ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

КъежьапIэ

2017-10-12

  • Ди щIыналъэм щыпсэухэм университет диIэ зэрыхъуар зыми ­ебгъапщэ мыхъуну Iуэхугъуэ инщ. Ар лъэпкъым и лъынтхуэ, и хъу­гъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэщ. Абы щыгъуэми, сэ сызытепсэлъыхьы­нур а университетыр къызы­те­хъукIыжа Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал пединститутырщ. Аращ сэ сыщеджар, си къежьапIэр.
  •  
  • Зауэ нэужь илъэс гугъухэм пед­институтым щеджахэм сащыщщ сэ. «Илъэс гугъу» хужыпIэкIэ, узыщ­хьэщыкI мыхъун лъэхъэнэ хьэлъэт ар. Зауэр зэфIэкIри, гъейр къы­кIэлъыкIуащ. ИтIани еджэным ди гур хузэIухат. Арати, фронтыр илъэсиплIкIэ зыгъэшхахэм яхэта щIалэжь цIыкIухэм ди псэр школым тхьащ.
  • 1946 гъэм Налшык къыщызэIуаха интернатым 10-нэ классыр къы­щы­зухауэ, сэ ди директор Къамбий ­ХьэматI и чэнджэщкIэ пединститутым и адыгэбзэ факультетым сы­щIэтIысхьащ. Абы илъэситIкIэ щрагъаджэрэ адыгэбзэмкIэ егъэджа­кIуэхэр къыщIагъэкIыу щытащ. Ди деж щыщIэдзауэ отделенэр факультету зэрахъуэкIащ икIи щIэныгъэ нэхъыщхьэ къуиту, илъэсиплIкIэ уще­джэу ящIащ. Аращ къыщежьари иджы ди университетым филоло­гиемкIэ и институтым и адыгэбзэ къудамэр.
  • Куэдрэ сигу къокIыж дэ абы ды­зэрыщIэтIысхьам щхьэкIэ ди студентэгъу Iэджэм ауан дыкъащIу «сыт фэ фызыхуеджэр, фэ ар къэвухыху, адыгэбзэр кIуэдыжынущ…» къыд­жаIэу зэрыщытар. Ауэ абы щеджэ ныбжьыщIэ 17-м ди щхьэр зы махуи етхьэхакъым, щIегъуэжаи къытхэкIакъым. Уеблэмэ дэ дехъуэпсакъым къэралым щыIэ еджапIэ цIэ­рыIуэу Москва, Ленинград дэтхэр къэзыу­хахэм. Пэж дыдэу, гулъытэншэу къэна ди анэдэлъхубзэм псэ къы­хы­хьэжын щыщIидзауэ щытар ди дежщ. Ди курсым щIэсащ иужькIэ цIыхубэ тхакIуэ хъуа Нало Ахьмэдхъан (Хэку зауэшхуэм хэтауэ къигъэзэжри, 2-нэ курс дыхъуауэ къытхэтIысхьэжат ар), егъэджа­кIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институ­тым, иужькIэ, педучилищэм я ди­ректору лэжьа, филологие щIэ­ныгъэхэм я кандидат, адыгэбзэм ­зегъэужьыным куэд хэзыщIыхьа Джаурджий ХьэтIыкъэ, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, Къэрэ-шей-Шэрджэс пединститутым и егъэ­джакIуэу щыта, тхакIуэ Дзасэжь Хьэсанш, егъэджакIуэхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ институтым и адыгэбзэ кабинетым и унафэщIу куэдрэ лэжьа КъуэщIысокъуэ Нурхьэлий, нэгъуэщIхэри.
  • Ди ужьыр махуэ яхуэхъури, илъэс къэс зы курс, тIу щыхъуи щыIэу, адыгэбзэм хуеджэ студентхэр къы­зэщIэрыуащ. Нобэ адыгэ лъэп­къыр зэрыгушхуэу зи цIэ къипIуэну диIэ тхакIуэ, усакIуэ, щIэныгъэлI, журналист гъуэзэджэ къомыр къызы­щIэкIар адыгэбзэ къудамэрщ. Абы­хэм ящыщщ КъардэнгъущI Зыра­мыку, Нало Заур, Тхьэгъэзит Зубер, IутIыж Борис, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Бещтокъуэ Хьэбас, Къэжэр Пётр, Джэрыджэ Арсен, Къагъырмэс ­Борис, КхъуэIуфэ Хьэчим, Мэзыхьэ Борис, КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ ДыщэкI Марие, универси­тетым и библиотекэм и унафэщI Ныр Розэ, егъэджакIуэ Iэзэ Шыгъушэ Алий сымэ, нэгъуэщI Iэджи.
  • ТIэкIу къытщIэнакIэу «адыгэ гупкIэ» ди курсым къыдэджэхэр щыIами, ди Iуэхуи ди Iыхьи зыщIыпIи къыхэднэртэкъым. Япэрауэ, ди гупым адыгэ хабзэрэ нэмысрэ яхэлът, къуейщIей, къемызэгъ зы­лэжь къытхэттэкъым. ФIымрэ захуа­гъэмрэ дыхуаущийрт ди адыгэ егъэджакIуэ телъыджэхэу АбытIэ Му-хьэб, Къардэн Бубэ, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сымэ. Абыхэм дызэджэ программэр дагъащIэкIэ Iуэхур зэфIагъэкIыртэкъым, адыгэбзэм зэры­зиужьынур, щэнхабзэм зэрызиIэтынур, ди литературэр зэрыгъэгъэнур, дэ абы къалэнышхуэ щыдгъэзэщIэн зэрыхуейр ди фIэщ ящIырт икIи абы дыхуагъасэрт, ТхакIуэхэм я союзым, газетхэм я редакцэхэм, радиом ­дыпащIэрт, уеблэмэ студентыр сыт щыгъуи зыхуэныкъуэ сом гуэри къыщыдагъэлэжь къэхъурт.
  • Зэманым зехъуэж, гъащIэри адэ­кIэ мэкIуатэ. Нобэ дэ дрогушхуэ пед­институтым къытехъукIыжа еджа­пIэ нэхъыщхьэм — КъБКъУ-м. Ди щIалэгъуалэм IэщIагъэ зэмы­лIэужьыгъуэ куэд къызыщIах, лъэпкъ щIэныгъэлI куэд щылажьэ, къэралым нэхъ щыпажэхэм хабжэ, и япэ ректор икIи и къызэгъэпэщакIуэ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэ­рал университетым дохъуэхъу угъурлыуэ щыта и гъуэгуанэм апхуэдэ куэд къыпищэну.
  • КЪЭРМОКЪУЭ Мухьэмэд,
  • КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ.
  • 2012 гъэ