Зауэ лъэхъэнэм пэджэжырт
2022-04-26
- Налшык гъущI гъуэгум къыщрагъэблэгъащ «ТекIуэныгъэм и мафIэгур». 1945 гъэрт абы уи нэгу къыщIигъэхьэр. Хэку зауэшхуэм и зэманым щыIа мафIэгу пэшхэр пыщIат: хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр, дзэ хуэIухуэщIэхэр зэрызэрашэхэр, цIыхухэр зэрысхэр. Япэ ит мафIэгу пэшыр ФД-20-р, ХХ лIэщIыгъуэм и 30 гъэхэм ящIауэ щытащ. Эр 739-99 паровозыр Сталинград зауэм и фронт щIыбагъым щызекIуащ, шэ уапIэу игъуэтахэри тыболъагъуэ. МафIэгу пэшхэр Кавказ Ищхъэрэм и гъущI гъуэгухэм я музейм и экспонатхэм щыщщ.
- Илъэс къэс мафIэгум и гъуэгур ехъуэж, къэувыIэпIэ зэхуэмыдэхэр къызэщIрагъэубыдэу. 2010 гъэ лъандэрэ ар станц 42-м щыIащ. Налшык иужькIэ мафIэгум Назрань иунэтIынущ.
- Ветеранхэм я Налшык жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Абдуллаев Мустэфа жиIащ:
- — Ди къалэм «текIуэныгъэм и мафIэгур» кърегъэблагъэ. Налшык ветерану дэсыжыр 18 къудейщ, республикэр къапщтэмэ, 35-рэщ. Зауэ нэужьым мин 40-м къагъэзэжауэ щытащ. Мамырыгъэщ зыщIэзэуар сэлэтхэр. ЩIэблэм яжетIэн хуейщ зауэм и тхыдэри лIыхъужьхэм я хъыбархэри. Ахэр хэкупсэу къыдрекIуэтей, псэ уасэ куэд щIату яухуа къэрал лъэщым и цIыху нэс ирехъу!
- Абдуллаевым и псалъэр диIыгъащ Кавказ Ищхъэрэ гъущI гъуэгухэм я унафэщIым и къуэдзэ Дмитриев Сергей, ТекIуэныгъэ Иным и мафIэгуми и гугъу ищIащ:
- — Илъэс 11 хъуауэ Кавказ Ищхъэрэм и гъущI гъуэгухэм ирокIуэ ди мафIэгур. Мыр фэеплъщ! Зауэ губгъуэм итахэм, лIыгъэ зезыхьахэм, зи псэ зытахэм я фэеплъщ. Илъэс 80 мэхъу Кавказыр хуит къызэращIыжрэ. Ар махуэ 442-кIэ къазэужащ. Дэ диIэщ дигу къэдгъэкIыжын, дызэрыпагэн, зи щIыхьыр тIэтын. Кавказ Ищхъэрэ гъущI гъуэгум ди мафIэгур ирикIуэнущ иджыри. Зы станцым икIрэ адрейм хуэкIуэу, лIыхъужьхэм я фэеплъыр ихъумэу. Ахэр ди гум щыпсэунущ игъащIэкIэ.
- — МафIэгум и теплъэ къудейри гум йошыкъылIэ. Гугъущ апхуэдэхэм деж псалъэ къэбгъуэтыну. ЦIыху мелуанхэм къагъэзэжын хуеят мы мафIэгумкIэ. Нэхъуеиншэу къапэплъэ анэхэм, щхьэгъусэхэм, бынхэм къахуишэжынут… АрщхьэкIэ, зэуапIэм къинахэщ… Апхуэдиз гуауэр уасэ хуэхъуащ ТекIуэныгъэ Иным. Нобэ зыри хуиткъым ди тхыдэр къритхыкIыжыну, сыту жыпIэмэ, ар лъыкIэ тхащ. Iуэхум щIалэгъуалэр зэрыхэтым мыхьэнэ иIэщ. КъэкIуэну зэманым ахэрщ зыIэтынур ТекIуэныгъэм и дамыгъэр, — жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
- Налшык и гъущI гъуэгум зауэ зэманым пэджэж теплъэгъуэхэр щекIуэкIащ. Абыхэм къыщыхьат тхыдэ дэфтэрхэм щыщхэр, сэлэтхэм я гукъэкIыжхэр, зауэлI хъыбархэр. Усэхэмрэ уэрэдхэмрэ зэм гуузт, зэм сэлэтхэм ягу ямыгъэкIуэдыным къыхуезыджэт.
- Абдеж зыкъыщагъэлъэгъуащ «Шагъдий», «Эльбрус», «Донское сияние» къэфакIуэ гупхэм, «Вольный дом» театрым и актёрхэм, «Меридиан» эстрадэ ансаблым, «Дядя баян» пшынауэ дуэтым, «Звезда надежды» театрым, Гъуэгухэмрэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ Ростов къэрал университетым и «Успех» макъамэ ансамблым, гъущI гъуэгум и лэжьакIуэхэм я «Ростов главный» творческэ гупым.
- И кIэм утыкум кърахьащ ТекIуэныгъэм и Нып Плъыжьыр.
- Гугъуэт Заремэ.
- Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.