ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Лъэпкъ и зыпкъ кIуэдыркъым

2017-11-29

  •  Ставрополь крайм хыхьэ  Къурей (Курской) щIыналъэм щыщ Серноводскэ къуажэм иджыблагъэ ще кIуэкIащ адыгэ щэнхабзэм хуэгъэпса «Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм и  напэкIуэцIхэр» зыфIаща фес тивалыр. Ар къызэрагъэпэ — щат  КъБР-м Граждан жылагъуэ инс титутхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэмрэ Мэздэгу адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ зэгухьэныгъэмрэ.
  •  
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ  артистхэр, щэнхабзэмрэ гъуазджэм -рэ я лэжьакIуэхэр ирагъэблэгъащ 17-нэ курыт школым. Абы и егъэджа кIуэхэм зэрыжа IамкIэ, школыр 2014 гъэм къызэ Iуахауэ аращ, сабийхэр щеджэ пэшхэр нэхущ, хуитщ, щэнхабзэ зэIущIэхэр щрагъэкIуэкIри, спортым щыхуагъасэри, шхапIэри къы зыхуэтыншэу зэпэщщ. Мы школым щызэдоджэ лъэпкъ зыбжанэм къахэкIа сабийхэр, абыхэм я процент 90-р адыгэщ.
  • ЕджапIэм и унафэщI Ахъмэт Iэсият зи пашэ гупым хьэщIэхэр  гуапэу ирагъэблэгъащ. Адыгэ фащэхэр екIупсу зыщыгъ пщащэ цIыкIухэмрэ щIалэхэмрэ джэгур зэхаублауэ гуфIэгъуэ зэхыхьэм кърихьэлIахэр утыкум кърашэрт. Джэгур иуха нэужь хьэщIэхэр  ирагъэблэгъащ концертыр ще кIуэ кIыну пэшышхуэм. Абы кърихьэлIат Къэбэрдей-Балъкъэрым Граждан жылагъуэ институтхэм ядэ лэ жьэ нымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и управленэм и унафэщI КIурашын Анзор,  КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ министерствэм и къудамэм и унафэщI ПащIэ Рамед, ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зе зыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ  театрым и художествэннэ уна фэщI Фырэ Руслан, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и лIыкIуэхэр, Курс кой районым и Iэтащхьэм и  къуэдзэ Чебан Юрий, Серноводс кэ  къуажэ советым и Iэтащхьэ Бэджрей Мурат сымэ.
  • ГуфIэгъуэ пшыхьыр къыщызэ Iуахым къызэхуэса псоми фIэ хъус псалъэкIэ захуигъэзащ гуфIэ- гъуэ зэхыхьэр  къы зэгъэпэщыным жэрдэмщIакIуэ хуэхъуа мэздэгу адыгэхэм я лъэп къ-щэнхабзэ  зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Дербит (Мудар) Валерэ.
  • — ЩIалэгъуалэрщ ди къэкIуэ -нур, — жиIащ Валерэ. — Абы ипкъ иткIэ, мыпхуэдэ фестивалхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар сэбэп мэхъу къы дэкIуэтей щIэблэм къы зыхэкIар ящIэнымкIэ, я хабзэ зэрахьэ жы нымкIэ, я бзэ ягъэшэ ры уэ жы нымкIэ. Си гугъэщ нобэ мы Iуэхум хэтыну дэтхэнэ зыри балигъ хъурэ  гъащIэм хэувэмэ, я адыгагъэр зэрахьэу, нэхъыжьхэм пщIэ хуа щIу, я  къуэпсыр ящIэжрэ нэхъри ягъэбыдэу псэуну, мэздэгу ады гэ хэр зэрыщыIэр, я бзэр, хабзэр зэрахьэу къы зэ ре кIуэкIыр дуней псом кърагъэщIэну.
  • Адыгэ хабзэр, бзэр, щэнхабзэр, тхыдэр хъумэным нэмыщI, фес тивалыр зэкъуэтыныгъэм, зэныбжьэгъугъэм я джэлэс зэрыхъуар къыхигъэщащ КIурашын Анзор псалъэ щра там. Махуэшхуэм и программэм и  гугъу щищIым   абы жиIащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и гъэлъэ гъуэ ныгъэ япэу мы фестивалым  къы зэры хыхьар, икIи абыкIэ жэр дэм щIакIуэ хъуа, ар къадэ зыIыгъа Фырэ Руслан фIыщIэ  хуищIащ.
  • Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал Му зыкэ театрым и артистхэу Хьэкъул  Оксанэ, Тхьэзэплъ Залинэ, Гуазэ Тимур сымэ, къэфакIуэхэу КъБР-м   щIыхь зиIэ и артистхэу Къуэныкъуейхэ Алимрэ Иринэрэ ягъэдэха концертыр щиухым къызэхуэсахэр ирагъэблэ гъащ   ди республикэм икIа IэпщIэлъапщIэхэм мастер-классхэр щат щIы пIэм.
  • Махуэшхуэм къекIуэлIа дэтхэ -нэ зыми адыгэ лъэпкъым и тхыдэм рэ и щэнхабзэмрэ нэхъы фIу зыхи щIэн, ар зыхэпсэукIар нэхъ IупщIу ирагъэлъагъун пап щIэ мастер-класс зыбжанэ къыщызэрагъэпэщат школым и пэш хуитышхуэхэм, икIи ини цIыкIуи, зэрыжаIэу, яфIэгъэщIэгъуэну щызэхуэсахэт абыхэм  щыгъуазэ защIыну. Мэзло Руслан и арджэн щIыкIэм дихьэ хахэр псом хуэмыдэу куэд  хъурт. Руслан и Iэпэхэр IэкIуэ лъакIуэу зэрылажьэм кIэлъыплъ къудей мыхъуу, абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыри хуейт арджэн зэ Iуищэну. Адыгэ фащэм и пкъы гъуэ щхьэхуэхэм дыщэидэкIэ тхыпхъэхэр зэрытращIыхьри зрагъэлъэгъуащ, абы и щэхухэр нэ рылъагъу ящыхъуащ къызэ хуэсахэм. Адыгэ къафэмкIэ мастер-классыр иригъэкIуэкIащ  КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ  Битокъу  Оксанэ.
  • АдэкIэ фестивалым и лэжьыгъэм щыпищащ еджапIэм и залышхуэм. Абы Къэбэрдей къэ -рал драмэ теат рым и артистхэм щагъэлъэгъуащ  «Лъагъуныгъэм и къарур» спектаклыр. Фестивалым гуIэфIтещIэж хуэхъуат ар икIи артистхэм я джэгу кIэр пхужымыIэным хуэдизу ягу ирихьащ къызэхуэсахэм. Абы и щы хьэту Iэгуауэ иныр куэдрэ ужьыхакъым.
  • Серноводскэ къуажэ советым и Iэ тащхьэ Бэджрей Мурат хьэ щIэхэм фIыщIэ яхуищIащ абыхэм я фIыгъэ кIэ къуажэдэсхэм адыгэ щэнхабзэм и махуэшхуэм хэтыну Iэмал зэрагъуэтам папщIэ.
  • ХьэщIэхэр езыгъэблэгъа, фес тивалыр щекIуэкIа №17-нэ курыт школым и унафэщI Ахъмэт Iэсият гуапэу за хуигъэзащ къызэхуэсахэм:
  • — Ину фIыщIэ яхузощI нобэрей махуэшхуэм зи гуащIэ хэзылъхьа псоми. Фестивалым и къалэн  нэхъыщхьэр  игъэзэщIауэ къысщохъу — ар ди щIэб лэм нобэ я нэгу щIэкIар ядгъэлъагъун, къызы хэкIа лъэпкъыр ящIэн, адыгэбзэм и IукIэм и дахагъыр зыхедгъэ хынырт. Къапщтэмэ, сэ икъукIэ сыщыгуфIыкIащ адыгэ театрыр дызэрихьэщIар. Мыбы кърихьэлIахэм я нэхъыбэм нобэ япэу ялъагъуу аращ адыгэ театрым и спектакль. Гурэ псэкIэ зыхэс -щIэрт си анэдэлъхубзэм и дахагъымрэ и IэфIагъымрэ. Шэч къытесхьэркъым ди сабийхэми ба лигъ хэми ялъэгъуар апхуэдэ дыдэу зэры зыхащIам. Си гугъэщ абдежым  ды къыщызэте мыу вы- Iэу дяпэкIи гу фIэ гъуэ зэхыхьэ куэд диIэну. Дэ дро гуфIэ ды зэ ры фщымыгъупщэм, Къэ бэрдей-Балъкъэрым и зы Iыхьэ цIы кIуу дыкъызэрыфлъытэм.
  • Ди адэжьхэм къащIэна хабзэ дахэ хэм щIэблэр щIэпIыкIын, зэхущытыкIэ дахэхэр хъумэн, егъэфIэкIуэн къалэныр нэхъыщ хьэхэм ящыщщ. Абы хуэгъэза Iуэхугъуэ щхьэпэщ Ставро поль крайм щыIэ адыгэ жылэхэу Азэнейрэ Иналхьэблэрэ щекIуэкIа фестивалри. ДяпэкIи апхуэдэ зэхыхьэ дахэ куэд Тхьэм лъэп къым къы дит!
  •  
  • Къарэнашэ Мадинэ.