ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

ГъащIэм и нэхугъэ

2017-10-12

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс 60 ипэкIэ университет къызэрыщызэIуа-хар ди республикэм и мызакъуэу, Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ адрей лъэпкъ автономиехэми щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ зыщаужьынымкIэ мыхьэнэ ин дыдэ зи­-Iэ Iуэхугъуэт. А зэманым ди къэралым щекIуэкIа щIэныгъэ-техникэ револю-цэм къигъэува къалэнхэм ящыщт лъэпкъ экономикэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырыныр. Ар фIы дыдэу къызыгурыIуэ, гъащIэм и бэуэкIэр псэ­кIэ зыхэзыщIэ политик Iэзэт КъБКъУ-м   и япэ ректору щыта Бэрбэч ХьэтIутIэ МутIэ и къуэр.
  •  

  • Бэрбэчыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и Совет районым хыхьэ Аушыджэр къуажэм 1916 гъэм мазаем и 25-м къыщалъхуащ. Жылэм и илъэсибл школыр 1931 гъэм ­къиуха нэужь, абы еджэным щыпищащ Новочеркасск къалэм дэт школым. Налшык дэт педагогикэ техникумым егъэджакIуэ IэщIагъэр щызригъэгъуэтри, 1936 — 1940 гъэхэм и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Крупская Надеждэ и цIэр зэрихьэу Ленинград дэта институтым.
  • 1942 гъэм Бэрбэчым къиухащ КПСС-м и ЦК-м и Парт школ нэхъыщхьэр икIи Къэ­бэрдей-Балъкъэр АССР-м лэжьакIуэ ­къагъэкIуэжащ. А илъэсым и бадзэуэгъуэ — фокIадэ мазэхэм ар щыIащ КПСС-м и ­обкомым къепхауэ лажьэ парт школым тхыдэмкIэ егъэджакIуэу.
  • Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ зэ­рыпхъуакIуэхэм пIалъэкIэ щаубыда лъэхъэнэм ар парт къалэн и пщэ дэлъу Куржым и къалащхьэ Тбилиси, иужькIэ Ткварчели къалэм щыпсэуащ. Ди щIыналъэр бийм къыIэщIахыжа нэужь, абы къигъэзэжащ икIи КПСС-м и Налшык къалэ советым и секретару, иужькIэ партым и Прималкинскэ къалэ комитетым и секретару, КПСС-м и обкомым и лектору лэжьащ.
  • 1945 гъэм и мазаем къыщыщIэдзауэ 1948 гъэм и гъатхэпэ пщIондэ Бэрбэч Хьэ­тIутIэ лэжьащ Республикэ радиокомитетым и унафэщIу, иужькIэ щытащ КПСС-м и обкомым, и оргинструктор къудамэм, административнэ IэнатIэм я пашэу. 1950 — 1957 гъэхэм ХьэтIутIэ лэжьащ КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и секретару.
  • 1952 гъэм къыщыщIэдзауэ Бэрбэч ХьэтIутIэ хэтащ Мамырыгъэр хъумэным­-кIэ Къэбэрдей-Балъкъэр комитетым. 1954 гъэм Жылагъуэ щIэныгъэхэмкIэ акаде­мием, КПСС-м и ЦК-м и нэIэм щIэту ла­жьэм, и илъэс курсхэм щеджащ икIи «Къэ­бэрдей социалист лъэпкъыр къызэрыунэхуамрэ абы игъуэт зыужьыныгъэмрэ» къэхутэныгъэ диссертацэр игъэхьэзыращ, ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ икIи тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат цIэр къыфIащащ.
  • 1956 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм КъБАССР-м и Министрхэм я Советым СССР-м и унафэщIхэм я деж игъэхьауэ щытащ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъур республикэм щыгъэлъэпIэн зэрыхуейм теухуа тхылъ, абы ирихьэлIэу гъэзэщIапхъэу къалъытэхэр иту. А тхылъым щхьэхуэу къыщыгъэлъэ­гъуат пединститутыр къэрал университет щIыжын зэрыхуейм теухуа жэрдэмри. Университет ди щIыналъэм къыщызэIу­хыпхъэу къэзылъытэ Бэрбэчым и Iуэху еплъыкIэр къыдаIыгъыу, лъэпкъ интеллигенцэм щыщ щIэныгъэлIхэр, IэщIагъэлI­хэр мызэ-мытIэу тхащ щIыналъэ, къэрал унафэщIхэм я деж, Бэрбэчым къыхилъхьа жэрдэмыр зэрыIэмалыншэ Iуэхур ­къыхагъэщу.
  • 1957 гъэм мэлыжьыхьым и 5-м СССР-м и Министрхэм я Советым унафэ къищтащ ди республикэм Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университет къызэрыщызэIуахым ­теухуауэ. РСФСР-м и Министрхэм я Со­ветми а зэман дыдэм унафэ ищIащ Налшык мэкъумэш техникумым и унэр, общежитыр, еджапIэм и мылъкутехникэ базэр псори КъБКъУ-м етын хуейуэ. Куэд дэ­мыкIыу нэгъуэщI зы укази къаIэрыхьащ республикэм и унафэщIхэм: «Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и рек­тору гъэувын тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Бэрбэч ХьэтIутIэ МутIэ и къуэр», — жиIэу иту.
  • И къулыкъум щыпэрыува япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ ХьэтIутIэ лъэкIыныгъэу, зэфIэкIыу бгъэдэлъ псори ирихьэлIащ еджапIэ нэхъыщхьэм и щIэныгъэ, техникэ лъабжьэр егъэфIэкIуэным, ар нэхъри гъэбыдэным. Абы фIыуэ къыгурыIуэрт щIэныгъэм и зыужьыныгъэм щIыналъэм къыхуихьыну ехъулIэныгъэ лъагэхэр, икIи еджапIэм занщIэу лэжьапIэ къригъэблэгъащ къэралым и математик, физик, химик, филолог цIэрыIуэхэр. Апхуэдэ щIы­кIэкIэ Бэрбэчым игъэтIылъащ университетым и егъэджэныгъэщIэныгъэ лъабжьэ быдэр.
  • Къызэригъэпэща университетым Бэрбэч ХьэтIутIэ нэхъыбэм зэреджэр «гъащIэм и нэхугъэ», «зыужьыныгъэм и джэ­лэс» псалъэхэмкIэт. ИпэжыпIэкIэ а еджапIэ нэхъыщхьэр хъуащ щIэныгъэм и нэхум ди цIыхубэр хуэзыша нэхугъэ.
  • Университетыр зэфIэувэнымкIэ Бэрбэч ХьэтIутIэ лэжьыгъэшхуэ иригъэ­кIуэ­кIащ. Абы гъащIэм, зыпэрыта къэрал, жылагъуэ IэнатIэхэм дапщэщи япэ щригъэщар цIыхубэм сэбэп яхуэхъун зэры­хуейрт. А унафэщI щыпкъэм и фIыгъэщ КъБКъУ-м зэман кIэщIым къриубыдэу хэпщIыкIыу зэрызиужьар, математикэ, физикэ, химие, филологие щIэныгъэхэмкIэ ­ехъулIэныгъэфIхэр зэрызыIэригъэхьар, IэщIа­гъэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым щыхурагъаджэ зэрыхъуар.
  •  Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и япэ ректорым и гъащIэ куп­щIафIэм, лъэпкъ щIэныгъэмрэ щIыналъэ зыужьыныгъэмрэ абы хуищIа хэлъхьэныгъэ инхэм хуэфащэ жьантIэ увыпIэр щаубыд ди республикэм и тхыдэм. Бэрбэч ХьэтIутIэ игъуэтащ лъэпкъым къыбгъэдэкI фIыщIэ инрэ пщIэ лъагэрэ. Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм щIэныгъэ нэхъыщхьэм зыщегъэужьыным хуищIа хэлъ­хьэныгъэшхуэр къалъытэри, КъБР-м и япэ Президенту щыта КIуэкIуэ Валерий и унафэкIэ университетым фIащыжащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр. 2016 гъэм Бэрбэчыр къызэралъхурэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу абы и пщIантIэм къыщызэIуахащ япэ ректору щытам и фэеплъ бюст.
  •  
  • ЖЫЛАСЭ  Маритэ.