэ … Быхуэ. 39. Iуащхьэмахуэ япэ дыдэу дэкIа … Чылар.
- Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
- Гъатхэпэм и 24-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
- ЕкIуэкIыу:1. Хьэлу. 3. НэгъуэщI. 6. КIэщт. 8. Сэхусэплъ. 9. ПщIэгъуалэ. 11. Япэ. 13. Гъуджэ. 15. Пхъужь. 17. Тэн. 19. Шэд. 21. КIыр. 22. Уэд. 23. Псыдыуэ. 24. Уэм. 26. Къуэн. 27. Уэгъу. 29. Нэд. 30. ХущIэ. 31. Хьэм. 32. Анэ. 37. Мылъхуадэ. 39. ХьэхъупащIэ. 42. Нащэ. 43. Щэращ. 44. Лыгъэ.
- Къехыу:1. Хьэсэ. 2. Уэс. 3. Напэ. 4. Гъуо. 5. ЩIыщIэ. 6. КIэгъу. 7. Тхьэм. 10. Мыхъур. 12. Пётр. 14. Джэду. 16. ПкIауэ. 18. Нысэгъу. 19. Шыуан. 20.Iуданэ. 25. МутIэ. 26. Къудан. 28. ПщIий. 33. Оман. 34. Къудащ. 35.Лъэпщ. 36.Iэнэ. 38. Хукхъуэ. 40. Пыл. 41. Ер.