ЩIыхь зыпылъ гъуэгуанэ
2017-10-12
- Нобэ, жэпуэгъуэм и 12-м, илъэс 60 ирокъу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэрызэIуахрэ. Ар къызэрагъэпэщауэ щытащ 1932 гъэ лъандэрэ ди щIыналъэм щылажьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал педагогикэ институтыр и лъабжьэу.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэт ар. Пединститут къызэIуахын и пэкIэ ди лъэпкъ IэщIагъэлIхэр щагъэхьэзыру щытар Орджоникидзе дэта Горскэ пединститутырт. Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ зэрызиужьым елъытауэ, ди щIыпIэм еджапIэ нэхъыщхьэ иIэныр Iэмалыншэ Iуэху хъуат. ЩытыкIэр къалъытэри, РСФСР-м и Правительствэм 1932 гъэм и мэлыжьыхьым унафэ къищтауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым пединститут щхьэхуэ къызэрыщызэIухыпхъэм теухуауэ. КъБКъПИ-м япэ студентхэм папщIэ и бжэр къызэIуихащ 1932 гъэм фокIадэм и 15-м. Студенти 100 щеджэрт абы и къудамищым: биологие, физико-математикэ, литературэ факультетхэм. Ахэр щIэныгъэм и гъуэгум трашэрт егъэджакIуэ 13-м, профессоритIрэ доцентитIрэ яхэту. Нэхъ иужьыIуэкIэ къызэрагъэпэщащ тхыдэмкIэ, естественнэ географиемкIэ, бзэмкIэ къудамэхэр. Зэрылэжьа илъэсхэм къриубыдэу институтым егъэджакIуэ 4200-рэ игъэхьэзыращ. Ар Кавказ Ищхъэрэм и еджапIэ нэхъыфIхэм хабжэу щытащ.
- Къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщу нэхъыфI дыдэхэм нобэ хабжэ ди университетыр къызэIухыныр Iуэху тынштэкъым. Ауэ Бэрбэч ХьэтIутIэ хузэфIэкIащ а зэманым къэрал унафэщIу щытахэм захуигъазэу, зи ужь ихьар ехъулIэныгъэкIэ зэфIихын.
- 1957 гъэм къэрал университет къызэIуахри, факультетиплIу зэхэту (тхыдэ-филологие, физико-математикэ, инженер-техникэ, мэкъумэш) гъуэгуанэщIэ теуващ. Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъ автономиехэм ящыщу университет япэу къыщызэIуахар ди республикэращ. КъищынэмыщIауэ, IэщIагъэ зэхуэмыдэ куэдым щыхурагъаджэ университетхэр къэралым къыщызэIухыныр къыщежьар абдежщ. Ар ирихьэлIат Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум.
- Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэрызэIуахым щымыгуфIыкI зы цIыхуи ису къыщIэкIынтэкъым ди щIыналъэм. КъБКъУ-р къызэрызэIуахым теухуа гуфIэгъуэ зэIущIэхэр, ноби хуэдэу, ди еджапIэм, республикэм щекIуэкIащ илъэс 60 ипэкIэ. Ди республикэм и щIэныгъэтворческэ интеллигенцэм, ди цIыху псоми гуфIэгъуэшхуэр даIыгъыну щIыналъэм къеблэгъат Москва, Ленинград, Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм я лIыкIуэхэр, къэрал унафэщIхэр. Махуэшхуэ зэхуэсым и утыкум доклад щищIауэ щытат абы и ректор Бэрбэч ХьэтIутIэ МутIэ и къуэм.
- Ди еджапIэ нэхъыщхьэм мы зэманым зыIэригъэхьэ ехъулIэныгъэхэми я лъабжьэ, къежьапIэ пэж хъуащ абы и япэ ректору щыта Бэрбэчым иубзыхуа Iуэху зехьэкIэр. А лъэхъэнэм куэд зэфIигъэкIащ абы, еджапIэхэм я щIэныгъэлIхэр ди деж къригъэблэгъащ, щIэныгъэ школхэр зэфIигъэуващ. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэфIым пащащ зи фэеплъ бюстхэр нобэ ди еджа-пIэм къыщызэIутх ректорхэу, еджагъэшхуэхэу КIэрэф Къамболэт Наурыз и къуэмрэ Лъостэн Владимир Чэлимэт и къуэмрэ. Зэман кIыхькIэ университетым и унафэщIащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и член-корреспон-дент, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор Къарэмырзэ Барэсбий Сулеймэн и къуэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэ зыми хузэфIэкI гуащIэ хилъхьащ университетым и зыужьыныгъэм.
- Зыужьыныгъэм и гъуэгу кIыхь къызэринэкIащ КъБКъУ-м. IэщIагъэ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт еджапIэхэр гугъуехь щыхэта 1990 гъэхэм ар хуэзащ лъэпощхьэпо куэдым, ауэ и къарури зэфIэкIри яхъумэу, ямыгъэлъахъшэу, щIыхь иIэу щытыкIэ гугъум къикIыфащ. Нобэ ар къэралым пщIэ щызиIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ, мылъкукIи, къэхутэныгъэхэр зэрырагъэкIуэкI IэмалхэмкIи, IэщIагъэлIхэмкIи лъэщу зэщIэузэдащ. Къэралым и еджапIэ лъэрыхьхэм халъытэ КъБКъУ-м, иджырей егъэджэныгъэ IуэхущIапIэм зэрыхуэфащэу, университет комплекс зэпэщ иIэщ, кадр, щIэныгъэ, мылъку-техникэ, щэнхабзэ, хъыбарегъащIэ, экономикэ Iэмал псомкIи къызэгъэпэщауэ. Къэрал куэдым щыIэеджапIэхэм IуэхукIэ япыщIа ди КъБКъУ-м нобэ щолажьэ IэщIагъэлI 2000-м щIигъу, щIэныгъэ щызрагъэгъуэт студент 11.000-м нэсым. Университетым иIэщ институт, центр зэмылIэужьыгъуэ щхьэхуэхэри. ЕджапIэм и къудамэхэм псоми зэхэту щыхудогъаджэ IэщIагъи 100-м нэсым. Мы гъэм и фокIадэ мазэм университетым къыщызэIутхащ еджапIэ унэщIэ. Абы хэтщ музей къыщызэгъэпэщыным хухэтха пэш щхьэхуэхэри.
- Зи махуэшхуэр нобэ зыгъэлъа-пIэ КъБКъУ-р къокIуэкI, езым и хабзэхэмрэ Урысейм япэу щызэфIэува университет комплексым и фIагъымрэ ихъумэу. Илъэс блэкIахэм абы игъуэта зыужьыныгъэшхуэм укIэлъыплъмэ, наIуэ мэхъу ар Урысей Федерацэм и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я нэхъ пажэхэм зэращыщыр.
- АЛЪТУД Юрий,
- КъБКъУ-м и ректор,
- техникэ щIэныгъэхэм я доктор.