Iэужь дахэ лъэпкъым къыхуэзыгъэна Теунэ Хьэчим къызэралъхурэ илъэси 110-рэ ирокъу
2022-04-23
- Лъэпкъ литературэм и дыжьыныгъуэ тхакIуэхэм ящыщу къалъытэ зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ ноби къыдэущие, пасэрей хабзэжьхэм дыхуэзыгъэсэж, гъащIэм и IэмалхэмкIэ къыддэгуашэу къытхэт пэлъытэ Теунэ Хьэчим.
- Ар Тэрч щIыналъэм хыхьэ Арыкъ къуажэм 1912 гъэм къыщалъхуащ. Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ рабфакыр, Москва журналистикэмкIэ и институтым газетхэм политикэмкIэ щаIэ къудамэхэм я редактор курсхэр, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтыр, Къэбэрдей-Балъкъэр педагогикэ институтыр, Москва щыIэ Литературэ курс нэхъыщхьэхэр къиухащ Теунэм. 30 гъэхэм «Ленин гъуэгу» газетым щэнхабзэмкIэ и къудамэм щылэжьащ. ИужькIэ республикэм и щIалэгъуалэ газетым и редактор къулыкъум пэрытащ. Хэку зауэшхуэм и зэманымрэ абы и ужь лъэхъэнэмрэ Теунэ Хьэчим ВЛКСМ-м и обкомым и секретару, республикэм и радиокомитетым и унафэщIу лэжьащ. Ар хахауэ щытащ КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и депутату, КъБР-м и Совет Нэхъыщхьэм и УнафэщIу. 1944 — 1951 гъэхэм Теунэ Хьэчим и унафэм щIэтащ республикэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэр. Лъэпкъ литературэм хуищIа хэлъхьэныгъэфIхэр къалъытэри, абы къыхуагъэфэщащ «ЩIыхьым и дамыгъэ» орденымрэ медалитIрэ.
- Теунэм и IэдакъэщIэкIхэм ящыщу: «Шэджэмокъуэ лъэпкъыр», «Аслъэн», «Псэм и IэфIыр къуатмэ», «ПовеститI», «Гъуэгу зэхэкIыпIэ», н.къ. языхэзым щымыгъуазэ щыIэу къыщIэкIынкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, курыт еджапIэхэм щыщIэдзауэ щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэ куэдым я программэм хэтщ. Ауэ дэтхэнэ тхакIуэм и дежкIэ нэхъыщхьэращи, ар бэм фIыуэ ялъэгъуахэм ящыщщ, абы и «Шэджэмокъуэ лъэпкъыр» романым емыджа куэд щыIэу си фIэщ хъуркъым. Уеблэмэ ар нобэми зи IэфIыр мыкIуэда тхыгъэщ. ТхакIуэм и зэфIэкIым и щыхьэтыр и тхыгъэхэм къагъэщI гъащIэрамэ, Теунэм лейуэ ущIытепсэлъыхьын щыIэкъым.
- ЩОМАХУЭ Залинэ.
- НыбжьыщIэхэм я дэIэпыкъуэгъут
- Дэтхэнэ лъэпкъ щэнхабзэми иIэщ ар псом хуэмыдэу зэрыгушхуэ, и щхьэр лъагэу езыгъэIэт цIыхухэр. Къэбэрдей лъэпкъ щэнхабзэр къудамэбэ жыгым хуэбгъадэмэ, шэч хэмылъу, абы и зы къудамэ гъуэзэджэу къэлъытапхъэщ Теунэ Хьэчим и творческэ лэжьыгъэшхуэр. Ди щэнхабзэм и лъэныкъуэ псоми гумызагъэу кIэлъыплъырт, абы щекIуэкI Iуэхугъуэ псоми фIыуэ щыгъуазэт. Ар ягъэгуфIэрт ди щэнхабзэм игъуэт ехъулIэныгъэхэм, ягъэнэщхъейрт зыщыщIэхэм, зыхунэмысхэм. Ауэ псом ящхьэрати, Теунэр литераторт, а псалъэм къызэщIиубыдэ мыхьэнэ псори зэхьэлIэжа тхакIуэт. Абы итхырт очеркхэр, новеллэхэр, рассказхэр, повестхэр, романхэр, ар критикт икIи литературэдж Iэзэт. Хьэчим гуащIафIэу хэлэжьыхьащ ди театрхэр, еджапIэхэр зыхуей хуэзэу зэфIэувэнми. Илъэс куэдкIэ щытащ ди тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэ-щIу.
- Курыт еджапIэм дэ япэу дыщыхуэзэрт Теунэм и тхыгъэхэм. Абы и «Аслъэн» повестыр икъукIэ щIэщыгъуэ къытщыхъуауэ, дыдихьэхауэ дджат. ИужькIэ Хьэчим и къалэмыпэм къыщIэкIащ ди литературэм хэлъхьэныгъэфI хуэхъуауэ щыта тхыгъэ куэд, абыхэм ящыщщ «Псэм и IэфIыр къуатмэ», «Шэджэмокъуэ лъэпкъыр» романхэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм пэжагъ ин хэлъу къыщыгъэлъэгъуащ иджырей интеллигенцэм ича япэ лъэбакъуэхэр, ар зэрызэфIэувар. А романхэр щыхьэт тохъуэ Теунэр езым и лъэпкъым и тхыдэмрэ и иджырей псэукIэмрэ Iэзэу дэзыгъэлъагъу художник-къэхутакIуэу зэрыщытам.
- КъищынэмыщIауэ, къэгъуэтыгъуейщ тхакIуэ нэхъыщIэхэм щыщу (сэри абы сахэту) Хьэчим зыгуэркIэ зыдэмыIэпыкъуа — ирехъу ар псалъэ гуапэ, чэнджэщыфI е гупсэхуу тха рецензэ.
- Къагъырмэс Борис.
- 2007 гъэ