Ирипагэу яIэт
2022-04-26
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, 2010 гъэ лъандэрэ Адыгэ, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм мэлыжьыхьым и 25-м Адыгэ ныпым и махуэр щагъэлъапIэ. Апхуэдэуи ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэрал 50-м щIигъум ар щаIэт.
- Дэтхэнэ зы адыгэм дежкIи мыхьэнэшхуэ иIэщ адыгэ ныпым, пщIэ ин хуещI. Псом хуэмыдэу гуапэщ лъэпкъ ныпыр нобэрей ди щIалэгъуалэм лъагэу зэраIэтыр. Зы гуфIэгъуи Iуэхушхуи къанэу къыщIэкIынкъым ар ирипагэу щамыгъэлъагъуэ.
- Адыгэ ныпым и махуэр гъэлъэпIэн зэрыщIэддзэ-рэ куэд дэкIакъым, ауэ абы и тхыдэр лъэхъэнэ жыжьэм къыщожьэ. Мы Iуэхум еплъыкIэ зэхуэмыдэ зыбжанэ иIэми, тхыдэм елэжь щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, адыгэ ныпым и тхыдэ гъэщIэгъуэныр 1830 гъэхэм къыщыщIедзэ. Абы и гугъу япэ дыдэ зыщIар инджылыз зыплъыхьакIуэ Спенсер Эдмундщ. «Шэрджэс щIыналъэм сызэрыкIуар» гукъэкIыжхэм, 1839 гъэм Лондон къыщыдэкIам, Спенсер адыгэ ныпым щытепсэлъыхьауэ щытащ. Япэ напэкIуэцIми щхъуэкIэплъыкIэу къыщыгъэлъэгъуащ адыгэ бэракъыр. Аращ нобэрей ныпри къызытращIыкIыжар. Языныкъуэхэм зэрыжаIэмкIэ, Дэвид Уркварт ищIа эскизымкIэ щэкI удзыфэм шабзищрэ вагъуэ пщыкIутIрэ япэу хидыкIыу Хэкум къезыгъэхьар Уэсмэн империем щыпсэу адыгэ бзылъхугъэ гуэрщ.
- Илъэс зыбжанэм къриубыдэу мы махуэшхуэм лъэпкъ, дунейпсо мыхьэнэ иIэ хъуащ. Адыгэхэр щыпсэу щIыпIэхэм Адыгэ ныпым и махуэр илъэс къэс Iэтауэ, екIуу къыщызэрагъэпэщ. Ар щIыналъэхэм къыщрахьэкI, махуэшхуэ концертхэр зэхаублэ, музейхэм гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэрагъэпэщ, адыгэ джэгухэр щащI.
- Нобэ адыгэхэр (шэр- джэсхэр) къэрал зэмылIэужьыгъуэ куэдым щопсэу икIи лъэпкъ щэнхабзэр, тхыдэр, гъуазджэр хуэсакъыу зэрахъумэр дэни щагъэлъагъуэ, щыпсэу къэралхэм зегъэужьы-ным, егъэфIэкIуэным я зэфIэкI ин халъхьэ. Адыгэ хасэхэр нэгъуэщI жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, къэрал къулыкъущIапIэхэм купщIафIэу ядолажьэ. Лъэпкъыр зэкъуэзыгъэу-вэ, удэзыхьэх, Iуэхугъуэ щхьэпэ куэд зэфIагъэкI. Абы папщIэ хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэми фIыщIэ ин яхудощI.
- Ныбжьэгъу лъапIэхэ! Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэм я цIэкIи си щхьэкIи гуапэу сынывохъуэхъу Адыгэ ныпым и махуэмкIэ!
- Тхурехъу Адыгэ ныпым и махуэшхуэр угъурлы! Ирегъагъэ ди Хэкур, адыгэ лъэпкъыр! Иребыдэ лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр!
- Мамырыгъэ, фIыгъуэ, насып, ефIэкIуэныгъэ унагъуэ къэс фиIэну Тхьэм жиIэ!
- Сэхъурокъуэ Хьэутий,
- Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.