Си Дохъушыкъуей
2017-07-04
- Дэтхэнэ зы цIыхуми и гум, и псэм щегъафIэ, ирогушхуэ къыщыхъуа, къызыхэкIа и жылэр. Ар абы и гъащIэ гъуэгум и къежьапIэщ. Сэри сропагэ сыкъыщыхъуа си Дохъушыкъуейм. Абы хузиIэ лъагъуныгъэр пхуэмыIуэтэным хуэдизщ.
- Дохъушыкъуей (Старэ Шэрэдж) и тхыдэр жыжьэ къыщожьэ. Ар жылэу япэу щытIысар иджыри IупщIкъым. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, ар 1640 гъэм хуозэ.
- 1724 — 1727 гъэхэм Псыжь къикIри кърым хъаным и блыгущIэтхэр — беслъэнейхэр Къэбэрдейм къэкIуащ, унагъуэ 300 — 500 хуэдиз хъууэ. Абыхэм я пашэт уэркъ Дохъушокъуэ Раслъэнбэч. Абыхэм къатехъукIауэ хуагъэфащэ къуажэдэсхэм я нэхъыбэр. Дохъушокъуэм и цIэм къытекIауэ къалъытэ къуажэм и фIэщыгъэри.
- Ди къуажэм къыдэкIащ дызэрыпагэ, дызэрыгушхуэ цIыху цIэрыIуэ куэд. Апхуэдэщ Къэбэрдейм и джэгуакIуэшхуэ, усакIуэшхуэ Агънокъуэ Лашэ. А лIы щэджащэм пасэрей джэгуакIуэжьхэм я щэн куэд хэлъащ. Сыт хуэдэ гуп хэмыхуами, Лашэ гум къинэжын хуэдэ псалъэ, усыгъэм и хабзэкIэ гъэпсауэ, хилъхьэфырт. Къэбэрдей жьэрыIуатэ усыгъэр тхыбзэм хуэкIуэн щхьэкIэ, абы и творчествэм мыхьэнэуэ иIар пхужыIэнукъым.
- Борыкъуей ТIутIэ цIыхубэм щIэныгъэ яхэлъхьэным зи къару псомкIи елэжьа щIэныгъэлIхэм ящыщщ. И Iуэху нэхъыщхьэм — ныбжьыщIэхэр егъэджэным — ищIыIужкIи абы усэ итхыу щытащ. Бэм щIэныгъэ етынымкIэ абы лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ: адыгэ алыфбейр зэхэлъхьэным, ар егъэфIэкIуэным, школхэм зэрыщеджэн тхылъхэр гъэхьэзырыным, япэ еджапIэхэр къызэIухыным ар емызэшыжу хуэлэжьащ. Абы и цIэр зэрехьэ ди къуажэм и зы уэрамым.
- Адыгэ литературэм хэлъхьэныгъэ гъуэзэджэ хуэзыщIа хэку усакIуэ ин дыдэхэм ящыщщ КIуащ БетIал. ГъащIэшхуэ имыIами, зэчий абрагъуэ зыбгъэдэлъа усакIуэшхуэм адыгэ усыгъэм гъуэгущIэ щыпхишащ, IуэхугъуэщIэхэр къыщызэIуихащ, и зэманым псэуа цIыхухэм я гурылъ-гуращэхэр куууэ къиIуэтащ, къыдалъхуахэр цIыхугъэм, пэжыгъэм, захуагъэм къыхуриджащ. И лъахэр псэзэпылъхьэпIэ щихуэм, лIыгъэ къигъэлъэгъуам зэи мыкIуэдыжын пщIэрэ щIыхьрэ усакIуэ гъуэзэджэм къыхуахьащ. Аращ абы и цIэр хэкум и цIыхухэм гуапэу къыщIапсэлъыр, я гум щIыщагъафIэр. Абы и цIэр къыщалъхуа къуажэм и зы уэрамым фIащащ.
- Иуан Хьэсэн Совет Союзым и ЛIыхъужьщ. И цIэр къыщалъхуа къуажэм дэт езанэ курыт еджапIэм зэрехьэ, и фэеплъыр а еджапIэ дыдэм щагъэуващ.
- Тхьэзэплъ Хьэсэн усакIуэщ, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым и редактор нэхъыщхьэщ, Урысей Федерацэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ.
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэщ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Иуан Пётр РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ къудамэм и унафэщIщ.
- Апхуэдэ цIыху щэджащэхэм дрогушхуэ, дропагэ дохъушыкъуейдэсхэр. Абыхэм яхуэфэщэн щIэблэ дыхъунми дыхущIокъу.
- ДЗЫГЪУАНЭ Анетэ.