Пщащэ цIыкIухэм я зэхьэзэхуэ
2022-06-01
- Кыщпэк (Тыжьей) къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм зи еджапIэ кIуэгъуэ мыхъуа хъыджэбз цIыкIухэм я зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. «Псоми ефIэкI пщащэ цIыкIу» – арат зэреджэр зи зэфIэкIрэ жаныгъэкIэ къыхэщ сабийхэр щызэхьэрхуэр зэпеуэ гъэщIэгъуэным.
- Зэпеуэм и кIуэцIкIэ цIыкIухэм я къалэнт я псэлъэкIэкIэ, я зыIыгъыкIэкIэ, я утыку итыкIэкIэ яхэлъ хэлъэтыр зыми зэремыщхьыр, хьэлэмэту зэрыщытыр, зыхэщIыкIрэ зэгъэзахуэрэ зэраIэр нэрылъагъу зэрахуэщIыр къэпщытакIуэ гупым я фIэщ ящIыну.
- Пщащэ цIыкIухэр зыпхыкIын хуей хъуа зэхьэзэхуэхэр тынш дыдэу жыпIэ хъунукъым. Япэ къихьэгъуэр щыгъын хэдэрыхэшым хухэхат. Пщащэ цIыкIухэм щыгъын щхъуэкIэплъыкIэхэр ящыгъыу утыкушхуэм къихьэн хуейт, я зыIыгъыкIэмрэ зекIуэкIэмрэ макъамэ къеуэм декIуу, къыхаха фэилъхьэгъуэм пэджэжу. Абы иужькIэ «Ар сэращ, нэIуасэ зыфхузощI» зыфIаща Iыхьэм дэтхэнэ зыми къэпщытакIуэхэм закъыщригъэцIыхурт, къызыхэкIа жылэм, лъэпкъым, унагъуэм ятеухуауэ кIэщIу псалъэрт, дэзыхьэхым, фIэфIхэм, зыщIэхъуэпсхэм я хъыбарыр и бзэкIэ зэкIэлъигъакIуэрт. Ещанэ Iыхьэм хэт сыт хуэдэ зэфIэкI бгъэдэлъми лъэкIыныгъэ иIэми щигъэлъэгъуэн хуейт. Пщащэ цIыкIухэм ящыщу хэти къэфащ, хэти уэрэд жиIащ, языныкъуэхэри усэ къеджащ. Къыхэгъэщын хуейщ жьабзэм ехьэлIа Iыхьэр цIыкIухэм къатехьэлъэу зэрыщытар. Ауэ дэтхэнэми хузэфIэкIащ псалъэм зэрыхуэIэрыхуар къигъэлъэгъуэн, къыпэщылъ къалэнхэм зэрыхуэжаныр, къикIуэт зэрамыщIэр нахуэ къищIын. ЕплIанэ Iыхьэуи цIыкIухэм спорт зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэм зыщагъэлъэгъуащ.
- Куэдым гукъинэж ящыхъуащ «Щыгъын гъэлъэгъуэныгъэ-2022» зыфIаща Iыхьэр. Мыбдеж пщащэ цIыкIухэр зэрыIэкIуэлъакIуэр, зэманымрэ щхьэж и теплъэмрэ екIу щыгъыныгъуэхэр я IэкIэ ящIыжыфу зэрыщытыр щагъэлъэгъуащ. Дауи, гурыIуэгъуэщ, пщащэ цIыкIухэм я анэхэм я дэIэпыкъуныгъэ ин хэлъащ гъэлъэгъуэныгъэм, ауэ, ипэжыпIэкIэ жыпIэмэ, къытщIэхъуэ щIэблэр лэныстэмрэ мастэ-Iуданэмрэ зэрыхуэмыхамэр, дахагъэмрэ гуакIуагъэмрэ я Iэпэгъуу къызэрытэджынур псом дежкIи гурыIуэгъуэ хъуат.
- къалэнышхуэ и пщэ къыдэхуащ, зэхьэзэхуэм хэтхэм яхэдэн и IуэхукIэ къэпщытакIуэ гупым.Зи насып къэкIуэгъуэ, зи хъуэпсэгъуэ хъыджэбз цIыкIухэм ягури я псэри здэгъэзар къэпщытакIуэхэм я дежкIэт, абыхэм ахэр къызэралъытэ щIыкIэрат.
- КъэпщытакIуэ гупым хэтащ Бахъсэн щIыналъэм ит къуажэхэм я НэгузегъэужьыпIэ-щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр: Къулий Маринэ (Зеикъуэ), Къардэн ФатIимэ (ПсыкIэху), Тембот Оксанэ (ХьэтIохъущыкъуей), Мамбэт Асусенэ (Къулъкъужын Ипщэ).
- «Псоми ефIэкI пщащэ цIыкIу» зэхьэзэхуэр зыми емыщхь зэпеуэ лIэужьыгъуэщ. Мыбы, дауи, къыхэжаныкIи кIэлъыщIэмыхьи къыхэкI, гулъытэншэу зыри къанэ хъунукъым, сабийхэм я ныбжьымрэ Iуэхур зытеухуамрэ къэплъытэмэ. КъэпщытакIуэ гупым хэтхэм ар фIы дыдэу зыхащIэу къыщIэкIынт зэпеуэм хэта хъыджэбз цIыкIуийр дэтхэнэри унэтIыныгъэ щхьэхуэкIэ къыщыхагъэщам.
- Апхуэдэу, къэпщытакIуэ гупыр зэдэарэзыуэ, мыпхуэдэ фIэщыгъэ дахэхэр сабийхэм хуагъэфэщащ:
- «Псоми ефIэкI пщащэ цIыкIу» цIэр иратащ ГъукIэ Мединэ;
- «ДжэгуакIуэ пщащэ» цIэр хуагъэфэщащ Елбэд Алия;
- «Пщащэ гуфIэнэгукIэ» еджащ Алокъуэ Лаурэ;
- «Пщащэ щIыкIафIэу» къалъытащ Хьэпэхъу Алианэ;
- «Пщащэ гуакIуэ» хъуащ Абазокъуэ Даринэ;
- «УзыIэпызышэ пщащэ» фIэщыгъэр лъысащ Жыгуэ Iэминэ;
- «ХъуэпсапIэ дунейм хэт» цIэр иратащ Алибутей Миланэ;
- «Пщащэ бзэ щабэ» фIэщыгъэр хуагъэфэщащ Щоджэн Миленэ.
- Зэпеуэм хэта ныбжьыщIэ цIыкIухэр псори фIыщIэ тхылърэ тыгъэкIэ ягъэлъэпIащ. Ди гуапэщ утыку ита цIыкIухэр дунеишхуэми нэхъри щефIакIуэу, ехъулIэныгъэ куэд щаIэу псэуну, гъащIэм гу щахуэну.
- ШУРДЫМ Динэ.