Европэм пэIэщIэу Iыгъын
2022-04-23
- Налшык дэт Лъэпкъ музейм къыщызэIуахащ «НАТО. Хроника жестокости» зыфIаща гъэлъэгъуэныгъэ. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм и иджырей тхыдэмкIэ музей нэхъыщхьэмрэ КъБР-м и Лъэпкъ музеймрэ.
- Пэшым ущIыхьэу къегъэувэкIа стендхэм уазэрыIуплъэу, уи щIыфэр мэтхытх. Зэгуэр НАТО-м теухуауэ зэхэпха псори абыхэм къызэщIакъуэжми ярейщ, апхуэдизкIэ зэрытепсэлъыхь псалъэхэри сурэт гуузхэри IупщIщи.
- — Куэд мыщIэу ди къэралым игъэлъэпIэну ТекIуэныгъэ Иныр зэхьэлIа Iуэхур и щы-хьэтщ зы къэрал е цIыху щхьэхуэм и жыIэкIэ адрейхэр игъэпсэуну яужь щихьэм и деж къэхъум. НАТО дзэ блокым и Iуэху бгъэдыхьэкIэри апхуэдэщ: имыгъусэм жэуап ихьын хуейщ. Ар наIуэу къытощ мыбдежым щытлъагъу пхъэбгъухэм, — жиIащ зэIущIэр къыщызэIуихым КъБР-м и цIыхубэ сурэтыщI, ЦIыхубэ творчествэмкIэ щэнхабзэ методикэ центрым и унафэщI Жылэ Анатолэ. — ХХI лIэщIыгъуэм дыщыпсэуми, езым и еплъыкIэр, пэжми пцIыми емылъытауэ, зыукъуэдий зэгухьэныгъэм дунейм зыщиубгъу зэпытщ. Иджыпсту ди къэралыр щытыкIэ гугъум итщ, езым жиIэр зэрызахуэр пхигъэкIын, щIигъэбыдэн хуей хъууэ. Си гугъэщ ар Урысейм хузэфIэкIыну, ар ди нэгу щIэкIыну.
- АдэкIэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ Лъэпкъ музейм и унафэщI, тхыдэдж Накуэ Феликс. Ар зыубгъуауэ тепсэлъыхьащ зи гугъу ищI зэгухьэныгъэм и гущIэгъуншагъым.
- — Совет Союзымрэ социа-листическэ зыужьыныгъэ гъуэгур къыхэзыха къэралхэмрэ япэщIэтын хуейуэ къызэрагъэпэща зэгухьэныгъэт НАТО-р. Япэр щылъэлъэжми, зыми зихъуэжакъым. КъызэрыщIэкIамкIэ, идеологие и лъэныкъуэкIэ цIыхубэр и телъхьэ къищIынратэкъым НАТО-м и дежкIэ нэхъыщхьэр, атIэ дуней псор зэрихъуэкIыну, и жыIэм щIигъэувыну и гуращэт. КъухьэпIэм и дзэ промышленностми елъытат абы и гупсысэр, сыту жыпIэмэ ар мылъкушхуэт, къэралыгъуэхэм я нэхъыбэр зэрыпхуэунэтIыну Iэщэ лъэщт. НАТО-р мылъэлъэжам и закъуэкъым, абы зиубгъуащ, сыт щыгъуи хуэдэу, ди къэралым и гъунапкъэхэм гъунэгъу зыкъыхуищIу. Дэ иджыпсту ди нэгу щIокI ар къуэкIыпIэ къэралхэм къызэребгъэрыкIуэр икIи абыхэм ярищIэфынуракъым нэхъыщхьэр, атIэ цIыхухэр, псэууэ дунейм тетыр игъэкIуэдын жыхуэпIэри зэрыхэлъыр аращ. Сэ сызэреплъымкIэ, ипэкIэ къэхъуахэм гупсэхуу дыпхыплъу нобэ ди нэгу щIэкIхэр къэгъэувыIэн зэрыхуейр аращ нэхъыщхьэу мы гъэлъэгъуэныгъэм хэлъыр, — жиIащ Феликс.
- Пхъэбгъухэм къатещ тхыгъэхэмрэ сурэтхэмрэ зыр адрейми щIэгъэкъуэнщ. НАТО-р къызэрызэрагъэпэщауэ щытам ехьэлIа Iыхьэм дыкъыщоджэ: «СССР-м зэрыхущытыр зэщIэплъэху, США-мрэ КъухьэпIэ Европэмрэ щытепсэлъыхьу щIадзащ дзэ блок къызэрызэгъэпэщыпхъэм. 1949 гъэм мэлыжьыхьым и 4-м Вашингтон Iэ щытрадзащ Североатлантикэ зэгурыIуэныгъэм. НАТО-м и къызэгъэпэщакIуэт Бельгиер, Великобританиер, Италиер, Канадэр, Люксембургыр, Нидерландхэр, Норвегиер, Португалиер, США-р, Франджыр (иджыпсту хохьэ къэрал 30-м щIигъу). Абы и япэ генеральнэ секретарь Исмей лордым убзыхупауэ жиIат альянсым и къалэн нэхъыщхьэхэр: «…урысхэр Европэм пэIэщIэу Iыгъын, американхэр — Европэм щыгъэпсэун, нэмыцэхэр — Европэм и бжьым щIэгъэтын». Зэман зэхуэмыдэхэм къэрал щхьэхуэхэм НАТО-м щигъэхъахэр IупщIу къыхощ гъэлъэгъуэныгъэм. Апхуэдэхэщ Японием и Хиросимэрэ Нагасакирэ атом бомбэхэр зэрыщридзыхар, Балкан зауэхэр, НАТО-м зиубгъуным ехьэлIа политикэр, 2000 гъэхэм екIуэкIа зэпэщIэтыныгъэхэр, нэгъуэщIхэри.
- Куэд дыдэрэ и гугъу пхуэщIынущ гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьа дэфтэрхэм, тхыгъэхэм, дзэ корреспондентхэм пэжыр я тегъэщIапIэу я къалэмыпэм къыщIэкIа статья-хэм. Псоми къыбжаIэр фIэкIыпIэ зимыIэращ: НАТО-р дифI лъэпкъ зезымыхуэ дзэ зэгухьэныгъэу зэрыщытырщ, акъылкIэ, пэжыгъэкIэ, захуагъэкIэ пэщIэтын хуейуэ.
- ИСТЭПАН Залинэ.
- Сурэтхэр КЪАРЕЙ Элинэ трихащ.