ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

Зыгъэпсэхугъуэ махуэм

2022-04-23

  • Iэгъэбэгухэр
  • Хэт зымыцIыхур Iэгъэбэгу цIыкIухэр?! Адрей къэкIыгъэхэми хуэдэу, абыхэм мэзыр ягъэдахэ, къулей ящI. И щхьэматэ цIыкIур лъакъуэ закъуэмкIэ захуэу, пагэу фIиIыгъэу ар щытщ. Iэгъэбэгухэр жыг щIагъхэм, хуейхэм, жыг лъэдакъэ пыупщIахэм я гъунэгъуу къыщокI.

  • Iэгъэбэгухэмрэ къэкIыгъэхэмрэ, Iэгъэбэгухэмрэ жыгхэмрэ лъабжьэхэмкIэ, къуэпсхэмкIэ зэрыIыгъщ. ЩIыгулъым къыхах «шхыныгъуэхэмкIэ» абыхэм зым зыр «егъашхэ».
  • Мэзым щIэт псэущхьэ куэдым Iэгъэбэгухэр я шхыныгъуэщ. КIэпхъ цIыкIухэм ахэр зыхуахьэсри, жыг къудамэм пыIуауэ ягъэгъу. ЩIымахуэ шхыну абы къэуатышхуэ щIэлъщ. Цыжьбанэхэми, топ хъурей защIри, я банэ цIыкIухэмкIэ Iэгъэбэгур фIагъанэри, я гъуэхэм яхь.
  • Iэгъэбэгухэр зэмылIэужьыгъуэ куэд мэхъу. Ауэ абыхэм яхэтщ псэущхьэхэми цIыхухэми яшх мыхъуну щхъухь зыхэлъхэр. Апхуэдэхэр Iэмал имыIэу зэгъэцIыхун хуейщ. БадзэгъалIэ (мухомор), ямышх фагъуэ (бледная поганка), дакъэхэкIэнэпцI (ложный опенок) Iэгъэбэгухэм, пшхын дэнэ къэна, IэкIэ уеIусэну шынагъуэщ. Абыхэм псоми мэ гурымыхь къакIэрех.
  • Iэгъэбэгу хужьыр (белый гриб), дакъэхэкIыр (опенок), шампиньонхэр пшхы хъухэм ящыщщ. Апхуэдэ Iэгъэбэгухэм къэуат зыщIэлъ шхыныгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхащIыкI.
  • Мэлей ФатIимэ.
  •  
  • Мэрэмэжьей
  • Мэрэмэжьейр щащIыр гъатхэращ. Пхъэ чейм и щIэр щIигъанэу фо иракIэ, фом и Iувагъым хуэдизу абы курыбэ тракIэ, безым зэрыдэлъу фо тралъхьэ, аргуэру курыбэ тракIэ. Апхуэдэу курыбэмрэ фомрэ къат-къату зэтету чейм из ящI, и щIыIум фо пIащIэ тракIэжри, и щхьэр фIыуэ ягъэбыдэж. Чейр куууэ къратIыкIа кумбым ирагъэувэх, пхъэбгъу тралъхьэ, Iуву ятIэ тракIутэжри илъэситI нэскIэ щагъэт. Нэхъыбэрэ щытыху, нэхъ гуащIэ мэхъу. Хьэзыр хъуар щыуэ зэтожэбзыкI.
  • Ищхьэм тетыр фадэ пIащIэращ (коньякым хуэдэу щытщ) — хьэщIэ лъапIэм хутрагъэувэу щытащ.
  • ЕтIуанэр — фадэ фIыцIэ — пщыжь-уэркъыжьхэм ирафу щытащ.
  • Ещанэр — махъсымэ бырыкъу — къэрэхьэлъкъым я фадэу арат.
  • Къубатий Борис.
  •  
  • ГъащIэм и мыхьэнэр  хэт къихута?
  • Уэ зыр угубзыгъэу, адрейхэр делэу, уэ уцIыхуфIу, адрейхэр Iейуэ, уэ жыпIэр пэжу, адрейхэм жаIэр пцIыуэ, уэ насып ухуейуэ, адрейхэр хуэмейуэ — апхуэдэ щыIэкъым: уи закъуэу жэнэтым укIуэну ухэмыт — ущIагъэхьэнукъым!
  •  
  • * * *
  • Алыхьым цIыху къыхэкIын и гугъэу, цIыху сурэтым иту дунейм Iэджэ къытрегъэхьэ, арщхьэкIэ и нэхъыбапIэр хьэ, кхъуэ, нэгъуэщI хьэкIэкхъуэкIэ, Iэщ лIэужьыгъуэ, уеблэмэ хьэпщхупщ хъуауэ и пащхьэ йохьэж.
  •  
  • * * *
  • Ар дауэ? Ахьмакъыфэ-пыIэжьынафи хуэдэкъым, пщIэ-нэмыси хэлъщ, икIи къутыргъэнкъым, унафэщI пэтми, зиунагъуэрэ!.. Сехъуэпсащ, — сыту я насып мыбы дэлажьэхэм!
  •  
  • * * *
  • БзэфIкIэ тха тхылъым псэкIэ зыхищIэу къеджар, хуей-хуэмейми, зэманкIэ нэхъ мыхъуми, а бзэмкIэ мэпсалъэ.
  •  
  • * * *
  • ГъащIэм и мыхьэнэр къэпхутэну ухуежьэ хуэдэщ тхакIуэ е усакIуэ гуэрым, ущытхъун е бубын мурадкIэ и тхыгъэхэр къапщтэу зэпкърыпхыну ущыхуежьэкIэ. Ауэ а Iуэхур нэсу зыми къехъулIэркъым — гъащIэм и мыхьэнэр хэт къихута? — языныкъуэ критик Iущхэм авторым чэнджэщ гуэрхэр щрат, дерс къызыхихын къыщыхуаIуатэ щыIэ пэтми. Тхыгъэр щыбубкIэ, сыт хуэдэ авторми хуиIэн хуей пщIэр, гуапагъэр мэкIуэд, ущыщытхъукIэ, фэрыщIымэ къыкIэрихыу, егъэлеиныгъэ хэмылъынкIэ Iэмал имыIэу мэхъу. Ауэ щыхъукIэ лъэныкъуитIми конструктивнэ критикэкIэ уеджэ хъунукъым, абы я фIэщыгъэцIэри нэгъуэщIщ.
  • Хьэту Пётр.
  •  
  • Си мамэ
  • Хэт сэ сызыгъафIэр,
  • IэфIу сэ схуэпщафIэр,
  • И псэм сыхуэзыхьыр,
  • И къару щымысхьыр,
  • Си Iэпкълъэпкъ зыпсыхьыр,
  • Си бзэр зыгъэIэсэр,
  • Iэсэу сызыгъасэр?
  • Дыгъэм хуэдэу хуабэу,
  • Псоми яхуэгуапэу,
  • Iумахуэрэ Iущабэу,
  • Езыр дыщэ Iэпэу,
  • Ар си мамэ дахэрщ,
  • Ар си мамэ лъапIэрщ.
  • Псоми я нэхъыфIырщ,
  • Псом нэхъыфIу слъагъурщ.
  •  
  • Адэ-анэ
  • Анэр – ар псалъэщ,
  • Адэр – ар щапхъэщ.
  • Анэр – ар гущэщ,
  • Адэр – ар купщIэщ.
  • Анэр – ар гугъэщ,
  • Адэр – ар лIыгъэщ…
  • Хьэщыкъуей Олег.
  •  
  • Псалъэзэблэдз
  • ЕкIуэкIыу: 2. Хьэлу, чыржын, мэжаджэ, … 6. Ерыскъым къыгуэгъэжа Iыхьэ. 7. Тэрч щIыналъэм хиубыдэ къуажэ. 8. Узижагъуэм и нэм … ущIоуэ. 9. УхуакIуэ, Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь … Алий. 10. Гъэузи … 11. Мывэ блын задэ. 16. Мэлыц щабэ. Е … бостей. 17. Хывым зэреджэ нэгъуэщIыцIэ. 18. Гъэм и зэман. 19. Нартхэм я фадэр абы къыхащIыкIырт. 20. Адыгэ бзылъхугъэ уэрэджыIакIуэ Iэзэ … Ленэ. 21. ПхъащIэ Iэмэпсымэ.
  • Къехыу: 1. Зрагъэдахэу цIыхубзхэм къыздрахьэкI хабзэщ. 2. АпхуэдэцIэ зэрахьэу къуажитI щыIэщ: зыр ди республикэм, адрейр Къэрэшей-Шэрджэсым. 3. Iэщ кIуэцIфэцIым къыхэщIыкIа шхыныгъуэ. 4. Хьэргъэшыргъэ. Е ди гъунэгъум … сыхидзащ. 5. Мэкъу Iэтэшхуэ, укъуэдияуэ. 12. Европэм и къэрал куэдым я щIыналъэхэм щежэх псышхуэ. 13. Ди гъунэгъум унэ щищIым … сыхуэхъуащ. 14. ЦIыху щхьэ псынщIэ. 15. Гурыгъу-…
  • Зэхэзылъхьар Мыз Ахьмэдщ.
  •  Мэлыжьыхьым и 16-м ди газетым тета псалъэзэблэдзым и жэуапхэр:
  • ЕкIуэкIыу: 2. Хуэмыху. 6. Пхъэр. 7. Гуимэ. 8. ПцIы. 9. Хьэрш. 11. Блэр. 12. Лашын. 15. КIарц. 17. Хуарэ. 18. Шэд. 19. Мылъку. 21. Урыху. 22. Къупщхьэ.
  • Къехыу: 1. Ахъмэт. 2. Хур. 3. МацIэ. 4. Хугу. 5. Амдэч. 10. Шольц. 11. Банэху. 13. Джарым. 14. Ержыб. 16. Нэхущ. 20. Кукъу. 21. Уэ.