Зыхуэбгъэдэн щымыIэ жыг
2022-06-01
- 2019 гъэм Кърымым и федеральнэ университетым и щIэныгъэлIхэм Форос щыхасауэ щытащ зейтун жыг сатырхэр. А щIыпIэм и дуней щытыкIэм хъарзынэу езэгъри, абыхэм къапыкIащ икIи литр 15 дагъэ къабзэу щIахужащ. Зыри зыпэмыплъа апхуэдэ ехъулIэныгъэм и ужькIэ ахэр тегушхуэри, гектар зи инагъ хуабэщым жыгыу 1 миным нэблагъэ щыхасащ. Иджы мэгугъэхэр Кърымым и щIэныгъэлIхэм я фIыгъэкIэ зэтеубла хъуа Iуэху щхьэпэм гъуэгу игъуэтыну; хущхъуэгъуэ ин зыхэлъ икIи дэни щызэпэубыда зейтун дагъэм и къыщIэгъэкIыныр ди къэралым зэман кIэщIым къриубыдэу щызэтраублэнущ.
- ЦIыхум я узыншагъэр хъумэнымкIэ Гарвард школым и щIэныгъэлIхэм къагъэсэбэпащ зейтун дагъэм и сэбэпынагъым теухуауэ США-м и щIэныгъэлIхэм иужьрей илъэс 30-м ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм я щэху куэдыр. А зэманым къриубыдэу цIыху мини 100-м я узыншагъэм кIэлъыплъащ икIи, псом нэхъ гъэщIэгъуэну, а гъэунэхуныгъэхэр нэхъыбэу зыдрагъэкIуэкIар медицинэм и лэжьакIуэхэрщ. КъызэрыщIэкIамкIэ, махуэ къэс зейтун дагъэу грамми 7 нэхъ мыхъуми зыIухуэ цIыхум лышх узыфэм процент 17-кIэ, гу-лъынтхуэ узыфэхэм — 19-кIэ, щIыIэ узхэм — 18-кIэ къыпакIухьынущ. Апхуэдэу и сэбэпышхуэщ Альцгеймер и узкIэ зэджэм, зи лъынтхуэр мыщIагъуэжхэм, зи лъыр дэуейм, фошыгъу узым пэщIэтхэм дежкIэ.
- Къыхэгъэщыпхъэщ, дагъэр зи купщIэм къыхах пхъэщхьэмыщхьэу дуней псом тетыр зейтуным зэризакъуэр. Адрей дагъэ лIэужьыгъуэу щыIэр къэкIыгъэхэм я купкъым е я лъэдийм къыхах. Мы жыг телъыджэм хущхъуэгъуэ зыхэлъу иIэр къыпыкIэм и закъуэкъым, и тхьэмпэ къудейм къыщIэвыкI шейр щIыIэ узым и хущхъуэ ибупрофеным и миллиграмми 100-м покIуэ, дыгъэм и ультрафиолет бзий шынагъуэм ущехъумэ. Псори къэгъэнауэ, тхъуцIынэ, маргарин, майонез ерыскъыхэкIхэм я проценти 10 къудейр зейтун дагъэмкIэ зэпхъуэкIмэ, цIыхур зэрылIыкIынкIэ хъуну узыфэ зэмылIэужьыгъуэхэм проценти 8 — 34-кIэ щехъумэ.
- Шэрэдж Дисэ.