ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Есэпыр зыджхэр

2022-04-23

  • ЗэрытщIэщи, мэлыжьыхь мазэм и пэщIэдзэм хуозэ Есэпыр зыджхэм я махуэр. Дунейпсо махуэгъэпсым «плъыжьу» къыщыхэмыгъэщами, ехьэжьауэ ямыгъэмахуэшхуэми, ар ягъэлъапIэ а щIэныгъэм зи гъащIэр езыпха студентхэм, аспирантхэм, егъэджакIуэхэм икIи, зэрыгурыIуэгъуэщи, есэп къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкI IуэхущIапIэхэм щылажьэ щIэныгъэлIхэм.

  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэщ апхуэдэ IуэхущIапIэ, и лэжьыгъэр ди къэралым и мызакъуэу, щIыпIэ куэдым фIыкIэ щыIуауэ. Зи гугъу тщIыр Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ и щIэныгъэ центрым Прикладной математикэмрэ автоматизацэмкIэ и институтырщ. Ар къызэзыгъэпэщауэ щытари и япэ унафэщIу тетари физикэмрэ есэп щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Нэхущ Iэдэмщ.
  • Мы гъэм институтыр къызэрыунэхурэ илъэс 30 ирикъуащ. ЗэрыжаIэщи, икIи куэдкъым, ауэ мащIэуи жыпIэ хъунукъым — зы щIэблэ къыдэкIуэтеящ. Къэралым хуэдэу, ар зэфIэуват, иригъэкIуэкIыну лэжьыгъэр екIуу зэтриублат, мылъку къыхуамыутIыпщу IэнатIэ гугъуи Iутат. Ауэ институтым и лэжьакIуэхэр сыт хуэдэ гугъуехьми пэлъэщащ, къаруушхуэ трагъэкIуадэу къызэIуаха IуэхущIапIэри хагъэкIуэдэжакъым. КъызэринэкIыфа къииным хущIегъуэж хуэдэ, Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием институтым и IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ иджыблагъэ тыгъэ хьэлэмэт къахуищIащ.
  • 2013 гъэм институтым иухащ фэтэр 20 хъу, къатыбэу зэтет унэм и ухуэныр. Ар ящIащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и академием зэхилъхьа «ПсэупIэ» программэм ипкъ иткIэ. Программэр яхуэгъэпсат щIэныгъэм пыщIа, унагъуэщIэу тIысыжа IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэмрэ щIэныгъэхутэхэмрэ икIи ар гъэзэщIэным илъэсищ (2011 — 2015 гъэхэр) хухахат.
  • Къыхэгъэщын хуейщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ ЩIэныгъэ центрым и унафэщIхэм а проектыр зыхуей хуэзэным лэжьыгъэшхуэ зэрыхалъхьар. Зэхьэзэхуэхэр къызэрагъэпэщащ, ухуакIуэхэм зэгурыIуэныгъэхэр мызэ-мытIэу иращIылIащ, ухуэныгъэмрэ пэш кIуэцIхэр зэрызэрахьэмрэ кIэлъыплъащ, ар къыщыгъэнауэ, апхуэдиз гуащIэдэкIыр жэщкIэ зыхъумэн плъыр гупхэри къызэрагъэпэщащ.
  • «ЩIэныгъэлIхэм я унэкIэ» зэджа къатыбэ псэуалъэр 2014 гъэм ущыпсэу хъуну яутIыпщащ. ЩIэныгъэ советым и унафэкIэ абы Центрым и лэжьакIуэхэмрэ я унагъуэхэмрэ щIагъэтIысхьащ. ГуфIэгъуэ тхьэлъэIур зращIэкIа Iуэхугъуэ дахэм кърихьэлIат КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, ЩIэныгъэ центрым и унафэщI Иуан Пётр, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэм-рэ IэщIагъэлIхэмрэ.
  • Унэ зыгъуэтахэм я ныбжьыр ику иту илъэс 37-рэ хъурт, дэтхэнэ зыри хунэсат илъэси 5-м щегъэжьауэ илъэс 25-рэ хуэдизкIэ IэнатIэм пэрытыну. Есэп щIэныгъэхутэхэм гушыIэу зэрыжаIэщи, псэуалъэ зратахэр зэрылэжьа илъэс бжыгъэр псори зэхэплъхьэмэ, илъэс 418-рэ ирокъу.
  • Ухуэныгъэр лъэужьыншэу къэнакъым. Абы хуабжьу мыхьэнэшхуэ иIащ щIэныгъэм зиужьынымкIэ. Нобэ «ЩIэныгъэлIхэм я унэм» щIэныгъэхэмкIэ доктору тху, кандидату пщыкIуз, IэщIагъэлI ныбжьыщIэу тху щопсэу. Сабийуэ 28-рэ щIэсщ, абыхэм ящыщу 20-р унагъуэхэр унэщIэм зэрыIэпхъуэжрэ дунейм къытехьащ. Дуней псом щащIэ, щIэныгъэхэм и фIагъыр къызэралъытэ Хирш и жыпхъэмкIэ уеплъмэ, къэхутэныгъэу ирагъэкIуэкIыр бжыгъэкIэ 24-м пэгъэуващ (мы бжыгъэр лъагапIэм хуеIэ, есэпыр зыджхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм и мыхьэнэр зэрыиныр къэзыгъэлъагъуэщ).
  • А унэр нэгъэсауэ щIэныгъэм и жьэгущ. 2014 гъэм къыщегъэжьауэ Урысейми хамэ къэралхэми къыщыдэкI, есэп щIэныгъэхэм теухуа журнал цIэрыIуэхэм лэжьыгъэ 600-м щIигъу къытехуащ. Дуней псом щрагъэкIуэкI есэп къэхутэныгъэхэр псори къызэщIэпкъуэжрэ ухэплъэжмэ, ди щIэныгъэлIхэм я IэдакъэщIэкIхэр 1400-м щIигъурэ къыщагъэсэбэпащ, тегъэщIапIэ ящIащ. Абы къищынэмыщIауэ, зи гугъу тщIы унэм щыпсэухэм я щIэныгъэ гуащIэдэкIым щыхьэт техъуэ патентхэр къыдахащ, доктор икIи кандидат диссертацэхэр пхагъэкIащ, аспирантхэр яунэтIащ.
  • ЦIыхум и щыIэныгъэр зэIузэпэщ щIыным текIуадэ къарум кърикIуэ фIыгъуэхэм щапхъэ нэс яхуохъу Налшык къалэ дэт «ЩIэныгъэхэлIхэм я унэр». Насыпщ щхьэегъэзыпIэ уиIэу, уи псэуалъэ зэгъэпэщауэ фIыуэ плъагъу IэнатIэм упэрытыныр. Унэм сом мелуан 40-м щIигъу текIуэдащ. Къапщтэмэ, Мэзкуу и зы хьэблэфI гуэрым къыщыпхуэгъуэтыну унэ цIыкIум и уа- сэ хъууэ аращ. Ауэ абы еплъытыфынукъым уи щIыналъэ ущыпсэууэ бгъуэт гупсэхугъуэр. УзыщIэхъуэпсри узытелажьэри зы щыхъужым деж — жьэгури аращ, Хэкури аращ.
  • ДиIэщ дызэгупсысын, диIэщ дызыхущIэкъун!
  •  
  • АТТАЕВ Анатолэ,
  • Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ ЩIэныгъэ центрым
  • уравненэ зэхэлъ лIэужьыгъуэхэмкIэ и кафедрэм и унафэщI,
  • физикэмрэ есэп щIэныгъэхэмкIэ кандидат.