Нэгъабэ лъандэрэ дыпагъаплъэ
2022-04-19
- «Спартак-Налшык» (Налшык) – «Анжи» (Мэхъэчкъалэ) — 3:1 (1:1). Налшык. «Спартак» стадион. Гъатхэпэм и 27-м. ЦIыху 300 еплъащ.
- Судьяхэр: Дорошенкэ (Краснодар), Городовой, Пичугин (тIури – Ставрополь щыщщ).
- «Спартак-Налшык»: Антипов, КIэдыкIуей, Белоусов, Сындыку, Шумахуэ И., Ольмезов, Торосян (Ульбашев, 78), Хьэшыр (Гугуев, 89), Дэхъу (ХъутIэ, 79), Масленников, Бэчбо (ЛIуп, 71).
- «Анжи»: Магомедов Т., Вагабов, Магомедбеков (Абдуразаков, 46), Мачилов, Ипаев (Акаев, 68), Саидов, Гайдаров (Исаев, 74), Гусенгаджиев (Исалов, 60), Магомедов Р., Магомедов М., Шихбабаев.
- Топхэр дагъэкIащ: Дэхъум, 9 (1:0). Магомедов Р., 18-пенальтикIэ (1:1). Бэчбом, 46 (2:1). ЛIупым, 86-пенальтикIэ (3:1).
- Дагъуэ къыхуащIащ Ипаевым, Гусенгаджиевым, Бэчбом, Магомедов Р., Исаевым, Саидовым.
- Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм и тIощIрэ еханэ джэгугъуэм хыхьэу вэсэмахуэ «Спартак-Налшыкым» къригъэблэгъат Мэхъэчкъалэ и «Анжи»-р. Зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм и етхуанэ увыпIэм щыт хьэщIэхэмрэ иужьрей гъэ джэгугъуэр зэрыщIидзэжрэ текIуэныгъэм и Iэфагъыр зэхэзымыщIа епщыкIузанэ увыпIэм нэс къекIуэтэха хэгъэрейхэмрэ япэ къекIуэкIыгъуэм здрагъэкIуэкIа зэпэщIэтыныгъэр мэхъэчкъалэдэсхэм я текIуэныгъэкIэ 2:0-у иухауэ щытащ.
- Налшыкдэсхэм, ипэкIэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэм хуэмыдэу, жыджэру къыщIадзащ. Уеблэмэ хьэщIэхэм я гъуэм ебгъэрыкIуэ шынагъуэхэмкIэ пэщIэдзэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ екIуалIэрт.
- Япэ топми футболеплъхэр куэдрэ зригъэжьакъым. Ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм хэту топыр зыIыгъыу «Анжи»-м и штрафнойм гъунэгъу хуэхъуа Бэчбор хабзэм къемызэгъыу хьэщIэхэм я гъуащхьэхъумэхэм ящыщ зым къигъэувыIащ. Абы кърикIуа штрафнойр Iэзэу игъэзэщIащ икIи футболистхэми гъуащхьэтетми ялъэмыIэсу топыр гъуэм игъэкIуащ Дэхъу Ислъам — 1:0.
- ПсынщIэу дагъэкIа топым ди щIалэхэр нэхъ жаныж къищIат икIи гупышхуэу ипэкIэ кIуэтат. ЕбгъэрыкIуэныгъэ зэпытым набдзагубдзаплъагъэр зыфIигъэкIуэда «Спартак-Налшыкым» зыхъумэжыныгъэр щыгъупщэжа хуэдэт. Ар фIы дыдэу къагъэсэбэпащ «Анжи»-м и футболистхэм. Абыхэм псынщIэу къызэрагъэпэща контратакэм хэту топыр зыIыгъыу налшыкдэсхэм я штрафнойм ихьа Шихбабаевыр хабзэр къызэпауду фIэкIа ди щIалэхэм къахуэгъэувыIакъым – пенальти. Ар Iэзэу зыгъэзэщIа Магомедовым топымрэ Антиповымрэ гъуэм и лъэныкъуэ зэрызым игъэгъуэлъащ — 1:1.
- ЩIэрыщIэу псори къыщIадзэжын хуей зэрыхъуам хэгъэрейхэм я лъэр щIигъэхуакъым, атIэ пэщIэдзэм нэхърэ нэхъ ерыщыжу ипэкIэ кIуэтащ. «Анжи»-м и гъуэм зэкIэлъхьэужьу екIуэлIащ Бэчбомрэ Хьэшырымрэ, арщхьэкIэ топыр гъуащхьэтетым къищтэрт е гъуэм щхьэпрылъэтырт.
- Ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэм ящыщ зым хэту Дэхъур зэуа топыр хьэщIэхэм я гъуащхьэтет Магомедовым къищтэри, псынщIэу ипэкIэ щIэпхъуа командэм къыдыхэтхэм я лъэныкъуэмкIэ хидзащ. Ар къызыIэрыхьа мэхъэчкъалэдэсхэм я футболистым штрафной иту топыр къигъэувыIэри, езыр джэлащ. Антиповымрэ ди гъуащхьэхъумэмрэ зыр адрейм щыгугъыжри, тIури топым бгъэдыхьакъым. ЩытыкIэр къэзыгъэсэбэпа «Анжи»-м и гъуащхьэхъумэныкъуэхэм ящыщ зым налшыкдэсхэм я зэхуакум топыр къыдихри штрафнойм къилъадэ Шихбабаевым хуигъэжащ. Гъуащхьэтетыр зыдэмыт гъуэм иужьрейр лъэщу еуащ, арщхьэкIэ напIэзыпIэм Антиповым и къалэнхэр зи пщэ дэзылъхьэжа Сындыкум топыр къригъэгъэзащ икIи «Спартак-Налшыкыр» къригъэлащ.
- Япэ Iыхьэм и кIэух дакъикъэхэм ди щIалэхэм иджыри ебгъэрыкIуэныгъэ лъэщ къызэрагъэпэщащ. Дэхъур зэуа топыр мэхъэчкъалэдэсхэм я гъуащхьэтетым къригъэгъэзащ. Абы кIэлъеуэжа Хьэшырыр зымащIэкIэ гъуэм техуакъым.
- Загъэпсэхуу къихьэжа нэужь, «Спартак-Налшыкым» и ебгъэрыкIуэныгъэм пищащ. ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм и япэ дакъикъэр екIуэкIыу Масленниковым топыр къыхитащ хьэщIэхэм я штрафнойм къилъадэ Бэчбом и лъэныкъуэмкIэ. Мурат абы Iэзэу еуащ икIи Магомедовым пэгъунэгъу плIанэпэм дигъэкIащ – 2:1.
- Япэ Iыхьэми хуэдэу етIуанэм и пэщIэдзэм псынщIэу топ щыдэзыгъэкIа ди щIалэхэр убыдыпIэншэт. Нэгъабэ лъандэрэ зыпэплъа текIуэныгъэр зыIэрагъэхьэну Iэмал къызыхукъуэкIахэм ар зыIэщIагъэкIыну хуейтэкъым, уеблэмэ бжыгъэр нэхъыбэ зэращIынум ерыщу хущIэкъурт.
- Апхуэдэу къыкIэлъыкIуэ топыр «Анжи»-м и гъуэм дагъэкIыну пэгъунэгъу дыдэу щытащ иджырей зэIущIэм жыджэру зыкъыщызыгъэлъэгъуа Бэчбомрэ Хьэшырымрэ. Угловой нэужьым лъэщу Магомедовым и гъуэм еуащ Белоусоври, арщхьэкIэ зымащIэкIэ топыр щхьэпрылъэтащ.
- ХьэщIэхэми апхуэдэу тыншу затын мурад яIэтэкъым, атIэ сыт хуэдэ Iэмал мащIэ дыдэри нэхъ сэбэпынагъ пылъу къызэрагъэсэбэпыным хущIэкъурт. «Анжи»-м и контратакэм хэту топыр къызыIэрыхьа гъуащхьауэ Магомедовыр ди гъуащхьэхьэхъумэхэм яIэщIэкIри, Антиповым хуэзанщIэ хъуащ. Ар лъэщу зэуа топым Антон къригъэгъэзащ. Гъуащхьауэр абы кIэлъеуэжащ, арщхьэкIэ иджы «Спартак-Налшыкыр» гъуэм и пкъом къригъэлащ.
- АдэкIэ ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэм къыпащащ. Мэхъэчкъалэдэсхэм къатриха топыр Шумахуэм Хьэшырым и лъэныкъуэмкIэ къыхитащ, иужьрейм ар Ислъам къритыжри Бэчбом хуигъэжащ. Мурат штрафнойм щихьэм топым еуащ, арщхьэкIэ абы хуэхьэзыр гъуащхьэтетым абы къригъэгъэзащ.
- ЗэIущIэм и кIэух бжыгъэр ищIрэ еханэ дакъикъэм ди щIалэхэм ягъэуващ. Джэгум къыхыхьагъащIэ ХъутIэр топыр иIыгъыу гъуэм щекIуалIэм хьэщIэхэм хабзэм къемызэгъыу къагъэувыIащ – пенальти. ЛIупыр Iэзэу зэуа топым «Анжи»-м и гъуащхьэтетым къыхуегъэгъэзакъым. ГуфIэгъуэр кIэщIт – топыр судьям хибжакъым, пенальтир щагъэзащIэм ди футболистхэм ящыщ зым хабзэр къызэпиудауэ къилъытэри. Аргуэру зэ пенальтир зыгъэзэщIэжа ЛIупым иджы топыр адрей плIанэпэм ар игъэкIуащ – 3:1.
- 2021 гъэм щэкIуэгъуэм и 19 лъандэрэ дызыпэплъа текIуэныгъэр «Спартак-Налшыкым» икIэм-икIэжым зыIэригъэхьащ. Дыщыгугъынщ, ди щIалэхэм я джэгукIэм абы зыкъыдигъэзэну.
- ТIощIрэ ещанэ джэгугъуэм и адрей зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр къарикIуащ: «Биолог-Новокубанск» (Прогресс) – «Кубань-Холдинг» (Новокубанск) — 2:5, «Мэшыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ) — «Дружба» (Мейкъуапэ) – 0:1, «Динамо» (Ставрополь) – «Ротор-2» (Волгоград) — 3:0, «Черноморец» (Новоросийск) – «Динамо» (Мэхъэчкъалэ) – 0:1, «Легион-Динамо» (Мэхъэчкъалэ) — «Алания-2» (Владикавказ) — 4:2,
- «ЕсэнтIыгу» (ЕсэнтIыгу) – «Форте» (Таганрог), СКА (Дон Iус Ростов) – «ТIуапсы» (ТIуапсы) зэIущIэхэр нэхъ иужькIэ зэхэтащ.
- КъыкIэлъыкIуэ джэгугъуэр «Спартак-Налшыкым» Адыгейм и къалащхьэм щригъэкIуэкIынущ. Мэлыжьыхьым и 23-м ар IущIэнущ Мейкъуапэ и «Дружба»-м.
- Жыласэ Замир.