Нэхъыжьхэм пщIэ хуащIу
2017-11-29
- Зи ныбжь хэкIуэтахэм я дунейпсо махуэр ди къэралым щагъэ лъапIэ 1992 гъэ лъандэрэ. Ар ягъэуващ лъэпкъ къулеигъэр къы зэ гъэ пэ щыным зи гуащIэ хэ зылъ хьа, щIыхьрэ гулъытэрэ къэ зылэжьа ди нэхъыжьыфIхэм пщIэ хуащIу.
-
-
-
-
- Зи ныбжь хэкIуэтахэм я мазэу ягъэува бжьыхьэ дыщафэ жэпуэ гъуэм зэIущIэ гуапэхэр къыщызэрагъэпэщащ ди республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ.
- Нэхъыжьхэр зыгъэгуфIэ, зыгъэгушхуэ а Iуэху гуапэхэм ящыщт «Ай ленд» кафем щекIуэкIа, «На серебряной волне» зыфIаща зэхыхьэр.
- — Мыхьэнэшхуэ иIэщ зи ныбжь хэкIуэтахэмрэ пенсионерхэмрэ мазэ псокIэ лъэныкъуэ куэдкIэ гулъытэ хэха зэры хуащIым, — жиIащ ЦIыхубзхэм я совету Налшык къалэм щыIэм и гуа щэ, Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Дыджэш Лидэ.
- КъБР-м и Пенсионерхэм я зэгухьэ ныгъэм, Тхьэзэплъыж Мурат зи тхьэмадэм, мазэ псом къриубыдэу республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ щригъэкIуэкIащ зэIущIэхэр, псапэ зыпылъ концертхэр, спектаклхэр, художественнэ само деятельнэ гуп хэм зэпеуэхэр, цIыху Iэп щIэ лъап щIэхэм я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэр. ЯгъэлъэпIащ гъащIэ гъуэ гуанэ кIыхь къызэпызычахэр, зи за къуэу къэнахэм я дежи щыIащ, ахъшэкIэ, зыхуэныкъуэхэмкIэ зыщIагъэкъуащ.
- Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэмрэ ЦIыхубзхэм я советымрэ я уна фэщI хэм я фIыщIэкIэ къалэдэс щэ бжыгъэхэр къыхашащ Лъэсу къэ кIу хьыным и урысейпсо махуэм ехьэлIауэ къалэ администрацэм ФизкультурэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и управленэм къызэригъэпэща Iуэхухэм.
- Зи ныбжь хэкIуэтахэр щыIащ ки-ном и фестивалым, Темыркъан Юрий и щIыхькIэ къызэрагъэпэща VI дунейпсо макъамэ фестивалым теу хуа Iуэху гуапэхэм. Абыхэм зыщ рагъэп лъыхьащ Шэджэм аузым и щIыпIэ дахэхэм, балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Кулиев Къайсын и унэ-музейм щыIащ.
- КъыкIэлъыкIуэу Пенсионерхэм я къалэ зэгухьэныгъэмрэ ЦIыхубзхэм я советымрэ хэтащ балъкъэр усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа Мечиев Кязим къыщалъхуа Шики къуажэм щекIуэкIа зэIущIэм.
- Жэпуэгъуэм и 13-м Урысейм и Пенсэ фондым Налшык къалэм щы -Iэ и Управленэм и унафэщIхэр Пенсионерхэм я къалэ советым и президиумым щIыгъуу зи ныбжь хэкIуэта хэм яIу щIащ. ПФР-м и Iэ щIагъэлIхэм къы зэ хуэсахэр щы гъуазэ ящIащ пенсэ Iуэхум щIэуэ къыхыхьахэм, зыщIэупщIахэм жэ уап иратащ.
- «Дубки» хьэблэм щыIэ сабий сад №5-м и гъэсэн цIыкIухэм зи ныбжь хэкIуэтахэр ягъэгуфIащ концерткIэ, езыхэм ягъэ хьэзырыжа хьэпшып цIыкIухэмкIэ. Мы Iуэхур гъэхьэ зы рыным жыджэру хэтащ сабий IуэхущIапIэм и унафэщI Азычэ Лидэ, гъэсакIуэхэр, ныбжьыщIэ цIыкIухэм я адэ-анэхэр.
- ЗэрыжаIэщи, псапэ щIэныр мы хьэнэшхуэ зиIэ Iуэхущ. Жьы хъуа хэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ я унэ- интернатым щыпсэухэм зэрегуэпа тыгъэхэр ягъэхьэзыращ «Рампи» обществэм и унафэщI Ульбашев Руслан, хьэрычэтыщIэ хэу Темыр жанхэ Владимиррэ Нэ жэбатрэ, ЦIыхубзхэм я советым хэт Елдар Риммэрэ абы ипхъу Алътуд Белэрэ, Джатэжь Розэ, Дадали Лёлэ, Азычэ Лидэ,Пенсионерхэм я зэгу хьэны гъэм жыджэру дэлажьэхэу Уни ковская Раисэрэ Тэмазэ Лилиерэ я щIэгъэкъуэну.
- Нэхъыжьхэр зыгъэгуфIа а Iуэху гуа пэхэм ящыщщ Щомахуэ ФатIи- мэзи унафэщI «Айленд» кафем КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ Даур Иринэ щригъэкIуэкIа «На серебряной волне» зэхыхьэр. Абы щызэхуэсат дахэу зэщыхуэпыкIа, зи нэгум гуфIэ кърих нэхъыжьхэр, абыхэм щхьэкIэ Iэнэ берычэти ягъэуват.
- НэхъыжьыфIхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Тхьэзэплъыж Мурат икIи фIыщIэш хуэ яхуищIащ республикэм и зыу жьыныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэм папщIэ. «Нэхъыщхьэр узыншагъэ фиIэнырщ. Фэ фщыщ куэдыр хэтщ узыншагъэр хъумэным теухуауэ едгъэкIуэкI Iуэхухэми, ар хъарзынэщ. Фи Iыхьлыхэм фIыуэ фыкъалъагъуу, пщIэ къыфхуащIу, фызэхащIыкIыу куэдрэ фыпсэуну си гуапэщ!», — жиIащ Тхьэзэплъыжым икIи пенсионер нэхъ жыджэрхэм щIыхь тхылъхэр яритащ.
- КъыкIэлъыкIуэу Тхьэзэплъыж Мурат фIыщIэ тхылъхэр яритащ Налшык администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм и Iэтащхьэ Токъуий Мадинэ, а админист рацэм физкультурэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Григорьевэ Валентинэ, Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм зи нэIэ тет жур налистхэми фIыщIэ тхылъхэр къаритащ. Ахэр Мотаевэ Светла-нэ, Уэрдокъуэ Женя, Холлаевэ Марзият, Богачёвэ Иринэ, Байсиевэ Марзият, Къудей Лидэ сымэщ.
- Тхьэзэплъыж Мурат жиIащ мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым пенсионер мини 196-м щIигъу зэ рыщыпсэур. Пенсионерхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм хохьэ район къалэ IуэхущIапIэу 13, къуажэхэм щыIэу 148-рэ. Лэжьыгъэ псор къыщежьэр пэщIэ -дзэ зэгухьэныгъэхэм къыхалъхьэ жэрдэмхэрщ. Абы и фIыгъэкIэ зэ гухьэ ныгъэм и унафэщIхэм и чэзум къа Iэрохьэ зи ныбжь хэкIуэтахэу щIы — пIэ-щIыпIэхэм щыпсэухэр зыхуэныкъуэхэм ятеухуа хъыбархэр икIи абыхэм яподжэж.
- Зи щхьэцыр къетхъуха нэхъы жьыфIхэм хъуэхъу псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъзащ тхакIуэ Марко Вов- чок и унэ-музейм (КъБР-м и Лъэпкъ музейм и къудамэм) и унафэщI Лэжьэрей Инессэ.
- Медицинэ щIэныгъэхэм я доктор, «Лъэпкъым и узыншагъэм и лигэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Къэмбэчокъуэ Заретэ Тхьэзэплъыж Муратрэ Дыджэш Лидэрэ яриты — жащ лигэм и тхьэмадэ, кардио — хи рург цIэрыIуэ Бокерие Лео къа хуигъэхьа фIыщIэ тхылъхэр.
- Апхуэдэу фIыщIэ тхылъхэмкIэ ягъэпэжащ гъатхэм «Узыншагъэм хуэ кIуэу лъэбакъуэ мини 10 чын» Iуэхум хэта пенсионерхэр.
- Налшык и пенсионерхэм я зэгухьэныгъэм жыджэру хэт Щомахуэ Мухьэмэд дахэу къеджащ усэхэм. Пшыхьыр езыгъэкIуэкIа Даур Иринэ и гъэсэнхэу «Трио 305» уэрэджыIа кIуэ ансамблым хэт Балъкъыз Тимур, Уэрыш Артур, Дидан Аслъэн сымэ пшыхьыр ягъэдэхащ, кърихьэлIахэм я нэгу зрагъэужьащ.
- «ЩIэблэхэм я зэпыщIэныгъэхэр хъумэныр икIи гъэбыдэныр дэ ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ,- къыхигъэщхьэхукIащ Дыджэш Лидэ. Абыхэм я гъащIэ псор трау хуащ жылагъуэм хьэлэлу хуэлэ жьэным. Ди гуапэщ узыншэу, зэIу зэпэщу, на сы пыфIэу илъэс куэдкIэ псэуну».
- ЗэIущIэ гуапэм ирагъэблэгъахэм фIыщIэшхуэ хуащIащ ар къызэзыгъэпэщахэм.
- Къызэхуэсахэм я лъэIукIэ Даур Иринэ уэрэдхэр жиIащ, саугъэтхэр яриту макъамэ зэпеуэхэр ядригъэкIуэкIащ, езы нэхъыжьхэри утыкур ягъэбжьыфIэу къэфащ.
- УАРДЭ Жантинэ.
- Сурэтхэр Холлаевэ Любэ трихащ.