ЗэпIэзэрытыныгъэм и хэкIыпIэхэр
2022-04-23
- КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэм тету иригъэкIуэкIащ къэралыр санкцэхэмкIэ гугъуехь щыхагъэт зэманым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм экономикэ, социальнэ зэпIэзэрытыны-гъэ щызэтегъэувэным теухуа зэIущIэ. Абы хэтащ вице-премьерхэр, министрхэр, щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, банк унафэщIхэр.
- ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ экономикэм дежкIэ мыхьэнэ нэхъыбэ зиIэ IэнатIэхэм щрагъэкIуэкIа кIэлъыплъыныгъэхэм къагъэлъэгъуам. КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэхэм я нэIэ щIэт IэнатIэхэм я мылъку-экономикэ щытыкIэр зэпымыууэ къапщытэ. Абыхэм ящыщщ промышленнэ предприятэхэр, мэкъумэш IэнатIэр, гъуэгум, транспортым, псэупIэ ухуэным, ЖКХ-м, псэукIэр егъэфIэкIуэным епха IэнатIэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ.
- КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед зэрыжиIамкIэ, республикэм и промышленнэ предприятэхэр зэпымыууэ мэлажьэ. Абыхэм ящыщщ радиоэлектроннэ, медицинэ, электротехникэм епха Iэмэпсымэхэр къыщыщIагъэкIхэр, нэгъуэщIхэри. КъищынэмыщIауэ, къэралым дежкIэ мыхьэнэ нэхъыбэ зиIэ IуэхущIапIэу къалъытэхэм, «Терекалмаз» заводыр зыхэтым, ахэри хагъэхьэу, программэ хэхакIэ лажьэу зэтраублэну я мурадщ.
- КъулыкъущIэхэм гулъытэ нэхъыбэ зыхуащIахэм ящыщщ хьэрычэтыщIэ Iуэху мащIэмрэ курытымрэ ядэIэпыкъуныр. Кредит тыным, мылъкур зегъэкIуэным епха республикэ IуэхущIапIэхэм иджыпсту йопсалъэ «Антикризисная», «Инвестиционная», «Оборотная» программэхэмкIэ, УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ, Мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министерствэм худэчых зиIэ я программэхэмкIэ хьэрычэтыщIэхэм зыщIагъэкъуэну.
- Экономикэ дэкъузэныгъэхэмкIэ къэралыр бэлыхь щыхагъэт лъэхъэнэм республикэм къыщызэрагъэпэщащ хьэрычэтыщIэхэм я упщIэхэм жэуап щагъуэтын, чэнджэщ къызыIа-хын, Iуэхум и зэфIэхыкIэр къыщащIэн зэмыпыууэ лажьэ телефон. КъБР-м и ШэсыпIэ фондым илъэсыр къызэрихьэрэ зэгурыIуэныгъэу 6 игъэхьэзырри, хьэрычэтыщIэхэм сом мелуан 57,8-рэ яритащ, фондыр шэсыпIэ хуэхъуу зэгурыIуэныгъэ зэращIылIахэм сом мелуани 150-рэ яIэрыхьащ. КъБР-м МикрокредитованиемкIэ и фондым сом мелуан 21-рэ хъу щIыхуэ 39-рэ итащ. Абы къищынэмыщIауэ, цIыху 24-м къащта щIыхуэм техьэ процентыр ямытыну мазихкIэ щхьэщахащ.
- «Сату Iуэхум и гугъу пщIымэ, ерыскъыхэкIкIэ, цIыхур нэхъыбэрэ зыхуей хъу хьэпшыпхэмкIэ щыщIэныгъэ щыIэкъым», — жиIащ Говоров Сергей. Апхуэдэуи къыхигъэщащ республи- кэм гъатхасэр хъарзынэу зэрыщекIуэкIыр. ЩIыналъэ администрацэхэм къызэратамкIэ, гектар мин 40,5 трасащ. Жыджэру хасэ хьэцэпэцэр, кIэртIофыр, хадэхэкIыр.
- КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Марат зэрыжиIамкIэ, ди хэгъэгум къэрал IуэхущIапIэ 21-рэ щолажьэ, цIыхухэм Iуэхутхьэбзэхэр щыхуащIэу. Абыхэм къемыкIуэлIэф лIыжь-фызыжьхэм, ныкъуэдыкъуэхэм IэщIагъэлIхэр я унэм макIуэ. Накъыгъэм и 1-м щыщIэдзауэ зи ныбжьыр илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ илъэс 17-м нэс ныбжьым ириубыдэ сабийхэм ахъшэ иратынущ. Амбулаторэхэм лажьэу щIадзэжащ. Абыхэм медицинэ Iуэхутхьэбзэхэр къыщыпхуащIэ, зи узыншагъэмкIэ гуныкъуэгъуэ щиIэхэм щакIэлъоплъ, диспансеризацэ щрагъэкIуэкI.
- Курыт школхэм я 1-4-нэ классхэм щIэс ныбжьыщIэхэр шхын пщтыркIэ зэрагъашхэм тхьэмахуэ къэс кIэлъоплъ, дэтхэнэми ерыскъыхэкIхэр и чэзум кърашалIэри, зыхуей хуэзэу щапщэфI.
- ЗэIущIэм хэтахэр набдзэгубдзаплъэу хэплъащ геополитикэ, экономикэ дэкъузэныгъэ екIуэкIхэм яжь къыщIимыхуу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и экономикэм зиужьа зэрыхъуну щIыкIэр зэраубзыхуам. Апхуэдэу экономикэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм зэрыкIэлъыплъынумрэ ахэр зи нэIэ щIэтыну IуэхущIапIэхэмрэ яубзыхуащ. Зи гугъу тщIы Iуэхур КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэкIэ яублащ, аращ Къэбэрдей-Балъкъэрым энономикэ, социальнэ зэпIэзэрытыныгъэ къыщызэгъэпэщынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэр ЗэзыгъэуIу штабым и унафэщIыр.
- Мусуков Алий къыхигъэщащ къулыкъущIэхэм я къалэн нэхъыщхьэр предриятэхэр лъэпощхьэпоуншэу лэжьэныр, зыхуэныкъуэ къыкъуэкIмэ, икIэщIыпIэкIэ къызэгъэпэщыныр зэрыарар. ЗэIущIэм кърикIуахэмкIэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым республикэм и зэпIэзэрытыныгъэр щIэзыгъэбыдэ пщэрылъ зыбжанэ къулыкъущIапIэхэм ящищIащ.
- Къэбарт Мирэ.