ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Хэхыныгъэ — 2018

2018-03-20

  • Пщэдейрей  махуэм хуэгъэпса  гугъапIэхэр
  • Ди къэралышхуэм и дэнэ щIыпIи хуэдэу, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми гъатхэпэм и 18-м щекIуэкIащ Урысей Федерацэм и Президентым и хэхыныгъэхэр. КъБР-м мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэр къызыхуэтыншэу, хэхыныгъэхэм я хабзэхэр къыщызэпамыуду щызэфIахащ  КъБР-м къыщызэрагъэпэща хэхыпIэ 354-м. Апхуэдэу зэпэщу, тэмэму зэтеублауэ хэхыныгъэхэр щекIуэкIащ ди республикэм и къалащхьэ Налшыки.
  •  
  • Къалащхьэм и хэхыпIэхэр пщэдджыжьым сыхьэти 8-м къызэIуахат. А зэманым ирихьэлIэу участкэхэм щыIэт абыхэм я унафэщIхэр, хэхыныгъэм хэтхэр, жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэр, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр. Махуэр уэфIу нэху къекIати, налшыкдэсхэр къызэщIэрыуащ, замыгъэгуващэу, икIи я граждан къалэныр ягъэзэщIэным  я гур хуитхьэщIыкIауэ хэхыпIэ участкэхэм екIуэлIащ. ЦIыхухэр жыджэру кIуэрт хэхыныгъэхэм, дэтхэнэми ич лъэбакъуэм къэралым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр ящIэу, къэкIуэнум хуэгъэпса гугъапIэхэр абы ирапхыу. А псори щIагъэбыдэ щIыкIэу, хэхыныгъэ щIыпIэхэр махуэш-хуэ теплъэ яIэу гъэщIэрэщIат, абыхэм къыщеуэрт лъэпкъ макъамэ дахэхэр, къыщыIурт хэкупсэ уэрэдхэр.
  • Адэ-анэ куэдым я щIыгъут я бынхэр. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, щIэблэр жылагъуэ Iуэхухэм хуэжыджэру къэгъэтэджын хуейщ. Хэхыныгъэхэм гулъытэ хэха     щыхуащIащ зи ныбжьыр илъэс 18 хъуауэ мы гъэм япэу апхуэдэ Iуэхугъуэшхуэм хэтыну хуитыныгъэ зиIахэм. Абыхэм тыгъэ къыхуащIащ махуэшхуэ саугъэт цIыкIухэр: «Дызэгъусэу ипэкIэ докIуатэ», «Ди къэкIуэнум папщIэ Iэ доIэт», «Хэхыныгъэ — 2018» тхыгъэ кIэщIхэр зытет ручкэхэр, блокнотхэр, нэгъуэщI хьэпшып цIыкIухэр.
  • Гъатхэпэм и 18-м екIуэкIа хэхыныгъэ-хэм жыджэру хэтащ ди республикэм, абы и къалащхьэм зыгъэпсэхуакIуэ е лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуа цIыхуищэхэри. Абыхэм ящыщт мы махуэхэм Налшык концерт щызыт, РСФСР-м и цIыхубэ артист Винокур Владимир. Абы Iэ щиIэтащ Профсоюзхэм я федерацэ зэгуэтым и уардэунэм къыщызэрагъэпэща хэхыпIэ участкэм. Артист цIэрыIуэм къыхигъэщащ республикэри абы и къалащхьэри хуабжьу гунэс зэрыщыхъур, гукъыдэж иIэу Налшык дапщэщи къызэрыкIуэр.
  • Хэхыныгъэхэр екIуэкIащ хабзэхэр къызэпамыуду, щIыпIэхэм зэгурыIуэныгъэрэ мамырыгъэрэ щытепщэу. Участкэхэм къыщIэкIыж цIыхухэм я гукъыдэжымрэ дэрэжэгъуэмрэ нэхъри къаIэтырт уафэгум нэжэгужэу ис дыгъэм, бгыхэмкIэ къриху акъужь къабзэм, зыхуэзэхэм ящыщ куэдым я нэгум кърих гуапагъэм. ХьэтIохъущокъуэм и хадэшхуэм къыщызэрагъэпэща гуфIэгъуэ концертхэри хуэщIат цIыхубэр зэкъуэзыгъэувэ Iуэхугъуэшхуэр Iэтыным. КъыкIэлъыкIуэ махуэм абыхэм щыпащащ
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.
  •  
  • Бахъсэн щIыналъэ
  • Зеикъуэ  къуажэм  щыпсэу,  илъэси  127-рэ  зи  ныбжь  Щауэ  Нану  Урысейм  и  цIыху  нэхъыжь дыдэу къалъытащ.  
  • Абы  Iэ иIэтащ   УФ-м и Президентыр щыхах  махуэм
  • Къэралым и цIыху нэхъыжь дыдэу къалъыта, Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм щыщ, илъэси 127-рэ зи ныбжь Щауэ Нану УФ-м и Президентым папщIэ Iэ иIэтащ. НэхъыжьыфIым и деж а махуэм кIуащ Зеикъуэ къуажэм къыщызэрагъэпэща хэхыпIэ участкэ №7-м и лIыкIуэхэмрэ кIэлъыплъакIуэхэмрэ.
  • «Нобэ сэ псоми фIыгъуэ яIэну сохъуэхъу. Дэтхэнэми Iэ иреIэт ди къэралым адэкIи зиужьын, ди бынхэр, абыхэм я быныжхэр илъэс куэдкIэ мамыру псэун папщIэ», — жиIащ Щауэ Нану.
  • Ярославская Маринэ.
  •  
  • Узэкъуэтмэ,  улъэщщ
  • Урысейм и Президент хэхыныгъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм аргуэру къыщагъэлъэгъуащ къэкIуэнум фIыкIэ зэрыщыгугъыр.
  • Республикэм и дэнэ щIыпIи хуэдэу, Бахъсэн къалэм щыпсэухэр сыт хуэдэ хэхыныгъэхэми жыджэру хэтщ. Иджыри абыхэм наIуэ ящIащ а хабзэм зэрытемыкIыр. Гъатхэпэм и 18-м пщэдджы-жьыр сыхьэти 8-м хэхыпIэхэр къызэрызэIуахыу абыхэм щызэхуэсащ къэралым и къэкIуэнур зэпэщу щытыным гурэ псэкIэ хущIэкъу цIыхухэр. КъекIуэлIахэм яхэтащ пщIэ зыхуащI нэхъыжьыфIхэр, унафэщIхэр, курыт еджапIэхэм, сабий садхэм, IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щылажьэхэр, щIалэгъуалэр.
  • IэIэтыр кIэлъыплъыныгъэ ткIийм щIэ-  ту екIуэкIащ. Зы губгъэни хуащIакъым хэхакIуэ комиссэм и лэжьыгъэм. Къалэми, абы хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэми хэхыпIэхэм емыкIуэлIэфыну дэсхэм я унагъуэхэм комиссэм хэтхэр кIуэурэ  Iэ ирагъэIэтащ. Президент хэхыныгъэхэр гъэнщIат дэрэжэгъуэ къозыт IуэхухэмкIи. Дэнэ щIыпIи макъамэхэр къыщеуэрт, уэрэдхэр къыщыIурт, утыкухэм къыщыфэхэрт. Къызэхуэса цIыхухэм гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ я нэгу зрагъэужьащ.
  • Пщыхьэщхьэ хуэкIуэу белджылы хъуащ хэхакIуэхэм я нэхъыбэр мы Iуэхум зэрыхэтар. Гъатхэ, гугъэ, зэкъуэтыныгъэ — псори цIыхур зыгъэгушхуэщ, мамырыгъэр зыгъэбыдэщ.
  • УАРДЭ  Женя.
  •  
  • Тэрч щIыналъэ
  • Дей  къуажэ  щаубла  хабзэфIыр
  • Ди къэралым и щIыпIэ куэдым хуэдэу, Тэрч щIыналъэми Урысейм и Президентыр щыхах махуэр щагъэлъэпIащ. Псом хуэмыдэу къыхэзгъэщыну сыхуейт «Россия 24», «1 КБР», «Россия 1»   (КъБР) телеканалхэм гулъытэ хэха зыхуащIа Дей къуажэм а Iуэхур зэрыщаIэтар.
  •  
  • — Ди къуажэм щылэ- жьа хэхыпIэ участкэхэм къекIуэлIэн хуея цIыху 3092-м ящыщу 2898-р щыIащ. Процент 90-м щIигъум Путин Владимир папщIэ Iэ яIэтащ, — жеIэ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Алъкъащ Виталий. — Мы гъэм къуажэдэсхэм хабзэ дахэу яублэри, лъэпкъхэр, хьэблэхэр, зэныбжьэгъухэр гупышхуэ зэрыгъэхъуурэ Iэ яIэтыну къекIуэлIат. Iэщыжхэ зэрылъэпкъыу къызэрыкIуам и мызакъуэу, адыгэ фащэкIэ я щIалэхэр зэщыхуэпыкIат. Дэ гуфIэгъуэшхуэ етщIэкIащ а махуэм. Концертым хэтащ «Терчанка» цIыхубэ ансамблыр, Щэнхабзэм-кIэ унэм и лэжьакIуэхэр, уэрэджыIакIуэ Хьэтыхъу Эдуард сымэ, нэгъуэщIхэри.
  • Танэ, джэди 150-рэ, мэл зыбжанэ яукIри, а махуэм Iэнэ берычэт къагъэуват къуажэдэсхэм. Абы дэщIыгъут адыгэ шхыныгъуэхэр, IэфIыкIэхэр, пхъэщхьэмыщхьэ, нэгъуэщI  куэди. А псор къызэгъэпэщынымкIэ сэбэп къа-хуэхъуахэм ящыщщ, сыт щыгъуи и къуажэгъухэм защIэзыгъакъуэ КъБР-м и Парламентым и депутат ЛIэужь Адэлбий.
  • Щомахуэхэ зэрылъэпкъыу къекIуэлIат
  • Тэрч щIыналъэм хыхьэ Тамбовскэ къуажэм щыпсэу Щомахуэхэ зэрылъэпкъыу хэхыныгъэхэм щыIащ.
  •  
  • Ахэр я нэхъыжь Щомахуэ Русланхэ щызэхуэсри, цIыхуи 160-рэ хъууэ хэхыпIэ участкэм екIуэлIащ.
  • — Нобэ дэркIэ махуэ лъапIэщ, къэралым и Президентыр хэтхыну ди лъэпкъым щыщу Тамбовскэ къуажэм дэс унагъуэ 65-р зэгъусэу дыкъэкIуащ. Лъэпкъыр, къэралыр узыншэу щытын папщIэ апхуэдэу зэкъуэтын, зэгъусэу Iуэху ящIэн хуейщ. Iэ щIэтIэта Президентыр дызэрыщыгугъыу къыщIэкIыну, къэралым  мамырыгъэ щытепщэу  зэрихьэну  Тхьэ солъэIу! Зэманыр гугъу хъуами, и къару пэлъэщыну  дыщогугъ, — жиIащ махуэшхуэм и щIыхькIэ  адыгэ фащэ екIур  щызытIэгъа Щомахуэхэ я  тхьэмадэм. 
  • Щомахуэ  Залинэ.