ФИФI ФЫМЫГЪЭПУД, ФИ IЕЙ ФЫМЫГЪЭПЩКIУ

АДЫГЭ ПСАЛЪЭ

«ТекIуэныгъэм и мафIэгур» Налшык къэсащ

2022-02-26

  • Дыгъуасэ «Налшык» гъущI гъуэгу станцым «ТекIуэныгъэм и мафIэгур» къэсащ.

  • МахуищкIэ КъБР-м щыIэну а музейм хуэдэ дунейм темыту зэрыжаIэр куэдым зэхахащ, ауэ абы и телъыджагъэр умылъэгъуауэ уи фIэщ пхуэщIынукъым.
  • Зауэм ипэ лъэхъэнэм къыщыщIэдзауэ илъэс бжыгъэ- кIэ цIыхухэм я фэм дэкIа бэлыхьымрэ гузэвэгъуэмрэ уIэбэмэ улъэIэсыну, къэIэбэмэ къыплъэIэсыну къыпщыхъуу щIащ ар.
  • Экспозицэ телъыджэр я Iэдакъэ къыщIэкIащ Поштаренкэ Дмитрий зи унафэщI «Невский баталист» тхыдэ-художественнэ гупым. ЦIыху 70 елэжьащ проектым. Зауэ лъэхъэнэм трахауэ сурэт миным щIигъу къыхахри, зэфIагъэувэжащ. Абыхэм тращIыкIа скульптурэхэр зэрахуэпар 1930 — 1940 гъэхэм псэуахэм ящыгъауэ музейхэм щахъумахэрщ.
  • Iуэхум и жэрдэмщIакIуэр УФ-м ЩIэныгъэмрэ IэщIагъэ нэхъыщхьэ егъэгъуэтынымкIэ и министерствэмрэ «Урысейм и гъущI гъуэгухэр» IуэхущIапIэмрэщ.
  • Налшык мафIэгур къезыгъэблэгъахэм ящыщщ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
  • — Илъэс бжыгъэхэр псынщIэу блокI, куэдым захъуэж ауэ зауэм теухуа Iуэхугъуэхэм сыт зэмани ди гур ягъэпIейтей, — жеIэ Къумахуэм. — Ди къэралым щыщу цIыху мелуан 27-м мамырыгъэм я псэр щIатащ. ЦIыхухэм я фэм дэкIар къэIуэтэгъуейщ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Хэку зауэшхуэм хэтахэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ мэхъу. БлэкIар тщымыгъупщэу, къэкIуэнум дерс къыхэтхын папщIэ мыпхуэдэ гъэлъэгъуэныгъэхэр зэпыу имыIэу къызэгъэпэщын хуейуэ къызолъытэ.
  • Сэ къызэрымыкIуэу сигу ирихьащ гъэлъэгъуэныгъэр. Скульпторхэм я Iэзагъэм и закъуэкъым згъэщIэгъуар, атIэ Iуэхугъуэхэр зэрызэхэгъэува щIыкIэрщ: видеопроектхэр, видеоблынхэр, вагон къэс къыщыIу макъамэ къыхэхахэр, уеблэмэ, мафIэгур кIуэуэ къыпщызыгъэхъу Iэмалхэр.
  • Япэ мафIэгум мамыр гъащIэм хэпсэукI цIыхухэм дащыIуощIэ. Къэхъунум зыри хэзымыщIыкI сабийхэмрэ балигъхэмрэ зэхэзэрыхьауэ, я нэгум гуфIэ кърихыу, зытет гъуэгуанэм фIыкIэ щыгугъыу долъагъу. Абыхэм дэнэ щащIэнт къапэплъэр?..
  • ЕтIуанэм зауэм даша щIалэ цIынэхэр исщ, вагон бжэщхьэIум гъыуэ тет бзылъхугъэр, зи бын зауэм яша анэ псоми я фэеплъ хуэдэщ.ЩIалэхэм я нэгум зэрыгузавэр, зэрыпIейтейр иболъагъуэ. Дауэ мыгузэвэнрэт?!
  • КъыкIэлъыкIуэ вагоныр окопэ щIыкIэу щIащи, сэлэтхэр ныбафэкIэ щылъщ, уи щхьэщыгум ит кхъухьлъатэхэм кърадзых бомбэхэм щхьэхуимыту уагъэгузавэ, апхуэдизкIэ пэжу щIащи. АдэкIэ тлъагъу нэмыцэIуэм дигу къегъэкIыж ещанэ рейхым цIыхухэм я фэм дихар.
  • Штаб, санитар, щIэныгъэ, зыгъэпскIыпIэ — бронепоезд вагонхэр зэкIэлъокIуэ.
  • Иужьрей вагоным щагъэлъапIэ текIуэныгъэр, уэрэд ину къыщоIу, цIыхухэм зэхуэгуфIэу сурэтхэр зытрагъэх. Абдеж цIыкIухэми инхэми, цIыхухъухэми цIыхубзхэми я нэгум лIыхъужьыгъэ къызэрищыр фэзгъэлъэгъуащэрэт!
  • Ди республикэм щыпсэу дэтхэнэри езгъэплъыну, сэ зыхэсщIахэр зыхезгъэщIэну сыхуейт. Музейм зы махуэм къриубыдэу цIыху мин еплъыфынущ.
  • Налшык и гъущI гъуэгу станцым къыщызэрагъэпэща концертым зауэ лъэхъэнэм теухуа уэрэд цIэрыIуэхэр ди республикэм и артист пажэхэм щагъэзэщIащ.
  • ТекIуэныгъэм и мафIэгур музей къудейкъым, ар нэпсыр щыпхуэмыIыгъ, блэкIа лъэхъэнэм дакъикъэ бжыгъэкIэ ухэзышэ, узыгъэгужьей, узыгъэгумэщI, узыгъэгупсысэ Iуэхугъуэщ.
  • Музейм и пэм къыщыщIэдзауэ и кIэм нэс упхыкIыу дунейм къыщыхъу зэрызехьэхэм ухэплъэжа иужькIэ куэд дыдэрэ зэхэтха «ЩремыIэ зауэ!» псалъэхэм я мыхьэнэр нэсу зыхыбощIэ.
  • Щомахуэ Залинэ.
  • Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.