ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ

2018-03-08

  • Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ.
  • Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ.
  • Дахагъэм дагъуищэ егъэпщкIу.
  • Анэм «сипхъу закъуэ и псэ» щыжиIэм, пхъуми «си псэ» жиIэу хуежьащ.
  • Нанэ хьэлIамащIэщ, дадэ кIэрыщIэнщ.
  • Пщащэр пагэмэ, ябгынэж.
  • Уи анэ зыуб уи щхьэ дэгъэсыс. (Пэж жызыIэм дыжыIэ, жыхуиIэщ).
  • Уи анэ къобэнми зромыгъэуд.
  • Уи гуащIэ еплъи уи лъэ гъэбакъуэ.
  • Дахэр зыгъэдахэр и набдзитIщ.
  • Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.
  • НысащIэ мышынэ-мыукIытэр мэлыщхьэ фIэбзам щошынэ.
  • Фыз бзаджэ нэпсрыгуащIэщ.
  • Фыз фэрыщI лIыгъапцIэщ.