Апхуэдэ гуауэ афIэкIа зэи къремыхъу
2018-03-30
- Кемеровэ къалэм дэт «Зимняя вишня» сату-зыгъэпсэхупIэ центрым къыщыхъуа гузэвэгъуэм зэкъуигъэуващ ди къэралым и цIыхубэр, зыщыпсэу щIыналъэми зыщыщ лъэпкъми емылъытауэ. «Кемеровэ, уэ дыпщIыгъущ» пэкIухэр щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и къалэ, къуажэ куэдым. Гъатхэпэм и 28-м, къэрал псор щыщыгъуэ махуэм, апхуэдэ зэхуэсхэр щызэхэтащ ди республикэм и щIыпIэхэми.
- Дзэлыкъуэ районым ис щIалэгъуалэм гъатхэпэм и 27-м къызэрагъэпэщащ мафIэсым хэкIуэдахэм я фэеплъ зэхуэс. Ар къыщIадзащ зи псэр щызынахэм зэрахуэщыгъуэ дакъикъэкIэ. Гуих-псэихым хэкIуэда цIыху 64-м ящыщу 41-р сабийуэ зэрыщытыр хуабжьу къазэрехьэлъэкIыр щыжаIащ пэкIум.
- — ЦIыху пхэщIыныр дапщэщи гузэвэгъуэщ, ар сабийуэ щытмэ, гуауэр тIуащIэу мэбагъуэри, нэхъ шэчыгъуейщ, — жиIащ КъБР-м Iуэху куэд щызэфIах и щIалэгъуалэ центрым Дзэлыкъуэ щIыналъэм щиIэ къудамэм и лэжьакIуэ Теувэжыкъуэ Иринэ. — ХэкIуэдахэм дахуэщыгъуэу уэгум дутIыпщынщ уэздыгъэ нэхунэ цIыкIухэр къыщыблэ шар гъэпщахэр. Абыхэм ядз нэхугъэр я псэм хуэщхьэпэн ухъу…
- Балъкъэр усакIуэ щэджащэ Кулиев Къайсын «Сабийхэр зэи иремылIэ!» и усэм зыхэщIэгъуэу къеджащ акцэм хэтахэм ящыщ Маргъущ Залым. А усэм куэдым я нэпсхэр къригъэкIуащ. ЦIыхухэр гукIи псэкIи яхуэгузэващ зи Iыхьлыхэр, благъэхэр къэхъукъащIэ къызэрымыкIуэм хэкIуэдахэм.
- — ПэкIур и кIэм нэсами, дэ тщыщ дэтхэнэми и гум куэдрэ гуауэу илъынщ ди хэкуэгъухэм къатепсыха гузэвэгъуэм кърикIуахэр, — зэIущIэр щызэхуищIы- жым жиIащ Дзэлыкъуэ районым и библиотекэхэм я лэжьыгъэр зи нэIэм щIэт Тхьэщокъуэ Лианэ. — Абы зи гъащIэр ихьа балигъхэми сабийхэми дахуолъаIуэ ахърэтыр нэху яхуэхъуну. Ар тщызыгъэгъупщэн гузэвэгъуэ Тхьэм димыгъэлъагъукIэ.
- Кемеровэ къалэм къыщыхъуа мафIэсым хэкIуэдахэм яхуэгъэпса фэеплъ пэкIу гъатхэпэм и 27-м къыщызэрагъэпэщащ КъБКъУ-ми. Студентхэм я жэрдэмкIэ зэхаша а зэхуэсыр къызэрызэIуахари Кулиевым а и усэ цIэрыIуэращ. КъэхъукъащIэм хэкIуэдахэм дакъикъэкIэ яхуэщыма нэужь, къызэхуэсахэм уафэм яутIыпщащ шар хужь гъэпщауэ 64-рэ. Апхуэдиз мэхъу мафIэсым къемылахэм я бжыгъэр…
- Акцэм щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм ящыщщ КъБКъУ-м и Студсоветым университетым и щIыхьэпIэ нэхъыщхьэм деж фэеплъ стенд зэрыщагъэувари. Абы къыщыгъэлъэгъуат мафIэсым хэкIуэда сабийхэм я псэ цIыкIухэм я нэщэнэ мелыIыч цIыкIу. «Мамэ схужефIэж фIыуэ слъагъуу зэрыщытар», — псалъэхэу Викэ хъыджэбз цIыкIум жиIахэмрэ «Уи гъусэу дощыгъуэ, Кемеровэ!» къыхуеджэныгъэмрэ кIэщIэтхэжат мелыIычым и сурэтым.
- Гуих-псэихым цIыху гъащIэ куэд зэрихьар гущIы-хьэ зэращыхъуар гъатхэпэм и 28-м къыщагъэлъэгъуащ Аруан районми. Нарткъалэ дэт ЩэнхабзэмкIэ уардэунэм и гупэм деж щызэхаша фэеплъ пэкIум цIыхуищэхэр къекIуэлIат. Пшапэр щызэхэуэм ирихьэлIэу нарткъалэдэсхэм уафэгум ираутIыпщхьащ шар хужь гъэпща куэд.
- Зэхуэсхэм кърихьэлIахэри абыхэм хэтыну Iэмал зимыIахэри гурэ псэкIэ яхуощыгъуэ гуауэ къызытепсыхахэм. Абы хэкIуэдахэм я псэхэр жэнэтым Тхьэм ихь. Апхуэдэ гуауэ дяпэкIэ зэи къремыхъу…
- ЖЫЛАСЭ Маритэ.