ЩIым и махуэ
2018-03-20
- «ЩIым и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэр 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. Ар хуагъэзащ гъатхэпэм и 20-21 махуэхэм. Абдежращ дыгъэм и нэхури жэщым и кIыфIри я кIыхьагъкIэ зэхуэдэ щыхъур. КъызэралъытэмкIэ, а лъэхъэнэ кIэщIым щIыуэпсым и щытыкIэм зехъуэж.
- Сыт жыжьэ дыщIэIэбэнур? Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэм гъатхэпэм и 21-р ИлъэсыщIэ къыщихьэ махуэу къалъытэ. Мажусий диным къыхэкIыу ди деж къэса мафIащхьэ джэдри щыхьэт зытехъуэр аращ. Ауэ мы махуэр, зэрыжытIащи, дуней псом зэдай гуфIэгъуэщ. ООН-м и штаб-фэтэру Нью-Йорк щыIэм илъэс къэс гъатхэпэм и 21-м къыщоуэ Мамырыгъэм и тхьэгъушыр.
- Махуэшхуэм и къалэн нэхъыщхьэр цIыхухэр щIыуэпсым нэхъ сакъыу хущытыным къыхуеджэнырщ, псоми ди зэдай «Унэм» — ЩIы Хъурейм — щысхьыныр ди зэхуэдэ пщэрылъу зэрыщытыр дигу къэдгъэкIыжынырщ.
- Ди къэралым ЩIым и махуэр гъэлъэпIэн щыщIадзар 1998 гъэращ. Мамырыгъэм и тхьэгъушыр япэу щагъэджар 2008 гъэращ. Абы лъандэрэ Урысей Федерацэм ЩIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм, УФ-м и Къэрал Думэм ЩIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымрэ экологиемкIэ и комитетым, Урысейм и Президентым деж щыIэ Жылагъуэ палатэм, властым и федеральнэ нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми а махуэм гулъытэ хэIэтыкIа хуащI икIи ар гъэ къэс цIыхубэм дагъэлъапIэ.
- Гудзакъэ тхэлъу дыкъэзыухъуреихь дунейм дыхущытыным, гулъытэ хэIэтыкIа абы хуэтщIыным ехьэлIауэ гъатхэм кърахьэжьэ Iуэхугъуэ дахэхэрщ «ЩIым и махуэ» зыхужытIэ хъунури.
- КЪУМАХУЭ Аслъэн.