ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

МафIэсым щыхъумэным хуэхьэзырщ

2022-04-19

  • Урысейпсо командэ-штаб зыгъэсэныгъэм и III Iыхьэм хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIащ мэз мафIэсхэр гъэункIыфIынымрэ ахэр къыщыхъуа щIыпIэхэм япэгъунэгъу жылагъуэхэр лыгъэм щыхъумэнымрэ теухуа практикэ Iуэхухэр.

  • Налшык и мэзылъэхэм ящыщ зым мафIэс къыщыхъуа хуэдэт икIи цIыхухэм я псэупIэмкIэ зидзырт. Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм ведомствэхэм зэдай и оперативнэ штабым Iуэхур и нэIэм щIигъэуващ икIи щIыпIэм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ мардэ щигъэува хуэдэт. Зыгъэсэныгъэхэм къыхашащ къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ апхуэдэхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ зыуэ щыт къэрал системэм (РСЧС-м) и къарухэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ: щIыналъэ МЧС-м и аэромобиль гупыр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэз хозяйствэм, Налшык мэзылъэм я мэзхъумэ къудамэхэр, КъБР-м ЩIыуэпсымрэ экологиемкIэ и министерствэр.
  • МафIэс-къегъэлакIуэ IэнатIэхэм а щIыпIэм деж щагъэлъэгъуащ езыр-езыру къэхъуа мафIэсыр зэрагъэункIыфыр, хуэщIа Iэмэпсымэхэр Iэзэу къызэрагъэсэбэпыфыр. МафIэсыр ягъэункIыфIын папщIэ абы псы зэрытракIам и мызакъуэу, щIыпIэр къавыхьащ, жыгхэр ирахащ, лыгъэм зимыдзын папщIэ ялъэкI къагъэнакъым икIи ар абыхэм къехъулIащ — мафIэсыр цIыхухэр щыпсэум нагъэсакъым, къыщыхъуа щIыпIэм щагъэункIыфIыжащ.
  • — Мы зыгъэсэныгъэм и мурад нэхъыщхьэр къызэрымыкIуэ щытыкIэ къэхъу хъужыкъуэмэ абы дыпэщIэтыным ди къарури Iэмэпсымэхэри зэрыхуэхьэзырыр къэгъэлъэгъуэнырщ. КъищынэмыщIауэ, къэтпщытащ абы хуэщIа IэнатIэхэр а Iуэхум зэрыхуэхьэзырыр. ЗыгъэсэныгъэхэмкIэ зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр нэсу зэдгъэхъулIащ, — жиIащ Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и унафэщI, къэрал кIуэцI къулыкъум и генерал-майор Надежин Михаил.
  • Зыгъэсэныгъэм кърашэлIащ цIыху 331-рэ, техникэ 73-рэ, абыхэм ящыщу Урысей МЧС-м и техникэу 32-рэ лэжьакIуэу 211-рэ, — къет Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм и пресс-IуэхущIапIэм.
  • УАРДЭ Жантинэ.