Iуэхугъуэ куэд къызэщIаубыдэ
2022-04-23
- КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Абы хэтащ КъБР-м и Парламентым къыбгъэдэкIыу УФ-м и сенатор Ульбашев Мухьэрбий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэм и аппарату КИФЩI-м щыIэм КъБР-м и IуэхухэмкIэ и федеральнэ инспектор Васильченкэ Дмитрий, КъБР-м и прокурорым и япэ къуэдзэ Сысоенков Андрей.
- «УФ-м и щIыналъэхэм къэрал IуэхущIапIэхэр къызэрыщызэрагъэпэщ щIыкIэм теухуауэ» Федеральнэ законыр къызэращтам ипкъ иткIэ КъБР-м и Конституцэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и законым и проектыр ещанэ еджэгъуэу къащтащ.
- Законопроектыр Парламентым и депутат зы гупым я жэрдэмкIэ къыхалъхьауэ щытащ икIи КъБР-м и Конституцэм и Iыхьэ щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр егъэгъуэтыныр къыщагъэлъэгъуащ. Законым и проектым и етIуанэ еджэ-гъуэр гъатхэпэм и 24-м къащтауэ щытащ.
- ЕджэгъуитIми къащтащ «КъБР-м и щIалэгъуалэ политикэм теухуауэ» законопроектыр. КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ къыхигъэщащ законопроектым къызэрыщалъытар щIалэгъуалэм заужьыным теухуауэ хабзэгъэув IэнатIэхэм я нэIэ зытетыпхъэр, ахэр гъэзэщIэным езы ныбжьыщIэхэри къызэрыхашэну щIыкIэр, нэгъуэщIхэри.
- Депутатхэм еджэгъуитIкIэ даIыгъащ «ГъущI гъуэгу транспортым, токкIэ лажьэ транспортым, цIыхухэр къезышэкI транспортым я Iуэхутхьэбзэхэр къызэрызэрагъэпэщым теухуауэ» КъБР-м и Законым и Iыхьэ 3-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуа законопроектыр.
- Япэ еджэгъуэу къащтащ «КъБР-м и къэрал цIыхубэ IэнатIэм теухуауэ» Законым и Iыхьэ 21-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ», «ЩIыналъэм зегъэужьыным мылъку зыхалъ-хьэ Iуэхухэм хэтхэм я реестрым IуэхущIапIэр хагъэхьэным е хамыгъэхьэным теухуауэ уна-фэр къызэращтэм ехьэлIауэ» КъБР-м и законхэм я проектхэр.
- Депутатхэр хэплъащ республикэм и прокурорыр арэзы зытемыхъуэ IуэхугъуитIым. Япэр — «2005 гъэм жэпуэгъуэм и 28-м къыдагъэкIа «КъБР-м и къэрал цIыхубэ IэнатIэм теухуауэ» Законым теухуар — депутатхэм къащтащ. ЕтIуанэм — «2018 гъэм щIышылэм и 9-м къыдагъэкIа «Муниципальнэ IэнатIэм, щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къулыкъум (зэгурыIуэныгъэкIэ) пэрыувэну зи мурадхэм я хэхъуэр, къагъэсэбэпар, я мылъкур зыхуэдизыр Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ УФ-м и законодательствэм тету къызэрагъэлъагъуэ щIыкIэм» теухуам» — тепсэлъыхьа нэужь, КъБР-м и Парламентым Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъхьэм пэщIэтынымкIэ и комитетым и унафэщI Кривко Михаил арэзы техъуакъым.
- Депутатхэм къыхалъхьащ федеральнэ законопроектищым хуэгъэза законодательнэ жэрдэмхэр УФ-м и Къэрал Думэм ирагъэхьыну. Ахэр: «УФ-м и Арбитраж процессуальнэ кодексым и Iыхьэ 60-мрэ УФ-м и Гражданскэ процессуальнэ кодексым и Iыхьэ 51-мрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ», «УФ-м и Гражданскэ процессуальнэ кодексым и Iыхьэ 211-мрэ УФ-м административнэ суд IуэхухэмкIэ и кодексым и Iыхьэ 244-мрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ехьэлIауэ», УФ-м административнэ хабзэхэр къыщызэпемыгъэудынымкIэ Кодексым и Iыхьэ 25.5-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» жэрдэмхэрщ.
- ЗэIущIэм щыхэплъащ КъБР-м и Къэзыпщытэ-къэзыбж палатэм и унафэщIым и къуэдзэм и къулыкъум Чочаевэ Мариям ягъэувыну къызэрагъэлъэгъуам.
- КъищынэмыщIауэ, депутатхэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьащ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэм.
- ЗэIущIэм щедэIуащ КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ уполномоченнэ Зумакулов Борис и докладым. Абы къыхигъэщащ IэнатIэр зэрылажьэрэ 2022 гъэм и мэкъуауэгъуэм илъэс 15 зэрырикъур икIи а пIалъэм къриубыдэу цIыху мин 12-м щIигъум зыкъызэрыхуагъэзар. ЦIыхухэм я гукъеуэр нэхъыбэу епхащ узыншагъэр хъумэнымкIэ, медицинэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтынымкIэ, псэупIэ IуэхухэмкIэ я хуитыныгъэхэр къызэрызэпаудым, нэгъуэщIхэми. КъызэрапщытамкIэ, тхьэусыхафэхэр къызыбгъэдэкIым я нэхъыбэр зи ныбжь хэкIуэтахэрщ, ныкъуэдыкъуэхэрщ, бынунагъуэшхуэхэрщ.
- — Пенсэр хуэму фIэкIа хагъахъуэркъым икIи ахъшэр пуд зэрыхъуам къыхэкIыу зыри абы къыщIэкIыжыркъым. Бюджет IэнатIэ Iутхэр егъэтхьэусыхэ я улахуэр зэрымащIэ дыдэм. Унэ къратын хуейуэ чэзум хэтхэм яхэщIыркъым, социальнэ псэупIэхэр яухуэххэркъым, — къыхигъэщащ Зумакуловым. АдэкIэ тепсэлъыхьащ сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмытхэмрэ унэкIэ къызэрызэрагъэпэщым хэлъ гугъуехьхэм я хэкIыпIэу къилъытэхэм.
- Егоровэ Татьянэ зэIущIэр щызэхуищIыжым депутатхэм ехъуэхъуащ мэлыжьыхьым и 27-м ягъэлъапIэ Урысей парламентаризмэм и махуэмрэ къэблагъэ накъыгъэ махуэшхуэхэмкIэ.
- Белгъэрокъуэ Марьянэ.