ЦIыкIураш
2016-05-17
- Къуалэбзухэр
- Къуалэбзухэм я нэхъыбэр щIымахуэм щIыпIэ хуабэм щыIэщ. Гъатхэр къызэрихьэу, ахэр ди щIыпIэм къолъэтэж. Псом япэ къосыж вындыжьхэмрэ бжэн-дэхъухэмрэ. Абыхэм къакIэлъыкIуэу хьэрхьупхэр къолъэтэж. Хьэрхьупхэр пщэдджыжькIэ жьыуэ къоджэ. Гъудэбадзэхэр къызэрежьэу, пцIащхъуэхэри къолъэтэж.
- Къуалэбзухэм хьэпIацIэ куэд яшх, хадэхэр, къэкIыгъэхэр яхъумэ.
- Фи унэ жыг хадэм абгъуэхэр куэду щыфIэвдзэ. А абгъуэхэм бзу куэд къыщрашынщ. Жыгхэм япыс хьэпIацIэхэр бзухэм я шырхэм ирагъэшхынщ. Апхуэдэурэ зэран хъу хьэпIацIэхэр кIуэдынщ.
- Бзухэр ныбжьэгъу фщIы, ахэр сэбэпщ.
- Гъатхэ
- Гъатхэ нэфIэгуфIэр къихьащ. Дунейр нэхъ хуабэ хъуащ. Жыгхэр къэгъэгъащ, удзыщIэ цIыкIухэр щIым къыхэжащ. ЦIыхухэм хадэр ягъэкъабзэ. Абыхэм хадэхэкIхэр хасэнущ. Бжэндэхъу къэлъэтэжахэм абгъуэхэр ящI.
- Уэгунэбзум и уэрэд дахэр къреш. Псыежэх цIыкIур мэIущащэ. Къанжэ джабэхур мэкIакIэ. Бжьэхэм гъэгъахэм фо къыпах. Дунейр гъатхэщ.
- Къуалэбзухэм я уэрэдхэр зэдежьууэ къыщIадзащ. Дзэл жыгхэр псом япэжкIэ къэтIэпIащ. ДэнэкIи даIуэ — Iэуэлъауэщ. Дунейм псэщIэ къыхыхьэжащ.
- Гъатхэ! Ар дунейм и дахэгъуэщ. МахуэкIэ уэмщ, хуабэщ. Жыгхэр къотIэпI. Губгъуэр щхъуантIэ мэхъу. ИпщэкIэ акъужь мащIэ къреху. Хуиту уобауэ. Жыг гъэгъам и мэ гуакIуэр къыпщIехьэ.
- Таурыхъ
- Къурш ажэмрэ дыгъужьымрэ
- Зэгуэрым ди адэмрэ абы и ныбжьэгъу ХьэзрэIилрэ мэкъу Iэнащтэ сыздашат ФэхукIэ зэджэ джабэ нэкIум. Хуабжьу гухэхъуэщ къуршым ущылэжьэну: къуршыпс уэрхэм я даущымрэ жьыбгъэ щIыIэтыIэмрэ зэхохьэжри Iэпкълъэпкъыр зэщIаIэтэ, еш пщIэркъым. Сэ мыбы сыкъызэрыкIуэрэ зэрыхъуар махуэ зытIущти, псом хуэмыдэу нэхъ си щIэщыгъуэт мы щIыпIэр. Ди адэмрэ ХьэзрэIилрэ я щIалэгъуэм щыгъуэ мыбы зэрыщыщэкIуахэм и гугъу щащIыжкIэ, сэ а тIум я хъыбарым сыщIэдэIуурэ си аргъынэм сытегъуэщыкIырти, гъунэгъу сахуэхъурт. Апхуэдэурэ ди адэр здэуэршэрым, и псалъэр зэуэ зэпигъэуащ, аргъынэмкIэ плъэурэ зыщIэдэIукIри жиIащ:- Догуэт, догуэт!..
- Къэхъуар сымыщIэу си жьэр Iурыхуауэ сеплъырт сэ абы. ХьэзрэIил ар зыкIи фIэгъэщIэгъуэнтэкъым. Зыгуэр зэхэсхыну сыпIэцIеиж щхьэкIэ, сыт сымыщIэм, псыежэх макъ фIэкIа зыри зэхэсхыртэкъым.
- — Зобжьэкъуауэхэр. ФедаIуэт, федаIуэт… — нэгъуэщI зыри къыпимыщэу ди адэм и Iэпэр езыр зыдэплъэ къуэ зэвымкIэ ишиящ.
- Пэжу, аузымкIэ дыщыплъэм, сэ зэхэсхащ жыг итырыгъу къута зэраудэкI нэхъей, Iэуэлъауэ. Куэд дэмыкIыу бгыщхьэ гуэрым къыкъуэщащ къурш ажэ зэрамыщIэжым и бжьакъуэшхуэхэр.
- Ди адэм иIыгъ пхъэ гуахъуэм и бжьитIым ещхьу папцIэт, абы и бжьакъуэпэхэр и пщэдыкъымкIи зыщагъэшыжырт, ауэ щыхэтым деж, Iэпщэм хуэдизыну гъум щыхъурт.
- Блыным кIэрыIулIауэ къурш ажэм и бжьакъуэ сэ щыслъэгъуат ди школым и биологие кабинетым, иджы ар езы ажэм тету икIи игъэхъейуэ зэрыслъагъур сфIэгъэщIэгъуэну, си нэхэр тенауэ сеплъырт.
- — Плъагъуркъэ? Уэ ар пщIэн хуейщ. Ажэр хьэкIэкхъуэкIэ гуэрым кърихужьа иужь, щхьэкIэ къырым зредзыхри, мис а бжьакъуэхэмкIэ щIым зытредзэ. Аращ ар къезыгъэлри. И лъэр зытеувэн игъуэтмэ, и бжьакъуэхэмкIэ къыр задэм зыкIэриIыгъэурэ сыт хуэдэ къуршми йокIуэкI, — зыкIэлъигъэпIащIэу къэIущащэрт ХьэзрэIил.
- Абы и псалъэр нимыгъэс щIыкIэ, аргуэру джабэм къыкъуэщащ бжэн зыбжанэм я щхьэхэр. Аргуэру къыкIуэкIащ, итIани къыкъуэкIащ. Ауэрэ, гуартэ псо щыхъум, зысхуэмышыIэу къызжьэдэхуащ:
- — О-у-у, а къомыр елърэ!
- — Щыгъэт, бгъэщтэнущ! — кином щеплъкIэ къыхэкIиикI сабийм ещхьу, къысхуэгубжьащ ди адэр.
- Сэ зызущэхужащ, ауэ кIуэ пэтми нэхъ гъэщIэгъуэныж ди нэгум къыщIэувэрти, топ джэгум сеплъ нэхъей, мызэ-мытIэу сыкъэхъурт сыкIиину. СыкъытриIэтыкIын сфIэщIу сигури къыщеуэрт бгъэм. Ауэ зысшыIэрт ди адэм сыфIэлIыкIрти.
- ХьэзрэIил зэрыжиIэмкIэ, а гуартэр бжэн плIыщIым нэблагъэрт. Псафэ щыIауэ иджы къуршыщхьэм дэкIыжу арат, удз къэуатым щыхъуэкIуэну.
- ЗэрызгъэщIэгъуэнур сымыщIэу сэ сегупсысырт: а къыр лъагэхэм удэплъеймэ, уи пыIэр пщхьэроху, укъеплъыхмэ, уи щхьэр мэуназэ. Зэ убэлэрыгъауэ улъэпэрэпакъэ — укIуэдащ. ИтIани, апхуэдиз зи шынагъуагъ къырым жэрыжэкIэ къыщажыхь абыхэм.
- Апхуэдэу мывэшхуэ гуэрым дыкъуэплъу дыщысурэ дыгъэм и бзий кIыхьхэр ауз дыгъэмыхъуэми лъэIэсу хуежьащ. Ажэхэми дыгъа-пIэ хъуныфIэм зрагуэшащи, мэхъуакIуэ. Зэ IуплъэгъуэкIэ уи гугъэнт ар колхоз бжэн гуартэу, баш иIыгъыу бжэныхъуэ зэрахэмытыр мыхъуамэ. Абыхэм я плъырри лъагапIэ теуващи, сакъыу зеплъыхь, и щхьэр игъэкIа- рэ зыщIыпIэкIэ «цырхъ» макъ къиIукIмэ, занщIэу зыщIэдэIукIыу. Языныкъуэми, зигъэпагэу и бжьа-
- къуэшхуэхэр щхьэхынэ-щхьэхынэу игъазэу, IэкIэ ягъэжам хуэдэу мэув.
- Арыххэу, къэхъуари къэщIари дымыщIэу, пIэтIрон нэщI игъэфия хуэдэу, дыкъигъащтэу ажэ къэрэгъулыр ину фийри, хъушэр зэхэзежэ хъуащ. Гу къытлъатащ жытIэнути, иджыпсту мамыр дыдэу дыумэзэхауэ, уеблэмэ дызэрыбауэ къудейр зэхэдмыхыжу дыщысщ, мывэшхуэ къуагъым дыкъыкъуэкIыр- къым.
- ХъумакIуэр сыну жауэ щытщ, и хъушэр игъэлъэрышауэ щIибжыкI хуэдэщ, зырызыххэу ибгъукIэ бложри щыгумкIэ дож. А ажэр хъушэм апхуэдизкIэ хуэсакъырт, ятегужьеикIати, гъэщIэгъуэнт! Зы къэмынэу япэ иригъэщри, езыри яужь иувэжащ.
- Абы хэту дэ къэтлъэгъуащ и къарум къызэрихькIэ лъэгумкIэ зы дыгъужь къыдэжу. Ауэ узижагъуэным къыщыущI а нэпсейм къыщыщIар!
- Ди нэр тенауэ дыздеплъым, дыгъужьыр къэблэгъакъэ иджы щыжиIэ дыдэм, ажэм занщIэу зыкъигъазэри и къарум къызэрихькIэ и бжьакъуэшхуэхэмкIэ къеуащ щIихьауэ хуэжэ дыгъужьым. Дыгъужьыр къэп уфэрэкIауэ лъэныкъуэкIэ щхьэприхуащ. Техуащ ар, макъ гъэщIэгъуэн гуэр хьэлъэу къыжьэдэIукIри. Апхуэдэ щIыкIэкIэ ажэм и хъушэм нигъэсакъым щхъуэжьыр. Iуэхур зэфIэкIауэ щилъытэм, ажэм дэ дыкъимылъэгъуами, дыгъужьыр къытхуигъанэри, зикI зимыIэжьэу и гъусэхэм якIэлъыщIэпхъуэжащ.
- Апхуэдиз лIыгъэ хэлъу гуартэр бийм щызыхъума къурш ажэм ди адэмрэ ХьэзрэIилрэ кIэлъыуэну къыщIэкIынтэкъым фоч яIыгъами.
- Дэ псынщIэу къуэм дыдэлъадэри дыгъужьым дыбгъэдыхьащ. Сыт … щылът ар хьэдэу. Къурш ажэ губжьам натIэрыуэ зыкъыпхуищIауэ укъелынт!
- — КъехъулIакъым джаурым и мурадыр… — жиIэрт ди адэм диижауэ щылъ щхъуэжьым еплъурэ.
- Къурш ажэм «къытхуиукIа» дыгъужьым и фэр ди фейдэуэ, а тлъэгъуа телъыджэр дгъэщIагъуэу ди IэнатIэм дыкIуэжри мэкъу Iэнэ тщтэуэ дыхэувэжащ.
- Гъубжокъуэ Лиуан.
- Зэныбжьэгъугъэ
- Щихум и жэуап
- И закъуэ дыдэу губгъуэм ит Щихур щилъагъум, хъыджэбз цIыкIум ар фIэгуэныхь хъуащи, бгъэдыхьауэ йоупщI: «Мы губгъуэ нэщIым дауэ уитыф уи закъуэу? Ныбжьэгъуи уимыIэрэ къыпхуеи щымыIэу? УсфIэгуэныхь мэхъу».
- Щихум пщIащэхэр егъэхъейри, жеIэ: «Умыгузавэ, хъыджэбз цIыкIу, сэ щхьэкIэ. Сэ си закъуэкъым. Ныбжьэгъу си куэдщ. Абыхэм сэ зэи сагъэзэшыркъым».
- Хъыджэбз цIыкIум ар егъэщIагъуэ: «Уэ уи мызакъуэуи? НтIэ зыри слъагъуркъыми!»
- Абы къыхуеплъыхыурэ Щихум жеIэ: «АтIэ, модэ уафэм дэплъейт — дыгъэр плъагъуркъэ? Ар зы. Дыгъэр сэ къызодэхащIэ и бзий хуабэхэмкIэ. Иджы къеплъыхыжыт — плъагъурэ си бгъумкIэ щежэх мы псыр? Ар сытым хуэдэу ныбжьэгъуфI. Абы псы зэи щигъащIэркъым си лъабжьэр. Езыр къабзэщи, гъуджэм хуэдэу, сыкъощ. Хьэмэрэ, сыт хуэдиз къуалэбзу хьэщIэу къысхуэкIуэрэ сэ! Сыт хуэдиз уэрэд къызжаIэрэ абыхэм! ЦIыхухэри къокIуэ си деж. Махуэр хуабэ хъуамэ, губгъуэм лажьэу итхэр си жьауэм къыщIотIысхьэри загъэпсэху. Ар махуэкIэщ. Си закъуэу сыкъанэркъым сэ жэщкIи. мазэр къыщIокIри, и нэхум сыхегъапскIэ. Вагъуэхэри къыздоуэршэр нэху щыху. Зэи сибгынэркъым жьыбгъэ щIыIэтыIэми, махуэм къэплъа си къудамэхэм зыкърешэкIри егъэупщIыIу. Иджы уи фIэщ хъуа, хъыджэбз цIыкIу, сэ зэи сызэримызакъуэр?»
- Щихум и лъэдийм гуапэу телъэщIыхьурэ хъыджэбз цIыкIум жеIэ: «Иджы сэ абы шэч къытесхьэжыркъым. УнасыпыфIэщ уэ, Щиху!»
- Къагъырмэс Борис.
- Къанжэм и псэукIэр
- Къанжэм и жьэгъумрэ и ныбэгумрэ хужьщ, и щхьэри, и дамэри, и кIэри фIыцIэщ. Къанжэм и кIэр кIыхьщ, захуэщ, дахэ дыдэщ. Къанжэр зэи зы щIыпIэм мамыру щыскъым, тепыIэгъуэ имыIэу къелъэтыхь.
- Къанжэр дахэ щхьэкIэ, дыгъуэрабзщ. ЩIыпIэ-щIыпIэхэр къыщилъэтыхькIэ, и нэ фIыцIэ цIыкIуитIым кърегъэжыхь. Сыт къысIэрыхьэну пIэрэ жиIэ щIыкIэу.
- Джэдэщым джэд къакъэ макъ къызэрыщIэIукIыххэу, ар псынщIэу къос. Абы зыщIегъэмэракIуэри, джэдыкIэ кугъуэр кърефыкI. Къанжэр джэдкъаз шырхэми яхуэлъэщ.
- Къанжэхэм абгъуэ быдэ яIэщ. Ахэр жыг дыкъуакъуэхэм лъагэу дащIыхь. Абгъуэм и хъуреягъыр банэщ. Банэ Iэмбатэм и кум тIысыпIэ щабэр иращIыхьыж. А абгъуэм шырхэр къыщраш. Куэд йощакIуэ къанжэ шырхэм, ауэ абыхэм зыри ялъэIэсыфыркъым.
- Къанжэм теухуа хъыбархэу, таурыхъхэу куэд щыIэщ. Ар абыхэм къахощ къуалэбзу губзыгъэу.
- Къанжэр и бзэм токIуадэ.
- Къанжэ кIакIэр цIыхугъапцIэщ.
- (Псалъэжьхэр)
- Дыщыпсэу щIыналъэр
- Iуащхьэмахуэ
- Хамэ къэрал куэдым къикIа цIыхухэр Iуащхьэмахуэ лъапэ зыгъэпсэхуакIуэ къокIуэ.Кавказ къуршышхуэм и лъагапIэ нэхъ ин дыдэщ Iуащхьэмахуэ. Абы и лъагагъщ метр 5642-рэ. Ар щхьэ дыкъуакъуэщ.
- Iуащхьэмахуэ гъэми щIыми темыкIыу мыл Iув телъщ. Абы и щхьэм пшэ куэдрэ щытелъ щыIэщ. Гъэмахуэ хуабэ дыдэм дежи абы щыщIыIэщ.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыгум щежэх псы инхэу Бахъсэнрэ Балъкърэ Iуащхьэмахуэ и лъапэм къыщожьэ.
- Iуащхьэмахуэ лъапэ щIыпIэ дахэщ, къэкIыгъэ зэмылIэужьыгъуэ куэд къыщокI. Абыхэм ящыщщ уэздыгъей, бжей, жыгей, тхуей жыгышхуэхэр.
- Хамэ къэрал куэдым къикIа цIыхухэр Iуащхьэмахуэ лъапэ зыгъэпсэхуакIуэ къокIуэ.
- Фэ фщIэрэ?
- Адыгэхэм я тхыдэм теухуа фэеплъ
- Налшык къалэ дэтщ фэеплъ лъапIэхэр. Абыхэм ящыщщ Марие хуагъэувари. Ар ягъэувынкIэ щIэхъуам и щхьэусыгъуэр тет тхыгъэм къыбжеIэ.
- Къэбэрдеймрэ Урысеймрэ я зэныбжьэгъугъэр илъэс щиплI 1957 гъэм ирикъуащ. ЗэгурыIуэныгъэ-зэпыщIэныгъэ Iуэхушхуэхэр зыубзыху тхылъхэр 1557 гъэм ятхауэ щытащ. Урыс пащтыхь Грозный Иван куэд мыщIэу къэбэрдей пщышхуэ Идар Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (чристэн диныр къищта иужь Марие зыфIащар) щхьэгъусэ хуэхъуащ. Ар и къежьапIэщ фэеплъым. ЦIыхубэр нобэ абы Марие и фэеплъкIэ йоджэ.
- Фэеплъыр ягъэувыну мурад щащIам, скульптурэр ягъэхьэзырыну я пщэ далъхьащ а Iуэхум хуэIэзэхэу Махтин С., Листопад М., Альтаржевский В. сымэ. Гуащэнэ и теплъэр гъэувыпхъэу къыщалъытэм, абыхэм къыхахын хуей хъуащ абы ещхь адыгэ цIыхубз икIи «Кабардинка» къэфакIуэ ансамблым хэт Шэру Соня тращIыкIащ. Абы и теплъэ гуакIуэм хуэдэу, къызыхэкIа лъэпкъыр адыгэ фащэ дахэм къыбжиIэу скульптор Iэзэхэм фэеплъыр зэфIагъэуващ икIи псоми ягу ирихьащ.
- Илъэс дапщэ дэмыкIами, нобэр къыздэсым щIэщыгъуэу, мыхьэнэшхуэ иIэу ди къэрал иным и фэеплъ нэхъыфIхэм хабжэу ар щытщ. Абы ди къалащхьэ Налшык игъэдахэ къудейкъым, атIэ лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр къэзыгъэлъагъуэ ухуэныгъэ уардэщ.
- Ущие
- ПцIы бупсмэ, уи пэжри я фIэщ хъужыркъым
- Зы щIалэжь цIыкIу мэлыхъуэти, пэнтхым тету къуажэ мэлыр здигъэхъум, зэшырти, бгыпэм къытеувэри къэджащ:
- — Уэлэхьи, ди мэлыр дыгъужьым яшх! — жиIэри.
- Хэт фоч, хэт гуахъуэ, шэмэдж къащтэри хьэблэ лIыр бгым зэрыдэхащ. Зэрыдэхри — дыгъужь лъэпкъи щыIэтэкъым, хъушэм лажьэ яIэтэкъым. Я IэнатIэм пщIэншэу къыпэраша лIы къомыр мэлыхъуэжь цIыкIум къешхыдащ, къеущиери, щхьэж и Iуэху пэрыувэжащ.
- ЕтIуанэ махуэми щIалэжь цIыкIур ещхьыркъабзэу къэджащ. ЛIы къомыр зэрыдэхри — аргуэру пцIыт. ЛIыхэр мэлыхъуэ пцIыупсым ешхыдащ, ещхьэфауэри къагъэзэжащ.
- Ещанэ махуэм дыгъужь гуп банэм къыхэжри, хъушэм къахэлъадэщ аби, мэлыр зэтраукIэу щIадзащ. Iэхъуэжь цIыкIур гужьеяуэ пэнтхым къытелъадэри къэджащ:
- — Маржэ хъужыххэн, дыгъужь гуп къыхэлъэдауэ къуажэ мэлыр зэтрашхыхь, фыкъызэрысын! — жиIэри.
- АрщхьэкIэ, апхуэдизрэ къагъэпцIа жылэм ар я фIэщ хъуакъым, и щхьэр къовэ абы, жаIэри. Дыгъужьхэм къапэрыуэ щымыIэу мэл къомыр зэтраукIащ, зырызи яхьри кIуэжащ.
- Зытхыжар Нало Заурщ.
- Усэхэр
- ЧыцI цIыкIуитI
- Ажэ-ажэгъуэмэм
- ЩIыр къызэпхатхъащ.
- Ди бжэн тхьэкIумабгъуэм
- ЧыцI цIыкIуитI къилъхуащ!
- ТIури зэщхьыркъабзэщ,
- Зыр зым къыпачащ.
- Уа-рэ, къамылъху щIыкIэ
- ЖьакIи къатекIащ.
- АфIэунэ Лиуан.
- Пэху
- Дадэ ди шыд пэхур щIещIэ,
- Къришэну пхъэгъэсын.
- Сыт абы дэ къытхуимыщIэр?!
- КъешэлIапхъэр къигъэсынщ.
- И инагъ емылъытауэ,
- КъарууфIэщ Пэху, бэшэчщ.
- Зыщ и дагъуэр — къимыкIауэ
- И гурыфI, лъэмбытI пхуимыч.
- Пэху, тIэкIу зригъанэу щытми,
- ЕгъэзащIэ и къалэн.
- Дадэ башыр хуигъэдалъэм,
- ПсынщIэ дыдэу мэхъу ар жан.
- Мэз Аниуар.
- Фрагъэблагъэ
- «ФIы фщIэным фыхуэпIащIэ»
- Апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ псапащIэ концерт ин накъыгъэм и 17-м щекIуэкIынущ Макъамэ театрым. Концертыр итынущ лъэпкъ къафэмкIэ «Вагъуэ шыр» («Звездочка») сабий ансамблым (художественнэ унафэщIыр Къурашэ Эдуардщ).
- Концертым щIидзэнущ сыхьэтыр 18-рэ дакъикъэ 30-м. Лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм и пшыхь дахэм гукъыдэж зиIэ псори фрагъэблагъэ.