ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Мамырыгъэм и телъхьэу

2022-04-26

  • Урысейм и Профсоюз щхьэхуитхэм я федерацэм Накъыгъэм и 1-р гъэлъэпIэным ехьэлIауэ къыхилъхьа урысейпсо автозэдэжэм хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэри.

  • Дыгъуасэ автомашинитху щрагъэжьащ Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 щрикъум и цIэр зэрихьэу Налшык къалэм иIэ утым. Ахэр Псыхуабэ деж щахыхьэжынущ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм икIынухэм икIи зэгъусэу Москва и Ут плъыжьым екIуэлIэнущ. А Iуэхум теухуа пэкIум хэтащ КъБР-м и Профсоюзхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Амщокъуэ ФатIимэт, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министр КIурашын Анзор, егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мокаев Ашэмэз, Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз, КъБР-м Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэм, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я ветеранхэм я советым и унафэщI Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд, депутатхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, волонтёрхэр.
  • — Мамырыгъэм, Лэжьыгъэм папщIэ! Нацизм щымыгъэIэным дрителъхьэщ! Апхуэдэ гупсысэ-хэр и лъабжьэу, Урысейм и Профсоюз щхьэхуитхэм я федерацэм мы Iуэхур къызэригъэпэщащ, — къыхигъэщащ Амщокъуэ ФатIимэт. — ЦIыхум я гуащIэдэкIыр, Урысейм и дзэмрэ ди къэралым и Президент Путин Владимиррэ я Iуэху бгъэдыхьэкIэхэр ядэтIыгъыныр ди къалэнщ. Къыхэгъэщыпхъэщ, профсоюзхэм я урысейпсо автозэдэжэр накъыгъэ махуэшхуэхэм зэрытеухуар. Иджыпсту къэрал псом щекIуэкI мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм хэтщ профсоюзым и пашэ минхэр. Ди жэрдэмыр щIыналъэ унафэщIхэми къыддаIыгъ. Илъэс къэс Накъыгъэм и 1-м дытепсэлъыхь хабзэщ цIыхухэм я улахуэр гъэтэмэмын, лэжьыгъэ IэнатIэщIэхэр къызэгъэпэщын зэрыхуейм, къулейсызыгъэ щымыгъэIэным. Ауэ нобэ жытIэну дызыхуейр цIыхухэр мамыру лэжьэну, нацизм щымыIэу псэуну зэрахъуэпсапIэрщ.
  • Профсоюзхэм я урысейпсо автозэдэжэр мэлыжьыхьым и 12-м щрагъэжьащ Владивосток. Абы хэтхэр накъыгъэм и 1-м — ГуащIэрыпсэухэм я махуэм — ирикIуэнущ ди щыхьэрым и Ут плъыжьым.
  • Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд жиIащ Урысейм иджыпсту Украинэм щригъэкIуэкI Iуэхухэр дэIыгъыным, ди зауэлIхэм я гур фIы яхуэщIынымрэ защIэгъэкъуэнымрэ ехьэлIа куэд къэрал псом зэрыщекIуэкIыр, абыхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. «Мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэм икъукIэ уагъэгушхуэ. Псом хуэмыдэу абы къегъэлъагъуэ ди цIыхубэр зэрызэкъуэтыр. Дызэгъусэу нацизмыр дымыгъэкIуэдмэ е абы лъабжьэ едгъэщIмэ, Хэку зауэшхуэм щыгъуэ зи гъащIэр зытахэм ящIар псыхэкIуадэ хъуауэ убж хъунущ. Нобэ Украинэм щыIэ ди щIалэхэм дазэрыкъуэтыр захедгъащIэмэ, шэч хэмылъу, нэхъ тегушхуэнущ, текIуэныгъэр къахьынущ».
  • — Ди ныбжьэгъу лъапIэхэ! Илъэс 77-рэ и пэкIэ ди Хэкум игъэкIуэдауэ щытащ нацизм шынагъуэр. Аращи, нобэ аргуэру къедгъэгъэзэж хъунукъым гуауэ, нэпс, зэбииныгъэ къэзыхь а Iуэхугъуэм. Абы щхьэкIэ Iэмал псори къэдгъэсэбэпын хуейщ. IэщэкIэ зэщIэузэда ди къарухэр Донецк, Луганск республикэхэм щыIэщ. Абыхэм, дауи, яхэтщ ди цIыхугъэ, Iыхьлы, ныбжьэгъу куэд. Аращи ди къалэнщ IуэхукIи псалъэкIи защIэдгъэкъуэну. Дэ мамырыгъэм дрителъхьэщ! — жиIащ Мокаев Ашэмэз.
  • — Тхыдэм уриплъэжмэ, зэман-зэманкIэрэ цIыхур гъэунэхупIэ зэпымыууэ ихуэу къекIуэкIащ: Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм ди адэшхуэхэр псэемыблэжу фашизмэм пэщIэтащ, Афганистаным щызэуащ, ди адэхэр терроризмэм ебэнащ, иджы нобэрей щIэблэр Украинэм щекIуэкI залымыгъэм пэщIэтщ. Ауэ адэкIэ дыхуейт мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр тхылъхэм иратха мыхъумэ, къэкIуэну щIэблэм я нэгу щIэмыкIыну. Украинэм къыщекIуэкI зэпэщIэтыныгъэм къыдэкIуэу, а Iуэхугъуэхэм пцIы халъхьэу хъыбархэр зэбграгъэкIын зэрыщIадзами дыщыгъуазэщ. Апхуэдэ хъыбархэр нэхъыбэу къызыIэрыхьэр щIалэгъуалэращи, абыхэм гулъытэ хэха яхуэтщIыпхъэу къызолъытэ, Iуэхум и пэжыпIэр яхузэхэгъэкIын папщIэ, — жиIащ «Налшык къалэм и щIалэгъуалэм я зэгухьэныгъэ» IуэхущIапIэм и унафэщI Сурковэ Екатеринэ.
  • БАГЪЭТЫР Луизэ.
  • Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.