Хэхыныгъэ — 2018
2018-03-20
- ЦIыху кIуапIэ ирехъу!
- А махуэм дэ дыщыIащ Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Хьэтуей къуажэм. ХэхакIуэ участкэ №77-р къыщызэIуаха курыт еджапIэм дыщIохьэ. Дэ зыхудогъазэ хэхакIуэ комиссэм и унафэщI Лъакъуэдыгъу Станислав.
- — Къуажэр зэрыщыту къатщтэмэ, хэхакIуэу 2373-рэ диIэщ. Абыхэм ящыщу сыхьэт 18-м ирихьэлIэу 1921-м Iэ яIэтакIэщ. Ар къекIуэлIэн хуейуэ дызыпэплъэм и процент 81-рэ мэхъу. Хэхыныгъэхэр къыщызэдгъэпэща курыт еджапIэр здэщыт щIыпIэр зыфIэжыжьэ нэхъыжьхэм я деж ди цIыхухэр дгъэкIуащ. Ахэр унагъуэ 32-м щыIащ, зыхуэкIуахэм Iэ щрагъэIэ- тащ.
- Хьэтуей а махуэм къыщызэIуахащ спортым дихьэххэм папщIэ ухуэныгъэ телъыджэ — Лэскэн муниципальнэ щIыналъэм и боксёр ринг, зэпеуэхэм еплъынухэм папщIэ тIысы-пIэу 300-м нэблагъэ иIэу. Iуэхугъуэ щхьэпэм теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым спортымкIэ и министр Хъущт Аслъэнбэч, республикэм спортымкIэ и ветеранхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Къуэдзокъуэ Анатолэ, Лэскэн щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Инжыджокъуэ Сэфарбий, Хьэтуей администрацэм и Iэтащхьэ ДзыхьмыщI Анзор, къуажэм дэс нэхъыжьыфIхэр, щIалэгъуалэр.
- — Боксёрхэр щызэхьэзэхуэну рингыр къыщызэIуахым цIыху куэд къекIуэлIащ. Iуэхур зыIэтахэм я нэхъыбэр мыбыкIи къыщIыхьащ, — къыпещэ и псалъэм Лъакъуэдыгъу Станислав. — Хэхыныгъэ махуэм ар зэрырагъэхьэлIари икъукIэ тэмэму къыдолъытэ.
- Лъакъуэдыгъум зи гугъу ищIа гуфIэгъуэ зэхыхьэм дыхэтыну къытхуимыхуами, дэ дыIухьащ Хьэтуей къуажэм къыщыунэхуа спорт ухуэныгъэщIэм, тлъэгъуащ абы, иджырей мардэхэм къитIасэу, теплъэ екIу зэриIэри. Шэч хэлъкъым ар къуажэм дэс щIалэгъуалэми, Лэскэн щIыналъэм спортым дихьэхыу исхэми я зэхуэсыпIэ телъыджэу зэрыщытынум.
- Тхыгъэри сурэтри ХЬЭТЫКЪУЭ ЩауапцIэ ейщ.
- Сытым деж нэхъыжьхэр щыхъуахъуэр?
- Ди къэралым и щIыпIэ псоми хуэдэу, Урысей Федерацэм и Президент хэхыныгъэхэр Iэтауэ щекIуэкIащ Лэскэн районым хыхьэ Урыху (Къуэгъулъкъуей) къуажэм. Ар екIуу къызэрызэрагъэпэщам и нэщэнэ куэд хэплъагъуэрт Iуэхум.
- Махуэ къэс къуажэм и гъащIэр зылъагъу цIыхум сыкъыгурыIуэнщ. Лэжьыгъэ щIагъуэ зыдэмылъ, зэрымыгъунэгъуми емылъытауэ (километр 50-м щIигъукIэ пэжыжьэщ къалащхьэм), куэд дыдэ Налшык къакIуэурэ щылажьэ жылэм хэхыныгъэм хэтыну гукъыдэж имыщIынри хэлъынт Iуэхум. «Сэ Iэ сIэтми сымыIэтми мыхьэнэ иIэкъым, тIум щыгъуэми хахынур хахынущ» жызыIэм и псалъэр дэзыIыгъи щыIэнут. АтIэми, «Уэлэхьи, си пIэкIэ езыр зыхуейр хахы- ну зыми хуит хуэзмыщIын» Iуэху еплъыкIэ зиIэхэри, ди гуапэ зэрыхъунщи, мащIэтэкъым.
- «ТелевизоркIэ, радиокIэ зэхахащ хъыбарегъащIэр, гъатхэпэм и 18-м хэхыныгъэхэр зэрыщыIэр», — жаIэу яIэхэр зэтрадзэу мытIысыжу, щIалэ зыбжанэ хагъэхьат къуажэм ар щекIуэкIыну щIыпIэр жраIэ- ну, абы екIуэлIэну цIыхухэм елъэIуну. ПщIэ хуащIу зыбгъэдыхьа нэхъыжьхэм щIэблэр ягъэщIэхъуакъым.
- Пщэдджыжьым жьыуэ къуажэдэсхэр уэрамым гуп-гупурэ къытехьащ. Дыгъэпсышхуэу нэху къызэрекIам я гукъыдэжыр къиIэтати, загъэдахэщ, зэрыгъэгушхуэри хэхыныгъэр щекIуэкIымкIэ яунэтIат. Ахэр хуэпIащIэми ярейт къэралым и къэкIуэнум зыгуэркIэ хэувэну. НэгъуэщIуи дауэ?!
- Урыху къуажэм и курыт еджапIэ №2-м щыIэ хэхыпIэм нэхъыжьхэри, курыт ныбжьым итхэри, балигъ хъуауэ Iэ иIэтыну хуитыныгъэр зылъысагъащIэри уэру щызэблокI. Зэманыр шэджагъуапIэм иувауэ арами, къуажэм дэсым и нэхъыбэм Iэ яIэтауэ пIэрэ жыпIэну цIыхушхуэ къокIуалIэ.
- ЦIыху миниплIрэ щитIрэ зыдэс Урыху къуажэм хэхыныгъэм хэт щыхъуну ныбжьым нэсауэ 2225-рэ иIэщ. Абы щыщу 2115-м Iэ зэраIэтар гуапэщ. Апхуэдэуи къуажэм щхьэхуэу Iэ щаIэтащ Урыху пэгъунэгъуу щылажьэхэм, псалъэм и хьэтыркIэ, Осетие Ищхъэ- рэ — Аланиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я гъунапкъэ постым тет полицэхэм.
- ХэхакIуэ комиссэр зыщIэс, я тхылъымпIэхэр ашыкым щрадзэ пэшым укъызэрыщIэкIыу, уи гухэхъуэр нэхъри зыгъэбагъуэ теплъэгъуэщ узыIущIэр. Къуажэм дэс щIэблэр утыкум щызэблокI, къофэ, уэрэд жаIэ, адыгэ фащэр къащыпсу ящыгъщи, нэр егъэгуфIэ.
- Пщыхьэщхьэм къуажэдэс нэхъыжьхэм Iэнэ къыхуащтащ. Ахэр хъуэхъуащ ди къэралым ифI зыхэлъ Iуэху ялэжьауэ къыщIэкIыну, Урысей Федерацэм дефIакIуэ жылэ Урыху къуажэр хъуну.
- ИСТЭПАН Залинэ.
- Дунейри къыддэгуфIэрт
- «Хэхыныгъэхэр щекIуэкIа махуэр Лэскэн щIыналъэм дежкIэ гуфIэгъуэ тIуащIэу щытащ», — жытIэми дыщыуэну къыщIэкIынукъым.
- Мыхьэнэшхуэ зиIэ политикэ Iуэхум цIыхухэр къызэрыхузэщIэушам, зэрызэришэлIам, я гукъыдэжым зэрызыкъригъэIэтам и мызакъуэу, а махуэм, дыкъэзыухъуреихь дунейри къыддэгуфIэу, зэрызыкъыддищIыр дигъэгъэщIагъуэу, зыкъыдигъэлъэгъуащ уэфIу, къыхуэзэша щIыгум дыгъэр хуэфIу къытепсэу.
- Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм шэджагъуэ нэужьым дыдыхьащ. Уэрам нэхъыщхьэу зэщIэдымам дрижэри, губгъуэмкIэ дэддзыхащ. АбыкIэ щыIэщ хэхыпIэ участкэ №70-р къыщызэIуаха курыт еджапIэр.
- Дэ ди нэгум къыщIи-дзащ а щIыпIэр зэрызэлъыIухари, зэрыгъэщIэрэщIари, машинэхэр абдеж Iуву зэрыщызэхэтри, школ пщIантIэм и бгъумкIэ лэгъупыIэмпIэхэр зэрыщызэфIэдзари. Къыздетхьэжьа сурэттех, тхылъымпIэ кIапэ, сытхэр зэдгъэзахуэу дыздэщытым, дэ къыдбгъэдыхьащ Лэскэн ЕтIуанэ къуажэ администрацэм и унафэщI Уэркъуасэ Анзор.
- — Сыхьэти 10-м тIэкIу фIэкIауэ аращи, хэхакIуэу диIэ цIыху 1600-м и ныкъуэм нэблагъэр участкэм къекIуэлIащ икIи Iэ щаIэтащ. Псом нэхърэ нэхъ лъапIэр, сызэреплъымкIэ, хуитыныгъэмрэ мамырыгъэмрэщи, а бгъэдыхьэкIэм мыбдежми дыщытетщ. ЦIыхуращ псори зытеухуэжар. Абы илэжьын иIэу, и унагъуэм зэрызригъэужьын, иригъэшхын игъуэту, и хуитыныгъэм зыри зэран къыхуэмыхъуу псэунырщ, аращ нэхъыщхьэу къэслъытэр.
- — Анзор, мо ерыскъы Iэнэхэр къэзыIэтар хэт сымэ?
- — Жылэр мамыру, къуажэм дэсхэр зэгурыIуэу щытмэ, сыт хуэдэ Iуэхури псынщIэу зэфIэкIынущ. Нобэ а узыщIэупщIэмкIэ дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъуащ хьэрычэтыщIэ Сомгъур Анзор. Абы «КъекIуалIэхэм ди ерыскъы яIудгъэхуэнщ» жиIэри, жэрдэм къыхилъхьащ. ИкIи мы IуэхумкIэ абы гъусэ хуэхъуащ Къагъырмэс Руслан, Сомгъурхэ Рустам, Анзор сымэ (иужьрейр Борисщ зи къуэр). Абыхэм фIыщIэ яхузощI. Мыдрейуэ, нобэрей махуэр псоми угъурлы Тхьэм тхуищI!
- Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
- Щыхъуэпсэгъуэт Къэрэгъэш къуажэ
- Ди насыпщи, ди респуб-ликэм щымащIэкъым щызекIуэ хабзэмрэ нэмыс хэIэтыкIамкIэ, гъащIэм зэрехъулIэмкIэ адрейхэм къахэщ жылагъуэхэр. Шэч къытезмыхьэу, икIи згъэунэхуауэ жысIэфынущ апхуэдэхэм Прохладнэ районым щыIэ Къэрэгъэш къуажэр зэрыхиубыдэр. Абы ар аргуэру къигъэлъэгъуащ Президент хэхыныгъэхэр щекIуэкIа гъатхэпэм и 18-м.
- ИпэIуэкIэ дыIэбэжынщи, мы къуажэр хуабжьу цIэрыIуэу щытащ «зэманыжьми» (апхуэдэущ языныкъуэ политикхэр иджы совет лъэхъэнэ блэкIам зэреджэр). Абы щыщ цIыхуищ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь хъуат. Мыбы Чапаевым и цIэкIэ щыIа колхозыр ящыщащ хозрасчёт лэжьыгъэ зыIэпыхыкIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым япэу щыхуэкIуа хозяйствэхэм. Реформатор ныбжьыщIэхэм мэкъумэш IэнатIэр щыхаута зэманми къуажэр етIысэхакъым. Абы щыпсэухэр сыт щыгъуи хущIокъу зыхэпсэукIын нэхъ Iэмал нэхъыфIхэр къалъыхъуэну.
- Иджы-щэ? Къэрэгъэш удыхьэмэ, уи гур хохъуэ, я уэрамхэр зэпэщщ, пкъо къэс уэздыгъэ фIэлъщ, уэрамхэм радиоузелхэр щыфIэдзащ. Къуажэм IуэхущIапIэ инхэр щолажьэ, абы къыхэкIыу цIыхухэм лэжьапIэ щагъуэт. Нэхъыщхьэращи, Къэрэгъэш щыпсэухэм къэралым, ди лъахэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ зы Iуэхуи къагъанэркъым ямыIэту.
- Президент хэхыныгъэхэм япэ къихуэу унагъуэ псоми хуагъэхьащ гъатхэпэм и 18-м екIуэкIыну Iуэхугъуэхэр зихуэдэр къыщыгъэлъэ-гъуа тхылъымпIэ цIыкIухэр. Пщэдджыжьым сыхьэти 8-м щIидзэри IэIэтыпIэхэр зэхуащIыжыху къуажэм радиоконцерт щатащ. ЩэнхабзэмкIэ унэм екIуэлIащ цIыху куэд дыдэ. Ахэр апхуэдизу Iуву къакIуэрти, уеблэмэ, транспортыр щызекIуэфыртэкъым.
- Мис апхуэдэу щIидзащ къэрэгъэшдэсхэм я пщэдджыжь дыгъэпсым. СыхьэтипщIым къызэIуахащ аттракционхэмрэ сабийхэр зэрагъэджэгу хьэпшып цIыкIухэр щащэ тыкуэнхэмрэ. Спорт джэгухэр зэхаублащ. ФутболымкIэ, шахматымкIэ, армрестлингымкIэ (IэпщэзэрыпекъумкIэ) зэпеуэхэр ирагъэблэгъащ. ЦIыху куэд я насыпым щеплъыжащ ЩэнхабзэмкIэ унэм и гупэм щагъэджэгуа лотерейхэм. Абыхэм я зэхуэдитIым саугъэтхэр е ахъшэ къахьырт.
- Шэджагъуэ нэужьыр къэрэгъэшдэсхэм куэдрэ ягу къинэжынущ. Абыхэм я пащхьэм концерт щатащ яхуеблэгъа КъБР-м и эстрадэм и вагъуэхэм: Мэремыкъуэ Р., Уэзрокъуэ Ч., ЩоджэнцIыкIу А., Хьэкъул О., Тхьэзэплъ З., Iэдисэ сымэ, нэгъуэщIхэми. Къы-зэхуэсахэм дэрэжэгъуэ къратащ «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблым и къэфакIуэхэу Къуэныкъуейхэ Алимрэ Иринэрэ я Iэзагъым. Сыт щыгъуи хуэдэу, концертыр дэгъуэу иригъэкIуэкIащ уэрэджыIакIуэ Шал Хъусен и щхьэгъусэ КIэхумахуэ ФатIимэ. Мыбдежым къыщыхэдгъэщхьэхукIын хуейщ президент хэхыныгъэхэр щекIуэкIа махуэр апхуэдизу гуфIэгъуэ зэрыхъуар Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм я адрей щIыналъэхэми щыцIэрыIуэ Шал Хъусен куэдкIэ зэрифIыгъэр. Ар мы къуажэм щопсэу, щIыпIэ самоуправленэм и депутатщ, абы къыхэкIыу цIыхухэм къыхуащIа дзыхьыр екIуу игъэпэжыным йогугъу. Ауэ абы и закъуэкъым, дауи, дэрэжэгъуэ къезытыр: Хъусен къелъытэ езыр къыщалъхуа икIи къыщыхъуа фIы дыдэуи илъагъу къуажэм сыт и лъэныкъуэкIи щIэгъэкъуэн хуэхъун хуейуэ.
- Ди псалъэр ныкъуэ хъунт къызэхуэсахэр лэкъум пщтырхэр зыщIыгъу къалмыкъ шейкIэ зэрагъэхьэщIар жыдмыIэмэ. IэфIыкIэхэм я гугъу тщIыххэнкъым. Абыхэм псом хуэмыдэу щыгуфIыкIащ мыпхуэдэ гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр сыт щыгъуи «зэкIэрызыгъапщIэ» сабийхэр.
- Дауи, зи гугъу тщIахэр хуабжьу щIэгъэкъуэн хуэхъуащ хэхыныгъэхэм. Иджы дэ дыщыгъуазэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и хэхакIуэхэм я процент 90-м щIигъум УФ-м и иджырей Президент Путин Владимир и телъхьэу Iэ зэраIэтам. ЗэкIэ къатахэм ятепщIыхьмэ, а бжыгъэр Кавказ Ищхъэрэ псом щынэхъ лъагэщ. Абы, зэрытлъагъущи, хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ Къэрэгъэш щыпсэухэми.
- ШАЛ Мухьэмэд.
- Шэч къытрахьэртэкъым
- Нарткъалэ, хабзэ зэрыхуэхъуам тету, сыт хуэдэ махуэ хэхари гуфIэгъуэ дауэдапщэхэмкIэ къызэIухари, Iэтауэ ирагъэкIуэкI. Урысей Федерацэм и президент хэхыныгъэхэми жэуаплыныгъэ ин зэрыпылъыр, абы цIыхухэр зэригъэпIейтейр, я къэкIуэнум фIыкIэ зэрыхуэхъуапсэр щызыхэпщIэу зэгъэпэщат гъатхэпэм и 18 махуэр. Пщэдджыжь дыгъэпсым дэщIэращIэу районым ит хэхыпIэр къызэIуахащ. ЦIыхухэр нэмэзым щегъэжьауэ къэкIуэн щIадзащ я гугъапIэхэр зрапх къулыкъущIэм папщIэ Iэ яIэтыну. Аруан районым исхэр абы и лъэныкъуэкIэ жыджэру къыщIэкIащ. Ерчэн Тембулэт и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэт физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэм и утым сабий 300-м щIигъу зыхэт флешмоб щрагъэкIуэкIащ. «Си Урысей» фIэщыгъэцIэм щIэту ныбжьыщIэ цIыкIухэр къэфащ, уэрэд жаIащ. Хэкум, лъэпкъхэм я зыужьыныгъэм, къэкIуэнум фIыкIэ зэрыхуэхъуапсэм щыхьэт техъуэ, узыгъэгушхуэ зэхыхьэт ар.
- Аруан район администрацэм и Iэтащхьэ Куэшей Азэмэт хэхыпIэм къэкIуащ мы гъэм и щэкIуэгъуэм зи ныбжьыр илъэси 100 ирикъуну Руднев Иван и гъусэу. Унэм щIэсу Iэ иIэтыфынут нэхъыжьыфIым, ауэ цIыхухэм къахыхьэну нэхъ къищтащ. Апхуэдэ дыдэу Iуэхум дзыхьышхуэ хэлъу бгъэдыхьащ щIалэгъуалэри. Абыхэм политикэ Iуэхум нэхъ хащIыкI зэрыхъуар, щыпсэу къэралым, республикэм зэрыхуэпэжыр, я къэкIуэнур я IэкIэ зэраухуэжыр къигъэлъагъуэрт а махуэм.
- Къэралыр лъэщ, ди лъахэр бжьыфIэ хъун папщIэщ нэхъыбэм Iэ щIаIэтар. Дэтхэнэ- ми дзыхь зригъэзам бгъэдэлъ зэфIэкIым тепсэлъыхьырт, нэхъыбэм ябзыщIыртэкъым Путин Владимир иригъэкIуэкI политикэр зэрыдаIыгъыр, абы пхиша гъуэгум къэралыр фIым зэрихуишэнум, уеблэмэ ар зэрытекIуэнум шэч къытрахьэртэкъым.
- НэщIэпыджэ Замирэ.
- Мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ
- Терскол къуажэм дэс нэхъыжьыфIхэр гъатхэпэм и 18-м екIуэкIа хэхыныгъэхэм хэтащ. Къэралым, щIэблэм я пщэдейр нэхъыфIу къахузэзыгъэпэщыну къалъытэр хэхыпIэ участкэ №355-м къыщагъэлъэгъуащ абыхэм.
- Тхьэмадэхэм жаIэ къэралым и Президентыр хэхыныр мыхьэнэ ин зиIэ Iуэхугъуэу зэрыщытыр, абы къыдэкIуэтей щIэблэр зыхэпсэукIыну дунейр, къэралым зэрызиужьынур куэдкIэ зэрелъытар. «Дэ дымыкIуэмэ, хэт Урысейм и Президентыр хэзыхынур? Ди бынхэм, абыхэм я щIэблэм я къэкIуэнур аращ зэлъытар, ар дауэ къызэрыпфIэмыIуэхунур?! Къыщалъхуа хэкур, адэжь щIыналъэр фIыуэ зылъагъу псоми ди къалэнщ ар», — къыддогуашэ Терскол къуажэ дэс Тилов Борис.
- Псори зэхэту Терскол цIыху 1163-рэ щопсэу. Абыхэм ящыщу 592-р хэхыныгъэхэм хэтащ.
- Адрей щIыналъэхэми хуэдэу, Терскол къуажэм хэхыныгъэр щекIуэкI щыпIэм макъамэр махуэ псом щыувыIакъым, щIыналъэм и къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ гупхэм къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къаIэтащ. Абдежым къыщызэрагъэпэща лъэпкъ пщIантIэ цIыкIухэм къыщытрагъэува ерыскъы берычэтым щыщ хуей псоми зыIуагъэхуащ.
- Тарим Алисэ.
- Iуащхьэмахуэ щIыналъэ.
- ГуфIэгъуитI зрагъэхьэлIэ
- Тырныауз къалэм щыщ Смирновхэ я унагъуэм гъатхэпэм и 18-р я гуфIэгъуэ тIуащIэ хъуащ. УФ-м и Президентыр щыхах махуэм ирихьэлIэу Максимрэ Маринэрэ я нэчыхьыр ирагъэтхыну мурад ящIащ, зи къэралым зезыгъэужьыну хущIэкъу хэкупсэ нэсхэу зэрыщытыр къагъэлъагъуэу.
- Тырныауз къалэм Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм и хэхыпIэ участкэ №347-м абыхэм япэщIыкIэ Iэ щаIэтри, я нэчыхьыр ирагъэтхащ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ, а махуэм Тырныауз къалэм и жылагъуэ транспортыр цIыхухэм пщIэншэу къагъэсэбэпыну Iэмал зэраIар. Апхуэдэ унафэ къищтащ «Эльбрустранс» ООО-м. Гъатхэпэм и 18-м а Iуэхутхьэбзэр хуащIащ къалэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ.
- Жьыбгъэ Сэлисэт.