2016-05-17
- КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий Урысей Православнэ
- члисэм и Iэтащхьэр Налшык къалэм къыщригъэблэгъащ
- Дин IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къэкIуащ Москва, Урысей Псом я Патриарх Кирилл. Республикэм и къалащхьэм щыIэ аэропортым абы щыIущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий.
- ХьэщIэр шыгъупIастэкIэ кърагъэблэгъа нэужь, абдеж я зэфIэкIыр щагъэлъэгъуащ республикэм и IуэрыIуатэ-этнографие гупхэм.
- «Сэ иджы япэу Кавказ Ищхъэрэм сыкъакIуэу аращ, — журналистхэм я упщIэм и жэуапу жиIащ Патриархым. — Абы си дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ икIи си къэкIуэныр Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыщыщIэздзэм щхьэусыгъуэ иIэщ — дэ тхьэ делъэIунущ Магдалинэ Марие и члисэр къызэрызэIуахым къыхэкIыу. А щихъ пэлъытэм и цIэр, фэри зэрыфщIэжщи, фIащауэ щытащ Грозный Иван и щхьэгъусэу щыта къэбэрдей гуащэм. Абдеж къыщежьащ Урысеймрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ я зэхущытыкIэ хэхахэр. Апхуэдэу щыщыткIэ, Кавказ Ищхъэрэр къызэхэкIухьыныр Къэбэрдей-Балъкъэрым зэрыщезгъажьэм и щхьэусыгъуэхэр куэд мэхъу. Сэ си гуапэщ республикэм, лъэпкъ куэду зэхэт абы и цIыхубэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ яIэну, тхьэр абыхэм сыткIи къадэIэпыкъуну!»
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ
- я пресс-IуэхущIапIэ.
- Дин IуэхукIэ Налшык къалэм къэкIуащ
- Урысей Православнэ Члисэм и Iэтащхьэр
- Москва, Урысей Псом я Патриархыр Налшык тхьэ щелъэIуащ
- адыгэпщ Темрыкъуэ ипхъу Марие, урыс пащтыхь
- Грозный Иван и щхьэгъусэу щытам, и ахърэт уэчыл
- Магдалинэ Марие и члисэр къызэрызэIуахым теухуауэ
- Налшык… ипэжыпIэкIэ къалэ дахэщ, къалэ гъуэзэджэщ, къурш уэсылъэхэр къыщхьэщыту.
- Мы щIыналъэм Тхьэр къызэрыхуэупса апхуэдэ дахагъэр цIыхухэм яхъумэн хуейщ.
- Езыхэм я къарукIэ абыхэм гъащIэр нэхъри нэхъ тынш ящIыну, загъэпсэхун,
- фи цIыху гъуэзэджэхэм епсэлъэн, спортым зыхуагъэсэн щхьэкIэ хьэщIэ нэхъыбэ
- Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэн папщIэ мамырыгъэр ягъэбыдэну къапэщытщ.
- Тхьэм солъэIу къывдэIэпыкъуну, Къэбэрдей-Балъкъэрыр иригъэфIэкIуэну.
- Патриарх Кирилл
- Къэбэрдей пщы Темрыкъуэ ипхъу Гуащэнэ (Марие) урыс пащтыхь Грозный Иван щхьэгъусэ зэрищIар къежьапIэ хуэхъуащ Урысеймрэ ди республикэмрэ яку дэлъ политикэ, экономикэ зэкъуэтыныгъэм. Пащтыхь гуащэм и ахърэт уэчылу ябж, щихъ пэлъытэ Магдалинэ Марие хуэгъэпса члисэр Налшык къызэрыщызэIуахым и щIыхькIэ 2016 гъэм накъыгъэм и 15-м республикэм и къалащхьэм тхьэ щелъэIуащ Москва, Урысей Псом я патриарх Кирилл.
- Урысей Православнэ Члисэм и Iэтащхьэм хуэзэн папщIэ а гуфIэгъуэм кърихьэлIащ КъБР-м и Парламентымрэ Правительствэмрэ я унафэщIхэр, Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым и депутатхэр, политикэ партхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лIыкIуэхэр, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ псоми къикIа хьэщIэхэр.
- Москва, Урысей Псом я Патриархым члисэм сыхьэтитIкIэ щригъэкIуэкIа тхьэлъэIур и хъуреягъкIэ щагъэува экранхэм къыщагъэлъэгъуащ, апхуэдэу ар телевиденэм и «Союз» каналым занщIэу эфирым кIуэуэ къитащ икIи абы цIыху минипщIхэр еплъащ.
- Патриархыр Кавказ Ищхъэрэм иджы япэу къэкIуауэ аращ икIи ар япэ дыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэблэгъащ.
- Къызэхуэсахэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым ис псоми я цIэкIэ КIуэкIуэ Юрий Патриархым фIыщIэ хуищIащ ди республикэмрэ абы и цIыхухэмрэ къахуэгъэзауэ жиIа псалъэ гуапэхэм папщIэ. Православием зэфIэкIышхуэ бгъэдэлъщ, къыхигъэщхьэхукIащ КIуэкIуэ Юрий. Урыс Православнэ Члисэм дин зэмылIэужьыгъуэхэм итхэр зэгурыгъэIуэным къаруушхуэ ирехьэлIэ, ар адрей динхэм быдэу япыщIащ икIи абыхэм ящIыгъуу йолэжь цIыхугъэр нэхъ лъагэу щытыным, лъэпкъ щэнхабзэр, лъэпкъ псоми я хабзэхэр хъумэным. Аращ православнэ чристэнхэм я мызакъуэу, муслъымэнхэми, иудейхэми, нэгъуэщI динхэм итхэми Москва, Урысей Псом я Патриархым пщIэшхуэ щIыхуащIыр. Абы и псалъэхэм ди къэралым исхэм я мызакъуэу, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэухэри щIодэIу.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщалъытэ дин зэмылIэужьыгъуэхэм итхэм я зэгурыIуэныгъэр республикэм ис лъэпкъ псоми я фIыгъуэхэм я къежьапIэу. Ижь-ижьыж лъандэрэ ди щIыналъэм зэщIыгъуу щопсэу динкIэ зэтемыхуэ лъэпкъхэр. Абыхэм я зэгъунэгъугъэм и лъабжьэщ зым адрейр къызэрыгурыIуэр, пщIэ зэрыхуищIыр. Зэман Iэджэ лъандэрэ къекIуэкI а хабзэр цIыхухэм хуэса-къыу яхъумэ икIи ягъэбагъуэ. Диным и лъэныкъуэкIэ иужьрей зэманым гугъуехь пыухыкIахэр зэрыщыIэм къыхэкIыу а зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэным хуэунэтIа лэжьыгъэшхуэ ди деж щокIуэкI. КIуэкIуэ Юрий жиIащ динымрэ властымрэ я зэпыщIэныгъэмрэ зэдэлэжьэныгъэмрэ цIыхубэм я зэгурыIуэныгъэм, мамырыгъэм, жылагъуэ зэкъуэтыныгъэм дызэрыхуишэнур быдэу и фIэщ зэрыхъур.
- Члисэр къызэрызэIутхар, жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм, куэдым уезыгъэгупсыс дамыгъэ лъапIэщ. Абы тхыдэри нобэрей махуэри къызэщIеубыдэ, иджырей гугъуехьхэр къызэнэкIынымрэ зэи мыкIуэдыжыну фIыгъуэ лъапIэхэр хъумэнымрэ утрегъэгушхуэ. ЦIыхупсэр зэщIэзыIэтэ мыпхуэдэ ухуэныгъэ инхэр езыгъэкIуэкIхэр сыт хуэдэ шынагъуэри къызэнэкIыным тегушхуэрт. Урысейм и къэкIуэнур куэдкIэ зэлъыта мы зэманым апхуэдэ ухуэныгъэм и мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдизщ, жиIащ КIуэкIуэ Ю. А.
- Нобэ къызэIуаха члисэм и лъабжьэр 2004 гъэм фокIадэм и 1-м ягъэтIылъауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и япэ Президент КIуэкIуэ Валерий, Ставрополь, Владикавказ щIыналъэхэм я Епископ Феофан сымэ. Члисэр яухуэну къызэрыхалъхьар абы щыгъуэ цIыху минипщIхэм даIыгъауэ щытащ икIи ахэр а зэманым зэгупсысар ди щIыналъэм исхэм я гъащIэр егъэфIэкIуэнырщ, цIыхухэм я зэхущытыкIэхэр къабзагъэмрэ хьэлэлыгъэмрэ и лъабжьэу къызэгъэпэщынырщ. Iэджэ лъандэрэ къекIуэкI хабзэхэм тету члисэр ухуэным яхузэфIэкI халъхьащ предприятэхэмрэ организацэхэмрэ я лэжьакIуэхэм, хьэрычэтыщIэхэм, къызэрыгуэкI цIыхухэм. КIуэкIуэ Юрий фIыщIэ яхуищIащ, мылъкушхуэ ябгъэдэмылъми, члисэр ухуэным зэрахузэфIэкIкIэ къыхыхьа цIыхухэм. Апхуэдэу фIыщIэ псалъэхэр абы яхужиIащ мы ухуэныгъэ хьэлэмэтым зи гуащIэр езыхьэлIа ухуакIуэхэм, архитекторхэм, художникхэм.
- Урысей православнэ члисэр, хэхауэ жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм, сыт хуэдэ зэманми, сыт хуэдэ лъэхъэнэми цIыхубэм ящIыгъущ икIи абыхэм я гузэвэгъуэри гуфIэгъуэри ядегъэпсынщIэ, защIегъакъуэ, егъэгушхуэ, жылагъуэ гъащIэм и хабзэ нэхъыфIхэр зэригъэбыдэным, урысей къэралыгъуэм зэрызыщIигъэкъуэным яужь итщ. Ди текIуэныгъэ, ехъулIэныгъэ псоми я лъабжьэр хэкур фIыуэ лъагъунырщ, фIэщхъуныгъэрэ гушхуэныгъэрэ дэтхэнэми хэлъынырщ. Ди цIыхухэр зыщIапIыкIа апхуэдэ хабзэхэр дэIэпыкъуэгъу хъуащ Хэку зауэшхуэм дыщытекIуэнымкIэ.
- КIуэкIуэ Юрий игу къигъэкIыжащ «ди цIыхубэм, ди къэралым я дежкIэ лъэпкъ, дин зэгурыIуэныгъэр… тхыдэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхуу» зэрыщытым теухуауэ Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир жиIауэ щыта псалъэхэр.
- «Хуит сыфщI, ныбжьэгъу лъапIэхэ, мыбдеж къызэхуэсахэм къыдбгъэдэкIыу, апхуэдэу республикэм ис псоми я цIэкIэ Москва, Урысей Псом я Патриарх Кирилл Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэм си гуапэу фIэхъус псалъэхэр щыжесIэну, узыншагъэ быдэ, мыкIуэщIыж зэфIэкI иIэну, ди Хэкум и фIыгъуэм иджыри илъэс куэдкIэ телэжьэну сехъуэхъуну. Илъэс 460-рэ япэкIи хуэдэу, дэ ноби жыдоIэ: «ИгъащIэкIэ Урысейм дыщIыгъущ!», — кIэухыу къыхигъэщхьэхукIащ КъБР-м и Iэтащхьэм.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэмрэ абыхэм я хьэщIэхэмрэ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ псоми захуигъэзащ Патриарх Кирилл:
- «Налшык, КъБР-м и къалащхьэм, дэ тхьэ дыщелъэIуащ Урысейм и пащтыхьышхуэ, зи тетыгъуэ зэманым ди лъэпкъхэр, ди цIыхухэр гъунэгъу щызэхуэхъуа Иван ЕплIанэм, Грознэ зыфIащыжауэ щытам, и щхьэгъусэ Марие и ахърэт уэчыл Магдалинэ Марие и щIыхькIэ ящIа члисэ гъуэзэджэр къызэрызэIуахым и щIыхькIэ. Дэ, Урысейм зэкъуигъэува лъэпкъхэм, зауэхэр, гузэвэгъуэхэр, гъаблэр, нэгъуэщI шынагъуэхэр къызэднэкIащ икIи зэщIыгъуу ди нэгу щIэкIам хуэдиз иужьрей илъэс щитхум къриубыдэу зылъэгъуа лъэпкъ Европэм и щIыналъэм щыбгъуэтынукъым. ЗэщIыгъуу зэдэпсэу икIи зэдэлажьэ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм налкъуту къахолыдыкI Къэбэрдей-Балъкъэрыр. Кавказым щыIэ республикэхэм я унафэщIхэм ящыщу сэ япэ дыдэу сцIыхуар икIи ныбжьэгъу схуэхъуар КIуэкIуэ Валерийщ. Сэ ар фIыуэ слъэгъуащ, и гупсысэкIэм пщIэ хуэсщIу сыщытащ, абы къыхэкIыу си гуапэу дэсIыгъауэ щытащ Магдалинэ Марие и члисэ Налшык щаухуэну къызэрыхилъхьар. Сэ сыщогуфIыкI мы члисэм и лъабжьэр Митрополит Феофанрэ КIуэкIуэ Валерийрэ зэщIыгъуу 2004 гъэм ягъэтIылъауэ зэрыщытам. АдэкIэ абы куэд зэфIигъэкIащ ухуэныгъэр тэмэму екIуэкIын папщIэ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым ис лъэпкъ псори — православнэхэри муслъымэнхэри щIэгъэкъуэн къищIащ. Апхуэдэ егугъуныгъэм къытхуихьащ нобэрей махуэ лъапIэр. Мы Iуэхур я фIыщIэщ Къэбэрдей-Балъкъэрым ис псоми. Апхуэдэущ сэ зэрызыхэсщIэр тхыдэ мыхьэнэ зиIэ нобэрей гуфIэгъуэр — кафедральнэ члисэ Налшык зэрыдащIыхьар. Дин зэпыщIэныгъэхэм ехьэлIауэ нобэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкI гуфIэгъуэр Кавказми зэрыщыту Урысейми я дежкIэ щапхъэу жыпIэ хъунущ. Сэ фIыщIэ пхуэсщIыну сыхуейщ, Юрий Александр и къуэ, мы Iуэхум ехьэлIауэ зэфIэбгъэкIахэм папщIэ. Уэ укъызыхэкIа лъэпкъым и къуэ нэсу зыкъэбгъэлъэгъуащ, къэралым и къалащхьэм къулыкъушхуэ зэман кIыхькIэ щыпIыгъауэ къэбгъэзэжри, мыпхуэдэ IуэхуфIхэмкIэ фи цIыхубэм я гъащIэм ухэувэжащ. А псоми папщIэ си гуапэу фIыщIэ пхузощI. Апхуэдэу и лэжьыгъэшхуэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и православнэ цIыхухэми нэгъуэщI диным итхэми гуапэу зэрахущытым, дэтхэнэми гуапагъэкIэ зэрыбгъэдыхьэм, дэтхэнэми зэрыдэлэжьэфым папщIэ фIыщIэ хузощI Феофилакт. Дин зэмылIэужьыгъуэхэм итхэм яку мамырыгъэ дэлъынымрэ ахэр зэдэлэжьэнымрэ Урысейм нэхъ мыхьэнэшхуэ дыдэ щызиIэ Iуэхухэм ящыщщ, сыту жыпIэмэ, Балтикэ тенджызым къыщегъэжьауэ хы Хуэмым нэсыху зызыубгъу къэралышхуэ Урысейр щIэхъуар абы ис лъэпкъхэр зэкъуигъэувэн зэрыхузэфIэкIарщ. АтIэ апхуэдэ зэкъуэтыныгъэ къыщызэбгъэпэщыфынур сытым деж? Лъэпкъ куэд зэрыс къэралым цIыхухэр лъэпкъкIэ щызэхамыгъэжмэщ, къызыхэкIа лъэпкъым емылъытауэ, дэтхэнэми политикэм, бизнесым я IэнатIэхэм зыщиIэтынымкIэ зыхуеину Iэмалхэр иIэмэщ, езыр къызыхэкIа лъэпкъым, зэрыс къэрал иным я фIыгъуэм жыджэру телэжьэну хузэфIэкIмэщ. Абы и лъэныкъуэкIэ къэгупсысыгъуейщ Грозный Иванрэ Темрыкъуэ ипхъу Мариерэ зэщхьэгъусэ зэрызэхуэхъуам нэхъ щапхъэ гъуэзэджэ. Лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэр, абыхэм яку мамырыгъэ дэлъыныр, цIыхухэм пщIэ зэхуащIыныр абы нэхърэ нэхъ IупщIу къэзыгъэлъагъуэ къэгъуэтыгъуейщ. Дэ дыщыгъуазэщ лъэпкъхэм я апхуэдэ зэгурыIуэныгъэр зигу иримыхьхэр нобэ зэрыщыIэм. Абыхэм яхузэфIэкI къагъанэркъым цIыхухэр ягъэжэкъуэн, дин, лъэпкъ радикальнэ гупхэр зэщIагъэуIуэн, зэкъуэшхэр IэщэкIэ зэпэщIагъэувэн, езыхэм я телъхьэ гуэрхэр къагъэсэбэпу я ныкъуэкъуэгъухэм ятекIуэн икIи къалъымыс зрагъэгъуэтын папщIэ. Апхуэдэ мыхъумыщIагъэхэр ди хэкуми зэрыщыIэм псори дыщыгъуазэщ. ИкIи мис нобэ ди нэгу щIокI лъэпкъ куэду зэхэт ди цIыхубэм къадэгъуэгурыкIуэ хабзэ нэхъыфIхэр, псом япэу, православнэхэм, муслъымэнхэм, абыхэм я мызакъуэу, Урысейм щызэрахьэ адрей динхэми итхэм яку дэлъ гуапагъэр икIи ар ди гъащIэр мамыру, гупсэхуу зэрыщытынум и шэсыпIэщ. Хэхауэ си гуапэу мы псалъэхэр сэ нобэ Налшык щыжызоIэ. Дэ ди къарум и хэкIыпIэр зэкъуэтыныгъэрщ», — къыхигъэщхьэхукIащ Урысей Православнэ члисэм и Iэтащхьэм.
- Москва, Урысей Псом я Патриархым пщIэшхуэ хуищIащ цIыхухэм шынагъуэ къатемыгъэхьэным, абыхэм мамырыгъэ яIэным хуэгъэзауэ республикэм куэд зэрыщрагъэкIуэкIым, дин зыIыгъхэм гулъытэ зэрыщыхуащIым. ХьэщIэ лъапIэм КIуэкIуэ Юрий къритащ Урысей Православнэ Члисэм и дамыгъэ нэхъ лъапIэхэм ящыщ зыр — Джыназ Даниил Щихъым и орденым и ещанэ нагъыщэр. КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ «Патриархым и фIыщIэ» медалыр къыхуагъэфэщащ.
- ХьэщIэхэмрэ бысымхэмрэ члисэм къыщыщIэкIыжым мамырыгъэм, гуапагъэм, лэжьыгъэм я дамыгъэу Налшык и уэгум зыщаIэтащ тхьэрыкъуэ хужьхэм.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
- Урысей Православнэ Члисэм и Iэтащхьэ Кирилл:
- «Сэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм
- я псэм и хуабагъыр зыхэсщIащ»
- Щихъ пэлъытэ Магдалинэ Марие и члисэр Налшык къызэрыщызэIуахым теухуа тхьэлъэIур зэфIэкIа нэужь Урысей Православнэ Члисэм и Iэтащхьэ Кириллрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрийрэ щхьэхуэу зэхуэзащ.
- Республикэр къызэрыщыхъуам и гугъу щищIым, Патриархым фIыщIэ ищIащ гуапэу къызэрырагъэблэгъар. Ауэ нэхъыщхьэ дыдэр, жиIащ хьэщIэм, республикэм и гум и къеуэкIэр къыдгурыIуэну Iэмал зэрыдгъуэтарщ, тхьэлъэIум къекIуэлIа цIыхухэм ар нэхъри нэхъ куууэ зэрызыхыдагъэщIарщ. Тхьэ елъэIу цIыхум фэрыщIагъ хэлъкъым, абы и псэр къабзэщ икIи зэIухащ. Пэж дыдэу, сэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм я псэм и хуабагъыр зыхэсщIащ. Члисэм лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIахэр къекIуэлIащи, абыи сыщогуфIыкI. ФIыщIэ ин фхузощI лъэпкъхэм яку зэхущытыкIэ гуапэхэр зэрыдэлъым, Къэбэрдей-Балъкъэрым апхуэдэу фIыкIэ зэрызихъуэжам къыхэкIыу. Сэ куэд щIауэ мы щIыпIэм сыщыIакъым, абы къыхэкIыу Налшык къысхуэцIыхужакъым. ИпэжыпIэкIэ къалэ дахэщ, къалэ гъуэзэджэщ, къурш уэсылъэхэр къыщхьэщыту. Мы щIыналъэм Тхьэр къызэрыхуэупса апхуэдэ дахагъэр цIыхухэм яхъумэн хуейщ. Езыхэм я къарукIэ абыхэм гъащIэр нэхъри нэхъ тынш ящIыну, загъэпсэхун, фи цIыху гъуэзэджэхэм епсэлъэн, спортым зыхуагъэсэн щхьэкIэ хьэщIэ нэхъыбэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэн папщIэ мамырыгъэр ягъэбыдэну къапэщытщ. Тхьэм солъэIу къывдэIэпыкъуну, Къэбэрдей-Балъкъэрыр иригъэфIэкIуэну.
- КIуэкIуэ Юрий хьэщIэм фIыщIэ ин хуищIащ Кавказ Ищхъэрэм и субъектхэм ящыщу япэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэрыкIуам, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэм гулъытэрэ пщIэрэ зэрыхуищIам папщIэ.
- КIуэкIуэ Юрий къыхигъэщхьэхукIащ мамырыгъэмрэ зэпIэзэрытыгъэмрэ хъумэным, жылагъуэ зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэным хуэгъэзауэ динымрэ властымрэ зэпымыууэ зэдэлэжьапхъэу къызэрилъытэр.
- ЗэIущIэм хэтащ Пятигорск, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт.
- КъБР-м и Iэтащхьэмрэ
- Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.